Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

49. Илъэс блэкIамрэ, къэкIуэнумрэ

12.06.2019
Еджауэ 834

ФIыщIэ Аллаху Тэгьалам худощI, псэр къытхэзыпщам, гъащIэмкIэ къытхуэупсам, Жэнэтыр къызэрыдлэжьыну Iэмалхэр къыдэзытам, Жэхьэнэмэм дыкъызэрелыну щIыкIэри наIуэу ди пащхьэ къизылъхьам.

Щыхьэт дытохъуэ Аллаху Тэгьалам и закъуэныгъэм, гьибадэт теухуауэ абы Iыхьэгъу зэримыIэм.

Щыхьэт дытохъуэ Мухьэммэд лъапIэм صلى الله عليه وسلم и бегъымбарыгъэм, иужь дыдэу лIыкIуэу къызэрытхуагъэкIуэжам, къыхурагъэха динри къызэрытлъигъэIэсам.

Муслъымэн жэмыхьэт! Нобэ муслъымэнхэм я илъэс къэбжыкIэмкIэ иужьрей жумгьэ нэмэзыр дощI. Абы къикIращи, ди щIыбагъым зы илъэс къыдыдонэ, ди гупэр илъэсыщIэм худогъазэ. Зы напэ зэхудощIыжри, напэщIэ къызэIудох.

Къыдыдонэ ди щIыбагъым зы илъэс: фIыкIи IейкIи гъэнщIауэ, зэхудощIыж напэкIуэцI: псапэри гуэныхьри зэхэту итхауэ.

ДывгъэтIыси дызэвгъэгупсысыж: сытхэр къыдэхъулIа, сытхэр къыдэмыхъулIа, сытхэр тхузэфIэкIа, сытхэр тхузэфIэмыкIа, -жытIэурэ.

Япэ дыдэу дызэгупсысын хуейри Аллаху Тэгьалам и хьэкъращ. Дыбгъэдэт къабзэу ди Тхьэшхуэм? Абы къытхуищIэ нигьмэтхэм я куэдагъымрэ, я инагъымрэ зыгуэркIэ хуэфэщэжу фIыщIэ тщIырэ?!

АдэкIэ, зы махуэ зы жэщым и кIуэцIкIэ тщIыну ди пщэ къыдилъхьа нэмэзым дауэ дыхущыт? АдэкIэ, адрей фардхэр: нэщIым, сэджытым, хьэжым я Iуэхур дауэ щыт?

АдэкIэ, цIыху хьэкъым теухуауэ ди Iуэхур сыт зытетыр? Алыхь хьэкъым и гъусэу къакIуэ адэ-анэм я хьэкъым дауэ дыхущыт? Ди Iыхьлыхэм, ди благъэхэм я гуэныхь къыттенэрэ?

МыдэкIэ, нэхъ къыдэдзылIауэ щыт ди къуэшхэм дазэрыхущытыр сыт хуэдэу?! Нобэ нэхъыбэ дыдэу зэхэтх уазхэм, ущиехэм ящыщщ: динкIэ ди зэхуаку дэлъ зэкъуэшыныгъэм дыхуэсакъыныр, ауэ нэхъыбэ дыдэу дызыхуэмысакъхэм ящыщ си гугъэщ ар.

Нобэ мы щIыналъэ дызэрысыр зи цIыкIуагъым, а цIыкIум и кIуэцIкIэ дин зезыхьэхэр зи мащIагъым, а мащ1эм щыщуи нэмэз зыщ1хэри нэхъ мащ1эжщ. Иджы цIыху дапщэ нэмэз зыщIхэм къыпхухэшыну: Iуэху гуэр зыдэтщIэнщ жаIэу зыдрагъажьэу, илъэсищ нэхъ мыхъуми псалъэмакъ я зэхуакум къыдэмыхьэу, зэщымыхьэжу, зэфIэмынэжу, зыр зым хуэпсэлъэжу дэмыувэжауэ?!

Сыт ар къызыхэкIыр? Ар къызыхэкIыр: зэкъуэшыныгъэ жыхуэтIэр ди бзэгупэм телъ къудейуэ зэрыщытращ, ди гум ар хэмыхьауэ, ди псэм щыщ мыхъуауэ аращ.

Ар къызыхэкIыр: Iуэху щIэкIэ, Iуэху бгъэдыхьэкIэ, Iуэху зэфIэхыкIэ тщIэкъыми аращ.

Ар къызыхэкIыр: пагэныгъэр къыттокIуэри аращ, дэтхэнэри пашэу щытыну, дэтхэнэми адрейр зыригъэдэIуэну, езыр зэрыхуейм, езым къызэрыгурыIуэм хуэдэу щигъэтыну хуейщи аращ.

Ар къызыхэкIыр: узэгъусэу, узэкъуэту Iуэху зыдэпщIэмэ куэдкIэ нэхъыбэ зэрыпхузэфIэкIынур, нэхъыбэ Iуэхуи дин теухуауэ зэрыпхуэщIэнур, нэхъыбэ цIыхуми сэбэп нэхъ уазэрыхуэхъуфынур тщIэкъыми аращ.

МыдэкIэ а зэкъуэшыныгъэм теухуауэ, къуэшкIэ деджэу, ауэ къуэшхэм хэдмыбжэу, къуэш хуэдэуи дызыхущымытхэм ящыщщ: хамэ щIыпIэ къикIыу, хуэныкъуэныгъэм, Iэмалыншагъэм мыбы къигъэкIуа, зи Iыхьлыи зи благъи къэзыгъанэу мыбы зи щхьэ къэзыхьауэ, нэхъыбэу унэ щIыным телажьэ ди къуэшхэр.

Мыбыхэм фIэкIа Iуэхум хэмылъамэ, абыхэм лей ятедгъэхьэм нэмыщI нэгъуэщI щхьэусыгъуэ щымыIами, а зыр ирикъунущ дэ ди зэхуакуми псалъэмакъ къыдэхъуэну, ди мылъкуми, ди Iуэхуми берычэтыр Алыхьым хихыну.

Хьэдис къудсийм къыщокIуэ Аллаху Тэгьалам жиIэу: “Къемэт махуэм мы щым Сэ Езыр дэуэгъу сахуэхъужынущ: зыр, Сэ си цIэмкIэ цIыхум псалъэ езыту иужькIэ ар къэзыгъэпцIэжам; адрейр, цIыху щхьэхуитыр зыщэу, абы къыщIиха уасэр зышхам; ещанэр, лIыщIэ къэзыщтэу, ар зыгъэлажьэу, зыхуейр икIэм нэсыхукIэ езыгъащIэу, иужькIэ абы и пщIэр езымытыжам“. (Бухъарий).

Ар егъэлеяуэ шынагъуэщ: Езы Алыхь Талэм Iуэху укъищIу, щхьэхуэу къоныкъуэкъужыныр, щхьэхуэу хьисэп уищIыжыныр. Мыбы дыщывгъэшынэ, мыбы дыхуэвгъэсакъ.

Муслъымэн жэмыхьэт! МыткIэ зыкъэдгъазэмэ, илъэс блэкIам щапхъэ дахэхэр къэзыгъэлъэгъуа муслъымэнхэр диIэщ. ДиIэщ дыщIэгуфIэн, дыщIэгушхуэн, щапхъэу дгъэлъэгъуэн. Ари Алыхьым и фIыщIэщ.

Илъэс блэкIам мэжджыт зыбжанэ ди къуэшхэм къызыIуахащ, мэжджыт куэдым сэбэп яхуэхъуащ, адэкIэ хуэныкъуэ куэдым я Iуэху дагъэкIащ, унагъуэ куэд ягъэгуфIащ.

Илъэс блэкIам щIэныгъэ и лъэныкъуэкIэ ехъулIэныгъэ зэзыгъэгъуэта щIалэхэр диIэщ, нобэми щIэныгъэ теухуауэ хэзыгъахъуэхэр, абы егугъухэр ди мащIэкъыми, ари Алыхьым и шыкурщ.

Аллаху Тэгьалам долъэIу ди Iуэхухэр нэхъри иригъэфIэкIуэну, тхузэфIэмыкIахэри ди япэкIэ тхузэфIигъэкIыну, дызыхунэмысхэми ди Iэр нигъэсыну, тIэщIэкIа гуэныхьхэри къытхуигъэгъуну!