Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

48. НэщI икIыж гьидым и хъутIбэ

12.06.2019
Еджауэ 889

ФIыщIэ мыухыжыр хуэфащэщ Аллаху Тэгьала дыкъэзыгъэщIам: НэщI мазэ лъапIэр къыдэзыгъэнэщIам, IуэхуфI длэжьыну Iэмалым я нэхъыфIыр къыдэзытам, ди псапэхэр дгъэбэгъуэну гъащIэм къытхупызыщам.

Иджы ди Тхьэшхуэм дыщогугъ къабылу тIихыну ди нэщIхэри, ди нэмэзхэри, ди сэдэкъэхэри, ди зикрхэри, сыт хуэдэ IуэхуфIу длэжьари! Дыщогугъ Алыхь Иным ди гугъуехьыр псыхэкIуадэ имыщIыну, гугъу дызэрехьари пщIэншэу къэмынэну!

اللهُ أَكبَرُ اللهُ أَكبَرُ، لا إِلَهَ إِلاَّ اللهُ وَاللهُ أَكبَرُ، اللهُ أَكبَرُ وَللهِ الحَمدُ

Муслъымэн жэмыхьэт! Нобэ гьид махуэщ. Нобэ гуфIэгъуэ махуэщ. МэгуфIэ нобэ муслъымэныр гурэ псэкIэ, ауэ щIэгуфIэр НэщI мазэр зэрикIар аракъым, атIэ НэщI мазэр икIэм зэрынигъэсыфаращ, НэщI мазэр псапэкIэ зэригъэкIуэфаращ.

ЦIыху дапщэ щыIэ НэщI мазэр адрей мазэхэм зыкIи къыщхьэщымыкIыу ирихьэкIауэ, уеблэмэ, адрей мазэхэм нэхърэ нэхъ икIэ мы мазэм щыхъуауэ?! ЦIыху дапщэ щыIэ, НэщI мазэм и кIуэцIкIэ зы бэлыхь къыIэщIэщIауэ, гуэныхьышхуэ гуэркIэ зигъэунэхъужауэ?!

Мис ахэм дыкъызэреламкIэ, ди псэм хэт Iеягъэм щыхъумэжа дызэрыхъуамкIэ Алыхьым фIыщIэ хуэщIыпхъэщ. Алыхьым ди Iуэхур къыддимыIыгъамэ, ди щхьэми дыкъыхуигъэнэжамэ ди щхьэ и зэран декIыжынут. Мис ари ди нэгум щIырет.

Мэгъэм, Алыхьым и фIыщIэкIэ, гу зэрылъыфтащи, нэщI ис цIыхухэр нэхъыбэ хъуащ, мэжджытым къекIуалIэхэми я бжыгъэм хэхъуащ, Алыхьым и дин дахэм я гупэр куэдым хуагъэзэжащ, зи пащхьэ ихьэжыну Тхьэшхуэм егупсысхэу хъуащ.

Абы щхьэусыгъуэ нэхъ ин дыдэу хэлъхэм ящыщ зы утыкум къислъхьэну сыхуейт иджыпсту. Дунейр мамыру, зауэбанэ щымыIэу, пщэдджыжьым цIыхур хуиту унэм къыдэкIыфу, махуэм и лэжьыгъэ IэнатIэр зэран зыри къыхуэмыхъуу къырихьэлIэфу, пщыхьэщхьэм мыгузавэу и унэм екIуэлIэжыфу… Мис апхуэдэу дунейр щыщытым и деж сыт къэхъур?

Мис апхуэдэу дунейр щыщытым и деж Iэмал имыIэу диным зеужь, диным и Iуэхур мэкIуатэ. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, зи щхьэ тIэкIунитIэ лажьэ цIыхум мы диныр къабыл имыщIынкIэ, мы диныр къыхимыхынкIэ Iэмал иIэкъым. Мы диныр акъыл узыншэм, гупсысэкIэ узыншэм хуэгъэзауэ щытщ, акъылым лэжьэну Iэмал гуэр иIэххэмэ мы диныр къыхихынущ.

Абы ипкъ иткIэ, зыми къыдгуригъэIуэн хуэмейуэ, дэ езым къыдгурыIуэжын хуейщ: мы щIыналъэм мамырыгъэ илъмэ, япэ дыдэ абы дэ ди сэбэпынагъ къызэрыхэкIыр, япэ дыдэ дэ абы езыр дызэрыхуэныкъуэр. Мы щIыналъэм зэныкъуэкъу гуэр илъмэ, япэ дыдэ ар зэран дэ къызэрытхуэхъур.

اللهُ أَكبَرُ اللهُ أَكبَرُ، لا إِلَهَ إِلاَّ اللهُ وَاللهُ أَكبَرُ، اللهُ أَكبَرُ وَللهِ الحَمدُ

Муслъымэн жэмыхьэт! НэщI мазэ лъапIэм къигъэлъэгъуащ дэ дыхуеймэ куэд зэрытхузэфIэкIынур. Махуэр зи кIыхьагъым, махуэри зи хуабагъым зи Iум шхий езымыгъэххыу зызыIыгъыжыф цIыхум, зыхуэIыгъыжынукъэ хуеймэ: и бзэгум гуэныхь зыхэлъ жыримыгъэIэу, и кIуэцIым хьэрэм зыхэлъ иримыгъэххыу, и нэр хьэрэм зыхэлъым иримыгъэплъу, и тхьэкIумэр хьэрэм зыхэлъым иримыгъэдаIуэу?!

اللهُ أَكبَرُ اللهُ أَكبَرُ، لا إِلَهَ إِلاَّ اللهُ وَاللهُ أَكبَرُ، اللهُ أَكبَرُ وَللهِ الحَمدُ

АдэкIэ, нобэ щыгьид махуэкIэ, гьид махуэри гуфIэгъуэ махуэу щытын зэрыхуейр ди фIэщ щыхъукIэ: ди къуэш муслъымэным е ди шыпхъу муслъымэным ди гум Iей хуилъу, е ди Iыхьлы ди благъэ гуэрым дебийуэ, е ди гъунэгъухэм гуапэу демыплъыфу дыщытмэ – дэ гьидыр зиIысыр къыдгурымыIуауэ аращ, ди гьидым дедыгъуэжауэ аращ.

Нобэ хуэдэ махуэхэм ди гур зэIухауэ, нобэ хуэдэ махуэм ди нэгур зэхэхауэ щымытмэ дапщэщ щыщытынур?! Нобэ гуапагъэм я нэхъ иныр къэдмыгъэлъагъуэмэ, дапщэщ къыщыдгъэлъэгъуэнур?!

اللهُ أَكبَرُ اللهُ أَكبَرُ، لا إِلَهَ إِلاَّ اللهُ وَاللهُ أَكبَرُ، اللهُ أَكبَرُ وَللهِ الحَمدُ

Муслъымэн жэмыхьэт! Къабылу Алыхьым тIих къэднэщIари, нэмэз тщIари, сэдэкъэуэ ттари, лэжьыгъэфIу длэжьари!  

Къемэт Махуэшхуэм и губгъуэ шынагъуэм Кэусэрыпсым щыщ изыфу абы иужькIэ псыхуэлIэ гукъеуэ зэикI зимыIэжынухэм ящыщ Алыхьым дищI!

Къэдыр жэщым хиубыдэу дунеягъэкIи ахърэткIи насыпыфIэ хъуну ятхахэм ящыщ Алыхьым дищI!

Иджыри илъэс куэдкIэ нобэ хуэдэ махуэ фIыкIэ зи нэгу щIэкIын, узыншагъэрэ иманрэ бгъэдэлъу езыхьэкIын Алыхьым дищI!