Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

43. Шэджэм щекIуэкIа хъутIбэр

11.06.2019
Еджауэ 626

ФIыщIэр Алыхьым ейщ икIи хуэфащэщи, фIыщIэ Абы худощI; псори къэзыгъэщIам, тщIэуэ хъуар къыдэзыгъэщIам, ди хъейр зыхэлъу хъуам дыхуэзыузэщIам!

Алыхьым и нэфIыр къыщыхуэну и сэламри гуапэу къырихыну дыхуолъаIуэ, лIыкIуэу щыIам я нэхъ лъапIэм, муслъымэну дунейм тетым я напIэм, Мухьэммэд صلى الله عليه وسلم-эм.

Муслъымэн жэмыхьэт! Псори гъуэгуанэ дытетщ, Ахърэтым кIуэ гъуэгум дырокIуэр. Гъуэгуанэми гъуэмылэ хузэралъхьэ хабзэщи, дэ мы гъуэгуанэ дызытетым хузэрытлъхьэну гъуэмылэм я нэхъыфIыр тхьэшынагъэращ.

Ар езы Тхьэшхуэми къыджеIэ:

﴿ وَتَزَوَّدُوا فَإِنَّ خَيْرَ الزَّادِ التَّقْوَى ﴾

 «Гъуэмылэ къызэдэфщтэ, гъуэмылэм я нэхъыфIри тхьэшынагъэращ». (Iэл-Бэкъэрэ, 197).

Нобэ хьисэпыншэу Iуэхугъуэ долэжь, пщэдей лэжьыгъэ зыри щыIэжынукъым, атIэ длэжьам и жэуап тхьыжынуращи, ар псынщIэу зыщIэкIын Алыхьым дищI!

Долэжь дэ нобэ лэжьыгъэ куэд зэхуэмыдэу:

— къытхэтщ дэ цIыху, ищIэ лэжьыгъэр зэрыIуэхуфIыр ищIэжу зыщIэ. Апхуэдэм и насыпщ.

— къытхэтщ дэ цIыху, ищIэ лэжьыгъэр зэрымыхъумыщIэр ищIэж пэт ар зыщIэ. Ар абы и насыпыншагъэм щыщщ.

— къытхэтщ дэ цIыху, ищIэ лэжьыгъэр фIы игугъэжу ищIэу, ауэ ипэжыпIэкIэ къапщтэмэ, ар мыхъумыщIагъэу.

Мис мы иужьрейращ псом нэхърэ нэхъ шынагъуэр езы цIыхум дежкIи, ар къэзыхъуреихь цIыхухэм дежкIи, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, апхуэдэм зыкъищIэжыну, зэгупсысыжыну, абы ипкъ икIи зихъуэжыну, тобэ къихьыжыну гугъэ щыIэкъым.

«ЗызымыщIэж», «зызымыцIыхуж» зыхужаIэхэр апхуэдэхэращ.

Абыхэм ятеухуащ мы КъурIэн аятри:

﴿ قُلْ هَلْ نُنَبِّئُكُمْ بِالأخْسَرِينَ أَعْمَالاً . الَّذِينَ ضَلَّ سَعْيُهُمْ فِي الْحَيَاةِ الدُّنْيَا وَهُمْ يَحْسَبُونَ أَنَّهُمْ يُحْسِنُونَ صُنْعًا ﴾

 «ЯжеIэ: «Ны­фхуэсIуэтэн — нэхъ унэхъуахэм я хъыбар? Ахэр, фIы ящIэ ягугъэжу, гъуэщауэ, щыуауэ мы дунейм тетхэращ». (Iэл-Кэхф,103-104).

Абыхэм ятеухуащ КъурIэным и япэрей напэхэми дыщызрихьэлIэ аятхэр:

﴿ وَإِذَا قِيلَ لَهُمْ لا تُفْسِدُوا فِي الأرْضِ قَالُوا إِنَّمَا نَحْنُ مُصْلِحُونَ . أَلا إِنَّهُمْ هُمُ الْمُفْسِدُونَ وَلَكِنْ لا يَشْعُرُونَ ﴾.

«ЗэIыщIакIуэу мы щIым фытемыт абыхэм жыраIэмэ: дэ тщIэр хъуащIащ, жаIэ. ИпэжыпIэкIэ ахэр зэIыщIакIуэщ, ауэ езыхэм къагурыIуэжкъым». (Iэл-Бэкъэрэ, 11).

Мис а зэIыщIакIуэхэращ мы Iуммэтым и Iуэхур зымыгъэкIуатэхэр:

Езыхэм жаIэмрэ, езыхэм ящIэмрэ нэхъ пэж щымыIэу къафIэщIу, ауэ ипэжыпIэкIэ къапщтэмэ, пэжым и мэ къащIимыхьауэ.

Абы и щапхъэу иджыпсту утыкум нэхъ нэрылъагъуу илъыр: цIыхум езым диным щыщу къыгурыIуа мащIэм, диным къыпича Iыхьэм теухуауэ мы щIыналъэм муслъымэну исыр зэгурызыгъэIуэну яужь итращ, муслъымэнхэр зы дощI жызыIэу, ахэр нэхъыбэжу зэкъуэзыудращ.

Муслъымэнхэр зы зыщIынур мы дин дахэращ, ауэ ар къыдэхъулIэн папщIэ:

Япэрауэ, мы диныр кууэ дджын хуейщ, зэгурыIуэныгъэм щхьэусыгъуэ хуэхъухэми, зэтемыхуэныгъэм щхьэусыгъуэ хуэхъухэми икъукIэ щыгъуазэ захуэтщIын хуейщ.

ЕтIуанэрауэ, диным щыщу къыдгурыIуар: мы щIыналъэ дыщыпсэум, мы къэрал дызэрысым я зэхэтыкIэм, я къекIуэкIыкIэм хуэтхьыжыфын хуейщ.

Мы Iуэхур апхуэдизкIэ гугъущ, икIи апхуэдизкIэ зэхэлэхъащи, мыбы тегушхуэнур а нэхъ мащIэ зыджаращ, а зи акъыл нэхъ цIыкIуращ.

Мыр ещхьщ Къэдр Iуэхум теухуауэ Уэхб ибн Мунэббих щIэныгъэлIым жиIам: «Къэдрым и Iуэхум сыхэплъэри сыхэзэрыхьащ, аргуэру сыхэплъэри сыхэзэрыхьащ, иужькIэ къызгурыIуащ: Къэдрым нэхъыбэ дыдэу хэзыщIыкIыр абы теухуауэ нэхъ мащIэ жызыIэр зэрыарар, Къэдрым нэхъ мащIэ дыдэу хэзыщIыкIыр абы нэхъыбэрэ хэпсэлъыхьыр зэрыарар».

Нобэ Iуммэтым, жэмыхьэтым, лъэпкъым я Iуэхум хэпсэлъыхьхэр ипэжыпIэкIэ нэхъ мащIэ дыдэ а Iуэхухэм хэзыщIыкIхэращ икIи нэхъ мащIэ хэзылъхьэфынухэращ  

“ويَنْطِقُ فيها الرُّوَيْبِضَة”-, Бегъымбарым صلى الله عليه وسلم жыхуиIар аращ: «ЦIыху мыхьэнэншэхэр лъэпкъ псом я Iуэхум хэIэбэу». (Iэс-Силсилэ Iэщ-Щэхьихьэ).

Мыхьэнэншэхэр щIыхэIэбэр, мыхьэнэ зиIэхэр мыпхуэдэ Iуэхухэм фIолIыкI, и шынагъуагъыр къагуроIуэж, кърикIуэну псори ящIэ, зэхащIэри аращ.

Ещанэрауэ, сыт хуэдиз щIэныгъэ димыIэми, сыт хуэдиз зэгъэзахуэ дбгъэдэмылъми, иджыпсту къыхэзгъэщыну Iуэхур ди Iуэхум хэмылъмэ зыри зыщIыпIи тхунэгъэсынукъым:

Гъэсэныгъэ, Iэдэбагъ, пщIэ-нэмыс, жыхуэтIэхэр ди Iуэхум хэмылъмэ, ди зэхуаку дэмылъмэ зыри къикIкъым адрей тщIэхэм.

ПщIэ-нэмыс яхуэтщIын хуейщ: ди нэхъыжьу мы диныр нобэ къэзыхьэсам, сыт хуэдиз щыуагъэ абы хамыщIыхьами.

ЯхуэтщIын хуейщ пщIэ: ди япэ ищу мы диныр къэзыщтахэм, дэ нобэ дызытет увыпIэхэр зыгъэувахэм.

ЯхуэтщIын хуейщ пщIэ: ди япэ ищу щIэныгъэ зэзыгъэгъуэтахэм, щIэныгъэ мы щIыналъэм къизыхьахэм.

ПщIэ яхуэтщIу, я фIыщIэри дымыгъэкIуэду, чэнджэщэгъуи тщIыуэ дабгъэдэтын хуейщ ахэм псоми!

Мис итIанэ дыгугъэ хъунущ Аллаху Тэгьалам гущIэгъу къытхуищIыну, гущIэгъунэкIэ къытхэплъэрэ: мыхэм яхуэфащэщ дахагъэри, мамырыгъэри, псэукIэ дахэри, жиIэу къытхуэупсэу, ди Iуэхум зыригъэхъуэжыну.

Аллаху Тэгьалам и цIэ дахэхэмкIэ, и щифэт лъагэхэмкIэ зыхудогъазэри долъэIу апхуэдэ щытыкIэм икIи апхуэдэ зэхэтыкIэм дынигъэсыну, нобэ ди нэгу щIэкI насыпышагъэр тщхьэщихыну, гужьгъэжьгъыу ди зэхуакум дэлъыр дихыну, и нэфI зыщыхуахэми ящыщ дищIыну!