Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

42. ЦIыхум Iей уигу къыхуэкIыныр

11.06.2019
Еджауэ 682

ФIыщIэ зыхуэтщIри, дызыщыгугъри, дызыкъуэувэри Алыхьу Закъуэращ. Абы иузэщIаращ узэщIар, Абы игъэгъуэщаращ гъуэщар.

Щыхьэт дытохъуэ Алыхьым и закъуэныгъэм, хуэпщылIыныгъэ теухуауэ Iыхьэгъу зэримыIэм. Щыхьэт дытохъуэ Мухьэммэд лъапIэм صلى الله عليه وسلم и бегъымбарыгъэм, лIыкIуэу щыIам зэракIэухым.

Муслъымэн жэмыхьэт! Аллаху Тэгьалар мы дин дахэмкIэ къытхуэупсэри, зыхуэупсахэр зэкъуэшыныгъэ кIапсэкIэ дызэпищIэжащ. ЖеIэ ди Тхьэшхуэм:

﴿ إِنَّمَا الْمُؤْمِنُونَ إِخْوَةٌ ﴾

– «ИпэжыпIэкIэ, муIминхэр зэкъуэшщ». (Iэл-Хьуджурат, 10).

Абы ипкъ иткIи, а зэкъуэшыныгъэр быдэ зыщIыну сыт щыIэми, диным абы дыкъыхуреджэ, псапи къыдегъакIуэ; а зэкъуэшыныгъэр зыкъутэну сыт щыIэми диным абы дыщегъащтэ, гуэныхьи къыпегъакIуэ!

НтIэ, абы нэхъыбэ дыдэу зэран хуэхъу хьэлхэм ящыщщ: уи къуэш муслъымэным Iей уигу къыхуэкIыныр, IейкIэ абы уегупсысыныр, хъыбар зэхэпхыжам тепщIыхьу и Iуэхур Iейм хуэпхьыныр.

Мис а гупсысэ Iейм и дежщ Iейуэ щыIэр къыщежьэр. ШейтIаным а гупсысэ лъабжьэншэр игъэбатэм, игъэбатэурэ, лъабжьэ лъэпкъ зимыIэм дунейм тетыр къытету ещI.

ГупсысэмкIэ йожьэри, Iуэхур нос цIыхум хуэпсэлъэным, хуэшхыдэным, пцIы телъхьэным, и цIэр IейкIэ гъэIуным, гъэулъииным, уеблэмэ удыным. Ахэр псори гуэныхьышхуэ защIэу зэхэлъщ, къежьапIэ яхуэхъуари гум Iей къызэрыкIаращ, Iуэхур Iейм зэрыхуахьаращ.

Зэхихар, уеблэмэ, зэхимыхар Iейм занщIэу хуэзыхь цIыхур егъэлеяуэ цIыху гугъущ. Абы и унагъуэм щIэсхэр насыпыншэщ, абы и ныбжьэгъухэри насыпыншэщ, абы и лэжьэгъухэри насыпыншэщ.

Ауэ, Iуэхур нэхъри зэIыщIа зыщIыр: цIыхум сытри и гум зэрежалIэр, «уэсуэсэ» зэриIэр, джэдыкIэм цы къыхэхын хьэл зэрыбгъэдэлъыр ищIэ пэтрэ, абы дежьууэ, абы жиIэр дыжиIэу, абы къызэщIигъэна мафIэ цIыкIур мафIэшхуэ ищIыжу бгъэдэс цIыху шейтIан пэлъытэ зэрыщыIэращ.

Мис апхуэдэ щхьэхуещэхэр щымыIамэ, зи гупкIэ исым и уэрэдыр къизышыну, хэти зыдезыгъэкIуну хэт цIыхухэр мэщIамэ, мыхъумыщIагъэу къэхъум фIыуэ хэщIынут, «уэсуэсэм» иукIхэми я узыр нэхъ гъэхъужыгъуафIэ хъунут.

Аращ щIыжаIэр, цIыхухэм яхэт шейтIанхэр нэхъ шынагъуэщ, жынхэм яхэт шейтIанхэм нэхърэ, жаIэу. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, жынхэм яхэт шейтIаным щхьэкIэ дугьэ пщIымэ, зикр пщIымэ, ар IуокIуэт, аращ абы “الوَسْوَاسُ الْخَنَّاس”-кIэ щIеджэри, ауэ цIыху къоIущащэр IукIуэтынукъым, IубгъэкIуэтынуи уигу къэмыкIынкIэ хъунущ.

Муслъымэн жэмыхьэт! Мы дин дахэращ дэ псэукIэ дахэм дыхуезыгъасэр, ауэ диныр зэрихьэ пэтрэ псэукIэ дахэ зимыIэм и дин зехьэкIэр ныкъуэу аращ.

НтIэ а гъэсэныгъэм щыщщ: тегъэщIапIэншэу зыри жыдмыIэныр, зыри дымыщIэныр. Армырамэ, хэти сыти жиIэфынущ, хэти сыти ищIэфынущ, хэти и цIэр пхуэгъэулъиинущ.

Пэжщ, зыгуэр уи гум къэмыкIыххэу зыпIыгъыжыныр уеблэмэ пхузэфIэмыкIыни хъунущ. Гум илъ къудеймкIи гуэныхь къэпхькъым. Ауэ уигу зыгуэр къэкIа иужькIэ ар уи гум къомынэжу уи бзэгупэм къэсмэ е нэгъуэщI гуэр блэжьмэ гуэныхь къэпхьынущ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, ахэр умыщIэну пхузэфIэкIынущ. 

Аращи, псом япэрауэ ди гум Iей къызэрымыкIын Iэмал зетхуэн хуейщ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, абдежращ къыщежьэр адэкIэ къыкIэлъыкIуэри. Зи гур къабзэм нэхъ цIыхуфIи, нэхъ насыпыфIи тет мы дунейм.

Аллаху Тэгьалам и Жэнэт лъапIэми зи гум фIеягъэ илъу зы цIыху иригъэхьэнукъым, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ ар зи псэупIэр цIыху къабзэхэращ.

Ахэращ зыжраIэнур: 

﴿ طِبْتُمْ فَادْخُلُوهَا خَالِدِينَ ﴾

Фихьэ, игъащIэкIэ фыщыпсэуну, фызэрыкъабзэм папщIэ!. (Iэз-Зумэр: 73).

Гу къабзэ зиIэхэращ псэ хэкIыгъуэм и деж мелыIычхэм ЖэнэткIэ ягъэгуфIэнур. Ар къыхощ КъурIэн тIэщIэлъым. (Сурэ Iэн-Нэхьл: 32).

Алыхьыр зи фIэщ мыхъуахэм я гур зэфэзэщу фIейуэ, бгъэкъэбзэжынуи Iэмал имыIэжу зэрыхъуам папщIэ Жэнэтым бгъэдагъэхьэххэнукъым ахэр.

 “Иджыпсту Жэнэт Iыхьлы хъунухэм ящыщ зы къыщIыхьэнущ!“, — къажриIащ Бегъымбар лъапIэм e и гъусэхэм яхэсу зыдэщысым. Абы хэту зылI къыщIыхьащ и жьакIэм андезыпсыр къыпыткIуу, и вакъитIыр и Iэ сэмэгум едзыхауэ фIэлъу. 

ЕтIуанэ махуэми зэхэсхэм апхуэдэ дыдэу къажриIащ Алыхьым и ЛIыкIуэм e. А лIы дыдэри а теплъэ дыдэм иту къыщIыхьащ.

Ещанэ махуэми апхуэдэ дыдэу къыщыхъум Гьэбдуллах ибн Гьэмр, щэхьабий лъапIэр, Алыхьыр арэзы зыхуэхъуныр, абы иужь иувэри жэщищкIэ и деж нэху къыщекIащ, Жэнэт Iыхьлы щIэхъуам и щхьэусыгъуэр зригъащIэу, езыми апхуэдэ лэжьыгъэ илэжьын мурад иIэу.

Ауэ зэ еплъыгъуэкIэ адрей муслъымэнхэм яхэмылъ гуэр абы дилъэгъуакъым Гьэбдуллах, уеблэмэ ищIэ лэжьыгъэхэр мыхьэнэншэу къыщыхъуным щынэсым, хуэмышэчыжу абы ехьэлIауэ Бегъымбар лъапIэм, e, жиIар хуиIуэтэжащ, езыри абы и деж жэщищкIэ щIыщыIа щхьэусыгъуэри гуригъэIуащ, адрейхэм я нэхъ лейуэ зыри зэрыдимылъэгъуари бгъэдилъхьащ.

“НтIэ сыткIэ уэ Алыхьым и ЛIыкIуэм e жиIам узэрылъэIэсар?”,- еупщIащ абы Гьэбдуллах. — “А плъэгъуаращ, нэгъуэщI схэлъу сщIэкъым”, — жиIащ лIым. 

Абы иужькIэ Гьэбдуллах зыкъигъэзэжауэ къыщыIукIыжым лIыр абы къеджэри мыр къыжриIэжащ: А плъэгъуаращ схэлъыр, ауэ сэ зы муслъымэни ехьэлIауэ си гум Iей илъкъым, Алыхьым къыбгъэдилъхьа хъерым папщIи зы цIыхум сефыгъуэкъым“.

Ар щызэхихым Мис аращ уэ абы (Жэнэтым) улъэзыгъэIэсар. Мис аращ дэ тхузэфIэмыкIыр, дэ тхузэхэмылъхьэр!”-, жиIащ Гьэбдуллах.

Мыдрей Iуэхугъуэм и деж къэдгъэзэжмэ, цIыхум теухуауэ зыгуэр къыплъэIэсыжамэ, ар бгъэкъуэншэн ипэ къыплъэзыгъэIэсыжар гъэкъуаншэ, илэжь Iуэхугъуэри зэрыгуэныхьыр къыгурыгъаIуэ, бзэгузехьэнри зэрымыхьэл дахэр и акъылым нэгъэс.

Зы еджа гуэрым апхуэдэу бзэгу къыхуахьыжати, къыхуэзыхьыжам ешхыдауэ щытащ: «Ар жызыIауэ жыхуэпIэм къыбгъэдэкIауэ щытми, уэр нэхърэ ар нэхъыфIщ, — жыриIащ, ар укIытэри сэ зэхэсхыу ар жиIэфакъым, уэ умыукIытэу укъакIуэри си пащхьэ къиплъхьащ!».

АдэкIэ, уи гум узэрихуэмэ, Iуэхур зэхэгъэкI, и пэжыпIэр къащIэ.

ЗэхэбгъэкIащ, и пэжыпIэр къэпщIащ, бзэгу къыпхуахьари пэжу къыщIэкIащ. Иджы абы утепсэлъыхьу уэрамым удэувэжынра Iэмалыр?!

Аракъым. Абы Iуэхур нэхъри къызэIещIэ, пхузэхэмыхыжынуи зэхегъэзэрыхь. АтIэ, муслъымэн пэжыр кIуэнурэ езы цIыхум епсэлъэнущ, Iуэхур къыщежьам деж щызэхигъэкIынурэ, и къежьапIэм и деж щигъэужьыхыжынущ.

Дигухэри, ди бзэгухэри Алыхьым къытхуихъумэ, фитнэхэми дащихъумэ, ди зэхущытыкIэри нэхъ дахэ тхуищI. ДунеягъэкIэ щызэкъуэшу, ахърэткIи зэкъуэшу Алыхьышхуэм и Жэнэтым зэхуэзэжын дищI!