Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

36. Фитнэхэм зэрыдекIуэкI

11.06.2019
Еджауэ 604

Псалъэм я нэхъ пэжыр Аллаху Тэгьалам и деж къикIа Псалъэращ, щапхъэм я нэхъыфIри, гъуазэм я нэхъ гъуэзэджэри Бегъымбарым صلى الله عليه وسلم къытхуигъэнаращ, дин Iуэхухэм щыщу нэхъ Iей дыдэу ябжыр, диным емызэгъыу IуэхугъуэщIэ къыхалъхьэхэращ, апхуэдэ къыхалъхьахэм гъуэгум утрашынурэ щыхупIэм ухуашэнущ.

Муслъымэн жэмыхьэт! Мы дунейр Аллаху Тэгьалам гъэунэхупIэ ищIащи а зэрищIам хуэдэу къыдгурыIуэу, а зэрищIам хуэдэу зэхэтщIэу, зэхэтщIыкIыу, гъэунэхупIэм дыхуэхьэзыру, дызэрыдекIуэкIынуми дыщыгъуазэу дыщытын хуейщ.

Пщэдджыжьым ди жейм дыкъызэрыхэтэджыкIыу щIедзэри, пщыхьэщхьэм унэм декIуэлIэжу ди щхьэр дгъэтIылъыжыхукIэ гъэунэхупIэ защIэу ди Iуэхур зэхэлъщ.

ГъэунэхупIэщ, псалъэм папщIэ, пщэдджыжьым жейм и IэфIагъым, жейм и хьэлъагъым зыкъыIэщIэпхыу, Аллаху Тэгьалам къалэн къыпщищIа пщэдджыжь нэмэзыр пщIыныр.

Пщэдджыжь нэмэз гъэунэхупIэм укъызэрикIым хуэфэщэж гуэрущ махуэри зэрыкIуэ хабзэр. Махуэм япэ дыдэу узырихьэлIа гъэунэхупIэм упэмылъэщмэ, абдежми Аллаху Тэгьалам фIыкIэ зыкъомыгъэлъагъумэ, адэкIэ къыппэщылъ гъэунэхупIэхэми укъыхагъэзыхьынкIэ хъунущ.

ГъэунэхупIэхэм ящыщщ, уэрамым укъыдыхьамэ, мы машынэ зэхэзэзежэми уакъыхыхьамэ — муслъымэным зэрыхуэфэщэжым хуэдэу, муслъымэным къызэрекIум хуэдэу уахэтыныр: хьэлыншэу зомыщIыныр, хьэлыншэу зызыщIхэм хьэлыншэ уамыщIыныр, гущIэгъу пхэлъу, шыIэныгъэр уи гъуазэу гъуэгум утетыныр.

ГъэунэхупIэхэм ящыщщ, мылъку къыпхэхъуэну, ауэ ар къызыхэкIынур хьэрэму щыщытым и деж зыпIыгъыжыфыныр, иджыпсту къэлынд цIуугъэнэм зыдомыгъэхьэхыу, иужькIэ укъэзыгъэунэхужыну нурышхуэм папщIэ ар къэбгъэнэныр.

ГъэунэхупIэхэм ящыщщ: цIыхубэр къызэщIэхъея нэужь, абыхэм щIэныгъэлIхэр, нэхъыжьыфIхэр, цIыху губзыгъэхэр япэ имытмэ, уи пIэ уисыжыфыныр, уи мыIуэху зомыхуэныр, щхьэхуещэхэм закъыумыгъэсэбэпыныр, я мурад Iейхэр уэркIэ кIуэцIромыгъэкIыныр.

Апхуэдэхэм деж, уи дин къыпфIэIуэхужмэ, уи Ахърэтым уегупсысмэ, икIэм икIэжым уи щхьэ пщIэ хуэпщIыжмэ, лъэныкъуэ зебгъэзу зыпхъумэжын хуейщ.

Апхуэдэ гуэрщ зытеухуар Бегъымбарым صلى الله عليه وسلم мы и псалъэхэри: “Къоблагъэ зэману муслъымэным мэл хъушэ иIэныр мылъкуу иIэм я нэхъыфIу щыхъунур, а хъушэм щIыгъуу бгыщхьэхэмрэ, уэшх нэхъ зылъыIэс щIыпIэхэмрэ къилъыхъуэу щыдэтынур, и диныр фитнэхэм щихъумэн папщIэ!“. (Бухъарий).

Iуэхур щызэхэзэрыхьам деж, пэж жызыIэмрэ, пцIы жызыIэмрэ зэхэгъэкIыгъуей щыхъуам деж, “ухыхьэмэ зыфI, ухэмыхьэмэ фIитI” жыхуаIэм хуэмыдэу, “ухыхьэмэ зы Iей, ухэмыхьэмэ фIитI” жыхуаIэм нэхъ ещхь щыхъуам деж – уи пIэ уисыныр, уи бзэгум ухуитыжыныр, жылэ Iуэхур къэбгъанэу, уи щхьэ Iуэху зепхуэжыныр динми щыщщ, акъылми щыщщ.

Фитнэхэм и деж дызэрыщытын хуейм ехьэлIащ мыдрей Бегъымбар псалъэхэри: “Фитнэхэр къэунэхунущ, абыхэм теухуауэ: щытым нэхърэ щысыр нэхъыфIу, зекIуэм нэхърэ щытыр нэхъыфIу, зежэм нэхърэ зекIуэр нэхъыфIу, абыхэм захуэзышиири зэщIишэу. Апхуэдэм деж екIуэлIапIэ е ежэлIапIэ зыгъуэтыр абдежым зыщрехъумэж“. (Муслим).

Мы хьэдисыр дэтхэнэ зыми гукIэ тщIэн хуей хьэдисхэм ящыщщ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, нобэ цIыху щхьэхуещэхэр куэд хъуащ, муслъымэнхэм я бжыгъэшхуэмрэ, муслъымэнхэм я щIэныгъэншагъэмрэ къэзыгъэсэбэпыну хуейхэр утыкум изщ.

Фитнэм цIыхур езыр щIыхэзэрыхьыр сыт? Япэ дыдэ абы щхьэусыгъуэ хуэхъур щIэныгъэншагъэращ. ЦIыхум и диныр зэримыщIэжращ, фитнэм и зэхэлъыкIэри къызэрыгурмымыIуэращ, нэхъ ину кIийм нэхъ пэж жиIэу щытын зэрыхуэмейр къызэрыгурымыIуэращ.

Зы щIэныгъэлIышхуэ жиIащ: “Фитнэу къэхъур къыщIэхъур Аллаху Тэгьалам и унафэр ягъэзащIэкъыми аращ. Япэрауэ, Аллаху Тэгьалам къыбгъэдэкIа пэжыр ящIэкъым е ягъэзащIэкъыми аращ, етIуанэрауэ, фитнэр къэхъуа нэужь яхэлъын хуей шыIэныгъэр яхэлъкъыми аращ”.

НэгъуэщI зы щIэныгъэлIи жеIэ: “Зы зэман щыIащ, муслъымэнхэм нэхъыфI дыдэу хабжэр Iуэху щыIэр япэ дыдэу зыгъэзэщIэну епIэщIэкIыр арауэ, ауэ зэман къэкIуэнущ, епIэщIэкIым нэхърэ зизылъэфыхьыр нэхъыфI щыхъун зэман!”. Нобэ апхуэдэ зэманщ, ди къуэшхэ!

Иужьу мыбдежым къыхэгъэщыжыпхъэр: лъэпкъым щIэныгъэлI, нэхъыжь, пашэ щIиIэр, ахэр уи япэ итын, ахэр уи чэнджэщэгъуу щытын, ахэм я лъабжьэ ущIэтын, ахэм яужь уитыну аращ.

Армырауэ, абыхэм япэ уилъадэрэ, а уэ узыхэлъэдам ахэри хэлъэдэжын хуейуэ бгъэувмэ, уэ диным и зэхэлъыкIэри, дуней псэукIэри къыбгурымыIуауэ аращ.

Махуэм и кIуэцIкIэ тщIы мы жэмыхьэт нэмэз къудейхэм я зэхэлъыкIэм, имамыр япэ иту, жэмыхьэтым абы нэмэзыр дащIу, япэ ищынуи хуимыту зэрыщытым къыдгуригъэIуэн хуейщ унафэ щыIэн зэрыхуейр.

Алыхьым и сэбэп къыдигъэкI нобэ зэхэтхам, дерси хыдигъэх къэхъуам, ди блэкIам нэхъри ди къэкIуэныр нэхъыфI тхуищI, ди унафэри зы унафэу, ди гупсысэри зэтехуэу Алыхьым щигъэт!