Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

25. Муслъымэным уи зэран екIыныр

11.06.2019
Еджауэ 602

ФIыщIэ Алыхьым худощI, Аращ фIыгъуэу щыIэри, фIыгъуэу диIэри къызыбгъэдэкIыр, зи тепщэныгъэмкIэ щытхъу мыухыжыр зыхуэфащэр. Аращ фIы щIэныр ди диным щыщ зыщIар, Iей лэжьыныр хьэрэм зыщIар.

Щыхьэт дытохъуэ Алыхьым и закъуэныгъэм, хуэпщылIыныгъэ теухуауэ Iыхьэгъу зэримыIэм. ЦIыхур щIым къыхигъэщIыкIащ, щIыр зэрызэмыщхьым хуэдэуи езыхэр зэщхьэщыкIащ.

Щыхьэт дытохъуэ Мухьэммэд лъапIэм صلى الله عليه وسلم-м и бегъымбарыгъэм, япэм щыIахэми иужькIэ къэкIуахэми яхигъэлъэпIыкIам, хьэл дахащэ хэлъу зэрыщытар  КъурIэнкIэ къыхагъэщыжам.

Муслъымэн жэмыхьэт! Аллаху Тэгьалар зи фIэщ хъуар, къигъэкIуа бегъымбарыр صلى الله عليه وسلم лIыкIуэу къэзылъытар, абы къихьа диныр дину зыбжар – ар Алыхьым фIыуэ къилъэгъуа цIыхухэм, пщIэ зыхуищIахэм ящыщ мэхъу.

Апхуэдэ цIыхум и пщIэр зыдынэсыр къыбгурыIуэну ухуеймэ хьэдис-къудсий зыхужаIэхэм ящыщ зым къыщыкIуэ пхурикъунущ. ЩыжеIэ Аллаху Тэгьалам а хьэдис къудсийм, муIимин цIыхум лIэныгъэр зэрыфIэмыфIым щхьэкIэ и Аллаху Тэгьалам абы жагъуэ къищIыну зэрыхуэмейр, ауэ лIэныгъэм фIэкIыпIэ зэримыIэр. (Бухъарий къиIуэтэжащ). 

Езы Аллаху Тэгьалауэ псоми хуитыжыр, цIыхур къэзыгъэщIам, иIэу хъуари къезытыжар цIыху муIминым апхуэдизу къыщыхуэсакъкIэ, цIыху къызэрыгуэкIхэр зыр зым хуэсакъыжыну, зым и гуэныхь щхьэкIэ адрейр шынэну, гузэвэну куэдкIэ нэхъапэщ.

ЦIыху муслъымэным и Iэпкълъэпкъыр бгъэузыныр зэрыхьэрэмым хуэдэ дыдэу, игури бгъэузыныр, псалъэкIэ и жагъуэ зыгуэркIэ пщIыныр хьэрэмщ.

Уеблэмэ, мы иужьрейм и хьэрэмагъыр нэхъ инынкIэ хъунущ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, псалъэм къыптридза удыным и лъэужьыр нэхъыбэрэ къыщыптенэ щыIэщ, цIыхум ухуэпсэлъэнри апхуэдизу щIэхьэрэмыр аращ.

“Зыгуэрым и мылъку сшхыну е си лей гуэр техьэну Алыхьым жимыIэкIэ”, жызыIэ куэдым урохьэлIэ, ауэ я бзэгумкIэ зэран зыгуэрым яхуэхъуну, хуэмыфащэ ирапэсыну, абы тепсэлъыхьыну, абы теухуауэ бзэгу гуэр яхьыну… АхэмкIэ зыхуэмысакъыжу гу ялъыботэ куэдым.

Зэраныр, сыт хуэдэ зэрануи ирехъу, гуэныхьщ икIи хьэрэмщ, псом хуэмыдэжу уэ нэхъ гъунэгъуу къыббгъэдэтхэм ятеухуауэ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, цIыхур нэхъ гъунэгъухукIэ и хьэкъри нэхъ ин мэхъу.

Абыхэм я хьэкъыр зэрынэхъ иным папщIэ, уи зэран гуэр якIмэ цIэ лей гуэри къыпфIащын хуей мэхъу. НэгъуэщIу жыпIэмэ, апхуэдэхэм теухуауэ диным цIэ щхьэхуэ цIыхум къыхуегъэфащэ.

Аращ адэ-анэм я гум еуэм “бын жыIэмыдаIуэ, бын мыгъэса” щIыхужаIэр; благъэм я хьэкъыр зымыгъэзащIэм “благъэ кIапсэр зэпеч, благъэр егъэбий” жаIэу щIагъэпIийр;  гъунэгъум зи зэран езыгъэкIым “гъунэгъу хьэкъыр ищIэкъым зиIысыр ” щIыхуаусыр.

Узыхуэмысакъыжмэ, умыщIэххэу уи нэмэзми, уи нэщIми, псапэ пщIэхэми зыри къимыкIауэ укъыщIидзыжынкIэ хъунущ. Бегъымбарым عليه الصلاة والسلام-ым цIыхубз гуэрым игугъу хуащIауэ щытащ, нэмэз куэду ищIу, нэщI кудрэ ису, сэдэкъэ куэдрэ иту, ауэ и гъунэгъум теухуауэ и бзэгур сэшхуэ къихам хуэдэу къигъэсэбэпу. “Жэхьэнэмэ Iыхьлы хъунущ ар!”, — жиIащ ЛIыкIуэ лъапIэм, عليه الصلاة والسلام-ым. (Имам Ахьмэд къиIуэтэжащ).

Адрей хьэдисми къыхощ: “Жэнэтым кIуэнукъым зи гъунэгъум дзыхь къыхуэзымыщIыр“. НэгъуэщIу жыпIэмэ, “мыбы зыгуэр къызищIэну пIэрэ, мыбы зыгуэркIэ и зэран къызэкIынкIэ хъуну пIэрэ, жиIэурэ, къыптегузэвыхьмэ, апхуэдэу щIэгузэвэн щхьэусыгъуи ебгъэлъагъумэ, Жэнэтыр уамыгъэлъагъуну аращ.

Зэран ущыхъуну къыщемызэгъыххэ щIыпIэхэм ящыщщ мэжджыт кIуэцIхэр. Аращ щIимыдэр бжьын е бжьыныху пшхауэ мэжджытым ущIыхьэныр. Ауэ бжьыныр е бжьыныхур щапхъэ къудейуэ аращ, атIэ абыкIэ къыбгурыIуэн хуейр, цIыхум яфIэмыфI мэ гуэр мэжджытым щIэпхьэ мыхъуну аращ, дэнэ къикIми, сытым къыхэкIми.

Зэраным щыщу къокIуэ, цIыхухэм уащхьэпрыбэкъукIыурэ япэ сатырым утIысыныр.

Зэраным щыщщ: нэмэз зыщIыр КъурIэн еджэм зэран хуэхъуныр, КъурIэн еджэр нэмэз зыщIым зэран хуэхъуныр. Ахэр псори хьэдисхэм къыщокIуэ.

Уеблэмэ, апхуэдизу муслъымэным и хьэкъыр инщи, езым утепсэлъыхьын дэнэ къыщына, и лIахэм уатепсэлъыхьыну идэкъым, ахэр муслъымэну щымытами.

ЖеIэ ЛIыкIуэ лъапIэм عليه الصلاة والسلام-ым, гущIэгъу цIыху цIыкIум къахуищIу къахуигъэкIуэжам: “ЛIахэм фахуэпсалъэурэ, псэухэм фи зэран евмыгъэкI“. (Имам Ахьмэд къиIуэтэжащ).

Мыбы и щапхъэхэр бжыгъэншэу куэдщ. Зыхуэсакъыжыну хуейм Алыхьыр къыхуэсакъынущ, ауэ ахэр къызыфIэмыIуэхур езыр пщэдей Алыхь Иным къыфIэмыIуэхужмэ и жагъуэ иремыщIыж.

Алыхьым и сэбэп къыдигъэкI нобэ зэхэтхам! ЦIыхум я гуэныхь ттемылъу, я хьэкъи къыттемынауэ, гукъанэ къыщIытхуащIыжыни я гум къимынауэ, къабзэу Алыхьым и пащхьэ дихьэжыныр насып Алыхьым тхуищI дэтхэнэ зыми!