Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

20. Зэтемыхуэу зэгурыIуэхэр

10.06.2019
Еджауэ 453

ФIыщIэ Алыхьым худощI, дызэмыщхьу дыкъигъэщIа пэтрэ дигухэр зэкIэрыпщIэфу дызыщIам, ди зэмыщхьыныгъэм Iущыгъэ мыухыжхэр хэзылъхьам.

Щыхьэт дытохъуэ Алыхь Иным и закъуэныгъэм, хуэпщылIыныгъэ теухуауи Iыхьэгъу зэримыIэм.

Щыхьэт дытохъуэ Мухьэммэд лъапIэм صلى الله عليه وسلم и бегъымбарыгъэм, лIыкIуэу щыIами зэракIэухым.

Муслъымэн жэмыхьэт! Аллаху Тэгьалар хуеямэ цIыхухэр псори зэщхьу къигъэщIынт, арщхьэкIэ зэмыщхьу щигъэтыну нэхъ къищтащи, абы Iущыгъэ мыухыжхэр хэмылъынкIэ Iэмал иIэкъым.

Алыхьыр зыхуэмей щытыкIэм цIыхухэр тепхуэну яужь уихьэми жыжьэ Iуэхур пхунэгъэсынукъым. Коммунистхэр тхыдэм ауану къыщIыхэнари апхуэдэ зыгуэрщ.

ЦIыхухэр щIызэтемыхуэн щхьэусыгъуэу мин бжыгъэ утыкум илъу, гъащIэм хэту щыт пэтрэ, ахэр псори умылъагъу хуэдэу зыпщIу псори зым тепхуэну къепхуэкIмэ, псори зытетым къытенэжынурэ, уэ уи закъуэу укъэнэжынущ.

Дин IуэхухэмкIэ цIыхухэр щIызэтемыхуэ щхьэусыгъуэхэм ягугъу тщIымэ: цIыху щыIэщ Iуэхум нэхъ ткIийуэ бгъэдыхьэ щIэныгъэлIхэм я еплъыкIэр нэхъ къэзыщтэ, цIыху щыIэщ нэхъ цIыху щабэм жиIэм нэхъ дихьэх.

ЩыIэщ псалъэм и щхьэм къытелъыр занщIэу къэзыщтэ, щыIэщ псалъэм и купщIэм нэхъ кууэ хэIэбэ, нэгъуэщI хьэл куэди цIыхум къадокIуэкI, езы КъурIэнымрэ Суннэмри Iэмал къуат куэдым деж узэщхьэщыкIыну.

Мы дин дахэр нэхъыфI дыдэу къызыгурыIуэу щыта щэхьабэ лъапIэхэм я деж къыщыщIэдзи, укъеIыбыхыурэ къехи, щIэныгъэм и мэ къызыщIихьауэ зы цIыхуи бгъуэтынкъым я зэхуаку зэтемыхуэныгъэ къыдэмыхъуауэ.

Абу Бэкр, Алыхьыр арэзы зыхуэхъуныр, зэрытщIэщи, цIыху щабэу, цIыху “Iэсэу” щытащ. Гьумэр, Алыхьыр зыхуэхъуныр, тIэкIу ткIийуэ, пхъашэу щытащ. Апхуэдэу щыщыткIэ, щхьэж и хьэлым хуэфэщэжу и дин зехьэкIэри щытынущ. Ауэ абы щхьэкIэ, дунейр къэуэжауэ ябжу щытакъым тIуми.

— Имам Шафигьий нэхъ цIыху губзыгъэ сырихьэлIакъым, — жиIэт Юнус и цIэу зы щIэныгъэлI, — зы махуэ гуэрым зы упщIэ теухуауэ абырэ сэрэ дызэдэуэн хуей хъуащ. Дызэдауэри дызэбгъэдэкIыжащ. ИужькIэ дызэхуэзати, си Iэр иубыдри жиIащ: — Уэ, Юнус, зыгуэрхэмкIэ дызэтемыхуэми зэкъуэшу дызэдэпсэу хъунукъэ?!.

А хъыбарыр зытхыжа Зэхэбий щIэныгъэлIышхуэм етх: а псалъэхэм къагъэлъагъуэ а имамышхуэм акъыл нэгъэса зэриIар, щIэныгъэшхуи зэрыбгъэдэлъар….

Зэтемыхуэныгъэ, зэмыщхьыныгъэ щыIэным уришхыдэн дэнэ къэна, абы ущыщыгуфIыкIын, ар уи гуапэ щыхъун куэдрэ къохъу, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, зы Iуэхум еплъыкIэ зыбжанэ щыхэзагъэм и деж, ар нэхъ гъэзэщIэгъуафIэ мэхъу.

Арат зы щIэныгъэлI щIыжиIэри: Щэхьабэхэр зэтемыхуэу еплъыкIэ зыбжанэ яIэу зэрыщытар нэхъ къызощтэ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, абыхэм я еплъыкIэм я зым техуэу зыгуэр еблэжьмэ, абыхэм зыгуэркIэ уатехуэнущ, ауэ зы еплъыкIэ фIэкIа щамыIэм деж, а еплъыкIэм утемыхуэмэ, диным утемыхуауэ укъыщIидзынущ.

Муслъымэн жэмыхьэт! МыбыхэмкIэ жытIэну дызыхуейр, мы щIыналъэм муслъымэну исыр сытым иIыс теухуауи зы еплъыкIэм техуэу щымытынкIэ хъунущ, ауэ зэтемыхуэ пэтми, зэгъусэу Iуэху зэдащIэфу, псапэ зэдалэжьыфу, я Iуэху дагъэкIыфу щытын хуейщ.

Псори зы дыхъуа нэужь, итIанэ Iуэху зыдэтщIэнщ, жытIэу дыщысмэ, а зэманыр зэикI къэсынукъым. Къэмысынум уежьэуи ущыс хъунукъым.

И чэзу хъуащ абы ди акъылыр хуэкIуэу ди Iуэхур дгъэкIуэтэну, ди Iуммэтым зедгъэужьыну, ди дин Iуэхур едгъэфIэкIуэну, «IуэхуфIрэ тхьэшынагъэ зыхэлъхэмрэ ятеухуауэ зыр зым фыдэIэпыкъуж!», — жиIэу Тхьэ унафэ къакIуэм дытетыну! (Iэл-МаIидэ, 2).

Аллаху Тэгьалам и цIэ дахэхэмрэ, и щифэт лъагэхэмрэкIэ зыхудогъазэри долъэIу дифI зыхэлъым дигур хуигъакIуэу, ди лъэри абы нигъэсыну, IуэхуфI, Iуэху дахэ теухуауэ зыр зым щIэгъэкъуэн дыхуищIыну, пэжым ди нэр къыхузэтрихыу, абы дытету дищIыну!