Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

17. Зызыгъэпсэхужынумрэ, зезыгъэгъэпсэхужынумрэ

10.06.2019
Еджауэ 506

ФIыщIэ худощI Алыхь Ину фIыщIэ псори зыхуэфащэм, унафэ псори зыIэщIэлъым, щэхуми нахуэми щыгъуазэм, псори жэуапым езышэлIэну хуитым.

Щыхьэт дытохъуэ Алыхьышхуэм и закъуэныгъэм, хуэпщылIыныгъэ теухуауэ Iыхьэгъу Абы зэримыIэм. Щыхьэт дытохъуэ Мухьэммэд лъапIэм صلى الله عليه وسلم и бегъымбарыгъэм, цIыхуу щыIэми зэрыхагъэлъэпIыкIам, и пщэ къыдалъхьа къалэнри нэсу зэригъэзэщIам, и гъащIэ псори Алыхьым и диным зегъэубгъуным зэрытриухуам.

Муслъымэн жэмыхьэт! ЦIыхум псэ хэтыр къыхэзыпщар Аллаху Тэгьаларащи, ар хэзыхыжыр Езыращ.

Япэ дыдэу КъурIэным щыщу къеха аятымкIэ Аллаху Тэгьалам къыхигъэщащ къэгъэщIыныр Езым хухэха лэжьыгъэхэм зэращыщыр:

“اقْرَأْ بِاسْمِ رَبِّكَ الَّذِي خَلَقَ .  خَلَقَ الإنْسَانَ مِنْ عَلَقٍ”.

Къеджэ, уи Тхьэу къэзыгъэщIам, цIыхур ткIуэпс пцIам къыхэзыгъэ­щIыкIам и цIэкIэ [къэубли]!”. (Iэл-Гьэлэкъ,I-2).

Япэу къехам цIыхур дунейм къызэрытехьэ щIыкIэм игугъу ищIамэ, иужь дыдэу къехыжауэ хуагъэфащэ аятым цIыхур дунейм ехыжу Аллаху Тэгьалам и пащхьэ зэрихьэжынум ирегъэгупсыс. Ар мы аятращ:

” وَاتَّقُوا يَوْمًا تُرْجَعُونَ فِيهِ إِلَى اللَّهِ ثُمَّ تُوَفَّى كُلُّ نَفْسٍ مَا كَسَبَتْ وَهُمْ لَا يُظْلَمُونَ “.

Алыхьым и пащхьэ фыщихьэжыну махуэми фыщышынэ. Абдежым фIы зыщIа дэтхэнэ зыми къилэжьар къылъы­сыжынущ, лей гуэри къылъысынукъым. (Iэл-Бэкъэрэ, 28I).

Алыхьым укъигъэщIу мы дунейм укъыщытригъэхьакIэ, иужькIи укъигъэщIыжу и пащхьэ ущришэжынукIэ, уэ дунеягъэкIэ зыгуэр къыбдилъэгъуну, уэ зыгуэрым улъигъэIэсыну хуейщ Алыхь Инри – укъыщIагъэщIам ухуэпэжу мы дунейм утетмэ уи насыпщ.

Ауэ, цIыхур и щхьэ и биижщ, и щхьэ йофыгъуэж: нобэ тхъэмэ пщэдей сыт къыщыщIми едэ; нобэ зыхуейр игъуэтмэ, пщэдей ар и щхьэ къихуэжми къыфIэIуэхукъым, псом нэхъапэр иджыпсту и Iуэхур дэкIынращ. 

Зэгуэрым Бегъымбар лъапIэр صلى الله عليه وسلم жэназы ирихьэлIати: مُسْتَرِيحٌ وَمُسْتَرَاحٌ مِنْهُ — “Е зигъэпсэхужащ е заригъэгъэпсэхужащ!“,- жиIащ абы теухуауэ.

Щэхьабэ махуэхэм къагурыIуакъым абдежым Бегъымбарым صلى الله عليه وسلم жиIам къыригъэкIар. Абы ипкъ иткIи щIэупщIэжахэщ: — Сыт “е зигъэпсэхужащ е заригъэгъэпсэхужащ!” — жыхуиIэм, я Рэсулэл-Лах, къибгъэкIар?-, жаIэри.

ЦIыху муIминыр (цIыхуфIыр) дунейм  ехыжмэ дунейм гугъуехь щишэчу щытам, лейуэ къытехьэу щытам теухуауэ езым зегъэпсэхуж; цIыху Iейр (дунейм ехыжмэ) цIыхуми, щIылъэми, къэкIыгъэми, псэущхьэми зарегъэгъэпсэхуж“-, жиIащ عليه الصلاة والسلام-ым. (Бухъарий).

ЛIэныгъэр зыщIэмыкIын, зи дэфтэрыр зыхуамыщIыжын, мы щIы фIыцIэжьым хамылъхьэжын зыри къытхэткъым. АбыкIэ псори дызэхуэдэщ, ауэ дызэрызэхуэмыдэр сыт жыпIэмэ, абы иужькIэ хэт зигъэпсэхужынущи аращ, хэт заригъэгъэпсэхужынущи аращ.

ЦIыхуфIыр мы дуней зэвым и кIуэцIым иубыдауэ, зыIэпишэну къэзыхъуреихь къомым япэщIэувауэ, мыдэкIэ зэм ищхьэкIэ уз гуэр игъэву, зэм фIыуэ илъагъу гуэр фIэкIуэдрэ и гур игъэузу, ауэ итIани къэзыгъэщIа Алыхьышхуэм фIэфI мыхъун жимыIэу, фIэфI мыхъун имыщIэу, къыщIагъэщIар ищIэжу дунейм тетщ.

Мис апхуэдэм къыхуауха сыхьэт бжыгъэр иухмэ зигъэпсэхужыну аращ, “уэху” жиIэжыну аращ. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, Iэпкълъэпкъ зэвым хэкIрэ и псэр хуит хъужа нэужь, Аллаху Тэгьалами къыхуигъэхьэзырауэ къыпэплъэ фIыгъуэр къилъэгъуа нэужь, цIыхум мы дунейм гугъуехьу щишэчар напIэзыпIэм щыгъупщэжынущ икIи тыншыжынущ.

Аращ зытеухуари Аллаху Тэгьалам и псалъэр:

“يَاأَيَّتُهَا النَّفْسُ الْمُطْمَئِنَّةُ . ارْجِعِي إِلَى رَبِّكِ رَاضِيَةً مَرْضِيَّةً . فَادْخُلِي فِي عِبَادِي . وَادْخُلِي جَنَّتِي”.

«Уэ псэ зэгъэжа! Уи Тхьэм деж гъэ­зэж уарэзыуэ, Езыри арэзы къыпхуэхъуауэ! Яхэхьэж си цIыхуфIхэм, Си жэнэтми ихьэ. (Iэл-Фэджр, 27-30).

— УлIэнущ!-, жыраIат зы губгъуэрыс гуэрым, абыкIэ ягъэшынэнуи. – СылIа нэужь дэнэ сыздашэнур?-, жиIэри щIэупщIащ. – Алыхьым и пащхьэ урашэжынущ!-, щыжаIэм, — ФIыуэ диIэр къыдэзыт, фIыгъуэу диIэмкIэ къытхуэупсэ Алыхь Талэм и пащхьэ сыщрашэжынукIэ сыт абы шынагъуэу хэлъыр?!-, жиIащ лIым.

Аллаху Тэгьалар гуфIэу къызыхэщ хьэдис зэхихат адрейми, “Тхьэ гуфIэ къыщытщхьэщыткIэ, гугъэфI диIэ хъунущ”, — жиIащ. 

Мыдрейуэ, лIа нэужь цIыхухэр хуиту зыгъэбэуэжынур: ар цIыху Iейуэ, цIыху залыму, щхьэпэлъагэу, и бзэкIи, и IэкIи, и мылъкукIи, и нэгъуэщIкIи цIыхухэм зэран яхуэхъуу, цIыхухэр илъагъу мыхъуу, езыхэми къалъагъу мыхъуу дунейм тетаращ.

Ауэ, цIыхум имызакъуэу абы и зэраныгъэр щIым ищхьэм тету хъуам, псэущхьэми, къэкIыгъэми ялъэIэст, уеблэмэ езы щIы дыдэри игъэтхьэусыхэу зэран хъут.

Уеблэмэ, езым нэхъ гъунэгъу дыдэу къыбгъэдэт и ныбжьэгъухэр, абы фIэIэбыкIыжи, езыр къэзылъхужахэр, езым къилъхужахэр, къыдалъхуахэр… псори гугъу иригъэхьт, псори игъэтхьэусыхэт.

Мис апхуэдэр дунейм ехыжмэ, и щIыбагъым къыдэнэу хъуам, иужьи къыринэу хъуам загъэпсэхужынущ, ауэ езым адэкIэ бэлыхьу щыIэр и пщэм къыдэхуэнущ, гузэвэгъуэм я нэхъ инми пэщIэхуэнущ. Алыхьым дыщихъумэ апхуэдэ дуней тетыкIэми! Алыхьым дыщихъумэ апхуэдэ дуней хъуэжыкIэми!

Мори цIыхущ, мыдрейри цIыхущ, ауэ мобы и кIэух хъуам феплъ, мыдрейр зыхуэкIуам феплъ! Япэрейр гугъу ехьами иIуэтэжри ежьэжащ, ауэ мыдрейм зытригъэууэ дунейм тетами псори къыщIагъэныжащ.

Игугъащ етIуанэм псори зэрихуэу, псори дикъузэу дунейм тетмэ, абыкIэ нэхъ тыншыну, зыри абы теухуауэ къемыупщIыжыну. АрщхьэкIэ, Тхьэшхуэу-Алыхьышхуэр пIащIэкъым, ауэ узэщIиубыдэмэ гуIэгъуэр къуитынущ.

Алыхь Закъуэу, ЛъапIэм долъэIу и нэфI къытщыхуэну, и арэзыныгъэр къыдигъэлэжьыну, мы дуней нэпцIым зыкъедмыгъэгъэпцIэныр псынщIэ тщищIыну, мы дунейр тхъуэжми тыншыжахэм ящыщ дищIыну!