Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

15. Зи щхьэ езыхьэхыр Алыхьым еIэт!

10.06.2019
Еджауэ 631

 

Муслъымэн жэмыхьэт! “Аллаху Тэгьалар езыр дахэщ, дахагъэри фIыуэ елъагъу!”-, къыджеIэ Бегъымбар лъапIэм صلى الله عليه وسلم ди Тхьэшхуэм и щыфэтхэм теухуауэ.

Ауэ сыт хуэдэ дахагъэра Аллаху Тэгьалам фIэфIыр? Iэпкълъэпкъым и дахагъэра? Хьэмэрэ, цIыхум щитIагъэм и дахагъэра? Хьэмэрэ, цIыхур зыщIэсым е зэрысым я дахагъэра? Хьэмэрэ, цIыхум и хьэлщэным и дахагъэра?

Хьэмэрэ, мыбыхэм дахэмыдэу, псори къызэщIиубыдэу Аллаху Тэгьалам фIэфIу жытIэ щхьэ мыхъурэ?! ИкIи аращ нэхъ пэжри.

Ауэ, сыт хуэдэ дахагъэрауэ пIэрэ нэхъ фIэфIыр Аллаху Тэгьалам? — жытIэмэ, шэч хэмылъу цIыхум и хьэлкIэ, и дин зехьэкIэкIэ къигъэлъагъуэ дахагъэращ. ИкIи адрей жытIахэм мыр щIымыгъумэ зыри къарымыкIыу аращ абыхэм.

МыдэкIэ, езы хьэлри Iэджэу зэмылIэужьыгъуэу зэхедзри, хьэлщэн лIэужьыгъуэу щыIэм я нэхъыфI дыдэм хыубжэ хъунущ: цIыхум и щхьэр ехьэхауэ, и макъри ешэхауэ щытыфыныр, пагэныгъэм щыщ гуэр и хьэлым къыхэмыщыныр, атIэ и бзэри щабэу, и Iэри щабэу цIыхум яхэтыфыныр.

Езы Бегъымбар дыдэм صلى الله عليه وسلم зыкъыхуигъазэу Аллаху Тэгьалам къыжриIэу КъурIэн лъапIэм къыщокIуэ:

“وَاخْفِضْ جَنَاحَكَ لِمَنِ اتَّبَعَكَ مِنَ المُؤْمِنِينَ”

Iиман къэзыхьу уэ гъусэ пхуэхъуахэм уемыпагэкI“. (Iэш-ШугьэраI, 215). НэгъуэщIу жыпIэмэ, щабэу яхущыт, щэныфIэу, къызэрыгуэкIыу яхэт.

Езы عليه الصلاة والسلام-ым игъэзэщIа а унафэр, жыпIэмэ, игъэзэщIащ, щапхъэм я нэхъ дахэри къигъэлъэгъуащ.

Уеблэмэ, Аллаху Тэгьалам хигъэдауэ щытат عليه الصلاة والسلام-ыр, бегъымбар пащтыхьу щытыну хуейрэ, лIыкIуэу цIыху къызэрыгуэкIыу щытыну хуейрэ. Щыхагъадэм етIуанэр къыхихат. 

КъызэрыгуэкIыу, пагэныгъэм щыщ гуэри хэмылъу зэрыщытам и щапхъэщ, Бегъымбарыр صلى الله عليه وسلم зыхуэныкъуэр езым бэзэрым къыщищэхужу, адэкIэ, муслъымэнхэм я нэхъ тхьэмыщкIэхэр сымаджэ хъуамэ ящIэупщIэу, дунейм ехыжамэ я жэназым хэту зэрыщытар.

Iэнэм пэрытIысхьамэ, игъэщIеикIауэ шхэныр къыригъэзэгъэтэкъым, атIэ “Сэ сыпщылIщи пщылI хуэдэу сошхэ, пщылI хуэдэуи сыщысщ“, — жиIэу щытащ.

Гъуэгум зыдрикIуэм сабий тету илъагъумэ къызэтеувыIэрэ щхьэхуэу сэлам ярихыу щытащ.

УнэIут цIыхубз къакIуэрэ, и гукъеуэр къыхуиIуэтэну Iуишрэ, Мэдинэ къалэм унэIутым зыдыжиIэмкIэ кIуэуэрэ и гукъеуэм едаIуэу щытащ.

Муслъымэнхэр зэгъусэу гъуэгуанэ зыдытеувэмэ, عليه الصلاة والسلام-ыр псоми яужь зыкъыринэт: “гупым зыгуэр къакIэрыхуэмэ е и Iуэху хуэмыхъуу зыгуэр яужь къинэмэ” жиIэу.

И унэ щыщIэсыжым, и унагъуэм щахэсыжым и деж унагъуэм щалэжь хабзэ Iуэхухэр ищIэт, нэмэз уахътыр къэсмэ муслъымэнхэм къахыхьэт.

Ахэри, нэгъуэщI куэди щапхъэ дахэу къигъэлъэгъуащ Алыхьым и нэфIыр зыщыхуэу, хъуэхъум я нэхъ гуапэр зырахын а цIыху лъапIэм. Къигъэлъэгъуащ, апхуэдиз къалэныр и пщэ дэлъ пэтрэ, апхуэдиз Iуэхуи зэблигъэкIын хуейуэ щыт пэтрэ.

Уеблэмэ, апхуэдизкIэ апхуэдэ дуней тетыкIэр фIэфIти, апхуэдэ дыдэуи Алыхьым и пащхьэ ирашэжыну лъаIуэт. “Я-Алыхь, тхьэмыщкIэу сыгъэпсэууи, тхьэмыщкIэуи сыгъэлIэжи, тхьэмыщкIэхэм яхэту сыкъэгъэтэджыж!“, — жиIэт. ТхьэмыщкIэм къыригъэкIтэр, мылъкукIэ къулейсызыр аратэкъым, атIэ цIыху пагэхэм ящыщ хъуну хуэмейуэ арат.

Муслъымэн жэмыхьэт! ИпэжыпIэкIэ, Аллаху Тэгьалам и деж пщIэ щызиIэри, цIыхуми фIыуэ ялъагъури, щхьэпэлъагэу щымыт цIыхуращ.

ЖеIэ صلى الله عليه وسلم: “ЦIыхум игъэгъумэ и пщIэр Алыхьым лъагэ хуещI, и щхьэр ирихьэхмэ Алыхьым еIэт“.

Имам Iэн-Нэуэуий, رحمه الله, а хьэдисыр къыбгурыIуэн зэрыхуейм теухуауэ жеIэ: “Абы лъэныкъуиткIэ уегупсыс хъунущ. Зыр, мы дунейм и кIуэцIкIэ апхуэдэ цIыхур Аллаху Тэгьалам иIэтыну аращ, апхуэдэу езым зимыгъэщхьэпэлъагэу зэрыщытым папщIэ цIыхухэми пщIэ къыхуащIу, яIэту ищIыну аращ. Адрей мыхьэнэр: Къемэт махуэм и псапэр хуигъэбэгъуэну, абдежым и пщIэр щиIэтыну аращ”.

ДунеягъэкIэ къэхъум, къекIуэкIым деплъмэ, аращ къэхъур. “Сэ схуэдэ щыIэ”, “сэращ зыщIар”, “сэращ жызыIар”, “сэращ япэу ар зигу къэкIар”….жызыIэу апхуэдэ псалъафэ зиIэ цIыху щхьэпэлъагэр цIыхухэм фIыуэ ялъагъункIи, пщIэ къыхуащIынкIи Iэмал иIэкъым, езы апхуэдэу зызыщIым абыкIэ пщIэ лей къилэжьын игугъэу ахэр жиIэми.

ЦIыху муIмин губзыгъэм “сэ” жиIэу зыкъыхигъэщын дэнэ къэна, атIэ, “уэ” жаIэу цIыхухэм къыщыхагъэщым и деж, и щхьэр зыдихьын имыщIэу къонэ, апхуэдизкIэ ар хуэмыфащэу къелъытэри.

Малик ибн ДинаркIэ еджэу зы цIыху хьэлэмэт псэуащ. Абы жиIэт: “Мэжджытыбжэм и деж зыгуэр къэуврэ “мыбы нэхъ цIыху Iей дыдэу щIэсыр къыщIрекI”, — жиIатэмэ, зы цIыху си япэ измыгъэщу сыщIэкIынт, кIуэ сэр нэхърэ нэхъ жэр гуэр е нэхъ къарууфIэ гуэр щIэсхэм къахэкIмэ абы и Iуэхур щхьэхуэщ”, — жиIэт.

Ибн Iэл-Мубарэк, رحمه الله, Малик жиIар щыжраIэжым: “Малик Малик зыщIыжар мис аращ!”, — жиIащ. НэгъуэщIу жыпIэмэ, а цIыху телъыджэм и цIэр тхыдэм къыхэлыдыкIыу къыхэзынар: и цIэр жаIэххэну хуэмейуэ зэрыщытаращ.

Аллаху Тэгьалам долъэIу хьэл дахэр къытхилъхьэну, хьэл Iейхэр зыхэдныныр къыддиIыгъыну, ди хъейр зыхэлъым ди Iэр лъигъэIэсыну, ди лъэри нигъэсыну, ди Iей зыхэлъым пэжыжьэ дыхуищIыну!