Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

4. Динынымрэ, диныншагъэмрэ зэпызыщIэхэр

10.06.2019
Еджауэ 520

Муслъымэн жэмыхьэт! Илъэс къэскIэ мы дызэрыхьа мазэм и пэублэхэм техуэу къэрал псом ягу къагъэкIыж ди гъунэгъу республикэм, Осетием, 2004 гъэм къыщыхъуа нэщIэбжьэр. Абы щыгъуэ цIыху щищым щIигъу хэкIуэдауэ щытат, 172-р абы щыщу сабийуэ. Ди щхьэкIи, ди бынкIи апхуэдэ Алыхьым ди нэгу щIимыгъэкIкIэ!

 

А зэманым ирихьэлIэу Осетием къыщыхъуа нэщIэбжьэм и закъуэкъым, атIэ апхуэдэ теплъэм иту дунейм ехыжахэр псори ягу къагъэкIыж. Дэри мыпхуэдэ Iуэхугъуэхэр зэхэдмыха хуэдэу къытфIэмыIуэхуу блэдгъэкI хъунукъым, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, мы къэхъукъащIэхэм я бэлыхьыр зышэчыр нэхъыбэу муслъымэнхэращ.

 

Ар уи нэм къыщIэуэ пэжхэм ящыщщ, ауэ пэжыр пцIыуэ, пцIыр пэжу къыщагъэлъагъуэ зэманщ дэ ди зэманыр: мэлыр дыгъужьу, дыгъужьыр мэлу, яукIыр напэншэу, зыукIыр напэхужьу утыкум къралъхьэу.

Нобэрей зэманым къэхъукъащIэу хъуар муслъымэнхэм кIэрапхэну, абы нэхърэ нэхъ хьэдэгъуэдахэращи, муслъымэн диным ирапхыну хэтхэщ.

 

Муслъымэнагъымрэ терроризымрэ, муслъымэнагъымрэ цIыху укIынымрэ, цIыху гъэгузэвэнымрэ зэпыпщIэныр зэщхьыр: мы щIыр хъурейкъым, атIэ зэпэплIимэщ е дыгъэр щIым къыпокIуэкI, жыпIэным ещхьщ, апхуэдизкIэ хьэдэгъуэдахэщи.

 

«Терроризм» псалъэм куэд кърагъэкI, ауэ къикIыу хъуар щIагъуэкъым. Абы ипкъ иткIэ, уи гурэ уи щхьэрэ зэтелъу пхужыIэнущ: террористкIэ зэджэм муслъымэнкIэ уеджэжыфынукъым, муслъымэнкIэ узэджэми террористкIэ уеджэжыфынукъым.

 

Муслъымэныр дунеягъэкIэ нэхъыбэу къезыхуэкIыр зы гупсысэщ. А гупсысэм тещIыхьащ и гухэлъхэри, и IуэхущIафэхэри. Сыт а гупсысэр? КъэзыгъэщIа Аллаху Тэгьалар арэзы зэрищIынращ. 

 

Апхуэдэ гупсысэ хэIэтыкIам узэрылъэIэсыфынур езы Алыхь Талэм игъэдэха, игъэзэхуа IуэхугъуэкIэщ. Армырауэ, укIий-угуокIэ, е ушхыдэкIэ, е уи Iэр бгъэдалъэу утыкум уиткIэ зы щIыпIи унэсынукъым. Абы нэхъ Iеижращи, лажьэ зимыIэ цIыхум илъ бгъажэкIэ е и мылъку зыIэщIэплъхьэкIэ Алыхьым и арэзыныгъэр къэблэжьынукъым.

 

Мыбы и щхьэр течыпауэ жеIэ ЛIыкIуэ лъапIэм, صلى الله عليه وسلم -м: «МуIмин хъужыр: я мылъку теухуауи, я щхьэ теухуауи цIыхухэр къызытемыгузэвыхьращ». (НэсаIий, Тирмизий сымэ къаIуэтэжащ).

 

Муслъымэн жэмыхьэт! Мы дэ цIэ къытIфащымрэ, ди дин лъапIэм дзы къыхуащIымрэ утыкум идгъэкIыпэну ди къарур пэмылъэщынкIэ хъунущ, ауэ дызыпэлъэщын гуэрхэр щыIэщи, ахэр хэтлъхьэн хуейщ Iуэхум.

 

Абы хэтлъхьам мыхьэнэуэ иIэр зэуэ нэрылъагъу тщымыхъункIэ хъунущ, ауэ Алыхь IэмыркIэ абы зы зэман гуэрым зыкъыщигъэлъэгъуэнущ. А ди лэжьыгъэри Ахърэтым псапэ щытхуэхъуным имызакъуэу, ди ужь къиднэну щIэблэм тыгъэ дахэ яхуэхъунущ.

 

Армырауэ, ди щхьэрэ дигурэ зэбгъэжауэ, гугъэри тфIэкIуэдыжауэ дызэхэскIэ мы къекIуэкIым зыри хэтлъхьэфынукъым.

 

ХэкIыпIэр зыщ: мы Iуммэтыр Алыхьым хигъэлъэпIыкIауэ щыщыткIэ, абы хуэфэщэжу дунейм дытетынращ. НэгъуэщIу жытIэмэ, ди псэлъэкIэкIи, ди Iуэху щIэкIэкIи муслъымэн хьэл тхэлъын, КъурIэн лъапIэмрэ Суннэ къабзэмрэ дыкъызыхураджэ щытыкIэ дахэм нэхъ гъунэгъу дыхуэхъун, цIэ дахэ зетхьэм хуэфэщэн лэжьыгъэ утыкум къидгъэхьэн.

 

Къэхъум къигъэлъагъуэращи, Ислъам дин дахэ зетхьэм и цIэр IейкIэ нэхъыбэу зыгъэIур телевизор, радио сыт хуэдэхэм щыжаIэракъым, атIэ абы и цIэр IейкIэ нэхъыбэу зыгъэIур дэ тщыщ гуэрхэм я дуней тетыкIэ Iейращ.

 

Апхуэдэхэм къагъэлъагъуэ хьэл мыхъумыщIэр езы диным щыщ гуэру, езы диным абы укъыхуриджэ хуэдэу цIыхухэм къагурыIуэрэ, абы иужькIэ диным хуэшхыдэу дэувэжхэмэ… ар зи кIэ къикI цIыхум сыт хуэдиз гуэныхь къихьрэ?!

 

Аргуэру къытыдогъэзэжри, мыбы и Iэмалыр зыщ: мы дин дахэм и дахагъыр дэ къыддалъагъуу, дэри езыр дахэу дунейм дытетынращ. Мис апхуэдэ щIыкIэм тету Ислъам диныр зиIыс дыдэр къэдгъэлъагъуэу щIэддзэмэ, диным теухуауэ сыт хуэдэ мыхъумыщIэ телевизорым къимыгъэлъэгъуами, радиом жимыIами, абы щхьэкIэ къэмынэу цIыхухэр диным къепщIэнущ икIи дихьэхынущ.

 

Щабагъым, дахагъым, къабзагъым, губзыгъагъым… абыхэм димыхьэхын щыIэ?! ЦIыхуфIхэм, цIыху еджахэм пщIэ хуэзымыщIын щыIэ?

 

Аллаху Тэгьалам КъурIэнкIэ къыджеIэ: «ЦIыхухэм я Iуэхур Алыхьым ихъуэжкъым, езы цIыхухэм замыхъуэжауэ». (Iэр-Рэгьд, 11). НтIэ, дэ зыкIи зытхъуэжыну дыхуэмейуэ дауэ ди Iуэхум зэрызихъуэжынур?

 

Дауэ ди Iуэхум зэрызихъуэжынур, лэжьэкIэ, еджэкIэ зедмыгъэсауэ; цIыху пэж, цIыху къабзэ, цIыху щабэ дымыхъуауэ?!

 

Аллаху Тэгьалам долъэIу и дин дахэр екIуу икIи пэжу зетхьэныр псынщIэ тщищIыну, и унафэр дгъэзащIэу, цIыхухэми псапащIэу дахэту дигъэпсэуну; диным и цIэр фIыкIэ дгъэIуу, езы Тхьэшхуэми и цIэр щытхъукIэ хэтIIэтыкIыу!