Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

2. Гупым зэрыхыхьэр лъапэщи, къызэрикIыжыр напэщ!

10.06.2019
Еджауэ 534

Муслъымэн жэмыхьэт! ЦIыхум езым хуэдэ цIыху къелъыхъуэ, и закъуэу къанэмэ гугъу йохь, зыри къыхуамыщIэнуми цIыху сурэтым ит гуэр къыбгъэдэтыну хуейщ. Аращ щIэныгъэлIхэми щIыжаIэр: “ЦIыхум цIыху къилъыхъуэныр и хьэлщ!”.

Абы фIэIэбыкIыжи, ди дин дахэм щхьэусыгъуэ куэд теухуауэ дызэхуэсыну, дызэхыхьэну къытхуегъэув. Ар ди гьибадэт Iуэхуу ирехъу, псалъэм папщIэ мэжджытым нэмэзитхум щхьэкIэ дызэрызэхуэсыр, адэкIэ жумгьэм, адэкIэ гьидым. Мыбы щыщщ, хьэж щIыгъуэм деж щызэхыхьэ зэхуэсышхуэри.

МыдэкIэ, ди дуней Iуэхум нэхъ пыщIауэ къэтщтэнщи, хьэгъуэлIыгъуэ теухуауэ, адэкIэ дунейм къытехьа сабийм теухуауэ. ГуфIэгъуэм нэмыщI, гузэвэгъуэ теухуауи дызэхыхьэну къытхуегъэув ди дин лъапIэм.

А псор щIыжытIэр, цIыхум уахэмыхьэнкIэ, цIыхухэри къыпхэмыхьэнкIэ Iэмал щимыIэкIэ, цIыху хыхьэкIэ, цIыху хэтыкIэ тщIэн хуейщ. “Гупым зэрыхыхьэр лъапэщи, къызэрыхэкIыжыр напэщ”, — жаIэ. Аращи, ди напэр къабзэу, ди пщIэр лъагэу дакъыхэкIыжын хуейщ дызыхыхьам.

Муслъымэныр цIыхум кIэрыпщIэу, езыхэри къыкIэрыпщIэу щытщ. Апхуэдэу щымытыр хъейрсызщ“, — жеIэ ди ЛIыкIуэ лъапIэм, عليه الصلاة والسلام-ым. (ТIэбэраний).

ЦIыхум я гум удыхьэн, я псэм фIэIэфI ухъун папщIэ цIыхухэм яфIэфIыр, ягу ирихьыр, пщIэ зыхуащIыр, мыхьэнэ зыратыр пщIэуэ, къыбгурыIуэу ущытын хуейщ.

Ауэ, цIыхум фIыуэ зыкъезгъэлъэгъунщ, жыпIэу Алыхьым жагъуэу укъыщIилъэгъун гуэр блэжь хъунукъым. Мис ар къытщымыщIын папщIэ, езы диным къыхощ фIылъагъуныгъэр къэзышэ щхьэусыгъуэхэр.

Абыхэм япэ дыдэу къахощ, жыпIэ хъунущ, гуапагъэр, нэгу зэIухар, гуфIэ къызэрыщ нэкIур. Мыбы хуэдэу цIыхум и гум нэхъ псынщIэу унэзыгъэс къэгъуэтыгъуейщ. Ара хъунщ абы псапэ леи къыщIыдэкIуэр.

Уи къуэшым и нэгум зыхуэбгъазэу угуфIэныр сэдэкъэ тыным щыщщ“, — жеIэ ЛIыкIуэ лъапIэм, صلى الله عليه وسلم. (Тирмизий).

Мыри жеIэ а цIыху лъапIэм, صلى الله عليه وسلم: “ФIым, псапэм щыщу зыри цIыкIуу, мыхьэнэншэу къыпщымыхъу, уеблэмэ, уи къуэшым нэгу зэIухакIэ ухуэзэныр мыхъуми!“. (Муслим).

Сыт хуэдиз гукъеуэ димыIами, сыт хуэдиз Iуэхушхуэ дыхэмытами, сыт хуэдизу гупсысэм дыщIимыгъэнами, итIани, Бегъымбар лъапIэм, صلى الله عليه وسلم, и щхьэм къырикIуам хуэдиз, абы и нэгум щIэкIам хуэдиз дэ ди щхьэ къырикIуэнукъым, ауэ ара пэтрэ, а цIыху лъапIэм нэхърэ нэхъыбэу гуфIэ, гуапагъэ зыдалъагъу цIыху игъащIэм щыIакъым икIи щыIэнукъым.

Аращ, ар апхуэдизу фIыуэ ялъагъуу щIыщытар, апхуэдизу цIыхум я гур абы щIыкIэрыпщIар, я гум ар щIыдыхьар. Уеблэмэ, апхуэдизкIэ псоми яхуэгуапэт ари, псоми езыхэм нэхърэ нэхъыфIу Бегъымбарым صلى الله عليه وسلم зыри фIыуэ имылъагъуу къащыхъут.

АдэкIэ, гупыр зэхуэгуапэу зэхэзыгъэт, зэхэзыгъэс щхьэусыгъуэхэм ящыщщ: дэуэн, ныкъуэкъуэн, зым жиIэр адрейм IэщIиудыжын, дэтхэнэми нэхъ губзыгъэу зыкъыщыхъужын жыхуаIэ хьэл мыхъумыщIэхэр къемыкIуэкIыныр.

Минрэ узахуэми удэуэныр игъэдахэкъым диным, атIэ уи еплъыкIэр жыIи, ар зыфIэфIым, пэжу, тэмэму къэзылъытэм къищтэнщ, къэзымылъытэм къищтэнкъым, армырауэ, уэ жыпIар кIуэцIрыкIыхукIэ, уи псалъэр псоми я псалъэм ищхьэ хъухукIэ уныкъуакъуэмэ, уэ пэж къэплъыхъуэу аракъым, атIэ щхьэзыфIэфIыныгъэм уихьу аращ.

“Гупсыси псалъэ, зыплъыхьи тIыс”-, щIыжаIар иджыпсту мы зи гугъу тщIы щхьэусыгъуэ дыдэращ. Узэпсалъэри, ущыпсалъэри, уи псалъэр зыдынэсынури, нэгъуэщIри зомыгъэзахуэу уи гум къэкIыр уи бзэгум телъмэ, уэ гупым ухагъэхьэ мыхъуну аращ, атIэ “зыгъаси хасэм екIуалIэ”, зыжраIэнухэм ухиубыдэнущ.

Аллаху Тэгьалам КъурIэнкIэ къыжреIэ лIыкIуэ лъапIэм: “Си пщылIхэм яжеIэ, псалъэм я нэхъ дахэмрэ, я нэхъ щабэмрэ къыхахыурэ псэлъэну, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, шейтIаныр я зэхуаку къыдыхьэну хьэзырщ (псалъэ бзаджэр къигъэсэбэпурэ)“. (Iэл-IисраI сурэ, 53 аят).

Ар дыдэм тыригъэчыныхьу жеIэ ЛIыкIуэ лъапIэм صلى الله عليه وسلم-м: “Алыхьымрэ, Ахърэтымрэ зи фIэщ хъуам е фIы зыхэлъ жыреIэ е зыри жыремыIыххэ!“. (Бухъарий, Муслим).

ЦIыхур щыпсалъэкIэ зэпомыуду, пщIэрэ нэмысрэ пхэлъу уедаIуэу, жиIэм пщIэ зэрыхуэпщIыр къыпхэщу щытмэ, абы Iэмал имыIэу зэхущытыкIэр дахэ ищIынущ, гупыр псалъэмакъыншэу зэхигъэсынущ.

Дэ псомкIи ди щапхъэ Бегъымбар лъапIэм صلى الله عليه وسلم цIыху псалъэр зэикI зэпиуду щытакъым, уеблэмэ псалъэм мыхъумыщIагъэ дыдэ жиIэми, атIэ псалъэр икIэм нигъэса нэужь жэуап иритт.

ГIэтIаI щIэныгъэлIышхуэм жиIэт: “ЦIыхум зыгуэр щыжиIэжым деж, зэпызмыудын щхьэкIэ игъащIэм зэхэзмыхам хуэдэу содаIуэ, ауэ ипэжыпIэкIэ къапщтэмэ, ар дунейм къытемыхьэ ипэ зэхэсха гуэрт сэ!”.

Муслъымэн жэмыхьэт! Мыпхуэдэурэ щапхъэ куэд къытхуэхьынущ зэхущытыкIэр, зэхэтыкIэр дахэ, екIу зыщIхэр, муслъымэнхэр нэхъри нэхъ гъунэгъу зэхуэзыщIхэр.

Мыхэр къытфIэмыIуэхуну, мыпхуэдэ хабзэ дахэхэми дебэкъуэну  дыхуиткъым, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, япэрауэ ахэр къытфIэмыIуэхумэ – Алыхьми, Бегъымбарми жаIар къытфIэмыIуэхуу аращ.

ЕтIуанэрауэ, мы Iуэхугъуэхэм куэдкIэ елъытащ ди зэхущытыкIэр. ЗэхущытыкIэ дахэ щымыIэмэ, муслъымэнхэм я Iуэхур кIуэтэнукъым, зэгъусэуи Iуэху зэдащIэфынукъым. Гупым хуэщIэмрэ, зы цIыхум хуэщIэмрэ зэикI зэхуэдэ хъунукъым.

Зэхэтхам и сэбэп Алыхьым къыдигъэкI! ДолъэIу Алыхь Закъуэм муслъымэным я Iуэхур иригъэфIэкIуэну, я зэхущытыкIэр дахэ ищIыну, быдэу зэригъэубыдхэу заригъэужьыну!