Аллаху Тэгьалам фIыщIэ худощI: дин дахэмкIэ къытхуэупсащ, иманыр ди гум къырилъхьащ, дыкъызэрелыну Iэмалхэр къытIэщIилъхьащ, дызырикIуэну гъуэгур наIуэ къищIащ.
Щыхьэт дытохъуэ Алыхь Иным и закъуэныгъэм, хуэпщылIыныгъэ теухуауи Iыхьэгъу зэримыIэм. Щыхьэт дытохъуэ Мухьэммэд лъапIэми صلى الله عليه وسلم и бегъымбарыгъэм, лIыкIуэу щыIами яхигъэлъэпIыкIауэ зэрыщытым.
Муслъымэн жэмыхьэт! Мы дунейм цIыху екIуэлIапIэу тетхэм нэхъыбэ дыдэу къахощ цIыхухэм я дин Iуэхухэр нэхъыбэу зрахьэлIэ, щызэблах щIыпIэхэр.
Псом хуэмыдэжу апхуэдэ щIыпIэхэм гулъытэ лей яхуэзыщIыр муслъымэнхэращ. Ар игъащIэм апхуэдащ, иджыпстуи апхуэдэщ.
Муслъымэнхэм хуэдэу зи нэмэз щIыпIэхэм, мэжджытхэм гу лъызытэ мы дунейм цIыху теткъым. Мэжджыт зэращIын, а ящIар зэрызэрахьэн, абы екIуэлIэн, нэмэзыр ехьэлIэн, лей абы зыри темыгъэхэн теухуауэ.
Мэжджытыр езыри ар зытет щIыри уэкъфым хабжэ муслъымэнхэм. Абы ипкъ иткIэ, мэжджытым и къалэным емызэгъыу е емыкIуу зы лэжьыгъэ гуэри ялэжьыну ягу къэкIынукъым абыхэм.
Ауэ куэдрэ хъыбар зэхыдохыж, нэгъуэщI дин зезыхьэ гуэрхэм, я дин Iуэхур щыдах щIыпIэхэр ящэжауэ, е шхапIэ, е джэгупIэ хуэдэ ящIыжауэ. Ауэ муслъымэнхэм я мэжджытхэм апхуэдэ иращIэжауэ зэи зэхэтхакъым, кIуэ езыхэр я щхьэ хуимытыжу зыгуэрым зыгуэр къарищIамэ, абы и Iуэхур щхьэхуэщ.
Уеблэмэ, совет зэману мэжджытхэр щызэтракъутэу е нэгъуэщI зыгуэрхэр къыхащIыкIыу щыщыта зэманми, нэхъыжьхэм зыр зым Iэпихыурэ щIэблэм къыхуагъэнащ: «мыбдежым мэжджыту щытащ, хэт ищIэрэ зэманым зихъуэжмэ, фщIэн щхьэкIэ», -жаIэу.
Мэжджыту дунейм тетым я нэхъ лъапIэуи щыIэр Мэккэ, Мэдинэ, Къудсым дэт мэжджытхэращ. А щыращ мурад щхьэхуэ пщIыуэ гъуэгуанэ ущIытехьэ хъунур. А щым щащI нэмэзым къыдэкIуэ псапэхэм хуэдэу къызыдэкIуэ мэжджыт зыри щыIэкъым.
ЗэманкIэ къапщтэмэ, япэ дыдэ мы дунейм мэжджыту къытехьар Мэккэ дэт Iэл-Мэсджид Iэл-ХьэрамкIэ дызэджэращ. Абы къыкIэлъыкIуэу Алыхьыр щагъэзакъуэу яухуа мэжджытыр Iэл-Iэкъща мэжджытращ.
Апхуэдиз лъапIагърэ, пщIэрэ зиIэ мэжджытхэм ефыгъуэни, Iей гуэр зигу къэкIын цIыху фIеи мы дунейм тетынущ дауикI. Мэккэрэ Мэдинэрэ дэт мэжджыт лъапIэхэм мэжусий лъабжьэ зиIэхэм хуаIэ мурад Iейхэр ямыбзыщIыж хъуащ.
Iэл-Iэкъща мэжджытращи, илъэс хыщIым нэблэгъауэ сионистхэм ихъуреягъыр къауфэрэзыхь, зэзэмызи и кIуэцIым дозэрыхьхэ, иджы Iуэхур абы фIэкIыжри, мэджыту удыхьэ мыхъуну зэхуащIыпауэ хъыбар къытлъоIэс.
Гьумэр رضي الله عنه и зэманым щыщIидзауэ нобэр къыздэсым Iэл-Iэкъща мэжджытыр муслъымэнхэм зэрахьэ. Абы и зэхуакукIэ зэ закъуэ ар жорзехьэхэм яIэщIыхьэри, Сэлахьуддин къаIэщIигъэкIыжауэ щытащ.
Иджы мэжджытым ихъуреягъыр журтхэм яубыдауэ, муслъымэным бэуапIэ ираткъым. Абы ипкъ иткIи, илъэс куэд щIауэ мы дунейм зыгуэр къыфIэIуэхуу муслъымэну тетым ар я Iуэхуу, я гупсысэм хэлъу къокIуэкI, щхьэж хухэлъхьэр хилъхьэу.
Апхуэдизу ар муслъымэнхэм я напIэ телъу щымытамэ, журтхэм зы чырбыш а мэжджытым къыханэнтэкъым, ауэ зы лъэбакъуэ ячмэ, муслъымэнхэм зызэращIым еплъхэурэ, адэкIэ кIуэцIрокIхэ.
А мэжджыт лъапIэр мэжджыту къэнэн папщIэ абы гугъуехьу ирахьэлIар, абы мылъкуу халъхьар, абы цIыхуу щыкIуэдар бжыгъэншэщ. Ахэр псыхэкIуадэ щIэхъун щыIэкъым, тщыгъупщи хъунукъым, ди бынхэми ар яхэтпщэн хуейщ.
Апхуэдиз лъапIагъыр зиIэ мэжджытым, апхуэдиз тхыдэ къэзыбж Унэм теухуауэ сыт пщIэми лей хъукъым. «Абы сыкIуэу нэмэз щысщIащэрэт», жиIэу, абы зи нэ къыхуимыкI муслъымэни мы дунейм тету къыщIэкIынкъым. А псор сэбэп хуохъу а мэжджытыр нобэр къыздэсым уардэу утыкум итыным.
Сыт хуэдиз щIэныгъэлIи къыщIэкIа а мэжджытым, сыт хуэдизи абы щызэблэкIа, сыт хуэдиз щIэныгъи абы щызэблэкIа, сыт хуэдиз цIыхуфIи абы щыпсэуа?! Ахэр ди нэгум щIырет сыт щыгъуи!
Ауэ нэгъуэщI щхьэхуещэхэри къахэкIащ муслъымэнхэм. АбыкIэ зи напэр тезыхыжа, зи щIыхьыр зыщэжа, зи динми зи лъэпкъми епцIыжа. Ахэми яхуэфащэр Алыхьым къалъигъэсыжынщ.
ЖеIэ عليه الصلاة والسلام-ым: «Нэхъ япэIуэкIэ псэуахэри, нэхъ иужьыIуэкIэ псэуахэри Аллаху Тэгьалам Къемэт махуэм щызэхуишэсыжа нэужь, дэтхэнэ цIыху гъэпцIакIуэми нып хухатIэнущ, мыр мыпхуэдэ цIыхум и пцIы иупсар (лей зэрихьар) къэзыгъэлъагъуэщ, жаIэу».
Алыхьым гущIэгъу къытхуищI, сыт хуэдэ анэмэтыншагъэми дыщихъумэ, ди напэр щIытекIын дымылэжьынри къыдигъэхъулIэ!
Мы мэжджыт лъапIэм хуэфащэ пщIэр игъуэтыжауэ, зыхуэфащэхэми яIэщIыхьэжауэ, игъэзэщIэн хуей къалэнышхуэри игъэзащIэ хъуауэ Алллаху Тэгьалам муслъымэнхэм яригъэлъагъу!