Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

Зыр зым игу къигъэкIыжу

29.07.2017
Еджауэ 1 473

Аллаху Тэгьалам къыдбгъэдилъхьэ нигьмэтхэм я фIыщIэ дывгъэщI, фIы зыхуащIэну зыхуэфащэхэм ящыщ дывгъэхъу. ФIым и фIыщIэ зымыщIыфым фIы хуащIэну хуэфащэкъым.

Муслъымэн жэмыхьэт! Тхьэмахуэ къэс зэ къытригъэзэжу мыпхуэдэу дызэхуэсыну, дызэхуэсрэ уазым, хъутIбэм дедэIуэну  Аллаху Тэгьалам унафэ къыщIытхуищIам хэлъ щэхухэм щыщщ: цIыхур цIыху сурэтым имыкIыу, къэзыгъэщIа Алыхь Талэми бгъэдэмыкIыу псэун папщIэ, щIэх-щIэхыурэ къыщIагъэщIар игу къэгъэкIыжын зэрыхуейр.

НэгъуэщIу хъунукъым цIыхум и Iуэхур, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, щыгъупщэныр и хьэлщ, и псэм хэтщ. Псори дыкъызытехъукIыжа Iэдэм عليه السلام-ми и деж къыщежьауэ а хьэлыр къыддогъуэгурыкIуэ, ди адэм ещхь дызэрыхъужамкIи емыкIу дыщIащIын щыIэкъым.

КъурIэн лъапIэми унафэу къыщокIуэ мы Iуэхугъуэр:

وَذَكِّرْ فَإِنَّ الذِّكْرَى تَنْفَعُ الْمُؤْمِنِينَ” – «Ягу къэгъэкIыж, гу къэгъэкIыжыныр муслъымэнхэм сэбэп яхуохъу!». (Iэз-Зарият, 55).

Мыбдежым Аллаху Тэгьалам занщIэу къыхегъэщ, гу къэгъэкIыжыным сэбэпынагъ зэрыхэлъыр. Алыхьым имыщIэмэ дэ тщIэн ди сэбэпынагъ зыхэлъыр?!

А псом япкъ иткIэ къэтщтэнщи, зым зыр дыущиижу, зым щыгъупщэр адрейм игу къигъэкIыжу, зым IэпщIэхур адрейм къищтэжу дызэхэтын хуейщ, армыхъумэ псори щыхупIэм дыхуэкIуэнкIэ хъунущ.

Мыбы ехьэлIауэ щапхъэ нэхъ дахэ дыдэу щыIэхэм ящыщщ: тенджызым тет кхъухьым ис цIыхухэм ятеухуауэ Бегъымбар лъапIэм صلى الله عليه وسلم къихьа щапхъэр.

ЖеIэ عليه الصلاة والسلام-ым: «Алыхьым и унафэр зыгъэзащIэмрэ, абыкIэ Iэпэдэгъэлэл зыщIымрэ ещхьщ: пхъэидзэ зыщIу кхъухьым итIысхьа гупым. Абы ипкъ иткIэ, языныкъуэм и лъабжьэр къалъысащ, языныкъуэм и щхьэр къалъысащ».

АдэкIэ пещэ: «И лъабжьэм щIэсхэр псы хуэныкъуэн хуей щыхъум деж ищхьэмкIэ къыдэкIуейхэти псы ирахьэхт. Аурэ йогупсысхэ иджы и щIагъым щIэсхэр: мыбы дыдэкIуей дыкъехыжурэ и щхьэм тесхэм зэран дахуэмыхъуу, мы и лъабжьэмкIэ кхъухьым гъуанэ хуэтщIрэ, абыкIэ псы къитх щхьэ мыхъурэ?-жаIэри. Иджы и щхьэм тесхэм ахэр къагъэувыIэмэ, езыхэри мохэри къелынущ, ауэ къамыгъэувыIэмэ, езыхэри мохэри унэхъунущ!». (Бухъарий).

Мы дуней псор къапщтэмэ, цIыхуу тетыр зы кхъухьым исхэм ещхьщ. НэгъуэщIу жыпIэмэ, псори зы кхъухьым дис хуэдэу аращ. А кхъухьым исщ муслъымэнхэри мымуслъымэнхэри, муслъымэн жыIэдаIуэхэри, жыIэмыдаIуэхэри. Кхъухьым щхьэж зэрыхуейм хуэдэу ис хъунукъым, щхьэж зыхуейр ищIэнкIи Iэмал иIэкъым.

МыткIэ къэралыр псори зы кхъухьу къащтэ, ди щIыналъэри зы кхъухь цIыкIуу, адэкIэ уIэбэрэ уэ узыхэт гупри зы кхъуафэжьей фыздис хуэдэуи: уи щхьэ хэпхыу зы щIыпIи укIуэфынукъым, уи закъуи укъелыфынукъым, атIэ укъелыну хуеймэ, адрейхэри къызэрелын Iуэху зепхуэн хуейщ.

НэгъуэщI зыгуэрми урегъэгупсыс мы хьэдис лъапIэм: цIыху гъунэгъуу къыббгъдэтым и зэран гуэр къокIми, тIэкIу гугъу уригъэхьми уи щIыбыр хуэбгъазэу уежьэж зэрымыхъунур, атIэ зыхуэгъэшэчын зэрыхуейр, армырамэ, нэхъыбэж тшэчын хуейуэ утыку дыригъэхуэнкIэ зэрыхъунур.

Ар ещхьщ уз гуэр къызэуэлIагъащIэ цIыхум. А узыр щигъэхъужкIэ иджыпсту ишэчыну гугъуехь мащIэм тешыныхьрэ ар хигъэтIасэмэ, гугъуехьыр тIуанэу щанэу ишэчыжынущ, уеблэмэ, узым ихьыпэнкIэ хъунущ.

Муслъымэн жэмыхьэт! Къэрал дызэрысым ебгъапщэмэ, мы республикэр зы Iэбжьыгу хуэдиз хъууэ аращ. А Iэбжьыгум диныр зезыхьэу яхэтхэр абы я Iыхьэ пщIанэ хъууэ пIэрэ жыуигъэIэу апхуэдэщ. А Iыхьэ пщIанэри Iэджэ зэмыфэгъуу зэхэтщ, ауэ дэтхэнэ гупми езым хуэдэ щымыIэу зыкъыщохъуж.

Дэтхэнэ гупми езым и закъуэ зищIыжу, гъуэгум кIуэцIрыкIыну, езым къыгурыIуэ мащIэм къытехуэ гуп мащIэр зэщIигъуу дунейр зэригъэдзэкIыну яужь йохьэ.

Ар къызыхэкIыр, диныр зыхуей псэукIэр къыдгурыIуакъыми аращ, мы дунейм и зэхэлъыкIэри зэрыдмыщIэращ е тщIэну дызэрыхуэмейращ.

Мы ди хъуреягъыр диныншэу зэхэту дэ ди дин зехьэкIэр зэикI нэгъэса зэрымыхъунур тщыгъупщэ хъунукъым. Тщыгъупщэми, зы щIыпIэ дынэса дигугъэжу зы зэман дэкIынурэ, иужьым щыщIэддза дыдэм деж аргуэру къыщIэддзэжынущ.

Алыхьым и сэбэп къыдигъэкI нобэ зэхэтхам! ФIым адрейхэр къыхуедджэу, адрейхэми дэ дыкъыхураджэу, дэри дызэхахыу адрейхэри дэ зэхэтхыу Алыхьым дызэхигъэт!