Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

Гьэкъидэр къызыфIэIуэхухэр

05.03.2017
Еджауэ 1 582

الحمدُ لِلَّهِ عَلاَّمِ الْغيُوُبِ وَغَفَّارِ الذُّنُوبِ، وَسَتَّارِ الْعُيُوبِ وَكَشَّافِ الْكُرُوبِ، وأشهد أن لا إله إلا الله وحده لا شريك له، شَهَادةً أَدَّخِرُهَا لِيَوْمٍ تَبْلُغُ فِيهِ الْقُلُوبُ الْحَنَاجِر، وَتَمْتَلِئُ بِالدُّمُوع الْمَحَاجر، وأشهد أن محمدًا عبدُه ورسولُه الَّذي دَعَا إلى اللهِ وَتَحَمَّلَ أَعْظَمَ الْمَخَاطِر،  اللهم صلِّ وسلم وزِدْ وبارِكْ على نَبِيِّنا مُحَمَّدٍ وعلى آله وأصحابه والتابعين لهم بإحسان إلى يوم الدين.  أما بعد:

ФIыщIэ Алыхьым худощI, щэхуу щыIэм щыгъуазэм, гуэныхьу щыIэр зыгъэгъум, ди дагъуэхэр тхуэзыгъэпщкIум, ди гузэвэгъуэхэр тщхьэщызыхым.

Щыхьэт дытохъуэ Аллаху Тэгьалам и закъуэныгъэм, абыкIэ дыкъыщелыну дыгугъэу, Къемэт махуэшхуэу, гур къилъэтыным хуэдэу цIыхухэр гузэвауэ щызэхэтыну махуэм.

Щыхьэт дытохъуэ Мухьэммэд лъапIэри صلى الله عليه وسلم Алыхьышхуэм зэрилIыкIуэм икIи зэрипщылIым, псэемыблэжу дин Iуэхур зэригъэкIуэтам, сыт хуэдэ гугъуехьри и фэ зэрыдигъэхуам.

Муслъымэн жэмыхьэт! ЦIыхур гугъу ехьыну Алыхьым иухащ, ар фIэкIыпIэ зимыIэщ. ИкIи абы щхьэкIэ щапхъэ леи, щыхьэт леи къыщIэплъыхъуэн щыIэкъым. Езы КъурIэн лъапIэми абы ехьэл1ауэ куэд къыхощ.

Ауэ фIэщхъуныгъэ зыбгъэдэлъ муслъымэным гугъуехьыр нэхъ шэчыгъуафIэу ешэч, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, абы псапэ къыдэкIуэу, и гуэныхьри дэкIуэду и Iуэхур зэтреухуэф.

Муслъымэным гузэвэгъуэ къылъыIэсмэ, гугъуехь гуэри и пщэм къыдэхуэмэ и гур фIэкIуэдкъым, гужьеигъуи ихуэкъым, зыри къыбгъэдэмытми и закъуэ утыку къинауэ зыкъыщыхъужкъым, атIэ игур Алыхьышхуэу псори зи IэмыщIэм илъым пещIэ.

ПещIэ муслъымэным сыт хуэдэ Iуэхури Алыхьу КъэзыгъэщIами йолъэIу: пэжымрэ пцIымрэ хузэхигъэкIыну, фитнэ къекIуэкIым къабзэу къыхигъэкIыну, гъуэгу захуэм тыримыгъэкIыну.

ЙолъэIу и щхьэкIи, и бынкIи, и унагъуэкIи, и мылъкукIи, и лэжьыгъэкIи къихъумэну, гузэвэгъуэ иримыгъэлъэгъуну, гъэунэхупIэ иримыгъэувэну.

ЕщIэ муслъымэным Алыхьыр хуэмеяуэ, хэт сыт хуейми, ар къызэрымыхъунур, ещIэ Алыхьыр зыгуэр хуеймэ, хэти хуэмейуэ щырырет, Iуэхур къызэрыхъунур.  

«Зыхуэр къыпхуащIэну Iуммэт псор зэхуэсамэ, Алыхьым имыуха къыпхуащIэфынукъым, зыгуэр къуащIэну Iуммэт псор зэхуэсами, Алыхьым имыуха къуащIэфынукъым. Къалэмхэр яIэтыжащ, кIылъымпIэхэри гъущыжащ», — къыджеIэ عليه الصلاة والسلام-ым. (Тирмизий).

Фарз нэмэз нэужь къэси жиIэу щытащ عليه الصلاة والسلام-ым:

اللَّهُمَّ لا مَانِعَ لِمَا أَعْطَيْتَ، وَلا مُعْطِيَ لِمَا مَنَعْتَ، وَلا يَنْفَعُ ذَا الْجَدِّ مِنْكَ الْجَدُّ

«Я-Алыхь, уэ ептыну ухуеймэ зэран хъуфыну, уэ ептыну ухуэмеймэ ар зытыфыну зыри щыIэкъым. Къулейми и къулеягъэм уэ уи деж зыри къыщикIынукъым!». (Бухъарий, Муслим).

Муслъымэныр ерыскъы теухуауэ гужьеигъуэ зэикI ихуэкъым, «сыт сшхынур, си быным сыт езгъэшхынур» жиIэу уэрамым зигъэпудыжу дэувэнукъым, уеблэмэ, Алыхьым фIэфI мыхъун гупсысэ игу къэкIынукъым.

Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ быдэу и фIэщ мэхъу: Алыхь къэзыгъэщIам абы ерыскъыуэ ишхынури, Iухуэнури иригъэтхыжауэ, зытратхари гъущыжауэ зэрыщытыр.

Мис аращ фIэщхъуныгъэ быдэ жыхуаIэри, мис аращ фIэщхъуныгъэ дыдэ жыхуаIэри.

Мыхэр псалъэ къудейуэ и бзэгупэм телъу щыткъым муслъымэн пэжым, атIэ, и гъащIэр апхуэдэу зэхэлъщ, апхуэдэу мэпсэу, абыкIэ мэбауэ, абыкIэ мэгъуэлъыжри, абыкI къотэджыж!

Мис аращ фIэщхъуныгъэр, мис аращ гьэкъидэр. Мис апхуэдэ цIыхухэращ зи гьэкъидэ къызыфIэIуэхури, зи гьэкъидэ щхьэкIэ гузавэри.

Армырауэ, интернеткIэ гьэкъидэм щхьэкIэ зэрытхьэлэу ис гуп цIыкIухэракъым гьэкъидэр къызыфIэIухур.

Абыхэм уакIэлъыплъыжамэ, я бзэгур мыгъэкъэбзауэ, я нэмэзри зыхуей хуэмызауэ, я цIыху хэтыкIэри зэтемыухуауэ, кIэщIу жыпIэмэ, я дин зехьэкIэр псори лъэныкъуабэу щытщ. Ауэ псом нэхърэ нэхъ ину мэпсалъэхэ, псалъэхэкъым, атIэ, мэкIийхэ!

Алыхьым иузэщIращ узэщIари, Алыхьым диузэщI, ди хъейр зыхэлъым ди Iэ тыригъахуэ, ди хъейр зыхэмылъ сыт хуэдэ псалъэмакъми дыщихъумэ, ди гури ди бзэгури къэхъумауэ и пащхьэ дыришэж!