Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

ЗэпIэзэрыту фыщыт

23.11.2015
Еджауэ 2 875

«ЗэпIэзэрыту… ЗэпIэзэрыту фыщыт..». Ар бегъымбар псалъэщ. Ар бегъымбар ущиехэм ящыщщ. Хьэж здащIым цIыхухэр зыр зым зэранхуэмыхъуну, зыр адрейм емыIунщIыну, зыр адрейм япэ имылъэдэну къыхуриджэу жиIа псалъэщ ар лIыкIуэм я нэхъ лъапIэм, Алыхьым инэфIыр зыщыхуэу, хъуэхъум я нэхъыфIыр зылъысыным.

ЖыпIэнуракъэ, хьэж щIыгъуэ къудейракъым а ущием цIыхухэр къыхуриджэу щыщытар а цIыхулъапIэм, атIэ и гъащIэ псор а ущием езыр тетрэ цIыхухэри абы хуигъасэу ихьащ.

ЗэпIэзэрыту ущытыныр, зыпIыгъыжыфыныр, гупсэху гъэпхэлъу Iуэху щIэкIэ уиIэныр мыхьэнэшхуэдыдэ зиIэ Iуэхугъуэщ. Ахэр пщхьэщыкIмэ уи IуэхущIэкIэм ныкъусаныгъэшхуэ къыхэхуэнущ.

Мусэ, гьэлейхис-сэлам бегъымбар лъапIэр, мы дунейм нэхъ щыкIа дыдэу тета пащтыхь ерум епсэлъылIэну Езы Тхьэшхуэм щигъакIуэм, япэ дыдэу лIыкIуэмлъэIу къипсэлъахэммыряхэтат:

Уэ си Тхьэ, гупсэхугъуэ къысхэлъхьэ, си Iуэхури къыздэгъэпсынщIэ“. (ТIа-Ха, 25-26).

Дэ къытхуагъэкIуа цIыхулъапIэми а фIыгъуэшхуэмкIэ Аллаху Тэгьалар къызэрыхуэупсар игу къигъэкIыжуКъурIэн лъапIэм сурэ хэтщ, уеблэмэ сурэм и фIэщыгъэцIэри (Iэш-Шэрхь) абы къыхахыжауэ.

Гупсэху гъэпхэлъыныр, зэпIэзэрыту ущытыныр ар – уи псэр арэзыныгъэкIэ гъэнщIауэ, уи ихъуреягъым къекIуэкI зэрыхьзэрийм укъимыгъэлыбу дунейму тетынращ.

Ар – гуныкъуэгъуэ музэримыхуэу, умыпIейтейуэ упсэунращ. ЗэпIэзэрыту ущытмэщ, гупсэхугъэ пхэлъмэщ уи мурадхэм ущылъыIэсыфынур. Абы щыгъуэщ зыгуэр къыщохъулIэнур.

Аращ насыпри къызыхэкIыр. Ар зыхэлъращ насыпыфIэкIэ узэджэ хъуну цIыхури.

Уи унагъуэ IуэхукIи, уи лэжьыгъэ IуэхукIи, уи щIэныгъэ IуэхукIи.. сыт хуэдэ IуэхукIи ехъулIэныгъэ ущиIэнур зэпIэзэрыту ущытмэщ.

ЗэпIэзэрыту ущытмэщ гупсысэ узыншэхэр уи акъылым “къыщигъэщIынури”, зыгуэрым уиIэмал щепхьэлIэфынури.

Гупсэхугъэ зыхэлъ псэращ Аллаху Тэгьалар мыпхуэдэу дахэу зэпсэлъэнур:

Уэ псэ зызыгъэпсэхужа. Гъэзэж уи Тхьэм деж уарэзыуэ арэзыи къыпхуэхъуауэ. Яхэхьэ си пщылIхэм. Ихьэ си Жэнэтми“. (Iэл-Фэджр: 27-30). 

Армырауэ цIыхум и зэпIэрытыныгъэр фIэкIуэдмэ, гупсэхугъуэр бгъэдэкIмэ –зыхуэмыIыгъыж мэхъури, икIи мыгупсысэжыфу хуэлэжьи щымыIэу утыкум къонэ.

Ахэри щыфэкIуэдыр дапщэщ цIыхум, жыпIэмэ,  –губжьыр къытекIуэмэ, е нэщхъеягъуэм зэщIиубыдэмэ, е гугъэ имыIэж хъумэ, пхужыIэнущ.

ГупсэхугъуэкIэ къыпхуэупсэфынур укъэзыгъэщIа уи Тхьэращ. АбыкIэ Аллаху Тэгьалар нэхъыбэ дыдэу зыхуэупсар шэч лъэпкъ хэмылъыжу лIыкIуэм я нэхъ лъапIэращ, Алыхьым и нэфIыр зыщыхуэу, хъуэхъум я нэхъыфIыр зылъысыныр.

Ар абы нэгъэсауэ хэлъу зэрыщытам щыхьэт техъуэу щапхъэ куэд къыпхуэхьынущ. Мис абыхэм ящыщ зыбжанэ:

1 – Езым къызыхуриджэ дахагъэм къарууэ яIэмкIэ къебий пэтрэ, цIэкъы фIамыщи къамыгъэнэжа пэтрэ, хьилагъэ уи къыкIэлъы зэрамыхьа щымыIэж пэтрэ, а дахагъэр зигум хэтIысхьэу абы гъусэ къыхуэхъуахэм гьэзабрэ-бэлыхьу къытралъхьар ибжыгъэншэ пэтрэ… ИтIани а псом иужькIэ а цIыху Iущу гушхуэзыкIуэ цIылъым жиIэу щытар хьэлэмэт и хьэлэмэтыжщ: “Сэ согугъэ Алыхьым мыбыхэм я кIуэцIым Абы гъусэ хуамыщI ухуэпщылIын цIыху къригъэкIыну, “.

2 – Пшахъуэ щIым къикIа цIыху пхъашэхэм, Мэдинэ дэса мунафикъхэм, диныр къэзыщта гъащIэхэм я хьэлыншагъым шыIэныгъэшхуэ хэлъу зэрыпэщIэтыфар. Уеблэмэ мыпхуэдэу  щыжиIа къэхъуат абы: “Мусэ абы нэхъыбэ леи къытехьащи кIизыхуигъэшэчащ“.

3 – Мы диным зэманыфI къызэрыхукъуэкIуэнур абы хьэкъыупхрыкIауэзэрыщытар.

Абы къызэригъэгугъэхэр зифIэщ мыхъу мунафикъхэу Мэдинэ дэсхэм жаIат зэгуэрым мыпхуэдэу: (ВгъэщIагъуэкъэ мы Мухьэмэд и Iуэхур?! Кэгьбэм дыкIуэу абы тIэуаф щытщIыну, персхэмрэ урымхэмрэ я мылъкур дыдейхъуну дыкъегъэгугъэ, ауэ щыхъукIэ шындэбзиймкIэ декIуэкIыну дышынэу дызэхэсщ иджыпсту. ЩхьэгъэпцIэжщ ахэр псори!).  Ауэ ар щхьэгъэпцIэжрэ мыщхьэгъэпцIэжрэ зэманым къигъэлъэгъуащ, хэт пцIыупсми наIуэ къэхъуащ.

Хъэббаб ибн Iэл-Iэрэтти къыжеIэж: Кэгьбэм ищIжьауэм и щхьэр и абэм телъу Алыхьым и лIыкIуэм, Алыхьым и нэф1ыр зыщыхуэу, хъуэхъум я нэхъыф1ыр зылъысыным, дыбгъэдыхьэри дыхуэтхьэусыхащ: утхуелъэIукъэ Алыхьым къыддэIэпыкъуну, духьэтхуэпщIкъэ?-жытIащ.

Бегъымбарыр, Алыхьым и нэф1ыр зыщыхуэу, хъуэхъум я нэхъыф1ыр зылъысыныр, къызэфIэтысхьэщ и нэкIур плъыжь къэхъуауи, мыр къыджиIащ: “Фэ фи япэ псэуа цIыхухэм яхэтащ: мащэкъатIрэ абы ирагъэувэхыу, абы иужькIэ пхъэх къахьрэ и щхьэм тралъхьэрэ тIууэ зэгуаупщIыкIыу, ауэ абы щхьэкIэ и диным ар темыкIыу…. Алыхьым и цIэкIэ соIуэ, мы Iуэхур (Ислъамдиным и Iуэхур) нигъэсынущ (Алыхьым)… ауэ фэ фопIащIэ армыхъумэ“. (Iэл-Бухъарий).

4 –”Фитнэ зэманым гьибадэт лэжьыныр хуэдэщ – сэ си деж хьиджрэ пщIыуэ укъэкIуэным“,-жиIатэкъэ езыми Алыхьым и нэфIыр зыщыхуэу, хъуэхъум  я нэхъыфIыр зылъысыным?. (Муслим). Зэман зэIыщIам уэ узэпIэзэрыту уи гьибадэт блэжьыжу дунейм утетыным фIыгъуэшхуэ зэрыпылъыр къэзыгъэлъагъуэщ ар.

5 – ПIащIэу, нэгъуэщI жыIэкIэкIэ жытIэнщи, зыгуэрхэм хуэдэу къытричу, зыхуэмышыIэу щытакъым а цIыху лъапIэу псоми щапхъэ яхуэхъун хуейр.

Абы ехьэлIауэщ: “ауэ фэ фопIащIэ армыхъумэ” щIыжиIари. Абы ехьэлIащ зэгуэрым: “Дэ дызэуэн хуейуэ унафэдиIэкъым…” жиIэн хуей щIэхъуари.

Нобэхуэдэу а псалъэхэм дыщыхуэныкъуэ къэхъуакъым пхужыIэну апхуэдэщ мы дизэхэтыкIэм ухэплъэмэ.

ЕтIуанэхъутIбэ

Муслъымэн жэмыхьэт! Мы щIыналъэм Ислъам дин дахэр къыщыщIэрэ-щIэжын папщIэ ихьыну зэманыр–  ар хаутэн, цIыхухэм IэщIаудын папщIэ ирагъэхьа зэманым нэхърэ нэхъыбэжщ. Уеблэмэ ар апхуэдэу зэрыщытым ди акъылыр зыхунэмыс хъерышхуэ хэлъынкIэ мэхъу. ПIэщIэгъуэм тету, тыншу къыпIэрыхьар апхуэдэ дыдэуи пIэщIокIыж. Ауэ зэрыжаIэу “шхыным я нэхъIэфIырмафIэ ешэхам тету ягъэхьэзыраращи”, мы диным и IэфIагъыр дэри зэхэтщIэжу, къэкIуэну щIэблэм и зэхедгъэщIэнудыхуеймэ – пщтрагътхэлъым и гуащIагъыр тIэкIу едвгъэшэх!