Алыхь Ину ДыкъэзыгъэщIауэ ДызыгъэлIэжынум дыщывгъэшынэ. Алыхьым щышынэр зыщышынапхъэм щошынэ, цIыхухэм ящышынэр и щхьэм къыхуонэ. Мыбы тепсэлъыхьыр нэхъыбэщ зыхэзылъхьэхэм нэхъри, дэ нэхъ мащIэм ящыщ дывгъэхъу!
Муслъымэн жэмыхьэт! Алыхь Талэм дыкъигъэлъапIэу къыдита мы диныр зылъэмыIэсрэ, зэпкъримыхрэ щыIэкъым. Псэри, акъылри, Iэпкълъэпкъри зыхуэныкъуэ псор хэтщ диным.
Ауэ абы хэтхэр сэбэп зыхуэхъур: зи гур къабзэ, зи псэри къабзэ, зи бзэгури къабзэ цIыхуращ. Ахэр сэбэп зыхуэхъур: Алыхьым пщIэ хуэзыщI, Алыхьым къигъэщIахэми пщIэ яхуэзыщI, уеблэмэ зи щхьэми пщIэ хуэзыщIыжращ.
Мис а «пщIэр» щыIэмэ муслъымэн жэмыхьэти щыIэнущ, муслъымэн зэхэтыкIи къекIуэкIынущ, муслъымэнхэми я Iуэхур мыкIуатэмэ къикIуэтынукъым, емыфIакIуэмэ екIэкIуэнукъым.
Ауэ а «пщIэр» щымыIэмэ ди дин зехьэкIэм зыри къимыкIыу аращ, атIэ зыгуэрхэр къэдгъапцIэ дигугъэжурэ ди щхьэ къэдгъэпцIэжуращ, ди Iуэхур нэхъыфI тщIы дигугъэжурэ, Iуэхур зэIытщIапэу аращ.
Мис апхуэдэу Iуэхур зэIызыщIэхэм, ДыкъэзыгъэщIами къигъэщIахэми пщIэ зэрахуэдмыщIыр къэзыгъэлъагъуэхэм ящыщщ: «гъийбэ»-кIэ дызэджэр куэдым зэрытхэлъыр, ди бзэгум дыхуимытыжу муслъымэнхэм дазэрыхуэпсалъэр.
Ар гуэныхьышхуэхэм ящыщ зыщ, цIыхум и диныр зэхэзыфыщIэ хьэл Iейхэми ящыщщ. Ар зыщIэри, зыщIэм едаIуэу щысри, абы арэзы техъуэри зэхуэдэщ, псоми гуэныхь къахь.
ЦIыхум фIэфI мыхъун гуэр и щIыбагъкIэ жыпIамэ, а жыпIар абы хэлъми хэмылъми, абы ухуэпсэлъауэ аращ. Апхуэдэущ ар зэрызэпкъырихар Бегъымбар лъапIэми صلى الله عليه وسلم. Абы иужькIэ абы хэплъхьэжын щыIэжкъым.
— Езыр щысуи жысIэфынущ ар, — жызыIэу, цIыхум хуэпсэлъэныр къезыгъэзэгъ, ар и тегъэщIапIэуи цIыхум хуэпсэлъэныр езышажьэ щыIэщ.
Езыр щысу жыпIэфынумэ, щысу жеIэ апхуэдизу уи лIыгъэм укъыщигъэгугъэкIэ. Ар нэхъыфIщ, уэ езыри адрей къодаIуэхэри гуэныхьым ебгъэтхьэлэ нэхърэ.
«ЩIыфашхэм щIыфэр хьэлэч зэрищIым нэхърэ нэхъ псынщIэу, гъийбэм цIыхум и диныр хьэлэч ещI!», — жеIэ Хьэсэн Iэл-Бэщрий رحمة الله عليه.
Адыгэм «цIыхум хуэпсэлъэн» жаIэми, псалъэм и закъуэкъым къемызэгъыр цIыхум и щIыбагъкIэ пщIэну. АтIэ, гъийбэм хеубыдэ цIыхум и щIыбагъкIэ фIэфI мыхъун гуэр уи нэкIэ е уи IэкIэ къэбгъэлъэгъуамэ е фIэфI мыхъун птхамэ. «Къэлэмыр цIыхум и бзэгу етIуанэщ» щIыжаIэр аращ.
ЦIыхум хуэпсэлъэныр хабзэ зыхуэхъуауэ псоми зыгуэр ядэзыгъуэр – цIыху узыншэкъым гукIи, псэкIи, акъылкIи. Абы и бзэгу зыри къелкъым: унафэщIи, унафэ зыхуащIи, щIэныгъэлIи, щIэныгъэнши. Псоми зыгуэр ядегъуэ, псоми зыгуэр яфIещ, псори игъэсэжыну хьэзырщ.
Абы и бзэгум и зэранкIэ зыми пщIэ ямыIэж хъуащ. ПщIэ иIэжкъым унафэщIым, пщIэ иIэжкъым щIэныгъэлIым, уеблэмэ пщIэ иIэжкъым езы диным.
Диным пщIэ зэриIэнур дауэ, диныр зезыхьэхэр езыхэр апхуэдэу зым адрейр фIэауану зэхэтмэ?!
Нобэ ди цIыхухэр мыпхуэдэу зыми емыдэIуэжу, щхьэж и занщIэр и гъуэгуу, псоми захуэу закъыщыхъужу, зыми едэIуэну хуэмейхэу къызэрызэхэнам и щхьэусыгъуэ нэхъ ин дыдэхэм ящыщщ: зи бзэгум хуимытыж зэрыщыIэхэр.
Ауэ фыкъедаIуэ Бегъымбарым صلى الله عليه وسلم апхуэдэхэм захуигъазэу жиIэм: «Зи бзэгукIэ муслъымэн хъухэу, зи гум иманыр иджыри имыхьа гуп! Фахуэмыпсалъэ муслъымэнхэм, я щыуагъэри къэвмытIэщI. ЦIыхум и щыуагъэр къэзытIэщIым, Алыхьым и щыуагъэр къитIэщIынущ. Алыхьым зи щыуагъэр къитIэщIми и напэр трихынущ, уеблэмэ и унэ кIуэцIым щIэсу!». (Тирмизий).
Алыхьым и сэбэп къыдигъэкI нобэ зэхэтхам. Мы уз фIейри икIэщIыпIэкIэ Алыхьым тщхьэщих, ди зэхуакуми лъагъуныгъэрэ зэхущытыкIэ дахэрэ къыдилъхьэ, ди щхьэ дыхуимытыжу тIэщIэкIа гуэныхьхэри къытхуигъэгъу!