ФIыщIэр Алыхьым худощI, лIэныгъэри псэуныгъэри дигъэунэхун папщIэ къэзыгъэщIам. Щыхьэт дытохъуэ Абы и закъуэныгъэм. Щыхьэт дытохъуэ ягъэунэхуахэм я нэхъыфI дыдэ Мухьэммэд лъапIэм и бегъымбарыгъэм. Алыхьым и нэфIыр къащыхуэ, хъуэхъум я нэхъыфIри къалъигъэс езыми, и Iыхьлыхэми, и Iэщхьабхэми, и диныр дахэу зезыхьэ псоми.
Муслъымэн жэмыхьэт! Уафэхэри щIылъэри къигъэщIыным ипэ илъэс мин тхущI иIэжу Аллаху Тэгьалам къэхъуну псор ятхыну унафэ ищIащ. ИкIи Абы и ухыныгъэм фIэкIыпIэ иIэкъым, ар ди фIэщхъуныгъэми щыщ зы пкъыгъуэ нэхъыщхьэхэм ящыщ зыщ.
Гьубадэ ибн Iэщ-Щамит щэхьабий лъапIэм, Алыхьыр арэзы зыхуэхъуным, и псэ хэкIыгъуэр къэблэгъауэ и щIалэм уэсят къыхуищIыжами ар къыхощ: «Иманым и IэфIагъыр зэхэпщIэнукъым, Алыхьым теухуауи щIэныгъэм и пэжыпIэм утеIэбэнукъым — Къэдэрым ифIри и Iейри уи фIэщ мыхъуауэ; къыплъэмыIэсу блэкIар къыплъэIэсынкIэ Iэмал зэримыIэр, блэмыкIыу къыплъэIэсари блэкIынкIэ Iэмал зэримыIэр къомыщIауэ», — къыжреIэ Гьубадэ и щIалэм. (Имам Ахьмэд).
Алыхьым сыт иухами, ар IущыгъэкIэ гъэнщIащи, къытщыщIым хэлъ Iущыгъэр Алыхьым къыдгуригъаIуи, хъейри къытхудигъакIуэ!
Муслъымэн жэмыхьэт! Япэми ноби цIыху акъылыншэхэр, хьэлыншэхэр, къуейщIейхэр щыIэщ. Абыхэм я Iейм зыри щыхъумакъым, цIыхум я нэхъыфI дыдэхэри абыхэм я зэраныгъэм къелакъым.
Iэдэм عليه السلام-ым и деж къыщебгъажьэрэ укъехмэ, щхьэрэ пщIэрэ зиIэу мы дунейм зы цIыху щыбгъуэтынукъым лей гуэр къытемыхьауэ, хуэмыфащи кърамыпэсауэ. Ди Бегъымбар лъапIэри صلى الله عليه وسلم-эр псоми ди щапхъэщ абы теухуауэ.
Уеблэмэ, цIыху къызэрыгуэкIхэми я щхьэ къырокIуэ апхуэдэ зыгуэр. Ар хабзэу Алыхьым дунейм щигъэуващи: хэти екIуу абы кIуэцIрокI, хэти кIуэцIрохури, Алыхьым гущIэгъу къытхуищI!
ЖиIэр сыт Тхьэшхуэ къытщхьэщытым: «ЦIыхухэм ягугъэ «ди фIэщ хъуащ (Iиман къэтхьащ)», — жаIэмэ, дымыгъэунэхуу къэдгъэнэну? Дэ абыхэм япэкIэ щыIахэр дгъэунэхуащ; Алыхьым наIуэ къищIынущ хэт пэжми, хэт пцIы иупсми». (Iэл-Гьэнкэбут, 2,3).
Муслъымэн жэмыхьэт! Зыгуэр къозыщIэр езыр делэмэ, делэм сыт къыпыпхынур?! Уэ къуищIэм хуэдищэ и щхьэм ирещIэж абы, уэ йомыщIэжми езым зырищIэжыр хурикъунщ абы.
Ауэ, а делэм и щIыбагъым нэгъуэщI зыгуэр бзаджагъэ игум илъу къыдэтмэ, а делэр къигъэсэбэпурэ и мурад бзаджэр игъэкIуатэмэ, мис ар гупсысэгъуэщи, Алыхьым апхуэдэ цIыху фIейхэм гъуэгу къаримыткIэ, зылъэIэсыну зыхущIэкъухэми и пхэнж дыдэр Алыхьым къащигъэщI, я мурад Iейхэри я щхьэм къыригъэхуэж!
Зыгуэр къозыщIэр динкIэ къыптемыхуэмэ, абыикI и Iуэхур гурыIуэгъуэщ, зезыхуэри нэрылъагъущ. Ауэ, езым зэрихьэ диныр уэри зепхьэ пэтрэ, езыр зыхуэпщылI Тхьэм уэри ухуэпщылI пэтрэ, езыр зыдэкIуэну зыхущIэкъу Жэнэтым уэри уи нэр къыхуикI пэтрэ – къакIуэрэ зыкъыппэщIисэжмэ, къозэуэжмэ, ар сыт хуэдэ дин зехьэкIэ?!
Диным и лъабжьэшхуэу муслъымэнхэр зэзыпххэр зи щхьэм ихуу, езым къыхиха еплъыкIэ м зыкIэрызыщIэу, ар дин лъабжьэ зыщIу зауэбанэу, фыщIэу дэт щыIэщ. Уеблэмэ, щыIэмэ аращ нобэ щыIэр.
Ауэ, пэжращи, зи Iуэху еплъыкIэр IэштIым къарукIэ зыгъэкIуэтэфыну къызыщыхъур насыпыншэщ. Лей къызытехьэми цIыхухэр къыдэув хабзэщи, насыпыншэм и мурадар пхэнж мэхъу, хиутэну зи яужь ихьари ищхьэ къохъу!
Тхыдэм ухэплъэжми абы и щапхъэхэр куэдщ. Еджа цIыхум къарукIэ зыщыпэщIасэм деж, абы и еплъыкIэр къэзыщтэхэр куэдкIэ нэхъыбэ мэхъу, и цIэри нэхъ жыжьэ мэIу, и пщIэри нэхъ лъагэ мэхъу!
Мы къэхъуами къигъэлъэгъуащ ди цIыхухэм псэ зэрахэтыр, щхьэи зэрафIэтыр, икIи зэрызэкъуэтхэр; зыгуэри къазэрыфIэIуэхур, зыгуэри зэрахуэщIэнур, лейри зэрызэтрамыгъэхьэнур.
Алыхьым иригъэфIакIуэхэ, я насыпи тыригъакIуэхэ, я псапэхэри яхуигъэбагъуэ, я мурадхэри къаригъэхъулIэ!
Ди блэкIам нэхърэ ди къэкIуэнур нэхъыфI Алыхьым тхуищI, ди Iуэхухэр езыгъэфIэкIуэну щхьэусыгъуэхэри нэхъыбэ тхуищI! Тыншыгъуэм и деж дызэрызэрыгъуэтым хуэдэу, гугъуехьым дежи дызэрыгъуэту Алыхьым дигъэпсэу!