Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

Дунейр

ФIыщIэри щытхъури нэгъэсауэ зыхуэфащэр ди Тхьэшхуэращи, ахэр Абы худогъэфащэри, и гущIэгъуми дыщогугъ, и гъэгъуныгъэми дыщIолъэIу, и дэIэпыкъуныгъэми дыпоплъэ. Щэлатри сэламри идох, лIыкIуэ псом я кIэухыу, ауэ псом нэхърэ нэхъ лъапIэу Алыхьым къигъэкIуэжам.

Муслъымэн жэмыхьэт! Алыхьращ дыкъэзыгъэщIари, дызыгъэпсэури, дызэгъэлIэжынури, зи пащхьэ дихьэжынури. Алыхьым дыфIэкIыу, е дыIэщIэкIыу, е и лъабжьэм дыщIэкIыу зы щIыпIи дыкIуэфынукъым. Арамэ, нэгъэсауэ дызыфIэлIыкIын хуейри Аращ.

ИкIи псори хузэфIэкIыу, псори и IэмыщIэ илъу Тхьэшхуэ къыпщхьэщытыныр, Абы фIэщхъуныгъэкIэ пыщIауэ ущытыныр, Ар арэзы зытехъуэ диныр зепхьэу мы дунейм утетыныр фIыгъуэ и фIыгъуэжщ, насыпу щыIэм  я нэхъыфIщ.

Алыхьыр диIэмэ, псори диIэ хуэдэщ, ауэ Алыхьыр димыIэмэ, зыри димыIэ хуэдэщ. Алыхьыр къытхуэнэу, псори тфIэкIуэдами, зыри тфIэмыкIуэда хуэдэщ, ауэ Алыхьыр тфIэкIуэдмэ, фIэщхъуныгъэншэ дыхъумэ, зыри димыIэж хуэдэщ.

Алыхьым и фIэщхъуныгъэращ, мы дин лъапIэращ мы гъащIэм мыхьэнэ гуэр иIэ зыщIри, гугъэр тфIэмыкIуэду, ди лъэри щIэмыхуу мы дунейм дытезыгъэтри.  

Псори къакIуэ-кIуэжщ, псори нэпцIщ, нобэ уиIэр пщэдей уиIэжкъым, нобэ зи гупэ къыпхуэгъэзам пщэдей и щIыбыр къыпхуигъэзэжынкIэ хъунущ, нобэ уи Iуэхур дэкIми пщэдей уи Iуэхур дэхуэхынкIэ хъунущ, нобэ пхузэфIэкIми пщэдей укъызэрынэжынур пщIэкъым.

Ибн Мэсгьуд رضي الله عنه-м жеIэж: Зэгуэрым Бегъымбар лъапIэр صلى الله عليه وسلم-эр алэрыбгъу пхъашэ гуэрым телъу щхьэукъуащ. Къыщытэджыжам алэрыбгъум и пIэр къытенат عليه الصلاة والسلام-ым и Iэпкълъэпкъым. – Уэ, Алыхьым и лIыкIуэ, зыкIэщIэбдзыну зы щабэ гуэр пхузэдгъэпэщамэ сыт хъунт?!, — щыжытIэм, — «Сэ мы дунейм щхьа уэст щыIэкъым! Сэ гъуэгу тет цIыхум сырещхьщ, зы жьэуапIэ гуэр деж щепсыхыу, тIэкIу зызыгъэпсэхуу, жыгыр къэзыгъанэу ежьэжам». (Тирмизий).

Дэри къыджеIэ عليه الصلاة واالسلام-ым: «Хэхэсым хуэдэу е гъуэгурыкIуэм хуэдэу тет мы дунейм!». (Бухъарий).

Хэхэсми, гъуэгурыкIуэми мы дунейм зэрытыншын куэд къалъыхъуэкъым, атIэ я унэ дыдэм нэсыжу зызэрагъэпсэхужын Iуэхущ зэрахуэр. Муслъымэн дыдэми и унэ дыдэр ахърэтым зэрыщыIэр ещIэри, абы толажьэ, и зыгъэпсэхуныр абы къыхуегъанэ.

ЦIыхум унитI иIэщ, жаIэ, зы унэр щIым и щхьэм тетщ, адрей унэр щIым и лъабжьэм щIэтщ. И щхьэм тетым зэрыщIэсынур сыт хуэдиз зэманми ищIэкъым, ауэ и лъабжьэм щIэтым зэман кIыхьыфIкIэ зэрыщIэсынур ещIэ. Акъыл зиIэм, и щхьэм тетыр зыгуэр къыхуэтми къыфIэмыIуэхущу, и лъабжьэм щIэтыр зыхуей хуегъазэ, акъылыншэр и щхьэм тетым толажьэри, модрейр нэщIу къегъанэ.

«ГъащIэ зыдэщыIэр Ахърэтращ!» — жиIэт عليه الصلاة والسلام-ым, мы дунейм удэзыхьэхын гуэр щилъагъумэ. ИкIи Ахърэтращ гъащIэ пэж здэщыIэр: гъащIэ мыухыж, гъащIэ къабзэ, гъащIэ дахэ.

«Мы дунейм нэхъыбэ дыдэ зыгъуэту тета цIыхур Жэхьэнэмэ мафIэм  зэ хаIубэнурэ, къыхахыжа нэужь: -ИгъащIэм зы фIы гуэр плъэгъуа? ИгъащIэм, зы IэфI гуэр зэхэпщIа?, — жаIэу еупщIмэ, — Хьэуэ, си Тхьэ!- жиIэнущ», — къыхощ хьэдис пэжым. (Муслим).

Зэ хэIубэгъуэм псори щигъэгъупщэжынущ, апхуэдизкIэ гуащIэщ а мафIэри. НтIэ, къыхэмыкIыххыу абы хэтынухэм я Iуэхур дауэ зэрыхъунур?! Алыхьым дыщихъумэ!

Муслъымэн жэмыхьэт! Апхуэдизу дунейм дигур щигъэкIыу къакIуэ аятхэр, хьэдисхэр зытеухуэжар: ди уни, ди мылъкуи, ди Iуэхуи хыфIыдигъадзэу, мэжджытым дыкъыщIэмыкIыу дыщIигъэсыну аракъым Алыхь Талэр зыхуейр.

АтIэ,  зэпIэзэрыту дыщигъэтыну аращ зыхуейр: мы дунейм дызэблимышу, ди хьэлыр зэблимыхуу, ди нэр къыщхьэримыпхъуэу, гужьеигъуэм дызэщIимыщтэу….

Мылъкур зэрынэпцIыр, уэсым хуэдэу зэрыткIужыр, псом хуэмыдэу, нобэ нэрылъагъу ящохъу куэдым. Мелуан бжыгъэ зыIэщIэлъхэм яIэщIоткIухь я мылъкур, зыри къимыкIыжыным, зыри къыщIэмыкIыжыным хуокIуэ я Iуэхур. 

Абы хэт дерс къыхех, и Ахърэтым ирегъэгупсыс; хэт уз къыхех, и Ахърэтыр IэщIегъэху.

 ГъэунэхупIэм нэкIу къабзэкIэ Алыхьым дыкъырих! Мы къекIуэкIми муслъымэнхэм хъейр Алыхьым къахудигъакIуэ, я Iуэхур мыбыкIэ нэхъри иригъэфIакIуэ!