ФIыщIэри щытхъури ди Тхьэшхуэм худогъэфащэ, Алыхьым и нэфIыр къыщыхуэну, хъуэхъум я нэхъ дахэри къылъигъэсыну ди лIыкIуэ лъапIэм дыхуолъаIуэ.
Муслъымэн жэмыхьэт! Мы дунейм махуэ къэс куэд къыщохъу, ауэ цIыхухэм я псэукIэм зэхъуэкIыныгъэшхуэ хилъхьэу, я гупсысэкIэри нэгъуэщI лъагъуэ тыришэу, кIыфIыгъэм къыхишрэ нэхугъэм хишэу къэхъухэр закъуэтIакъуэщ.
Мис а закъуэтIакъуэм щыщщ: иджыпсту дызэрыт Мухьэррэм мазэм ирихьэлIэу Бегъымбар лъапIэр صلى الله عليه وسلم Мэккэ къикIыу Мэдинэ къызэрыIэпхъуар; Алыхьым къырита диныр хуиту щызэримыхьэфI щIыпIэм къикIыу, ар щызэрихьэфын щIыналъэм зэрыкIуар, диным зи щIыб хуэзыгъэзахэм къахэкIыу, зи гупэр абы хуэзыгъэзахэм я деж зэрыкIуар.
А Iэпхъуэныгъэм, хьиджрэкIэ дызэджэм, къыкIэщIэкIа зэхъуэкIыныгъэм и мыхьэнэр, и купщIэр апхуэдизкIэ инщи, къэIуэтэгъуейщ. Уеблэмэ, дуней псом абы щыгъуэ щызэтеува хабзэ мыхъумыщIэхэр къызэтекъутэным, хабзэфIхэр нэхъри егъэфIэкIуэным и къежьапIэр абдежу пхужыIэнущ.
ИкIи пэжращи, диныр зи гум хыхьар, псэкIэ ар зэхэзыщIар къэзыгъэувыIэфын къару мы дунейм теткъым. Абы и дин зехьэныр щIыпIэ гуэрым е зэман гуэрым пыщIакъым, атIэ сыт хуэдэ щIыпIэми, сыт хуэдэ зэманми и муслъымэнагъыр щигъусэщ.
Iэмал иIэххэмэ абы и щIыпIэр ибгынэнукъым, ауэ «е диныр зепхьэн е щIыпIэр убгынэн» жаIэу хагъадэмэ, ар куэдрэ гупсысэнукъым, атIэ «мы дуней псори Алыхьым ищIщ» жиIэнурэ, Алыхьым щыхуэлажьэ хъун щIы къилъыхъуэнущ.
Бегъымбар лъапIэми صلى الله عليه وسلم фIырыфIкIэ ибгынакъым къыщалъхуа щIыпIэр. АтIэ, абы адэкIэ пхуэмышэчыж щыхъум, езыми и Iэщхьабхэми леишхуэ къащытехьэм, уеблэмэ, яукIыпэным Iуэхур щыхуэкIуэм, я гум къыщIитхъми, къыщалъхуа щIыналъэр ябгынэн, диныр хуиту щызэрахьэфын щIыпIэ къалъыхъуэн хуей хъуащ.
Ябгынащ муслъымэнхэм Мэккэ къалэр: абы къыщалъхуахэу, абы къыщыхъуахэу, я сабиигъуэри абы щагъэкIуауэ, я псэуалъэхэри абы щаухуауэ, я псэунри абы траухуауэ щыт пэтрэ… Псори къагъанэри Алыхьым и арэзыныгъэр къалъыхъуэу ежьахэщ.
Диным и хьэтыркIэ сытри щIэфын и лъэныкъуэкIэ абыхэм щапхъэм я нэхъ дахэр икIи я нэхъ лъагэр къагъэлъэгъуамэ, ахэр езыгъэблэгъа Iэнщархэми хьэщIагъэ, гуапагъэ, къуэшыгъэ и лъэныкъуэкIэ зыри къатенакъым.
АтIэ я мылъкухэмкIэ, унэ зыщIэсхэмкIэ къадэгуэшэным фIэIэбыкIыжхэри, езыхэм я щхьэ фIахыурэ мобыхэм иратыну, езыхэм зыхуагъэныкъуэурэ мобыхэм я хуэныкъуэныгъэр Iэмал зэриIэкIэ ягъэнщIыну хэтахэщ.
Iэнщархэм я жумартагъэр, я гукъабзагъэр, я псэкъабзагъэр «къагъэсэбэпакъым» дауикI мухьаджирхэм, емыкIуи къахьакъым абы и лъэныкъуэкIэ, атIэ Iэмал зэриIэкIэ зыкъытрамыгъэхьэлъэу хьэлъагъ къатепсыхар дахащ, абы ипкъ иткIи, езыхэри нэхъ зэкIэрыпщIащ, зыр зыми нэхъ есащ. Алыхьыр арэзы къахухъухэ псоми!
Муслъымэн жэмыхьэт! Абы щыгъуэ ящIа хьиджрэр муслъымэнхэм къащIехъулIам Iэджэ щхьэусыгъуи иIэщ дауикI, ауэ щхьэусыгъуэ псом я нэхъыщхьэр, абыхэм я Iуэхур Алыхьышхуэм къазэрыдиIыгъаращ, къазэрыдигъэпсынщIаращ.
Абы иужькIэ, Iуэхум щхьэусыгъуэ хуэхъуахэм уегупсысмэ, абыхэм ящыщщ: зи яужь ихьахэ Iуэхугъуэр сыт и лъэныгъуэкIи ягъэпсауэ, фIыуэ абы хэгупсысыхьауэ, сыткIи къызэгъэпэщауэ зэрыщытар.
Бегъымбар лъапIэмрэ صلى الله عليه وسلم Абу Бэкрырэ Мэккэм къызэрыдэкIа щIыкIэр, япэ щIыкIэ зыдагъэза лъэныкъуэр, а Iуэхугъуэм хуагъэхьэзыра цIыхухэр, абыхэм я IуэхущIэкIэр, я Iуэху бгъэдыхьэкIэр… Мыбыхэм уеджэжмэ икъукIэ богъэщIагъуэ, абыхэм акъылрэ губзыгъагъэу къагъэлъэгъуар…
«Дэ Алыхьым и гъуэгум дытетщи, Алыхьым дыкъихъумэнущ!», — жаIэу зыри зэрамыгъэзахуэу утыкум ихьакъым ахэр. Ихьакъым апхуэдэу утыку Алыхьым нэхъыфI дыдэу къилъэгъуа цIыхур, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, ищIэт Алыхьым зыгуэр къыпхуищIэн ипэкIэ, уэ пщIэм, Iуэхум хэпщIыхьым зэреплъыр.
Хьиджрэм и мыхьэнэр пхужымыIэну зэрыиныр дэр нэхърэ куэдкIэ нэхъыфIу къызыгурыIуэу щыта щэхьабэ лъапIэхэм ар пэублэ хуащIащ муслъымэнхэм я илъэс къэбжыкIэм.
Муслъымэн диныр дин нэгъэсауэ, муслъымэн Iуммэтри Iуммэт хэIэтыкIауэ, и щхьэ пщIэ хуищIыжу, езыхэр зэхурикъужу зэрыщытыр къэзыгъэлъагъуэхэм ящыщщ: муслъымэнхэм езыхэм я илъэс къэбжыкIэ зэраIэжыр.
Муслъымэн жэмыхьэт! Дэ ди нобэм Мэккэ укъикIыу Мэдинэ уIэпхъуэжыфынукъым, апхуэдэ хьиджрэи пхуэщIыжынукъым, ауэ хьиджрэм и купщIэр пхуэгъэзэщIэнущ.
Гуэныхьыр уи щIыбагъым къыдэбнэу псапэ щIэным уи гупэр хуэбгъэзамэ, шейтIаным едэIуэныр къэбгъанэу Алыхьышхуэм уи фIэщу уедэIуэн щIэбдзамэ, бидгьэхэр къэбгъанэу Суннэм зептамэ, мис ахэращ хьиджрэм и купщIэ дыдэри, умыбэлэрыгъ!
ФIыкIэ ди япэ ищахэм, фIыкIэ яужь итын муслъымэн Алыхьым дищI! Абыхэм хаша лъагъуэ дахэм екIуу ирикIуэн, а цIыху лъапIэхэм ягъусэу Жэнэтыр зи натIэ хъун Алыхьым дищI!