ФIыщIэри щытхъури нэгъэсауэ зыхуэфащэр Алыхь Закъуэращи, ахэр Абы худогъэфащэ; Аращ дыкъэзыгъэщIари, дымыщIэр дэзыгъэщIари. Щэлатри сэламри идох лIыкIуэ псом я кIэухыу, цIыхубэм я гъэсакIуэу икIи я егъэджакIуэу къигъэкIуэжа Мухьэммэд лъапIэм.
Муслъымэн жэмыхьэт! Дуней псом хабзэ щыхъуауэ мы мазэм ирихьэлIэу ныбжьыщIэхэм гъэ еджэгъуэр къызэIуах: хэт мэгъэм еджэныр къеух, хэт и еджэнымм пещэ, нэхъыщIэ дыдэхэм еджэныр къаублэ.
Я щхьэкIи, я унагъуэкIи, лъэпкъ къызыхэкIахэмкIи, абы адэкIэ Iуммэт псомкIи абыхэм я еджэным хъейр къыдэкIуэну, псоми я сэбэп къекIыну Алыхьым жиIэ.
Дуней Iуэхум ехьэлIауэ ирехъу е ахърэт Iуэхум ехьэлIауэ ирехъу, сэбэпынагъ къызыдэкIуэ щIэныгъэр Алыхьым фIэфIщ.
ЩIэныгъэншагъэм си щхьэр къыхэсхынщ, муслъымэн Iуммэтми абыкIэ сэбэп сахуэхъунщ, Алыхьми псапэу къызитыжынщ, жызыIэу мы щIэныгъэм пэрыхьэр Алыхьым и гъуэгум зэрытетым шэч хэлъкъым.
Пэжщ, нобэ ди щIэблэм яIэ еджапIэхэр, ди жагъуэ зэрыхъунщи, муслъымэнхэр зыхуейм, я нэ къызыхуикIым фIыуэ пэжыжьэщ, ауэ сыт хуэдэу мыхъуами, зэкIэ диIэр ахэращи, абы фIыуэ къытхущIэхыр къыщIэтхыу, Iейр къыщIэднэн хуейуэ аращ.
Сыт хуэдиз ныкъусаныгъэ щымыIэми ахэращ щыIэр ди щIэблэм дуней щIэныгъэр щызэрагъэгъуэтыну, цIыхухэми зэманми къакIэрымыхуу гъащIэ гъуэгум кIуэцIырыкIыну.
ЦIыху Iэпкълъэпкъыр нэхъ тыншын и лъэныкъуэкIэ еджапIэхэм къыщIах щIэныгъэм куэд елъытащ; уэгум щыIэри, щIыгум телъри, щIэлъри къызэрыбгъэсэбэпынур, абы адэкIэ узыфэ зэмылIэужьыгъуэ щыIэми я хущхъуэгъуэр къызэрыпхутэнур а щIэныгъэмкIэщ.
Уеблэмэ тхьэшынагъэри а щIэныгъэм къыхэзыхыр мащIэкъым. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, мы дунейр телъыджащэу Алыхь Иным зэрызэтриухуар, гъэщIэгъуэныщэу зы хабзэ гуэрым тету зэрищIам ауэ сытми тецIэфту щымыту абы и лъабжьэм щIэплъар — Алыхьым емыгупсысынкIэ, а гупсысэми тхьэшынагъэ къыхимыхынкIэ Iэмал иIэкъым.
Муслъымэн жэмыхьэт! Дин щIэныгъэ ирехъу е дуней щIэныгъэ ирехъу щIэныгъэр псоми япэ идгъэщу, щIэныгъэлIхэри псоми япэ идгъэуву дыщымытмэ ипэкIэ дыкIуэтэнукъым, щIэблэ къытщIэхъуэми ар къафIэIуэхунукъым.
Уеблэмэ Iэнэм дыщыпэрыскIэ ди хъуэхъухэм япэ дыдэ хедгъэубыдэн хуей Iуэхугъуэхэм ящыщщ: щIэблэм щIэныгъэ ягъуэтыну, щIэныгъэлIи куэду къахэкIыну.
Мис а гъуэгум дытетмэ, ди гугъуехьыр Алыхьым игъэкIуэдынукъым, дызыщыгуфIыкIыжыни Алыхьым дигъэлъэгъунущ. Тепсэмэ, зыгуэр къытепхыжынущ, уи япэ ибгъэщми уIущIэжынущ.
ЩIэныгъэм гулытэ хуэзыщI лъэпкъхэм я Iуэхухэр дуней псом щофIакIуэ, бжьыпэри щаубыд, я псэукIэр сыт и лъэныкъуэкIи нэхъ тынш мэхъу.
Iуэхур апхуэдэу зэрыщытым папщIэ, цIыхухэр нобэ зыхуэныкъуэ Iэмэпсымэхэр абыхэм къагупсысащ, езыхэми я цIэ фIащыжащи, дэ дыхуейми дыхуэмейми абыхэм задыдощI, абыхэм цIэ фIащахэр догъэлъапIэ.
ИкIи Iуэхур абдежым къыщыувыIэтэмэ зыгуэрт, атIэ мылъкукIэ, зэфIэкIкIэ къыптекIуэм и гупсысэкIэри, и дуней еплъыкIэри, и дин зехьэкIэри щызэхэплъхьэр мащIэкъым. Мис ар икъукIэ шынагъуэщ.
Арамэ, дывмыгъэбэлэрыгъ, ди лъакъуэри щIэгъэжауэ дыщывмыгъэс. ЩIэблэ къытщIэхъуэр щIэныгъэм пыдвгъащIэ, щIэныгъэм зыри памыщIу дывгъэщI! Алыхьыр ди дэIэпыкъуэгъущ.