الحمد لله الذي خلق الأرض السماوات العلا، لَهُ ما فيهما ومَا بَيْنَهُمَا وَله مَا تَحْتَ الثَّرَى.نحمده ونشكره ونستزيده من فضله وإنعامه.
ونشهد أن لا إله إلا الله وحده لا شريك له، ولا معبود سواه، ونشهد أن سيدنا ونبينا محمدا عبده ورسوله، صلى الله عليه وسلم خيرِ من بعثه الله إلى الثقلين هاديًا ومعلمًا ومبشرًا ونذيرًا، وعلى آله وصحبه ومن تبعهم بإحسان إلى يوم الدين. أما بعد:
ФIыщIэр худощI щIылъэри уафэ лъагэхэри КъэзыгъэщIам, абыхэм я щхьэм щыIэри, я кум дэтри, я щIагъым щIэлъри зыщIэм икIи зыIэщIэлъым. ФIыщIэ худощIри и фIыгъуэм дыщIолъэIу, нэхъыбэжу къыдитынуи дыщогугъ!
Муслъымэн жэмыхьэт! Алыхьу дэ дыкъэзыгъэщIам, япэм щыIахэри къэзыгъэщIам дыщывгъэшыни, пщэдей и пащхьэ дызэрихьэжынум девгъэгупсыс. МылIэжыни, ищIамкIэ зэмыупщIыжыни къытхэткъым.
Дыщывгъэшынэ Алыхь Инми, Абы зэрыфIэфIым хуэдэу дывгъэпсэу. Сыт тIэ фIэфIыр ди Тхьэшхуэм?, — жыфIэмэ, фIэфIщ сыт хуэдэ фIыри, ар сытым ехьэлIами, и жагъуэщ сыт хуэдэ Iейри, ар сытым ехьэлIами.
НтIэ Алыхьым фIэфI фIыхэм ящыщщ: къабзагъэр! ГукIи, IэпкълъэпкъкIи, щытIтIагъэкIи, дызыщIэскIи, дызэрыскIи, ди бжэIупэкIи, сыт хуэдэ IуэхукIи къабзэу дыщытыныр.
А къабзагъэхэм щыщу нобэ нэхъ къыхэдгъэщыну дызыхуейр: мы дыкъэзыхъуреихьым, дыкъыщIэкIмэ тлъагъум, бжэIупэм, гъуэгущхьэм, абы адэкIэ дэнэ деж дыкъыщыщIимыдзами къабзагъэр ди напщIэ телъу щытын зэрыхуейращ.
Дэ дыкъэзыгъэщIари, мы щIыр къэзыгъэщIари а зы Тхьэращ. ДыкъызыхигъэщIыкIари мы щIыращ, дызыхыхьэжынури а щIыращ. ДызыхэпсэукIри мы щIыращи, абы пщIэ лей хуэфащэу къыщIэкIынщ дауикI.
Мы щIым и къабзагъым дыхуэмысакъмэ къытщыщIынур гурыIуэгъуэщ, ауэ дэ къыдгурыIуэ къудейм къыхуимыгъанэу дин зетхьэми абы дыкъыхуреджэ, куэдым ехьэлIауи дыкъегъэуш.
КъехьэкI-нехьэкI хэмылъу занщIэу зыкъытхуегъазэри Алыхьышхуэм къыджеIэ: وَلاَ تُفْسِدُواْ فِي الأَرْضِ بَعْدَ إِصْلاَحِهَا– «Дунейр зэгъэзэхуа хъуа нэужь зэIывмыщIэж». (Iэл-Iэгьраф, 56).
Алыхь Иным зэгъэзэхуауэ, къабзэу, зыхуей псори ехьэлIауэ къыдитащ икIи къытхуигъэфэщащ мы дунейр Iэнэмэту. ИкIи унафэ къытхуищIыжащ, а анэмэтым дыхуэсакъыну, зэгъэзэхуа хъуар зэIыдмыщIэжыну.
А анэмэтыр нигьмэтщ. А нигьмэтьым ехьэлIауэ Алыхьым и гьэзабым дыщышынэу, и гущIэгъум дыщыгугъыу, и и фIыщIэри тщIыуэ, ди лъагъуныгъэри хэхъуэу щытын хуейщ. Тхъумэн хуейщ мы щIы берычэтыр, армырамэ, губжьыр къыттехуэнкIэ шынагъуэщ.
«Алыхьыр езыр къабзэщ, къабзэ фIэкIаи къабыл ищIкъым, къабзагъэри фIыуэ елъагъу» жызыIэ хьэдисми занщIэу дыкъыхуреджэ нобэ зи гугъу тщIым. Уеблэмэ, мыпхуэдэхэм я пщIантIэр, я бжэIупэр ягъэкъабзэкъыми, фэ абыхэм запэвмыщI, яхуэди фымыхъу, жеIэри, зыгуэрхэм я цIэр къыхегъэщ.
МыдэкIэ, фIей гуэр псы Iуфэхэм IущIыхьыныр, е цIыхум жьауапIэ ящI жыг лъабжьэхэм щIащIыхьыныр, е гъуэгущхьэм тращIыхьыныр, е псым хащIыхьыныр имыдэу, ткIийуэ унафэр къокIуэ, уеблэмэ, нэлатыр къыхэкIынкIэ хъуну.
«Иманыр Iыхьэ блыщIым щIигъукIэ зэхэтщи, абы я нэхъ лъагэ дыдэр: «Ла Iилахэ Iиллэл-Лах» псалъэращ, я нэхъ цIыкIур: гъуэгум зэран хъууэ телъыр тепхынращ», — жеIэ عليه الصلاة والسلام-ым. (Муслим). Мыбдежым, лIыкIуэ лъапIэм صلى الله عليه وسلم-эм къабзагъэм хуэсакъыныр ди иманым хебжэ.
Уеблэмэ Бухъарий رحمه الله къиIуэтэж хьэдисым къыхощ, зы лIы гуэр гъуэгум тету зыдрикIуэм, жыг банэ къудамэ телът гъуэгущхьэми, ар тырихати, абы и хьэтыркIэ и гуэныхьыр къыхуигъэгъуауэ.
Мы дунейр псори зэрыIыгъщ, зыри лей мыбы теткъым, лей гуэри Алыхьым къигъэщIакъым, псоми къалэн зэрыз ягъэзащIэ. Мис ар къыдгурыIуэжу дыбгъэдыхьэн хуейщ сыт хуэдэ Iуэхугъуэми.
«Бзу цIыкIум и деж щегъэжьауэ абы и щхьэжкIэ щыIэ сыт хуэдэ псэущхьи ирехъу, щхьэусыгъуэншэу ахэр зыукIам Алыхьыр къемыумщIыжу къигъэнэнукъым», — жеIэ عليه الصلاة والسلام-ым. (Ахьмэд, НэсаIий).
Ирегупсыс а хьэдисым щэкIуэнкIэ ерыщ дэтхэнэ зыри. Яхэтщ абыхэм куэд, къащэкIум хуэмейхэу икIи хуэмыныкъуэхэу, атIэ псэущхьэ тхьэмыщкIэхэр чэщанэ папщIэу къагъэсэбэпу, абыкIэ я зэшыр трагъэуу.
Муслъымэн жэмыхьэт! Ди муслъымэнагъыр дэнэ дежи къыщытхрещ. «Нэмэз дощI», жытIэкIэ зэфIэкIкъым, атIэ ди хьэлкIэ, ди къабзагъэкIэ, дытIысамэ ди щысыкIэмкIэ, дыкъэтэджыжамэ къызэднэкI лъагъуэмкIэ къытхрещ ди муслъымэнагъыр.
Мы дин лъапIэм дыхуэфэщэжу Алыхьым дигъэпсэу. Дигъэпсэу Алыхь Иным ди кIуэцIкIи, ди щIыбкIи дыкъабзэу. Къабзэуи и пащхьэ дыришэж!