Муслъымэн жэмыхьэт! Алыхьышхуэу дыкъэзыгъэщIам дыщывгъэшынэ; Тхьэм щышынэм и гур Алыхьым хузэIуех, пэжымрэ пцIымрэ хузэхех, и гуэныхьыр къыхуегъэгъу, и псапэр хуегъэбагъуэ!
Алыхь Ину ды-КъэзыгъэщIам КъурIэн лъапIэу къытхуригъэхам дыкъыщоджэ: «لَقَدْ خَلَقْنَا الْإِنْسَانَ فِي كَبَدٍ » — «КъэдгъэщIащ Дэ цIыхур гугъу ехьу». (Iэл-Бэлэд, 4).
Абы къикIращи, икIи къекIуэкIыр аращи, мы дуней гъащIэр гугъуехьыншэ хъунукъым, атIэ узыхуэмей куэдым уIууэнущ, дэгъэзеигъухэми урихьэлIэнущ, гузэвэгъуэхэми уакъелынукъым.
Аращ гъащIэр, зэм уи гуфIэгъуэщ зэм уонэщхъей; зэм уфакъырэщ зэм укъулейщ, зэм узыхуейр богъуэт, зэм узыхуейр къыпхуэтщ, зэм уи Iиманыр докIуейри уи псапэхэр богъэбагъуэ, зэм уи Iиманыр йохуэхри, IуэхуфIхэм захубогъэщIагъуэ!
Мис апхуэдэу гъащIэм и толъкъунхэм дызэрадзэу гъащIэр екIуэкIынущ, диIэу щытар димыIэж зэрыхъуам, е иджыпсту диIэр пщэдей димыIэжынкIэ зэрыхъунум и гупсысэм дихьу, нэщхъеягъэм дишхыу ди гъащIэр етхьэкIынущ.
ИужькIэ дэ насыпыр диIэмэ а псор зыдэщымыIэж, атIэ гуфIэгъуэрэ дэрэжэгъуэ защIэу зэхэлъ щIыпIэр, Жэнэт лъапIэр екIуэлIапIэ Алыхьым тхуищIынщ.
Ар насып зыхуэхъунухэр абы зэрибакъуэу мыращ жаIэнур: «Алыхьу нэщхъеягъуэр тщхьэщызыхам фIыщIэ худощI! Ди Тхьэр ГущIэгъущIщ, ФIыщIэзыщIщ! Аращ — Езыращ гущIэгъу къытхуищIу игъащIэкIэ дызэрысыну [жэнэтыр] псэупIэ тхуэзыщIар; дэ абы дыщезэшынукъым, дэ абы дыщешынукъым». (ФатIир, 34,35).
Муслъымэн жэмыхьэт! Мы дунейр гъэунэхупIэу, гугъуехь шэчыпIэу, нэщхъеягъуэ щIыпIэу щыт пэтрэ, цIыхум езым и гупсысэкIэм, и фIэщхъуныгъэм, и Тхьэ бгъэдэтыкIэм куэд елъытащ а жытIахэм я куэдагъ, я мащIагъ теухуауэ.
«IуэхуфI, Iуэху дахэ зылэжьхэм, ахэр цIыхухъухэми цIыхубзхэми, иман ябгъэдэлъмэ гъащIэ дахэ къедгъэгъэщIэнущ», — жеIэ Тхьэшхуэм. (Iэн-Нэхьл, 97). Апхуэдэ дыдэу мыри жеIэ: «Сэ си цIэм зи щIыбыр хуэзыгъазэм и гъащIэр дэгъэзеигъуэу ихьынущ, икIи Къемэт махуэм нэфу зэсшэлIэжынущ». (ТIа-ха, 124).
Абыхэм къарыкIращи, насыпри насыпыншагъэри, гугъуехьри гугъуехьыншагъэри, гуфIэгъуэри нэщхъеягъуэри цIыхум и фIэщхъуныгъэм, абы адэкIэ и лэжьыгъэм куэдкIэ елъытащ.
Ауэ иманми, лэжьыгъэ дахэми ящIыгъуу, уеблэмэ япэ иту Алыхьышхуэм и дэIэпыкъуныгъэм ущIэлъэIун, Iуэхур Абы псынщIэ пщищIыну дугьэкIэ зыхуэбгъэзэн хуейщ.
Бегъымбар лъапIэр صلى الله عليه وسلم-эр аращ щIэлъаIуэу щытар мы дугьэмкIэ:
)اَللَّهُمَّ إِنِّي أَعُوذُ بِكَ مِنَ الهَـمِّ وَ الْحُـزْنِ، والعَجْـزِ والكَسَلِ والبُخْـلِ والجُـبْنِ، وضَلَـعِ الـدَّيْنِ وغَلَبَـةِ الرِّجَالِ(
“Я, Аллаh, сэ сынолъэIу — гукъеуэми, гухэщIми, слъэмыкIыжIауэ сыкъэнэнми, щхьэхынагъэми, быдагъэми (нэпсеягъэ), къэрэбгъагъэми, щIыхуэм и хьэлъагъми, цIыху къыстегушхуэнми – сащыпхъумэну“. (Бухъарий, Муслим).
Алыхьым укъызэригъэщIар уи фIэщ хъужу, уи фIэщуи Абы ущыгугъыу, укъызэригъэгугъа псоми шэч къытомыхьэжу, иухам арэзы утехъуэфу, мы дунеижьым и пщIэр зыдынэсыр къыбгурыIуэжу, кIуэдыжыну гуэр щхьэкIэ уи щхьэр къомыгъэпцIэжу мы дунейм утетмэ – гукъеуэ уиIэхэр, уи гур хэзыгъэщIхэр куэдкIэ нэхъ мащIэ хъунущ.
Къыптехуар блэкIынкIэ зэрымыхъунутэр, бблэкIари къыптехуэнкIэ зэрымыхъунутэр, мы дунейм цIыхуу тетым зыгуэр къыпхуащIэну мурад ящIами, Алыхьым имыуха къызэрыпхуамыщIэфынур, зыгуэр къуащIэну мурад ящIами, Алыхьым имыуха къыузэрамыщIэфынур – мис ахэри хьэкъыу уи фIэщ хъумэ, уи псэукIэр куэдкIэ нэхъ дахэ хъунущ.
Ахэр къызыгурыIуэ цIыхум и гугъэр жыжьэ мыжэу, пщэдейти, илъэс къакIуэти жимыIэу, махуэ зыхэтыр дахэу къегъэсэбэп, зыхэс жылэм, зыхэт цIыхухэм дахэу ядокIуэкI, фыгъуэн хьэлыр зиIысыр ищIэкъым, лей зэрихьэкъым, ауэ лей кърахыуи идэкъым.
Апхуэдэ цIыхур и пIэм ижыжьауэ и гъащIэр ихькъым, «зыр мыхъумэ адрей хъункъэ» жеIэри и гугъэр фIэкIуэдкъым, махуэ къэс зэ къалъхужым хуэдэщ, махуэ къэс зэ зыкъищIэрэщIэжыфыну къару бгъэдэлъщ. Мис ахэращ цIыху насыпыфIэ зыхужаIэри, дунейри ахърэтри зыхуэфащэхэри.
Ди хъейр зыхэлъым ди Iэр Алыхьым тригъахуэ, ди хъейр зыхэмылъым Алыхьым дыщихъумэ, дыкъэхъумауэ, пэжми дытемыкIауэ, псалъэми демыпцIыжауэ и пащхьэ дыришэж!