Муслъымэн жэмыхьэт! Ди щэхукIи ди нахуэкIи Тхьэшхуэм дыщывгъэшынэ, тхьэшынагъэр сыт щыгъуи ди япэ ирет. Ари зи япэ изыгъэщыр ехъулIащ, ар зи щIыбагъым къыдэзынэр унэхъуащ.
Уи гур Алыхьышхуэм хуэунэтIауэ, уи Iэпкълъэпкъри Абы и жыIэдаIуэныгъэм есауэ упсэуным нэхъ насып мы дунейм теткъым, ауэ гури Iэпкълъэпкъри зэдеIэу а гъуэгу захуэм сыт щыгъуи утетыныр мыбдежым щылъкъым, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, гъуэгум лъэпощхьэпо куэдым ущрохьэлIэ.
ЦIыхум и псэр пытыхукIи гъэунэхупIэм хэкIынукъым. Имам Ахьмэд رحمه الله и псэ хэкIыгъуэм шейтIаныр къыщхьэщыхьауэ: — Уей, усIэщIэкIам Ахьмэд, уей усIэщIэкIам, — жиIэти, имам Ахьмэд: — Хьэуэ иджыри, хьэуэ иджыри, — жиIэт.
Абдежым имам Ахьмэд и нэгу щIэту къыщIэкIынт Бегъымбар лъапIэм صلى الله عليه وسلم и псалъэхэр: «ЦIыху щыIэщ зэман кIыхькIэ Жэнэт Iыхьлыхэм я IуэхущIафэ илэжьурэ, иужькIэ Жэхьэнэмэ Iыхьлыхэм я IуэхущIафэкIэ и гъащIэр иухыу!». (Муслим).
Бегъымбархэм яужькIэ мы Iуэхугъуэм зыри щыхъумакъым, Жэнэтым зы лъэбакъуэкIэ уимыбэкъуауи зыгуэру зыкъыпщыхъуж хъунукъым, гъуэгум тещхьэрыукIа гуэрми ущIэнакIэ хъунукъым.
Пэжращи, дэ ди зэманым тещхьэурыкIыжхэм я бжыгъэр куэд хъуащ; дыгъуасэ КъурIэныр зыIэщIэлъам, нобэ фадэр IэщIэту, дыгъуасэ нэмэзым тетар, нобэ фадэ щраф шхапIэм и бжэIупэм тету, дыгъуасэ сэджытыр зытар, нобэ тхьэмыщкIэм едыгъуэу урихьэлIэнкIэ мэхъу! Алыхьым дыкъихъумэ!
Ахэр псори къызыхэкIыр диныр цIыхум и гум быдэу зэрыхэмытIысхьаращ, Iиманым и IэфIагъыр нэгъэсауэ зэрызэхимыщIаращ. Абы къыхэкIыу, сыт хуэдэ жьы къыкъуэуми и щхьэри и лъэри егъэхъей, зи гупкIэ ихуэм и уэрэдым худолъей.
«Адрейхэр зэрыхъум хуэдэу дэри дыхъунщ, ахэр къызэлым дэри дыкъелынщ» жызыIэхэми уарохьэлIэ, жамыIэми я IуэхущIафэм ар къеIуатэ, ауэ зи акъыл зэтетым къыгуроIуэ, езым и гуэныхь зыми зэримышэчынур, цIыху къэскIи зэрызу хьисэп зэращIыжынур, и закъуэ мы дунейм къызэрытехьам хуэдэу и закъуэ дыдэу Алыхьым и пащхьэ зэрихьэжынур.
Пэжщ, а нэхъыфI дыдэу диныр зезыхьэри зыгуэркIэ щыуэнкIэ хъунущ, шым я нэхъыфIри зэ мэлъэпэрапэ, а нэхъ и фIэщ дыдэу псори зыгъэзащIэми и къарум зыгуэр кIэрыхунущ, абыи гъэщIэгъуэн хэлъкъым, ауэ сыщыуащ жыпIэу хьэрэмыр зэхэбутэу удэувэж хъунукъым, япэм сыхуэдэжкъым жыпIэу, зыри къыпфIэмыIуэхуж ухъу хъунукъым.
Муслъымэн жэмыхьэт! Гум и дежщ псори къыщежьэр. Гур къабзэмэ, Алыхьым хуэпэжмэ, фэрыщIагъым зэримыхуэмэ Алыхьми цIыхур утыкум къыринэнукъым, ауэ гум уз гуэр илъмэ, Алыхьым кIуапIэ къуитынукъым.
ЦIыхум гуэныхь щилэжьым и деж, а гуэныхьым теухуауэ и гум илъым куэд елъытащ. ЖыIэмыдаIуэ зыхуэхъу Алыхьым и инагъым емыгупсысу, гуэныхьым и цIыкIуагъыр зэзыгъэзахуэм и Iуэхур шынагъуэщ.
«Мыхьэнэншэу ябж гуэныхьхэм фащышынэ, ахэр зэтрехьэри цIыхур ягъэунэхъу!», — жеIэ صلى الله عليه وسلم-эм. (Ахьмэд, ТIэбэраний).
Псом хуэмыдэжу цIыхум и Iиманым хузэфIэкIыр тафэм къытредзэ: и закъуэ хъуауэ, гуэныхьми хуит хуэхъуауэ щыщытым деж.
Ибн Гьэбас رضي الله عنهما жиIауэ къаIуэтэж: «Уа гуэныхьыщIэ! Гуэныхьым и кIэухыр Iей зэрыхъум егупсыс… Уи дамэ ижьымрэ сэмэгумрэ тесхэм уащымыукIытэу гуэныхь щыблэжькIэ, а уи мыукIытэныгъэр гуэныхьым нэхърэ нэхъ иныж мэхъу… Гуэныхь къэхьыпIэ узэрихуам узэрыщыгуфIыкIа къудейри къэпхьыпэну гуэныхьым нэхърэ нэхъ иныжщ… Гуэныхь къыздэпхьым жьы къепщам бжэм Iулъ Iупхъуэр зэригъэхъеям папщIэ уогужьей, ауэ Алыхьыр къызэроплъым папщIэ уи гур зэрымыкIэзызыр нэхъ Iеижщ икIи нэхъ гуэныхьыжщ».
Нобэ икIуэтыжахэр пщэдей егъэлеяуэ щIегъуэжынухэщ, нобэ зызыгъэтхъэжу дэувэжахэм пщэдей IэфIагъыу зэхащIар къыIурагъэхужынущ, нобэ зызыгъэпсэхум пщэдей гугъуехьыр ишэчыжынущ.
Мы дунейр уи IэмыщIэм къихуащ, уи пхъур ишэну хъалифэр къыщIэупщIащ жиIэу Сэгьид ибн Iэл-Мусэйиб и деж лIыкIуэр къыщыкIуэм, — Мы дунейр псори Алыхьым и дей аргъуей дамэ щимыуасэмэ, а дамэм щыщу сыт хуэдиз сэ абы къысхупичыфынур?!, — жиIэщ Сэиди, и пхъу еджар абы иримыту, мылъкукIэ хуэмыщIауэ, ауэ щIэныгъэм хущIокъу щIалэ гуэрым иритащ.
Мы дуней хьэхумкIэ дауэ мы дин лъапIэр зэрыпхъуэжынур? ГъащIэ кIэухыншэм, фIыгъуэ мыухыжым ухуэзышэ диныр сыткIэ зэрыпхъуэж хъунур?!
КъикIуэтыжахэр Къемэт махуэм муслъымэн пэжхэр зыдэкIуэм кIуэну яужь иувэнухэщ, арщхьэкIэ кIуапIэ къратынукъым. – Сыт щхьэкIэ, фэрэ дэрэ зы зэман дызэгъусатэкъэ?!, — жаIэу щыщIэупщIэкIэ, — НтIэ дызэгъусат, ауэ фэ фи щхьэр къэвгъэпцIэжащ, шэчи къэфхьыжащ, гугъэ нэпцIхэми зыдевгъэшэхащ…, — къатыжынущ модрейхэм жэуап. Ар къыхощ Хьэдид сурэм.
Алыхьым дыкъихъумэ, фитнэхэм дащихъумэ, ди гур пэжым быдэу тыриIыгъэ, бегъымбархэм, цIыху пэжхэм, шэхидхэм, цIыхуфIхэм дахэту и пащхьи дыришэж!