Псоми япэ ит, псом яужькIи къэнэнум, зи щхьэщыгум зыри имыт, нэхъ гъунэгъуи щымыIэ Алыхьышхуэм фIыщIэр худощI. Аращ псори къэзыгъэщIар, мардэ гуэрми тету зыщIар…
Щыхьэт дытохъуэ Алыхь Иным и закъуэныгъэм, щыхьэт дытохъуэ Мухьэммэд лъапIэми и бегъымбарыгъэм, цIыхуу къигъэщIам я зиусхьэным, муслъымэн Iуммэтым я пашэ нэхъыщхьэм, Алыхьым и нэфIыр зыщыхуэу, хъуэхъум я нэхъыфIри зылъигъэсыным!
Муслъымэн жэмыхьэт! Алыхь Иным дыщывгъэшынэ дэтхэнэ зыри, Абы и шынагъэращ ди унэныр зыпыщIар. Гупым дыхэтми, ди закъуэ дыхъужми, губжьым дыхэтми ар тщхьэщыкIыжми… Алыхьыр тщымыгъупщэу, и фIыщIэр тщIыуэ дытевгъэт дунейм.
Гупыр гуп зыщIыжу, жэмыхьэтри жэмыхьэт зыгъэхъуу Iуэхугъуэ зыбжанэ щыIэщи, а Iуэхугъуэхэм ящыщ зыгуэр къэту Iуэхур кIуэтэнукъым, уеблэмэ псори къэкъутэжынкIэ хъунущ.
НтIэ жэмыхьэтым и лъэр щIэзыуду, илри зышхыу щыIэ щытыкIэхэм ящыщщ: цIыхум и щхьэ Iуэхур хэт и Iуэху нэхъри игъэнэхъапэу, и Iуэхур дэкIмэ хэт и Iуэхури абы щхьэкIэ къанэми къыфIэмыIуэхуу щытынращ. Нэхъ кIэщIу жыпIэмэ, цIыхум и щхьэр фIыIуэу илъагъужынращ.
Зи щхьэр фIыуэ зылъагъужым и дуней еплъыкIэр икъукIэ зэв мэхъу, дэнэкIэ плъэми езым фIэкIа нэгъуэщI къыхуэлъагъукъым, сыт хуэдэ Iуэхум теухуауи езым фейдэ къыхихынуращ зэгупсысыр.
Апхуэдэ цIыхур икъукIэ пэжыжьэщ Бегъымбар лъапIэм صلى الله عليه وسلم жиIа псалъэхэм: «Фэ Iиман фиIэу фхужыIэнукъым, фи щхьэм хуэфлъагъур, фи къуэшми хуэфлъагъуу фыхъухукIэ!». (Бухъарий, Муслим).
Зи щхьэ фIэкIа нэгъуэщIыр къызыфIэмыIуэхур щхьэзыфIэфIынагъэм ехь, пагэныгъэр къытокIуэ, «сэращ», «сысейщ», «сэ збгъэдэлъщ», «сэ схуэфащэщ», жыхуиIэ псалъэхэр и псалъалъэм хэз мэхъу.
Ауэ абыхэмкIэ абы и пашэр: Иблис, Фиргьэун, Къарун, Нэмруд сымэщ. Иблис: «Сэ сынэхъыфIщ Iэдэм нэхърэ»,- жиIат, Фиргьэун: «Сэращ фи тхьэ лъагэр!», — жиIэфат, Къарун: «Сэ си щIэныгъэкIэ, сэ си зэгъэзахуэкIэ къэзлэжьыжащ мы мылъкур», — жиIат, Нэмруд: «Сэ согъэпсэу икIи согъалIэ!», — жиIэфат.
ИпэжыпIэкIэ къапщтэмэ, «сэ» псалъэр нэхъ къыздезэгъ бгъуэтынкъым, цIыхум: «сэращ зи лажьэр, си гуэныхьращ къызыхэкIар, си щхьэ сыхуитжыкъым» щыжиIэхэм деж.
Гупыр, жылэр зы унагъуэм хуэдэщ. Унагъуэм ис дэтхэнэ зыми я щхьэр ягъэнэхъапэу, модрейхэм сыт къащыщIми, сыт къахуэтми къафIэмыIуэхумэ, ар унагъуэ хъунукъым.
Уэ узыхуейм адрейхэм хуэмей хуэдэу, уэ узэхъуапсэм адрейхэр щIехъуэпсэн щымыIэ хуэдэу угупсысэмэ – псом япэ иту уэ езым зыбгъэунэхъужу аращ, уэ езым зыщIэптIэжу аращ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, уэ адрейхэм уахуэмыныкъуэнкIэ Iэмал иIэкъым, адрейхэри къызэрыпхущытыжынур уэ уазэрыхущытым хуэдэущи, уи щхьэ лей епхыжауэ аращ.
Гупыр зэрызэхэтын хуейр Бегъымбар лъапIэм صلى الله عليه وسلم-эм ирегъэщхь кхъухьым ис цIыхухэм. Абыхэм языныкъуэр и щхьэ къатым тесщ, языныкъуэр илъабжьэ къатым. И лъабжьэм щIэсхэр псы хуеихукIэ и щхьэм къыдэкIуеин хуей хъути, «а къомым дыхэмыту, и щхьэм тесхэми зэран дахуэмыхъуу, мы илъабжьэм деж гъуанэ хуэтщIу псы къитх щхьэ мыхъурэ?!», — жаIащ. Иджы абы ящIэнур къафIэмыIуэхуу мыдрейхэм ирагъащIэмэ, псори зэдэунэхъунущ, ауэ къафIэIуэхурэ къызэтрагъэувыIэмэ, псори къызэделынущ. (Бухъарий и тхылъым ибгъуэтэнущ).
Муслъымэн жэмыхьэт! Къэтхьынщ зы щапхъэ дахэ, цIыхум и щхьэ адрейхэри щырилъытэм деж, езыри къелу адрейхэри къелыным ар щхьэусыгъуэ зэрыхуэхъур къыхэщу.
Щэхьабэ зыбжанэ, Гьэбдуллах ибн Хьузафи яхэту, римхэм гъэру яубыдауэ щытащ. Дунейм тет бэлыхьым хигъэта нэужь, зыри щыхэмызэгъэххэм, пащтыхьым къыжриIат Абдуллахым: — Мы си щхьэм ба къыхуэщIи узутIыпщыжынщ!
Гьэбдуллах абдей и щхьэр къызэрыхихынракъым зэгупсысар, атIэ адрей муслъымэнхэми ар сэбэп яхуэхъунумэ сытегушхуэнщ, жиIэри: — Сэ симызакъуэу адрей муслъымэнхэри къэвутIыпщын?-, жиIэри еупщIащ. – НтIэ, — щыжиIэм и лъэIур хуищIащ абы Абдуллах.
Щэхьабэ гупыр хуит къищIыжу Абдуллах къыщигъэзэжам, Гьумэр абы и хъыбарыр зэхихыжати: — Гьэбдуллах и щхьэм ба хуэтщIыну дэтхэнэ зыми хьэкъыу ттелъщ, — жиIэри, псом япэ иту езы Гьумэр абы щхьэм ба хуищIауэ щытащ. Алыхьыр арэзы къахухъу абыхэм псоми.
Мис аращ зэхущытыкIэ дахэ, зэхэтыкIэ екIу жыхуаIэри. Аращ зыхуейри ди Тхьэ лъапIэу дыкъэзыгъэщIари. Аращ дыкъызыхуриджэри Бегъымбар лъапIэу صلى الله عليه وسلم къигъэкIуами: «Жагъуэу фызэрымылъагъу, зыр зыми фемыфыгъуэж, зыр зым фи щIыб хуэвмыгъазэ, атIэ, Алыхьым и пщIылIхэ, зэкъуэшу фыпсэу!». (Муслим).
Сэбэп Алыхьым ищI зэхэтхар! И арэзыныгъэр къыдигъэлэжьыну долъэIу ди Тхьэшхуэм. Пагэныгъэми, щхьэзыфIэфIынагъми Алыхьым дащихъумэ, къигъэкIуа лIыкIуэ лъапIэм и лъагъуэм екIуу дыригъакIуэ, и шэфыгьэтри къытлъигъэс!