Муслъымэн жэмыхьэт! Алыхьым дыщывгъэшыни и унафэм пщIэ хуэдвгъэщI, и нигьмэтым и фIыщIэ дывгъэщI. Нигьмэту щыIэм я нэхъыфIри, я нэхъ инри мы дин лъапIэм уи гур къыхузэIуихынращ Алыхьышхуэм.
Мы диным ухэбэкъуамэ уи гъащIэр нур, нэху, хуит хъуауэ аращ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, иужьрей дакъикъэм уи напIэр зэтепIпIэжу иужьу зэ убэуэжыхункIэ жыпIэнури, пщIэнури мы диным пхузэпкърех.
Муслъымэнхэр псоми япэ диту, псоми щапхъэ дахуэхъуу дызыгъэпсэуну мурад зыхуэзыщIыжа мы дин дахэм дауикI зы Iуэхугъуи къигъэнэнукъым ахэр къыдигъэхъулIэну.
НтIэ, КъурIэнми, Суннэми къыщыкIуа, щIэныгъэлIхэм я псалъэхэми къыхэща Iуэхугъуэхэм ящыщщ: ди унэм дыкъыщIэкIыу уэрамым дыкъыдыхьа нэужь гъуэгум дызэрытетынур, гупым дазэрыхэтынур.
КъыщокIуэ Тхылъ лъапIэм муслъымэн пэжхэм ехьэлIауэ:
“وَعِبَادُ الرَّحْمَـانِ الَّذِينَ يَمْشُونَ عَلَى الأرْضِ هَوْناً وَإِذَا خَاطَبَهُمُ الجَـاهِلُونَ قَالُواْ سَلاَماً“.
«ГущIэгъущIым (Алыхьым) и пщылIхэр щIылъэм Iэдэбу щызекIуэхэр, Iэдэбыншэхэр къащепсалъэкIэ, Iэсэу епсалъэжхэращ». (Iэл-Фуркъан, 63).
Апхуэдэущ муслъымэн пэжхэм я гъуэгу тетыкIэр: Iэдэбу зокIуэхэ, лъэсхэми, зыгуэрым исхэми, зыгуэрым тесхэми. ЗагъэфэрыщIу, зыгуэру зыкъагъэлъэгъуэну хэтхэкъым, пагэныгъи яхэлъкъым, атIэ зэрызекIуэ къудеймкIэ зэрыцIыху зэпIэзэрытыр къахэщу апхуэдэщ.
Апхуэдэущ цIыху гъэсахэр гъуэгум зэрытетыр: мурад пыухыкIа гуэр яIэу къыдокIри я мурадым зэпIэзэрыту хуокIуэхэ, зыми зэран хуэмыхъухэу, зэран хъухэри къафIэмыIуэхуу; зыми япэ имылъадэу, илъадэхэми яфIэкIыу.
Мыри къыщокIуэ абыхэм теухуауэ:
“وَإِذَا سَمِعُواْ اللَّغْوَ أَعْرَضُواْ عَنْهُ وَقَالُواْ لَنَا أَعْمَـالُنَا وَلَكُمْ أَعْمَـالُكُمْ سَلامٌ عَلَيْكُمْ لاَ نَبْتَغِى الْجَـاهِلِينَ”.
«Псалъэ фIейр зэхахмэ абы я щIыбыр хуагъазэри, «фи щхьэ Iуэху зефхуэж, дэри ди щхьэ Iуэху зыдохуэж, узыншэ фыхъухэ, хьэлыншэхэм ящыщ дэ дыхъуну дыхуейкъым дэ» жаIэ». (Iэл-Къэщэщ, 55).
Мыбыи девгъэдэIуэж: «ЩIым зыбгъэпагэу утемыт: уэ щIыри пхуэугъуэнынукъым, лъагагъэкIи къуршым упэхъунукъым!». (Iэл-IисраI, 37).
МыдэкIэ Суннэм и деж дыкъакIуэмэ, Абу Сэгьид Iэл-Хъудрий رضي الله عنه-м къеIуэтэж, лIыкIуэ лъапIэм صلى الله عليه وسلم жиIауэ: «Гъуэгущхьэм фытемыс!». Щэхьабэхэм: — Уэ, Алыхьым и лIыкIуэ, тIэкIу дыуэршэру дызэхэмысу хъукъым!-, щыжаIэм, — «НтIэ, фытемысынкIэ Iэмал имыIэмэ, гъуэгум и хьэкъыр вгъэзащIэ!», — жиIащ. – Гъуэгум и хьэкъыр ар сыт?- жаIэу щэхьабэхэр щыщIэупщIэжым, — «Нэр ехьэхын, зэран умыхъун, сэламыр тыжын, фIым къыхуеджэн, Iейр мыдэн!», — жиIащ عليه الصلاة والسلام-ым. (Бухъарий, Муслим).
Нэм и Iуэхур япэу къыхощ гъуэгум и Iуэхум. Нэр гум и гъуджэщ. НэгъуэщIу жыпIэмэ, нэр гум и щхьэтепIэщ, “щхьэтепIэнши къабзэ хъуркъым”. ЦIыхуми и нэр ирихьэхмэ, и гур къабзэу мэлажьэ, тыншу гъащIэ лъагъуэми ирокIуэ, и къалэнри нэгъэсауэ егъэзащIэ. Армырауэ нэм зигъэлалэмэ, гур зэхэзехуэ мэхъу, и къалэн нэхъыщхьэми тощхьэрыукI, уеблэмэ зи нэм хуимытыжхэр диныншэ хъуауэ къызыхэщ хъыбархэри мащIэкъым.
Нэр быутIыпщмэ абы къэувыIэжыкIэ ищIэкъым, икIи а зэплъхэмкIэ абы зэикI зигъэнщIынукъым, атIэ мафIэм дагъэ пэрыпкIэм хуэдэщ ар. Зым еплъмэ, а зэплъам адрейм ирегъэплъ, адрейм адреижым, мис апхуэдэурэ тенджыз куум хешэ.
«Зэран умыхъун», жыхуиIэми псори къеубыд, уи жьэкIэ зыгуэрым зэран ебгъэкIынри, уи IуэхущIафэкIэ ебгъэкIынри. «Гъуэгущхьэм зэран хъууэ тет жыгыр зэрыпиупщIам папщIэ тхъэжу Жэнэтым ис лIы гуэр слъэгъуащ», — жеIэ عليه الصلاة والسلام-ым. (Муслим).
Зэран хъур гъуэгум тезыхым псапэшхуэ къызэрихьым хуэдэу, зэран хъур гъуэгум къытезылъхьэм гуэныхьышхуэ къехь. «Гъуэгущхьэм деж муслъымэнхэм зэран яхуэхъум абыхэм я нэлатыр къытохуэ!», — жеIэ صلى الله عليه وسلم. (ТIэбэраний).
НэгъуэщI хьэдисми къыхощ сэдэкъэ зыхужаIэр тхьэмыщкIэм ират мылъкум имызакъуэу, гъуэгур зымыцIыхум зыдэкIуэнур ебгъэлъэгъуамэ — сэдэкъэ птам хуэдэу, зи нэм фIыуэ имылъагъуми гъуэгум ущыдэIэпыкъуамэ — ари сэдэкъэм щыщу, гъуэгум зэран хъууэ телъыр тепхамэ – ари сэдэкъэ хъууэ. (Тирмизий, Ибн Хьиббан).
Гъуэгум и хьэкъым ехьэлIауэ КъурIэным-Суннэм къыщыкIуам къыжытIахэр я щапхъэ къудейуэ аращ, армырауэ ахэр нэхъыбэжуи щыIэщ. Ауэ ахэр щэ бжыгъэкIэ щыIэми, дэ дымыгъэзащIэмэ, ди гъащIэми къыхэмыщмэ, щыIэри щымыIэри тIури зыщ.
Алыхьым дыщывгъэшыни и унафэр дывгъэгъэзащIэ, Бегъымбар лъапIэми صلى الله عليه وسلم пщIэ хуэдвгъэщIи и Суннэм дытевгъэт, муслъымэныцIэр щызетхьэкIэ, а цIэм хуэфэщэжу дывгъэпсэу!