Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

Щэлэуатыр

ФIыщIэр Алыхьым ейщ — гуэныхьыр зыгъэгъум, тобэр къабыл зыщIым, зи гьэзабыр гуащIэм, бжыгъэншэу фIыр къытхуэзыщIэм. ДунейкIи ахърэткIи хуэфащэщ абы фIыщIэр, унафэри Аращ зыIэщIылъыр, дызэкIуэлIэжынури Абы и дежщ. 

Дыщывгъэшынэ Алыхьми, мы дунеижьыр псэупIэ пэжу зэрыщымытыр дигу идвмыгъэгъэху, гъэунэхупIэ дызэритри ди нэгу сыт щыгъуи щIырет! 

Муслъымэн жэмыхьэт! ЦIыху къызэрыгуэкIхэр къэгъэнауэ бегъымбар псом хагъэлъэпIыкIащ икIи имамыгъэкIэ псоми япэ ирагъэуващ Мухьэммэд صلى الله عليه وسلم-эр. Иужьу къагъэкIуэжами, псоми япэ ищыжащ. 

Къемэт махуэм япэ дыдэ щIыр зэгуэчу къыдэкIыжынур а цIыху лъапIэращ, япэ дыдэ зи шэфыгьэтыр къабыл ящIынури аращ, Лъэмыжми зи Iуммэтыр япэу изышынур аращ. 

Абы и лъапIагъыр къыхигъэщу, хуэфащэ пщIэри наIуэ къищIу – Аллаху Тэгьалам абы щэлэуат къыхуэхьыныр ди диным щыщ ищIащ, псапэ къызэрахь Iэмалхэми ар яхибжащ. 

ЖеIэ Аллаху Тэгьалам:

 ﴿ إِنَّ اللَّهَ وَمَلَائِكَتَهُ يُصَلُّونَ عَلَى النَّبِيِّ يَا أَيُّهَا الَّذِينَ آمَنُوا صَلُّوا عَلَيْهِ وَسَلِّمُوا تَسْلِيمًا ﴾

«Алыхьми Абы и мелыIычхэми Бегъымбарым щэлэуат къыхуахь. Уэ, зи фIэщ хъуахэ, фэри абы щэлэуат къыхуэфхь, сэлами ефх!».

Iэл-Iэхьзаб, 56. 

Муслъымэн жэмыхьэт! Мы щэлэуатымкIэ дэ къыдогъэлъагъуэ апхуэдизу Алыхьым фIыуэ илъэгъуа ди Бегъымбар лъапIэм صلى الله عليه وسلم-эм пщIэуэ хуэтщIым и инагъыр. Абы пэкIуэуи езы Алыхь Талэм пщIэшхуэ къытхуищIыжынущ: «Сэ зы щэлэуат къысхуэзыхьым щэлэуатипщI Алыхьым къыхуихьынущ, гуэныхьипщIи къыхуигъэгъунущ, теувапIипщIкIи иIэтынущ», — жеIэ صلى الله عليه وسلم-эм. (Ахьмэд, НэсаIий, Ибн Хьиббан). 

Алыхьым и мелыIычхэри а Iуэхум къыхегъэхьэ. «Дэтхэнэ муслъымэнми щэлэуат къыщысхуихькIэ мелыIычхэми щэлэуат абы езым къыхуахь, сэ щэлэуат къысхуихьыхукIэ. Арамэ, хуейм ар мащIэу илэжьынщ е куэду илэжьынщ!», — же1э عليه الصلاة والسلام-ым. (Ахьмэд, Ибн Маджэ). 

Уеблэмэ хьэдис пэжхэм къахощ, цIыхум езым и щхьэ щхьэкIэ дугьэ имыщIу, щэлэуат ищIмэ, абы и хьэтыркIэ цIыхум и дуней Iуэхури и ахърэт Iуэхури дэкIыну, и гуэныхьри къыхуэгъуну. (Ахьмэд, Тирмизий). 

Турбиштий щIэныгъэлIым, رحمه الله, жеIэ: «Ар апхуэдэу щIыщытыр: щэлэуатым куэд къызэщIеубыдэри аращ: абыкIэ Алыхьри зикр бощI, Бегъымбарыри صلى الله عليه وسلم богъэлъапIэ, уи щхьэ Iуэхур къыбогъанэри, абы и хьэкъыр богъэзащIэ, уи дугьэм ар япэ ибогъэщ…». (Миркъатул-Мэфатихь). 

Муслъымэн жэмыхьэт! Псом хуэмыдэжу щэлэуат нэхъ щыщIыпхъэщ нобэ хуэдэ махуэхэм. ЖеIэ лIыкIуэ лъапIэм صلى الله عليه وسلم: «Фи махуэхэм я нэхъыфI дыдэхэм ящыщщ Жумгьэ махуэр: абы ирихьэлIэу Iэдэм къагъэщIащ, абы ирихьэлIэуи и псэр ящтэжащ, Накъырэм щепщэнури, Макъышхуэр къыщыIунури а махуэращи, абы техуэу щэлэуат нэхъыбэу къысхуэфхь, фэ фи щэлэуатхэр сэ си пащхьэ къралъхьэж». – Я рэсулэл-Лах, дауэ уи пащхьэ ди щэлэуатхэр нызэралъхьэжыр, щIым щыщ ухъужауэ? – щыжаIэм щэхьабэхэм, — «Алыхь Талэу зи зэфIэкIыр иным щIым хьэрэм щищIащ бегъымбархэм я Iэпкълъэпкъыр ишхыну!»-, жи1ащ عليه الصلاة والسلام-ым.  (Ахьмэд, Абу Дауд). 

ЖеIэ Ибн Iэл-Къэийм رحمه الله تعالى: «Алыхьым и лIыкIуэр صلى الله عليه وسلم-эр цIыху цIыкIум я зиусхьэнщ, Жумгьэ махуэри махуэу щыIэм я зиусхьэнщ. А махуэм ирихьэлIэу ящI щэлэуатми нэхъ лейуэ зыгуэр хэлъщ. Бегъымбар лъапIэм صلى الله عليه وسلم фIыщIэ хуэтщIыным, щытхъу къыхуэтхьыным, и хьэкъым щыщ зы мащIэ гуэри дгъэзэщIэным щыщщ – Жумгьэ махуэмрэ жумгьэ жэщымрэ я кIуэцIкIэ щэлэуат абы нэхъыбэу къыхуэтхьыныр!». 

ДугьэкIэ Алыхьым зыщыхуэбгъазэкIэ абы и зэхэлъыкIэн хуейхэм щыщщ: Алыхьым хуэфащэ фIыщIэмрэ щытхъумрэ зэфIэкIа нэужь, щэлэуат къэпхьу, апхуэдэ дыдэуи дугьэр зэхуэпщIыжыныр. Ар хьэдисми къыхощ. 

Диным и дамыгъэ Азэным иужькIиэ Бегъымбар лъапIэм صلى الله عليه وسلم –эм щэлэуат къыхуэпхьыныр Суннэм щыщщ. Щэлэуат нэужьым дугьэ къэкIуар жыбоIэ. МыдэкIэ лIыкIуэ лъапIэм عليه الصلاة والسلام-ым и цIэр зэхэпхыхукIи щэлэуат абы къыхубохь, армырамэ «нэпсей» цIэр къыболэжь. 

Муслъымэн жэмыхьэт! Щэлэуатыр жыIэныр хабзэ тхурехъу дэтхэнэ зыми. Щэлэуатыр джьэдэлъмэ:  Алыхьым фIыщIэ, Бегъымбарым пщIэ яхудощI, ди дуней IуэхукIи ди ахърэт IуэхукIи абы фIыгъуэ мыухыжыр къыхокI!