Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

Арэзыныгъэр

Псалъэм я нэхъ пэжыр Алыхьым и Псалъэращ, гъуэгум я нэхъ захуэри Бегъымбар лъапIэм صلى الله عليه وسلم и гъуэгуращ, Iуэхум нэхъ Iей дыдэу иращIэри, абы щымыщ зэрыхалъхьэращ, ауэ щымыщ псори гъуэщэныгъэщ, гъуэщэныгъэ псоми узыхуашэнур МафIэрщ. 

Псалъэм я нэхъ пэжыр Алыхьым и Псалъэращ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, аращ дин зетхьэм лъабжьэ хуэхъужри, аращ ди къелынуми и щхьэусыгъуэ нэхъ инри. 

Гъуэгум я нэхъ захуэри Бегъымбар лъапIэм صلى الله عليه وسلم и гъуэгуращ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, абы и гъуэгуращ Алыхьым дыхуэзышэнури, Жэнэтым дизышэнури. 

Махуэ къэс зыбжанэрэ къытедгъэзэжурэ жыдоIэ:

“أشهد أن لا إله إلا الله، وأشهد أن محمداً رسول الله”، псалъэхэр. Абыхэми аращ къидгъэкIыр: дызыхуэлажьэр Алыхьырщ, Алыхьым дызэрыхуэлажьэр Бегъымбарым صلى الله عليه وسلم и къыджиIахэмкIэщ. 

Мыр нэхъ гурыIуэгъуэ дыдэхэм ящыщщ, ауэ ара пэтрэ Iуэхур псалъэ къудейм фIэкIмэ, адэкIэ щхьэж зыхуейр ещIэри дэтщ. 

Муслъымэн жэмыхьэт! ЖеIэ ди лIыкIуэ лъапIэм عليه الصلاة والسلام-ым: «Иманым и IэфIагъыр зэхищIащ: Алыхьыр зэрытхьэм, Ислъамыр зэрыдиным, Мухьэммэдыр зэрылIыкIуэм арэзы техъуам». (Муслим). 

Абы къикIращи, цIыхум зэхищIэу Iиманым IэфIагъ хэлъу аращ. ИкIи а Iуэхугъуищым теухуауэ цIыхум и гум илъ арэзыныгъэр нэхъыбэхукIэ IэфIагъ зэхищIэри нэхъыбэж хъунущ, абы ипкъ иткIи нэхъ насыпыфIэ хъунущ. 

«Алыхьыр зэрытхьэм, Ислъамыр зэрыдиным, Мухьэммэдыр зэрылIыкIуэм» муслъымэным шэч къытрихьэкъым, ауэ ар есэжауэ и жьэм жиIэ къудей мыхъуу, абыхэм я купщIэм егупсысмэ мис итIанэщ хьэдисым жыхуиIэм щыщ гуэр къыщехъулIэнур. 

Мы дунейм сыт нэхъ фIыгъуэу щыбгъуэтынур: Алыхь Талэр узэритхьэр, Ар къызэрыпщхьэщытыр, Ар къызэрыпхуэсакъыр, уи хъейр зыхэлъым узэрыбгъэдишэр, уи хъейр зыхэмылъым укъызэрыбгъэдишыр къыбгурыIуэжу, ар уи фIэщ хъууэ упсэумэ?! 

Мы дунейм сыт хуэдиз цIыху тет Алыхьым къигъэщIахэм яхуэпщылIу, ауэ псори къэзыгъэщIыжа Алыхь Талэр ямыцIыхужу?! Мис а насыпыншагъэм укъыхихащ уэ Алыхь Талэми, ар зэхэпщIэжмэ, IэфIагъыу ар пхурикъунщ! 

Щэ бжыгъэкIэ къыпхуэбжыну тетщ мы дунейм дин зэмылIэужьыгъуэ куэд. Апхуэдиз бжыгъэм щыщу Алыхьым къабыл ищIар Ислъам диным и закъуэщ. НтIэ, апхуэдиз зэхэзэрыхьам уэ уакъыхихыу Езым къабыл ищIа динымкIэ къызэрыпхуэупсар зэхпщIэжмэ – ар IэфIагъкъэ, ар насыпкъэ?! 

Бегъымбар нэпцIу, къэунэху кIуэдыжу щыIэхэр щэ? Апхуэдэ зыгуэрым упэщIэмыхуу, Езы Алыхь Талэ дыдэм къигъэкIуа Мухьэммэд лъапIэм صلى الله عليه وسلم уэ узэрыхуишам зыгуэрым уригъэгупсыскъэ?! 

Ахэр зы лъэныкъуэ къудейщ. МыдэкIэ: Алыхь Талэм мы дунейм хабзэ щигъэувахэм арэзы уатехъуэу, динми хигъэува унафэхэр уарэзыуэ бгъэзащIэмэ – ар IэфIагъ защIэу зэхэлъщ. 

Дунейм сыт къыщыхъуами «Iэлхьэмду лиллях» пхужыIэу, уз къоуэлIами, зыгуэр пфIэкIуэдами «Алыхьым и шыкурщ сыт хуэдэу мыхъуами» жыпIэфу ущытмэ – уэ а IэфIагъыр зэхэпщIэнущ. 

Уи андезыр къыщыпщтэкIэ, уи нэмэзыр щыпщIкIэ – уи гур арэзыныгъэм зэщIищтауэ, а пщIым гупсэхуныгъэ къыхэпхыну ухуэщIэкъуу ахэр бгъэзащIэмэ – уэ а IэфIагъыр зэхэпщIэнущ. 

Муслъымэн жэмыхьэт! «Алыхьыр зэрытхьэм, Ислъамыр зэрыдиным, Мухьэммэдыр зэрылIыкIуэм арэзы дытехъуащ», — щыжытIэм деж, Алыхьым и арэзыныгъэр хэт и арэзыныгъэми япэ идогъэщ, хэт къэгубжьыми Алыхьыр къытхуэарэзымэ дыгузавэкъым, жытIэу аращ. 

Алыхьыр дигъусэмэ, хэти дыремыгъусэ, зыми зыри къыдищIэфынукъым,  ауэ Алыхьыр димыгъусэмэ хэти дырегъусэ, зыми зыри къытхуищIэжыфынукъым! 

Арэзыныгъэр зыхэзылъхьэу, абы и IэфIагъыр зэхэзыщIэжын Алыхьым дищI! Алыхьыр арэзы зыщIу, арэзы къызыхуэхъужынухэми я бжыгъэм дахибжэ!