Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

Iэхькамхэм я цIэхэр

06.09.2013
Еджауэ 3 391

Дин унафэхэм (хьукмхэм) фикъх илъэныкъуэкIэ фIэщыгъэцIэ яIэхэр

Хьэнэфий мэзхьэбым и кIуэцIкIэ фикъхым и щIэныгъэлIхэм шэригьэт унафэхэр (хьукымхэр) Iыхьитхуу яугуэш:

1 – Фэрд (الفَرْض – Iэл-Фэрд);

Ар  шэч лъэпкъ зыхэмылъыж дэлил [КъурIэным е Суннэм къыхэха текст] пыухыкIакIэ къэкIуа Iуэхугъуэращ. Псалъэм папщIэ нэмэз уахътитхур къехьэлIэныр – фэрдщ; а нэмэзхэм папщIэ зыгъэкъэбзэныр – фэрдщ; мылъкум сэджыт хэгъэкIыныр – фэрдщ; Рэмэдан мазэр къэнэщIыныр – фэрдщ; Хьэж щIыныр – фэрдщ… Ахэр псори фэрдщ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ шэч лъэпкъ къыпхутемыхьэжыну абыхэм я унафэр КъурIэнми Суннэми къыщыкIуащ. 

Фэрдым и унафэр (хьукмыр):

Акъыл зэтет зиIэу, балигъыпIэ иува цIыхум (мукэллэфкIэ зэджэм) фэрдыр зэрыфэрдыр игукIэ и фIэщ хъууэ, IэпкълъэпкъкIи ар игъэзэщIэн хуейщ Iэмал имыIэу.

Фэрдыр зыгъэпцIыр (пцIыуэ, щымыIэу зыукъуэдийр) – джауру къалъытэ.

Фэрдыр зэрыфэрдыр гукIэ зи фIэщ хъууэ, ауэ IэпкълъэпкъкIэ ар зымыгъэзащIэр – фасикъыу къалъытэ, нэгъуэщIу жыпIэмэ, Аллаху ТэгIалам и жыIэм фIэкIауэ. ИкIи апхуэдэ цIыхум тезыр хьэлъэ тралъхьэ.

Зи гугъу тщIы фэрдыр зэми ШэртI мэхъу, зэми Рукн мэхъу;

ШэртIыр – ар ялэжьыну я мурад Iуэхугъуэм и пкъыгъуэ дыдэхэм хэмытращ. Псалъэм папщIэ: нэмэзым щхьэкIэ зыгъэкъэбзэныр – шэртIщ; укIытапIэр щIэхъумэныр – шэртIщ; къэблэмкIэ зыгъэзэныр – шэртIщ…

Рукныр – ялэжьыну я мурад Iуэхугъуэм и пкъыгъуэ дыдэхэм хэтращ. Псалъэм папщIэ ущыту нэмэз пщIыныр – рукнщ; нэмэзым ухэту КъурIэным щыщ уеджэныр – рукнщ; рукугь пщIыныр, сэждэм укIуэныр –рукнхэщ.

Рукнымрэ шэртIымрэ зэрызэщхьэщыкIыр къэтхьа щапхъэхэмкIэ наIуэ къэтщIынщ:

ШэртIыр (п.п. зыгъэкъэбзэныр) нэмэзым ипэм щегъэжьауэ икIэм нэсыху зэпымычу цIыхум хэлъын хуейщ.

Ауэ рукныр нэмэзым ипэм щегъэжьауэ икIэм нэсыху цIыхум хэлъын хуейкъым, атIэ нэгъуэщI рукным хуежьэмэ абы ипэ къитыр еух. Псалъэм папщIэ: ущыту нэмэз пщIынымрэ, КъурIэным щыщ гуэр уеджэнымрэ рукнхэщ. А тIури зэпыча мэхъу цIыхум рукугь ищIмэ. Рукугьри зэфIокI сэждэм кIуэмэ. Мис апхуэдэурэ адрейхэри къыбгуроIуэ.

НэгъуэщI зы лъэныкъуэкIэ укъыбгъэдыхьэмэ, фэрдыр IыхьитIу яугуэш: фэрд гьейн; фэрд кифае

Фэрд гьейныр – ар дэтхэнэ мукэллэфми и щхьэкIэ Iэмал имыIэу илэжьын хуейращ, икIи нэгъуэщI цIыхум илэжькIэ мыдрейм ар щхьэщыкIынукъым.  Псалъэм папщIэ: фэрд нэмэзхэр щIыныр; нэщI мазэр къэнэщIыныр; щхьэж езым и мылъкум сэджыт хигъэкIыныр; унафэщIышхуэм псоми яхуэгъэза унафэ къыдигъэкIамэ Алыхьым и гъуэгум тету джихьад щIыныр; цIыхум и диныр тэмэму зэрихьэфын, и лэжьыгъэр Алыхьым папщIэ ищIэфын, цIыхухэми хьэрэм имылэжьу яхэтыфын папщIэ зыхуэныкъуэ Iуэхугъуэхэр зэригъэщIэныр.

Фэрд кифаер – ар мукэллэф гупым ягъэзэщIэн хуейуэ къатехуэращ. Языныкъуэхэм ялэжьмэ адрей къэнахэм абы и гуэныхьыр ящхьэщокI, ауэ зыми ар имылэжьмэ зылэжьыфыну щыIэу хъуам гуэныхь къахь.

Мыбы хеубыдэ дин Iуэхухэри, дуней Iуэхухэри, тIуми хиубыдэ Iуэхухэри;

Дин Iуэхухэм я щапхъэщ: лIар гъэпскIыныр, нэмэз абы тещIэныр, ар дэхыныр, щIэлъхьэныр; КъурIэн къыщеджэкIэ ущIэдэIуныр; КъурIэныр гукIэ зэгъэщIэныр…

Дуней Iуэхухэм я щапхъэщ: цIыхухэр зыхуэныкъуэ IэщIагъэ зэгъэгъуэтыныр.

Туми хиубыдэ Iуэхухэм я щапхъэщ: фIым цIыхухэр къыхуеджэныр, мыхъумыщIэм щыгъэщтэныр; псоми яхуэгъэза унафэ щымыIэми Алыхьым и гъуэгум тету джихьад щIыныр; псым итхьэлэр къегъэлыныр; мафIэсыр гъэункIыфIыжыныр, н.къ.

2 – Уаджиб (الوَاجِب – Iэл-Уаджиб);

Ар гурыщхъуэ гуэр къызыхэхуа дэлилкIэ къэкIуа Iуэхугъуэращ. НэгъуэщIу жыпIэмэ, уаджибым и дэлилым къару щIэлъыр фэрдым и дэлилым къару щIэлъым хуэдиз хъукъым, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ: абы и  дэлилыр дэ къызэрытлъэIэсам гурыщхъуэ гуэр хэлъщ, е зыхуигъэлъагъуэ Iуэхугъуэм гурыщхъуэ хэлъщ. Абы и щапхъэщ: уитр нэмэзыр; гьидитI нэмэзыр; бытырыр; къурмэныр; н.къ.

Псалъэм папщIэ уитр нэмэзыр уаджибщ; сыт щхьэкIэ жыпIэмэ абы и дэлилыр къызэрытлъэIэсам гурыщхъуэ гуэр хэлъщ. Ар мыращ:

Iэбу Дауд къиIуэтэжауэ и «Сунэн» тхылъым итщ (2:62), апхуэдэуи Iэл-Хьаким къиIуэтэжауэ и «Iэл-Мустэдрэк» тхылъым итщ (1:305) – мыбдежым къэтхьыр Iэбу Дауд къызэриуэтэжа псалъэхэращ – ГьэбдуЛлах ибн Бурейдэ и адэм жиIауэ:

Сэ зэхэсхащ Алыхьым и лIыкIуэм, Алыхьым и нэфIыр зыщыхуэу, хъуэхъум я нэхъыфIыр зылъысым, жиIэу: «Уитрыр хьэкъщи, уитр зымыщIыр дэ тщыщкъым. Уитрыр хьэкъщи, уитр зымыщIыр дэ тщыщкъым. Уитрыр хьэкъщи, уитр зымыщIыр дэ тщыщкъым».  Iэл-Кэмал ибн Iэл-Хумам и тхылъ «Фэтхьул-Къэдир»ым зэрыжиIамкIэ а хьэдисыр хьэсэнщ.

Мы хьэдисым нэрылъагъуу къыхощ уитрыр Iэмал имыIэу щIын зэрыхуейр, ауэ хьэдисыр цIыху зэрызхэм къаIуэтэжауэ зэрыщытым папщIэ, дэ къызэрытлъыIэсам гурыщхъуэ гуэр хэт мэхъу. Мис абы къыхэкIыу, зэ еплъыгъуэкIэ хьэдисым уитрыр игъэфэрд хуэдэу къыхэща мыхьэнэм, модрейм гурыщхъуэ къытрегъэхьэжри, уитрыр фэрду пхужыIэкъым, атIэ абы и лъабжьэм щIэт унафэр тыбощIэри «уитрыр уаджибщ» жыбоIэ.

Уаджибым и унафэр (хьукмыр):

Мукэллэфым уаджибыр и IэпкълъэпкъкIэ игъэзэщIэн хуейщ, ауэ игукIэ абы и пэжыпIэ дыдэр и фIэщ хъуныр къалэн ткIий хуэхъукъым, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ къызэрытлъэIэсар гурыщхъуэ зыхэлъ дэлилкIэщ; ауэ щыхъукIэ фIэщхъуныгъэр зытещIыхьауэ щытын хуейр шэч лъэпкъ зыхэмылъыжращ (екъин зыхужаIэр).

Аращи, уаджиб гуэр зыгъэпцIыр, ар щымыIэу зыукъуэдийр – джаур хъуауэ къэплъытэ хъунукъым, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, уаджибым и дэлилым гурыщхъуэ хэлъщ.

НэгъуэщI зыгуэру уаджибыр къызыгурыIуэу (тэIуил ищIу) ар зымыгъэзащIэр фасикъыу е гъуэщауэ къалъытэкъым.

Ауэ къызыфIэмыIуэхуу, мыхьэнэншэу къэзылъытэу уаджибыр зымыщIыр джауру къалъытэ.

КъыфIэмыIуэхуныгъи тэIуил щIыни Iуэхум хэмылъу ар зымыгъэзащIэр фасикъыу къалъытэ; сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, Алыхьым и жыIэм текIри уаджиб хуэхъуар игъэзэщIакъым. Апхуэдэм тезыр хьэлъэ къелэжь, ауэ фэрдыр зыбгынэм и тезырым хуэдиз дыдэ мыхъуу.

Уаджибри IыхьитIу яугуэш: уаджиб гьейн; уаджиб кифае.

Уаджиб гьейныр: дэтхэнэ мукэллэфми и щхьэкIэ игъэзэщIэн хуейращ. Псалъэм папщIэ уитр нэмэзыр, бытырыр, гьид нэмэзыр, къурмэныр, н.къ.

Уаджиб кифаер: мукэллэф гупым ягъэзэщIэну я зэхуэдэу къатехуэращ, языныкъуэм ящIэмэ адрей къэнахэм ящхьэщыкIыу. ИкIи псапэр къэзыхьри уаджибыр зылэжь дыдэращ, мыдрейхэр абы химыубыдэу. Уаджиб хъуа Iуэхугъуэр ямыгъэзащIэмэ, ар зыгъэзэщIэну зыхузэфIэкIыу хъуам гуэныхь къахь. Абы и щапхъэщ зы цIыху хэха гуэрым гупым сэлам къарихмэ абы жэуап етыжыныр уаджиб зэрыхъур.

3 – Суннэт (السُّنَّة – Iэс-Суннэ);

Суннэтыр IыхьитIу яугуэш: муIэккэдэ (гъэткIия); гъейр муIэккэдэ (мыгъэткIия).

Суннэт муIэккэдэ:

Ар бегъымбарым, Алыхьым и нэфIыр зыщыхуэу, хъуэхъум я нэхъыфIыр зылъысыным, сыт щыгъуи илэжьу щытаращ; абы щIыгъужу цIыхухэри ар ялэжьыну тригъэгушхуащ, ауэ ткIиягъ хэмылъу.

Апхуэдэуи мыбы хеубыдэ бегъымбар лъапIэм, Алыхьым и нэфIыр зыщыхуэу, хъуэхъум я нэхъыфIыр зылъысыным, иужькIэ тета хъэлифэ захуиплIым сыт щыгъуи ялэжьу щыта Iуэхугъуэхэр. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, Iэл-Гьирбад ибн Сарие Iэс-Сулэмий къиIуэтэжа хьэдис пэжым къыщокIуэ: «Фытет си суннэми, си яужькIэ къэкIуэну хъалифэ захуэ-узэщIахэм я суннэми. ХэвукIэ абы (суннэм) фи дзэ щхьэлхэр»[Хьэдисыр къаIуэтэжащ: Iэхьмэд «Муснэд» 4:126, 127; Iэбу Дауд «Iэс-Сунэн» 4:201; Тирмизий «Iэс-Сунэн»; Ибн Маджэ «Iэс-Сунэн»: 1:15. Тирмизий жиIащ: хьэдисыр дахэщ икIи пэжщ.]. Фахуэсакъ, къэвмыгъанэу влэжь, жыхуиIэщ.

Суннэт муIэккэдэхэм ящыщщ: андезыр щыбублэкIэ мисуак къэбгъэсэбэпыныр; жумгIэ махуэм зыбгъэпскIыныр; пщэдджыжь нэмэзым и суннэтитIыр пщIыныр; турыхь нэмэзыр рэкгьэт тIощIу пщIыныр; нэмэзхэр жэмыхьэту пщIыныр; мы иужьрейр, уаджибщ, жызыIаи щыIэщ.

Суннэт муIэккэдэм и хьукмыр:  ар зыщIым псапэ къехь, зымыщIым гуэныхь къихькъым, ауэ къызэригъэнам папщIэ и щхьэм и зэран иригъэкIыжа хъунущ, хьэлэлым нэхъ пэгъунэгъу мэкрухыгъи (гуемыIугъэ) къыIэщIощIэ.

Аращи, ар бгынэным зыщыхъумэным елэжьыпхъэщ. Суннэт муIэккэдэхэр лэжьыныр цIыхум и диныр нэгъэса зыщIщ, щхьэусыгъуэншэу ахэр убгынэныр гъуэщэныгъэм щыщщ.

Суннэт гъейр муIэккэдэ; нэгъуэщIу абы хужаIэ: «мэндуб» е «мустэхьэб»:

Ар бегъымбарым, Алыхьым и нэфIыр зыщыхуэу, хъуэхъум я нэхъыфIыр зылъысыным, языныкъуэхэм илэжьу, икIи зытригъэгушхуэу щыта Iуэхугъуэращ.

Псалъэм папщIэ: андез щыпщтэкIэ къэблэмкIэ зыбгъэзэныр; азэн къаджэу щызэхэпхкIэ псэлъэнри лэжьэнри къэбгъэувыIэныр, абы уедаIуэу муIэзиным жиIэм хуэдэ жыпIэжын папщIэ; андез щыпщтэкIэ, зыщыпхуапэкIэ, гуп узрихьэлIам цIыхуу хэтыр я фIыгъэкIи я ныбжькIи зэхуэдэмэ – ижьымкIэ ухуежьэныр; армырамэ я нэхъыфIымкIэ е я нэхъыжьымкIэ ухуежьэнщ. Суннэт гъейр муIэккэдэм хеубыдэ зыхузэфIэмыкIым и щIыхуэр хуэбгъэгъуныр.

Суннэт гъейр муIэккэдэм и хьукмыр:

Ар зылэжьым псапэ къелэжь, зымылэжьым гуэныхь къихькъым, ауэ ар зыбгынэм хъерым, псапэм, фIыгъуэм зыхегъэкIыж.

Суннэтри IыхьитIу яугуэш: суннэт гьейн; суннэт кифае;

Суннэт гьейныр: дэтхэнэ мукэллэфми и щхьэкIэ илэжьыну суннэтращ. Абы и щапхъэщ суннэт нэмэзхэр щIыныр; жумгIэ махуэмрэ гIид махуэмрэ зыгъэпскIыныр; нэмэз нэужьхэм зикр щыIэхэр жыIэныр.

Суннэт кифаер: мукэллэф гупым ялэжьыну суннэтращ. Языныкъуэм ар ялэжьмэ адрейхэм Iуэхур ящхьэщокI, ауэ псапэ зыхуатхыр суннэтыр зыщIар езыращ. Абы и щапхъэщ: турыхь нэмэзыр жэмыхьэту щIыныр; Рэмэдан мазэм и иужьрей жэщипщIым мэждытым IигIтикаф щыщIыныр; къалэм е къуажэм азэн макъ щыIуныр; сыт щхьэкIэ жыпIэмэ дэтхэнэ зыри азэн къэджэн хуейуэ пхужыIэнукъым, ауэ азэн къэджэныр суннэт кифае пэтрэ, къуажэм е къалэм дэсу хъуам къызэдащтэу азэныр ябгынэмэ зауэ иращIылIэну къалэжь, сыту жыпIэмэ, азэныр Ислъам диным и дамыгъэ инхэм щыщщ.

4 – Мэкрух (المَكْرُوه – Iэл-Мэкруh);

Мэкрухыр IыхьитIу зэхадз: мэкрух тэнзихэн; мэкрух тэхьримэн:

Мэкрух тэнзихэн (хьэлэлым нэхъ пэгъунэгъу):

Ар зылэжьым тезыр гуэр ШэригIэтым тримылъхьэми, абы цIыхухэр щегъащтэ.

Мыпхуэдэр лэжьыныр хьэрэм мэхъуу хьэлэлым нэхъ пэгъунэгъу гуемыIугъэу къалъытэ.

Щапхъэ: андез зыщтэм псыр исраф пщIыныр е егъэлеяуэ псыр игъэмэщIэныр; Iэ ижьымкIэ пэр къилъэфыныр е псыр пэм къигъэжыжыныр; жумхьэ махуэм зымыгъэпскIыныр; андезыр «бисмилляхьир-рэхьманир-рэхьим»кIэ умыублэныр; мисуак къомыгъэсэбэпыныр…

Мыбы и хьукмыр: Алыхьым и жыIэм тету мыбы зыщызыхъумэм псапэ къехь; зылэжьым тезыр къилэжькъым, ауэ мэкрух тэнзихэныр зылэжьам и дэфтэр напэм мыдаIуэныгъэм къыхэкIа фIыцIагъэ ирегъахуэ.

Мэкрух тэхьримэн (хьэрэмым нэхъ пэгъунэгъу) :

Ар гурыщхъуэ гуэр зыхэлъ дэлилкIэ ШэригIэтым имыда Iуэхугъуэращ.

Щапхъэ: дыгъэр гъуэжь хъуным нэсыху ичынды нэмэзыр гъэгувэныр; цIыхум и ныбэр къеныкъуэкъуу нэмэз ищIыныр; зыгуэрым къытраха щIым тету, е зыгуэрым къытраха щыгъын щыгъыу нэмэз щIыныр; нэщI исым и щхьэгъусэм ба хуищIыныр; нэщI икIыж махуэм е къурмэн махуэм нэщI Iыгъыныр; дыщэм е дыжьыным къыхэщIыкIа хьэкъущыкъу цIыхухъум е цIыхубзым къигъэсэбэпыныр; жумгIэ нэмэзым и азэныр къыщыджэкIэ щэн-щэхуэным ухэтыныр; нэмэзым и рукнхэр (рукугI, сэждэ, сэждитI зэхуакум щысын хуэдэхэр) гупсэхугъэ хэмылъу цIыхум ищIыныр; къинэмыщIауи дэтхэнэ уаджибри зыбгынам мэкрух тэхьримэн елэжь.

Языныкъуэм деж ди щIэныгъэлIхэм мэкрух тэхьримэным ехьэлIауэ «хьэрэм» псалъэр къыщагъэсэбэп щыIэщ. Имам Мухьэммэд ибн Iэл-Хьэсэн дэтхэнэ мэкрух тэхьримэнри хьэрэму къелъытэ, ауэ пыупщIауэ «хьэрэм» хужимыIэу, «мэкрух»кIэ йоджэ, гъэтIкIияуэ хьэрэмыр къызыхэщ текст зэримыгъуэтам къыхэкIыу. Армырауэ зэрыхьэрэмыр ткIийуэ къызыхэщ текст ирихьэлIэмэ, езыми пыупщIауэ «хьэрэм» жеIэ. Зэрыхьэлэлыр пыупщIауэ къызыхэщ текст ирихьэлIэмэ, езыми пыупщIауэ «хьэлэл» псалъэр къегъэсэбэп.

Армырауэ хьэлэлыр къызыхэщ текстым гурыщхъуэ гуэр хэлъу щытмэ «ягъэ кIынукъым» (ла бэIсэ биh) жеIэ.

Хьэрэмыр къызыхэщ текстым гурыщхъуэ гуэр хэлъмэ «мэкрухыу къызолъытэ» жеIэ.

ИмамиплI муджтэхидхэри, ди япэ ита нэгъуэщI щIэныгъэлIышхуэхэри апхуэдэущ Iуэхум зэрыбгъэдыхьэу щытар. Ари къызыхахыр сакъыныгъэрат. Тешыныхьт ахэр мы аятым зи гугъу ищIым хиубыдэнкIэ:

“وَلا تَقُولُوا لِمَا تَصِفُ أَلْسِنَتُكُمُ الْكَذِبَ هَذَا حَلالٌ وَهَذَا حَرَامٌ…”

 “Фи бзэгухэм пцIыуэ хуагъэфэщам папщIэ жывмыIэ: мыр хьэлэлщ, мыр хьэрэмщ..”. [ Сурэ 1эн-Нэхьл: 116]

И хьукмыр:

Мыр зылэжьыим тезыр къелэжь хьэрэм зылэжьым тезыр къилэжьым хуэдиз дыдэ мыхъуу. Алыхьым и жыIэм тету мыр зымылэжьым псапэ къехь. 

Хьэнэфий мэзхьэбым и кIуэцIкIэ щIэныгъэлIхэм зыгуэрым ехьэлIауэ «мэкрух» щыжаIэм деж, нэхъыбэу кърагъэкIыр хьэрэмым пэгъунэгъу мэкрухращ. 

5 – Хьэрэм (الحَرَام – Iэл-Хьэрам); Апхуэдэуи абы хужаIэ «Iэл-Мухьэррэм».

Ар – гурыщхъуэ лъэпкъ зыхэмылъ дэлил пыухыкIакIэ зэрымыхъунур къэкIуэ Iуэхугъуэращ.

Щапхъэ: фэрд нэмэзыр и уахътым блэгъэкIыныр; пцIы упсыныр; цIыху хьэкъыр щхьэусыгъуэншэу гъэгувэныр; зыгуэрым и мылъку къытехыныр; цIыхухэм лей яхыныр; дыгъуэныр; фадэ ефэныр; ахъшэтелъхьэкIэ мылъку шхыныр; зинэ щIэныр; цIыху укIыныр. Апхуэдэуи мыбы хеубыдэ: фэрд нэмэзхэр мыщIыныр; мылъкум сэджыт хэмыгъэкIыныр; цIыхубзым IэлъощI зэтримылъхьэныр; хамэ цIыхухъухэм цIыхубзыр яхэтыныр … 

И хьукмыр:

Хьэрэмыр зылэжьым Жэхьэнэмэ мафIэкIэ ирагъэшэчыну тезыр хьэлъэ къелэжь; Алыхьым и жыIэм едаIуэу абы зыщызыхъумэм псапэ къехь. 

ИкIи гурыIуэгъуэу щытын хуейщ хьэрэмыми мэкрухми хъер лъэпкъ зэрыхэмылъыр, атIэ фIеягъ защIэу зэрызэхэлъыр. ЗэрызэщхьэщыкI къудейр: зым и фIеягъыр адрейм нэхърэ нэхъ гуащIэу зэрыщытращ. ИщхьэкIэ къыщыкIуа щапхъэхэми ар гурыIуэгъуэу къахощ. Ахэм псоми Алыхьым дащихъумэ.

МыдэкIэ нэгъуэщI зы Iуэхугъуэ щыIэщ «Iэл-Мубахь» (المُبَاح) и цIэу;

Шэригьэтым икIи дыкъыхуримыджэу икIи дыщимыгъащтэу щыт Iуэхугъуэм – мубахькIэ йоджэ.

Щапхъэ: шхэн, ефэн, тэджын, тIысын, щэн, къэщэхун… хуэдэхэр езыр-езыру къапщтэмэ.

И хьукмыр:

Мубахьым псапи гуэныхьи къыпэкIуэкъым икIи цIыхур хуитщ ар ищIэнуми имыщIэнуми.

Ауэ диным игъэхьэкъ нет щIыгъуу ар зыщIам псапэ къехь. Апхуэдэм деж а Iуэхугъуэр мубахьым йоIэпхъукIри мэндуб мэхъу.

Псалъэм папщIэ: хьэщIэр тригъэун, игъэгушхуэн и мураду унэр зейр абы дэшхэмэ; жэщым нэхъ тыншу къэтэджыжу икIи  гукъыдэж иIэу псапэ нэмэзыр хуэщIын папщIэ махуэм тIэкIу жеймэ; Алыхьым кърита фIыгъуэр къызэхигъэщын мурадкIэ щыгъын екIу зыщитIагъэмэ, абыкIэ зэгъэиныни зыгъэлъэгэни имымураду. Апхуэдэуи цIыхухэм нэхъ гурыхь ящыхъун икIи нэхъыфIу закъригъэлъэгъун мурад иIэу щыгъын екIу щызытIэгъам псапэ къехь. 

Шейхъ Гьэбдул-Фэттахь Iэбу Гъуддэ.

«Фэтхь баб Iэл-Гьинае» тхылъым и пэублэ псалъэм (1:1-18) къитхыжащ.