Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

Пэрытхэр

13.10.2015
Еджауэ 4 865

ЩIыныгъэм хуэгъэпса центыр жыпIэми, зыгуэр къэхутэн-къэгъуэтыным телажьэ цIыху щхьэхуэ жыпIэми, куэд щыIэщ: сыт хуэдэ Iуэухугъуэми ехьэлIауэ япэ лъэбакъуэ зыча цIыхухэр зэрагъэщIэн мурадкIэ тхыдэр щIэзыджыкIыж е махуэ къэс къэхъукъащIэм кIэлъыплъ.

Езэш ямыщIэу къалъыхъуэ абыхэм: хэту пIэрэ мыр япэ дыдэ къэзыгупсысауэ щытар, хэту пIэрэ япэ дыдэ мыр къэзыпсэлъар, хэту пIэрэ япэ дыдэ мыр зи Iэдакъэ къыщIэкIар, жаIэу.

ЦIыху къызэрыгуэкIхэри куэду дехьэх псоми япэ ищахэм ятеухуа тхылъхэм, абыхэм ехьэлIа тхыгъэхэм. Абы и щыхьэтщ, апхуэдэ зыгуэр къащIамэ, дэнэ дежи ар къызэрапсэлъыр, зымыщIэм абыкIэ зызэрыхуагъэщIагъуэр.

Ари хъарзынэщ, ауэ гъэщIэгъуэну икIи зэгъэзэхуэгъуейуэ Iуэхум хэлъращи: дэри ди щхьэкIэ а пэрытхэм ящыщ дыхъуащэрэт жызыIэу е абы хущIэкъуу цIыхухэм яхэтыр зэрызакъуэтIакъуэщ.

ЗакъуэтIакъуэщ, нэгъуэщIым иджыри къэс имыщIа IуэхуфI гуэр злэжьынщ, нэгъуэщIым иджыри къэс хунэмыгъэса Iуэху нэзгъэсынщ, цIыху куэдым сэбэп яхуэхъун хуэдэу иджыри къэс къамыгупсыса гуэр къэзгупсысынщ, жызыIэхэр.

 МыдэкIэ дыкъызэплъэкIрэ Ислъам дин нэгъэсам абы ехьэлIауэ зыгуэр жиIэу пIэрэ, жытIэу дыхэплъэжмэ, пэрытхэм ящыщ ухъуным утезыгъэгушхуэу, абы ущIэзыгъэхъуэпсу диным хэтхэр мымащIэу къыщIокI:

Псалъэм папщIэ девгъэдаIуэт Алыхьым и нэфIыр зыщыхуэу, хъуэхъум я нэхъыфIыр зылъысыным, жиIам: “Ислъамым хабзэ дахэ къыщызыублэм – абы и псапи, ар зылэжьу хъуам я псапи къихьынущ, мыдрейхэм я псапэм абы щхьэкIэ зыри хэмыщIу“. (Муслим).

Тхьэм и тыгъэ ин бегъымбарым صلى الله عليه وسلم-эм зи гугъу къытхуищIа хъыбар дахэхэм ящыщщ мы хьэдисым къиIуатэр. ХабзэфI къэзыублэфыну къигъэгугъэхэм яхурикъун хуейщ а хьэдисым къызыхуриджэр.

ЛIыкIуэм я нэхъ лъапIэм а псалъэхэр япэ дыдэ жезыгъэIам и щхьэусыгъуэми девгъэдаIуэт:

Мудэр лъэпкъым къыхэкIауэ егъэлеяуэ къулейсыз гуп къэкIуат бегъымбар лъапIэм, Алыхьым и нэфIыр зыщыхуэу, хъуэхъум я нэхъыфIыр зылъысыным, и деж, зыгуэркIэ къелъэIуну. Езы лIыкIуэри, صلى الله عليه وسلم -эр цIыхухэм къахыхьэри, сэдэкъэ тыным тригъэгушхуэу къахэпсэлъыхьащ. Абы иужькIэ кърихьэлIа псом япэ иту зылI къыхэкIащ гупым. Бохъшэ иIыгъым и Iэр иришэхыу къихьри сэдэкъэуэ итащ. Абы ищIар зылъэгъуахэм ар щапхъэ яхуэхъури мыдрейхэми нэхъ тегушхуауэ сэдэкъэ ятащ. Мис абы иужькIэ лIыкIуэ лъапIэми صلى الله عليه وسلم нетIэ дыкъэзэджа псалъэхэр къыжьэдэкIащ.

Уеблэмэ езы бегъымбар дыдэри صلى الله عليه وسلم щыгуфIыкIыу икIи иригушхуэу щытащ Iуэхугъуэ гуэрхэм ехьэлIауэ Аллаху Тэгьалам пэрыт зэрищIам папщIэ.

ЖиIэр сыт абы ехьэлIауэ а цIыху лъапIэм: (Къемэт махуэм) япэ дыдэ сэждэ ищIыну хуит къащIынур сэращ. Япэ дыдэ зи щхьэ къэзыIэтыжыну хуит къащIынури сэращ“. (Муснэд Ахьмэд 20744).

НэгъуэщIыпIэ дежи щыжеIэ абы: “Iэдэм и быну хъуам сэ саризиусхьэнщ. Япэ дыдэ щIыр щIызэгуэчынури сэращ (япэ дыдэ щIым къыхэкIыжынур жыхуиIэщ), япэ дыдэ шэфыгьэт хъууэ, япэ дыдэ зи шэфыгьэтри зыIахынур сэращ“. (Сунэн Аби Дауд, 4053).

МыдэкIэ я духьэр къабылу яIихын папщIэ цIыхуфIхэр Алыхьым зэрелъэIуу щыта Iэмалхэм щыщщ: “адрейхэм япэ дызэрищам и хьэтыркIэ”, жаIэу зэрыщытар.

Фиргьэун къигъэсэбэпыну зи яужь ита удхэм, Iэзэгъуазэхэм Мусэ бегъымбарым къихьа диныр къыщащтэм, “фызукIынущ, фызгъэкIуэдынущ”, жиIэу Фиргьэуныр къилъу щIидзат.

Абы и жэуапу мо гупым къапсэлъам девгъэдаIуэт псори: “Ар зэран къытхуэхъунукъым, дэ ди Тхьэм и деж дгъэзэжынущ (армырами). Дэ догугъэ ди Тхьэм ди гуэныхьхэр къытхуигъэгъуну, иман къэзыхьахэм япэ дызэритым и хьэтыркIэ“. (Iэш-ШугьэраI, 50-51).

Удыгъэм ехьэлIауэ къаIэщIэщIар Алыхьым къахуигъэгъуну щыгугъхэт, Мусэ гьэлейхис-сэламым къихьа диныр япэ дыдэ зи фIэщ хъуахэр езыхэрауэ зэрыщытым и хьэтыркIэ.

Абы адэкIэ, зы лэжьыгъэ гуэр зылэжьу, ар япэрей щIэгъуэм къызэхъулIэм и псапэр нэхъыбэу, етIуанэ еплъыгъуэм ар къызэхъулIам и псапэр нэхъ мащIэу къызыхэщ хьэдис пэжи щыIэщ.

ЖиIащ лIыкIуэ лъапIэм صلى الله عليه وسلم: “Япэ еуэгъуэмкIэ уэзэгъэ (пшахъуэщIым щыпсэу псэущхьэ зэран, шындырхъуо теплъэ иIэу)  зыукIым мыпхуэдиз псапэ къихьынущ, етIуанэ еуэгъуэмкIэ зыукIым мыпхуэдиз псапэщ иIэнур (япэрейр нэхърэ нэхъ мащIэу), ещанэ еуэгъуэкIэ зыукIым иIэнур мыпхуэдиз псапэщ (етIуанэрейм нэхърэ нэхъ мащIэу…”. (Муслим).

Абы адэкIэ: япэ дыдэ гьибадэт щIыпIэ зэрыхъуам папщIэ Аллаху Тэгьалам ар нэхъ хиIэтыкIыу къыхегъэщ зыгуэрхэм я цIэр.

ЖиIар сыт Аллаху Тэгьалам Кэгьбэ лъапIэм ехьэлIауэ:

“إنَّ أَوَّلَ بَيْتٍ وُضِعَ لِلنَّاسِ لَلَّذِي بِبَكَّةَ مُبَارَكًا وَهُدًى لِّلْعَالَمِينَ”

“(Гьибадэт щIэным и ) унэу япэ дыдэ цIыхухэм папщIэ ящIар Бэккэ (Мэккэ) дэтращ, берычэтрэ, дунейм я гъуазэу“. (Iал-Гьимран, 96).

МыдэкIэ, и лIыкIуэ лъапIэм къепсалъэу жеIэ Аллаху Тэгьалам: “Япэ махуэм щегъэжьауэ тхьэшынагъэр лъабжьэ зыхуэхъуу ящIа мэжджытым нэмэз щыпщIыну нэхъ хуэфащэщ“. (Iэт-Тэубэ, 108). Девгъэгупсысыт! Мывэ пэтрэ, щIы Iыхьэ пэтрэ, япэ зэрищам папщIэ пщIэ лей игъуэтащ!

Япэ уищу фIы блэжьыным епха фIыгъуэр зи хуэдизыр фIыуэ къызыгурыIуа щэхьабэ махуэхэм зыхагъэкIыжынт апхуэдэм?! АбыкIэ ахэм къадэувыни бгъуэтынт?!

Щэхьабэм я нэхъыфI дыдэу, абы ипкъ иткIи лIыкIуэ лъапIэм иужькIэ мы Iуммэтым нэхъ цIыху лъапIэ дыдэу хэтыр Абу Бэкырщ. НтIэ япэ дыдэ цIыхухъухэм щыщу Ислъам диныр къэзыщтар Абэ Бэкырт. Япэ дыдэ КъурIэн лъапIэр зэхуэзыхьэсыжар Абу Бэкырт.

Абы адэкIэ къыкIэлъокIуэ Гьумэр. Япэ дыдэ хьиджрэм тещIыхьауэ илъэсхэр къэбжыныр къезыгъэжьар Гьумэрщ…

Япэ дыдэ и унагъуэри щIыгъуу хьиджрэ зыщIауэ щытар Гьусман ибн Гьэффанщ… Мис апхуэдэурэ щапхъэ куэд къыпхуэхьынущ.

Япэ дыдэ бегъымбар лъапIэм صلى الله عليه وسلم -эм муслъымэн сэлам хыкIэкIэ зыхуэзыгъэзар сэращ, жиIэу щытащ Абу Зэрр, Алыхьыр арэзы зыхуэхъуным, ар езым къызэрыдэхъуар зэригуапэр и нэгум къищу. (Муслим и тхылъым итщ).

КъиблэмкIэ гъэзауэ псыунэ Iуэху зэфIэбгъэкI зэрымыхъунур япэ дыдэу зэхэзыхари, япэ дыдэ ар цIыхухэм яжезыIэжари сэращ, жиIэу щытащ Гьэбдул-Лах ибн Iэл-Хьарис щэхьабийм, япэ уищыным мыхьэнэшхуэ зэриIэр ищIэти. (Муснэд Ахьмэд).

НтIэ дэтхэнэ зыми, псоми япэ дищу фIы зыхэлъ жытIэным, фIы зыхэлъ длэжьыным ехьэлIауэ мис ахэр щапхъэ тхурехъу!

ЦIыхум зыгуэр ищIэну нэхъыбэ дыдэу тезыгъэгушхуэхэм ящыщщ –  а ищIэнум фIыгъуэ пылъыр зыдынэсыр, абы къихьыну сэбэпынагъым и инагъыр къищIэныр. Арамэ, ищхьэкIэ къыжытIахэр хурикъун хуейщ цIыху губзыгъэм, псоми япэ ищу лэжьыгъэ щхьэпэ илэжьыну.

Ар нэхъ къохъулIэн папщIэ узыхуэсакъын хуейхэм ящыщщ: умыхьэнэншэу, уи зэфIэкIыр зыдынэс щымыIэу къыпщыхъуж зэрымыхъунур е лэжьыгъэ зызупщытынур мыхьэнэншэу, гугъу ущIыдехьын хэмылъу уегупсысыныр. 

Мыхьэнэншэу зыкъыпщыхъуж зэрымыхъуным теухуауэ дэ щапхъэ тхуэхъун хуейщ щэхьабий махуэ Ибн Гьэббас, Алыхьыр арэзы зыхуэхъуныр.

Бегъымбар лъапIэм, صلى الله عليه وسلم, сызэрыщIыгъуар зэман кIэщIщ е ныбжькIэ сыщIалэIуэщ, жиIэу къимыгъанэу, щэхьабэхэм я нэхъыфI дыдэхэр икIи я нэхъыжь дыдэхэр зэхэсу езым и еплъыкIэр утыкум кърилъхьэфу щытащ абы.

ДауикI апхуэдэхэм деж: зыгуэркIэ гупым закъыхэзгъэщынти, си цIэр цIыхум яхэзгъэIуэнти, си акъылыфIагъыр къезгъэщIэнти, жыпIэу, апхуэдэ мурад лъахъшэхэм укъырихуэкI хъунукъым, абыхэм жыжьэ уахьынукъым.  

МыдэкIэ лэжьыгъэ узыпэрыувэнур мыхьэнэншэу къыпщыхъуж зэрымыхъунум ехьэлIауэ дэ тхурикъун хуейщ Алыхьым и нэфIыр зыщыхуэным и псалъэр:

ФIым щыщ гуэри мыхьэнэншэу къомылъытэ, кIапсэ кIапэр зыгуэрым хуэпшиижын нэхъ мыхъуми; и вакъэ лъэпсыр зыгуэрым ептыжын нэхъ мыхъуми; уи пэгунымкIэ къипхыурэ псыхьэ къэкIуам псы хуибгъэхъуэн нэхъ мыхъуми; цIыхум зэран яхуэхъуу гъуэгум телъыр тепхын нэхъ мыхъуми; уи къуэшым нэгу зэIухакIэ уIущIэныр нэхъ мыхъуми; уи къуэшым ухуэзэу сэлам епхыныр нэхъ мыхъуми; зи щхьэр зи жагъуэ гуэрым и гур фIы хуэпщIыжын нэхъ мыхъуми…”.

АдэкIэ къыпищэми девгъэдэIуэжыт: “Уэ къыбдищIэ гуэр ехьэлIауэ псалъэ дыдж къозыпэсам, уэри апхуэдэ зыгуэр абы хэлъу пщIэ пэтми псалъэ дыдж помыдзыж. Мис итIанэ абы пэкIуэ псапэр уэ ууей хъунущ, гуэныхьыр модрейм и пщэ дэхуэнущ“. 

АдэкIи къыпещэ: “Уи тхьэкIумэм зэхихыжыну пфIэфIыр лэжь, уи тхьэкIумэм зэхихыжыну пфIэмыфIым пыIукIуэт“. (Муснэд Ахьмэд).

Аращи, сэбэпынагъ зыхэлъыр, цIыкIуми инми длэжьу, абыкIэ псоми пэрыт дахуэхъуу дывгъэпсэу. ДунеягъэкIи АхърэткIи абы зыри хущIегъуэжынукъым!