Алыхьышхуэу дыкъэзыгъэщIам дыщывгъэшыни, ди зэман блэкIым дерс хэдвгъэх, зи махуэр кIуэуэ, зи лэжьыгъэфIхэм хэмыхъуэхэм ящыщ дывмыгъэхъу!
Муслъымэн жэмыхьэт! Илъэсыр къекIэрэхъуэкIри мис аргуэру зы щIымахуэ дыхыхьащ, дунейр щIыIэ хъуами муслъымэным и гур хуабэщи, абы езыри къегъэхуабэри, къыбгъэдэтхэми и хуабагъыр ялъоIэс.
ЩIымахуэм и щIыIагъым Iэмал къыдитащ: Алыхьым и къарум дегупсысыну, мы дунейм и зыхъуэжыкIэ гъэщIэгъуэным дерс хэтхыну, щIыIэм хуэмыхьэзыр цIыхухэм, абы адэкIэ псэущхьэхэм сэбэп дахуэхъуурэ псапэ къэтхьыну!
Алыхь Закъуэращ зи унафэр дунейр щIыIэ хъунуми, хуабэ хъунуми, уэс къесынуми, уэшх къешхынуми, жыгхэр къэтIэпIынуми, тхьэмпэхэр пылъэлъыжынуми, удзхэр къэкIынуми, щIым хэгъухьыжынуми…
Алыхь Закъуэращ абы хуитыр, мы дунейм абы дэ хэтлъхьэни, хэтхыни щыIэкъым. ИкIи Аллаху Тэгьалам апхуэдэу мы дунейр щызэхигъэувакIэ, абы мыхьэнэшхуэ иIэщ, гупсысэшхуи хэлъщ.
КъинэмыщIауи, зэуэзэпсу гъэмахуэ хуабэр щIымахуэ щIыIэ мыхъуу, абы я зэхуакум бжьыхьэ зэрыдэтым, бжьыхьэмкIэ цIыхухэми, псэущхьэхэми, къэкIыгъэхэми, нэгъуэщIхэми щIыIэ къэкIуэнум зыхуагъэхьэзэрыфу Алыхьым зэригъэпсам Iущыгъэшхуэ хэлъщ.
Уеблэмэ дунейр зэрыщыту а хабзэм тету гъэпсащ. Зэуэзэпсу, къыздихуари къыздикIари умыщIэу, мы дунейм зыри къыщыхъукъым, атIэ цIыкIур ин хъууэ, хуэмри хуабжь хъууэрэ Алыхьым къигъэщIынур къегъэщI.
Ауэ а хабзэм цIыху цIыкIур сыт щыгъуи дытеткъым, атIэ къыздикIари къыздихуари дымыщIэу, “щIэныгъэлI” хьэзыр хъуауэ утыкум куэд къозэрыхь, Iуэхум я нэхъ ин дыдэри зэуэзэпсу зэфIахыну хуейхэу, иджыри къэс мыдрейхэм яхуэмыщIар езыхэм зы махуэ зы жэщым зэфIагъэкIын ягугъэу.
Ауэ пэжращи, зэман кIыхькIэ зэIащIар зэман кIэщIкIэ зэIахыжкъым. Илъэс блыщIым щIигъукIэ диныр зыIэщIауду къекIуэкIа цIыхухэм илъэс зыбжанэкIэ диныр яхыупщэжыфынукъым.
Муслъымэн жэмыхьэт! ЩIымахуэм и деж къэдгъэзэжынщи, абы и щIыIэм теухуауэ къэкIуа хьэдисым зэ дыщIэвгъэдэIут. ЖеIэ лIыкIуэ лъапIэм, гьэлейхищ-щэлату уэс-сэламым: “Уэ, си Тхьэ! Си зы Iыхьэм адрей си Iыхьэр ишхыжащ”, — жиIэу Жэхьэнэмэ мафIэр Алыхьым щыхуэтхьэусыхэм, Аллаху Тэгьалам абы бэуэгъуитI къыритащ, зыр щIымахуэм, адрейр гъэмахуэм. ЩIымахуэм нэхъ уае дыдэ щыхъуам деж ар Жэхьэнэмэм къикI щIыIэщ, (гъэмахуэми) хуабэ дыдэ щыIэр, Жэхьэнэмэм къикI хуабэщ“. (Бухъарий, Муслим).
Ар зэхиха иужькIэ иман зыбгъэдэлъ цIыхур мэгужьей. Дунейри Ахърэтри зэрызэпэгъунэгъур къыгуроIуэ. Жэхьэнэмэм и шынагъуагъым егъэгупсысэри Алыхьым и жыIэм зэрытемыкIынум йолIалIэ.
ЩIымахуэм къес уэсым теухуауэ жиIэт зы цIыхуфI гуэрым: “Уэсыр къесу, къелъэлъэхыу слъагъухукIэ сигу къокI – Къемэт махуэм дэфтэрхэр зэраугуэшыжыну щIыкIэр, апхуэдиз цIыхум ахэр къазэрыхэщэщэнур”.
Мис апхуэдэу щытын хуейщ цIыху муслъымэным и гупсысэкIэр; мы дунейм къыщыхъу Iуэхугъуэхэм ахърэтыр зыгуэркIэ иригъэщхьурэ абыкIэ и Iиманыр хигъахъуэу, и лэжьыгъэфIхэр нэхъыбэ ищIу.
Алыхьыр арэзы зыхуэхъун Ибн Мэсгьуд щIымахуэр къихьэмэ жиIэт: “Уэ, щIымахуэ къытхуеблагъэ!. ЩIымахуэр берычэткIэ гъэнщIащ, нэмэз зыщIынум и жэщыр кIыхьщ, нэщI зыIыгъынум и махуэр кIэщIщ”.
Мис а гупсысэм къыхэкIыу щIымахуэр икIэм нэблэгъауэ илъагъумэ зи нэпсыр къызыфIекIуэ яхэтащ цIыхуфIхэм. “Жэщым апхуэдиз и кIыхьагъ пэтрэ псапэ нэмэз дымыщIурэ дгъэкIуащ, махуэм апхуэдиз и кIэщIагъ пэтрэ нэщI тхуэIыгъакъым”-, жаIэт.
Муслъымэн жэмыхьэт! НэмэзымкIэ, нэщIымкIэ псапэ къызэрыпхьыфынум къыкIэрымыхуу нэгъуэщI зы Iуэхугъуэ иджыпсту хуэдэ зэманым утыкум къохьэ: хуэмыщIауэ псэухэр сыт щыгъуи ди гулъытэм хуэныкъуэхэмэ, иджыпсту нэхъыбэжу ахэр къытхуэныкъуэщ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, зэманыр нэхъ гугъущ.
КъакIуэу зыгуэр къыдэлъэIуным дыпэплъэу дыщывмыгъэсу, дэ езыр япэ дивгъэщи ди Iэр яхуэдвгъэший; щхьэж хузэфIэкIым ехьэлIауэ хуэныкъуэхэм щIэгъэкъуэн дахуэвгъэхъу!
ГущIэгъу зымыщIым гущIэгъу къыхуащIынукъым, цIыхум я нэхъыфIри цIыхум нэхъ сэбэп яхуэхъуращи сэбэп дывгъэхъу, гущIэгъу дывгъэщI, Алыхьым гущIэгъу къытхуищIыжынщ, нэхыбэ дыдэу дыщыхуэныкъуэм и дежи сэбэп къытхуэхъужынщ!