Аллаху Тэгьала ДыкъэзыгъэщIам дыщывгъэшынэ! «Хэт Алыхьым щышынэми, Езым хэкIыпIэ къыритынщ, икIи зэрымыгугъауэ и ерыскъыр къыритынщ». (IэтI-ТIэлакъ, 2-3).
Алыхьым ущышынэмэ хэкIыпIэ къуитынущ, уздимыгугъамкIи уи ерыскъыр къыригъэкIынущ, ауэ «Алыхьым ущышынэныр» — ар зызэхуэпшэу, укIэзызу ущысыну аракъым, атIэ къалэн къыпщищIахэр бгъэзэщIэнращ, хьэрэм ищIахэр умыщIэнращ.
Нобэ тщIы джумгьэ нэмэзыр къалэн къызэрытщищIам хуэдэ дыдэу — ди щхьэ, ди унагъуэ зэрытпIыжын мылъку къэдлэжьыну дыкъыхуреджэ Тхьэшхуэм:
«فَإِذَا قُضِيَتِ الصَّلاةُ فَانتَشِرُوا في الأَرضِ وَابتَغُوا مِن فَضلِ اللهِ» — «(Джумгьэ) нэмэзыр щызэфIэкIкIэ, фызэбгырыкIыжи Алыхьым и жумартыгъэм фылъыхъуэ (щэн-щэхуэным фыпэрыхьэ)». (Iэл-Джумугьэ, 15). Дин Iуэхум дыкъыхуезыджэри, дунейм Iуэхум дыкъыхуезыджэри а зы Тхьэращ.
Езы Бегъымбарми صلى الله عليه وسلم жеIэ: «ЦIыхум езым и IэкIэ къилэжьыжам нэхърэ нэхъ IэфI зэикI ишхынукъым». Ар жиIэри адэкIэ щапхъэ занщIэу къытхуихьащ: «Алыхьым и Бегъымбар Дауди عليه السلام-ыр и Iэм илэжьым иришхэжу щытащ». (Iэл-Бухъарий).
Уеблэмэ зы бегъымбари щымыIауэ, жеIэ عليه الصلاة والسلام-ым, мэл имыгъэхъуауэ. Езы дыдэри а Iуэхум пэрытащ Мэккэ щыдэсым щыгъуэ.
А псом къагъэлъагъуэ хьэрычэт щымыIэу берычэт зэрыщымыIэнур, гугъу зомыгъэхьауи фошыгъу зэромышхынур, лъэбакъуэ умычауи уи ерыскъы Iыхьэр къызэрыпхугуамычынур.
«КIапсэ къищтэрэ бгым дэкIрэ, и щIыбыкум зэкIуэцIыпхауэ пхъэ илъу къихьрэ ар ищэрэ, абыкIэ и напэр Алыхьым хуихъумэжмэ, ар нэхъыфIщ абы и дежкIэ, кIуэуэ цIыхухэм ялъэIу нэхърэ, зэрелъэIуар къратми кърамытми», — жеIэ صلى الله عليه وسلم-эм. (Iэл-Бухъарий).
Япэм цIыхухэр жэщ махуэ ямыIэу пщIэнтIэпсыр иралъэщIэкIыу лажьэу щытахэщ. Апхуэдиз гугъуехьыр ирахьэлIэ пэтрэ итIани я унагъуэм яшхын къудейр ерагъыу къахэхъуэу щытауэ аращ куэдым, ауэ итIани къахэхъуэмкIэ арэзыхэу, я тхьэусыхэр мащIэу, я зэхуакум дэлъ фIылъагъуныгъэр куэду щытащ.
Нобэ апхуэдиз гугъуехьи Iуэхум ирамыхьэлIэу цIыхухэм я унагъуэр яхуэпIыж хъуащ, абы ищIыIужкIэ нэгъуэщI зыгуэрхэри къахуощэху, нэхъыбэм я Iэр лъоIэсыф. Абыхэм я фIыщIэ ищIу цIыхур нэхъ насыпыфIи хъун хуеят.
Ауэ къызэрыщIэкIымкIэ, цIыхум нэхъыбэ игъуэтыхукIэ, нэхъыби илъагъухукIэ – абы нэхърэ нэхъыбэжым щIэбэгыу, иIэр мащIэу къыщыхъужу, абы ипкъ иткIи и тхьэусыхафэр нэхъ Iеижи мэхъу.
Абы щыхьэт тохъуэ ди Бегъымбар лъапIэм и псалъэхэр: «ТхьэмыщкIагъэракъым сэ фэр щхьэкIэ сызытегузэвыхьыр, атIэ сэ сызытегузэвыхьыр япэм щыIахэм дунейр хуит зэрахуэхъуам хуэдэу фэри хуит фхуэхъуу, абыкIэ ахэр зэрызэныкъуэкъуам хуэдэу фэри фызэныкъуэкъуу, ахэр абы зэрытекIуэдэжам хуэдэу фэри фытекIуэдэжынращ (сызытегузэвыхьыр)». (Iэл-Бухъарий, Муслим).
Ауэ сыт хуэдэу мыхъуами, хэт сыт хуэдэу щымытами муслъымэныр егъэлеяуэ зыхуэсакъыжын хуейщ: уи лъакъуэр щIэгъэжауэ ущымыс, ауэ уи щхьэр хэтIауэ лэжьыгъэм ухэт пэтми Тхьэм ущыгугъын зэрыхуейр зыщомыгъэгъупщэ, къыпхэхъуами и фIыщIэ щIы, къыпхэмыхъуамкIи арэзыуэ щыт!
Дунейр мамыру, уи Iэпкълъэпкъыр узыншэу, махуэм пшхын унэм щIэлъу нэху укъекIамэ, уэ уимыIэ щыIэкъым. Мы дунейр псори къуатам хуэдэщ. Ар къыхощ хьэдис пэжым. (Тирмизий).
«Къуляегъэр ар хьэпшыпкIэ укъулеинракъым, атIэ гукIэ укъулеинращ», — жеIэ عليه الصلاة والسلام-ым. (Iэл-Бухъарий, Муслим).
ГукIэ къулейр хуиту мэпсэу, хуиту мэбауэ, нэгъуэщIхэм яIэм ехъуапсэкъым, абы щхьэкIи и гур игъэныкъуэкъым. Апхуэдэ цIыхур Алыхьми фIыуэ елъагъу, цIыхухэми фIыуэ къалъагъу.
ДиIэмкIэ дыарэзыуэ, димыIэмкIэ ди гур дымыгъэныкъуэу, динкIэ дэр нэхърэ нэхъыфIхэм дадэплъейрэ хэдгъахъуэу, дунеягъэкIэ дэр нэхърэ нэхъ мащIэ зиIэм дыхуеплъыхрэ фIыщIэ тщIыуэ Алыхьым дигъэпсэу!