Зи къаруми, зи лъэщагъми гъунапкъэ имыIэ, щытхъури пщIэри нэгъэсауэ зыхуэфащэ Алыхь Иным фIыщIэ худощI. Алыхьым и нэфIри къыщыхуэну, и хъуэхъури къылъигъэсыну дыхуолъаIуэ лIыкIуэм я нэхъ лъапIэм.
Шэч зыхэмылъращи, хьэрэмыр хуэлэжьын пэтрэ зымылэжьращ Алыхьым щышынэр; псэемыблэжу псапэ зылэжьращ Алыхьым и гущ1эгъум щыгугъыфынур.
ЗыкъызыфIэщIыжыр и щхьэм къыхуэнэжынущ, ищIэмкIэ Алыхьым хуэупсэу зи гугъэжыр гъуэщэнущ.
Муслъымэн жэмыхьэт! ЦIыхур цIыху ирикъуа щыхъур, цIыхум цIыху нэгъэса къыщыхэкIыр: Алыхьым зэрыбгъэдэтынур, цIыхуми зэрахэтынур щищIэм икIи щигъэзащIэм и дежщ.
КъыпхуащIар зэхэпщIэныр, ар пщымыгъупщэныр, абы и фIыщIэр пщIыныр – уи цIыхугъэр нэгъэса зыщI хьэл нэхъ дахэ дыдэхэм ящыщщ.
ИкIи шэч хэмылъу зи фIыщIэ тщIыну щыIэхэм я нэхъапэри, я нэхъыщхьэри: зи фIыгъуэ нэхъыбэ дыдэу къытлъыIэс, уеблэмэ фIыгъуэ псом я къежьапIэ хъуж ди тхьэ лъапIэу Аллаху Тэгьаларащи, Абы и фIыщIэр дымыгъэкIуэдыныр Iуэхуу щыIэм я нэхъыщхьэщ.
МыдэкIэ нэхъ гъунэгъуу цIыхур къыббгъэдэтыхукIэ и хьэкъри нэхъыбэ мэхъури, абыкIэ щапхъэ нэхъ дахэ дыдэ зыгъэлъэгъуахэри бегъымбархэращи, дэри ахэр щапхъэ тхурехъу!
Мес Мусэ عليه السلام-ым и къуэш Харуныр нэхъ жьакIуэу, псалъэр нэхъ хуэгъэшэрыуэу зэрыщытым фIыщIэ хуэфащэти, абы и фIыщIэр имыгъэкIуэду Мусэр Аллаху Тэгьалам елъэIуауэ щытащ къуэдзэ къыхуищIыну, бегъымбарыгъэкIэ абыи къыхуэупсэну.
Дэ ди бегъымбарым عليه الصلاة والسلام-ым и гъащIэ псор апхуэдэу зэхэлъащ: диным и Iуэхур гъэкIуэтэным хэт сыт хищIыхьами я фIыщIэр имыгъэкIуэду, Iэмал зэригъуэту я цIэхэр къыхигъэщу.
Хьиджрэ عليه الصلاة والسلام –ым ищIыным ипэ къэзыхъумахэм, жьауэу къыщхьэщытахэм ящыщащ МутIгьим ибн Гьэдий. Ар щыгъупщакъым лIыкIуэ лъапIэм, атIэ Бэдр къэзэуатым щыгъуэ мэккэдэсхэм ящыщхэр гъэру муслъымэнхэм къащыIэрыхьэм, Бегъымбарым صلى الله عليه وسلم жиIауэ щытат, МутIгьим ибн Гьэдий псэужарэ а гъэрхэм щхьэкIэ къелъэIуатэмэ и лъэIур хуищIэну. (Бухъарий).
Iухьуд гъэзэуатым хэкIуэдауэ щыта щэхьабэхэм я фIыщIэр ищIу, ахэр зэрыщIалъхьэрэ илъэсий дэкIыжа пэтрэ, итIани кIуэри нэмэз ятрищIэжауэ щытащ عليه الصلاة والسلام-ым. (Бухъарий, Муслим).
Мэжджытыр зэщIикъуэу, игъэкъабзэу щIэта цIыхубзыр дунейм щехыжым хъыбарыншэу щIалъхьати, ар къызэрищIэу عليه الصلاة والسلام кIуэри и кхъащхьэм жэназы нэмэз тырищIэжауэ щытащ, а цIыхубзым игъэзащIэу щыта Iуэхутхьэбзэм и фIыщIэ ищIу.
И щэхьабэхэм къыхуащIа Iуэхутхьэбзэм и фIыщIэ ищIу عليه الصلاة والسلام-ым мы уэсятыр къытхуигъэнащ: «Си щэхьабэхэм фахуэмыпсалъэ (фахуэмышхыдэ); пэжращи, фи языхэзым Iухьуд бгым хуэдиз дыщэ сэдэкъэуэ итами, абыхэм ящыщ зым ита зы Iэбжьыгум, уеблэмэ Iэбжьыгу ныкъуэм хуэдэ хъунукъым». (Муслим).
Езы щэхьабэ лъапIэхэри бегъымбар щапхъэм тету я гъащIэр яхьащ. Абу Бэкр, Гьумэр, Гьусман, Гьэлий رضي الله عنهم я хъыбархэм ухэплъэжмэ Бегъымбарым صلى الله عليه وسلم и псалъэхэм хуэпэжхэу, и уэсятыр я напщIэ телъу, къахуищIар ящымыгъупщэу псэуахэщ.
Муслъымэн жэмыхьэт! Нэхъыбэ дыдэу зи фIыщIэ тщыгъупщэ мыхъунухэм ящыщщ: адэ-анэм я фIыщIэр. Дауэ зэрыпщыгъупщэнур уэ утыншын папщIэ гугъу зезыгъэхьахэр, уэ ужеин папщIэ жейм зыхуэзыгъэныкъуахэр, уэ уиIэн папщIэ езым ямыIэми къызыфIэмыIуэхуахэр.
Абы я фIыщIэ щIыкIэм щыщщ: псэухэми мыпсэужхэми дугьэ яхуэпщIыныр, гуэныхь зыхэмылъхэмкIэ жыIэдаIуэу уабгъэдэтыныр, я гуапэ пщIыныр, къыпхуащIар къыбдалъагъужыныр, я нэIуасэхэм уалъыгъуазэ зэпыту уи гъащIэр пхьыныр.
ЗэщхьэгъуситIым зыр зым и фIыщIэ ящыгъупщэ хъунукъым, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, абыхэм я зэхакум анэмэтышхуэ дэлъщ, псалъэ быди зратащ.
Мыбы теухуауэ щапхъэ нэхъыфI дыдэр Бегъымбар лъапIэмрэ صلى الله عليه وسلم Хъэдиджэ махуэмрэщ. Хъэдиджэ зэфIэкIыу иIэмкIэ лIыкIуэ лъапIэм зыщIигъэкъуащ, япэ дыдэу дин къихьар зи фIэщ хъуауэ щытари аращ, быну иIари зыдигъуэтар аращ.
Ибн Хьэджэр رحمه الله етх Хъэдиджэ ехьэлIауэ: «Бегъымбарыр арэзы ищIын папщIэ хузэфIэкI зыри къигъэнакъым абы, ар къэзыгъэгубжьын Iуэхугъуэ игъащIэми къыбгъэдэкIакъым».
Езы бегъымбар лъапIэм صلى الله عليه وسلم щыгъупщэнт ар?! ПсэухукIэ зэригъэтыншын Iуэху зэрихуащ, щымыпсэужми хуэпэжу дунейм тетащ; щхьэусыгъуэ зэриIэу и цIэр къыхигъэщу, унагъуэм мэл щаукIамэ, Хъэдиджэ и ныбжьэгъу-кIуэгъужэгъуу щытахэм Iыхьэ яхуищIу.
КъинэмыщIауи, нэхъыбэ дыдэу зи щIыхуэ ттелъ, зи фIыщIэ тщIын хуейхэм ящыщщ: щIэныгъэлIхэр, еджахэр, динкIэ гъуазэ тхуэхъуу ди япэ итхэр.
Муслъымэн жэмыхьэт! Мы хьэл дахэу нобэ зи гугъу тщIар тхэлъу щытмэ абы дыхуэпэжу дывгъэпсэу, тхэмылъмэ нобэ щегъэжьауэ зэхэдвгъалъхьэ! Дызэрыщытым хуэдэущ цIыхури къызэрытхущытынур, ди япэ идгъэщаращ пщэдей дызыIущIэжынур!