Муслъымэн жэмыхьэт! Аллаху Тэгьалам гущIэгъу къытхуищIщ, насып къыдитри мазэ лъапIэр къыдигъэнэщIащ, и жэщ лъапIэхэри гьибадэткIэ ирыдигъэхьэкIащ. Иджы Алыхь Иным дызэрелъэIуращи: лейуэ гугъу зедмыгъэхьауэ къытхущIигъэкIыжынращ, къабылу тIихынращ, Къемэт махуэми абыхэм дащигъэгуфIыкIыжынращ.
Ди япэ фIыкIэ ита имамышхуэхэр мазихкIэ Аллаху Тэгьалам елъэIуу щытахэщ НэщI мазэм хыригъэубыдэну, иужькIэ мазихкIэ елъэIуу щытахэщ къабылу яIихыну.
Алыхь Инми лэжьыгъэр къабыл щищIыр Езым папщIэ щащIам, Езыр зэрыхуейм хуэдэуи щалэжьам и дежщ.
Мис ахэр хэлъу уи лэжьыгъэр блэжьамэ, абы тхьэшынагъэ хэплъхьауэ аращи, «إنما يتقبل الله من المتقين» — «ИпэжыпIэкIэ Алыхьым зыIихыр тхьэшынагъэ зыхэлъхэращ», — жызыIэ аятым ухиубыдэну гугъэшхуэ щыIэщ.
ИкIи аращ псори зытеухуэжар, длэжьар къабыл ящIын ямыщIынращ. Аращ Гьэлий رضي الله عنه нэщI нэужьым щIыжиIэу щытар: «Къабылу зыIахар тщIамэ дыкIуэнти дехъуэхъунт, зыIамыхар тщIами дыкIуэнти дыхуэгузэвэнт!».
Уехъуэхъуну хуэфащэщ зыIахам дауикI, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, ар насыпышхуэщ икIи гуфIэгъуэшхуэщ; ухуэгузэвэну хуэфащэщ зыIамыхам дауикI, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, ар насыпыншагъэшхуэщ икIи гузэвэгъуэшхуэщ.
Диныр зи фIэщу зезыхьэу щытахэм, ди япэ фIыкIэ итахэм я нэмэзри, я нэщIри, я нэгъуэщIри екIурэ нэгъэсауэ ялэжьу щыта пэтрэ, итIани «мы длэжьар къабыл хъуну пIэрэ, Алыхьым тIихыну пIэрэ, ди нэгум къырамыдзэжыну пIэрэ?» — жаIэурэ гузавэу щытахэщ.
Ауэ дэ тщIэри мащIэ пэтрэ, а мащIэри мыхьэнэншэу длэжь пэтрэ ди гурэ ди щхьэрэ зэтелъщ, ЖэнэткIэ дыкъагъэгугъам хуэдэу догупсысэ.
Ауэ Iэл-Хьэсэн Iэл-Бэщрий رحمه الله жиIам девгъэдаIуэ: «МуIмин цIыхум IуэхуфI елэжьри, илэжьам тогузэвыхьыж, ауэ мунафикъым мыхъумыщIагъэ елэжьри, илэжьами иригузэвэжкъым».
Муслъымэн жэмыхьэт! Блэжьа IуэхугъуэфIым утегузэвыхьыжыныр езыри IуэхугъуэфIщ, гукIэ псапэ къызэрахь Iэмалхэм щыщщ.
Зы IуэхугъуэфIым нэгъуэщI IуэхугъуэфI кIэлъыблэжьжми, абы зыгуэркIэ къегъэлъагъуэ япэ блэжьа IуэхугъуэфIыр Алыхьым зэрыпIихар, къабыл зэрищIар.
Къабыл хъуным мыхьэнэшхуэ дыдэ зэриIэм папщIэ Iэбу Iэд-ДэрдаI رضي الله عنه жиIэу щытащ: «Мы дунейми, мы дунейм тету хъуам нэхъри нэхъ къэсщтэнт зы нэмэз закъуэ нэхъ мыхъуми Алыхьым сIихауэ къэсщIэныр!».
Ибн Гьумэр رضي الله عنهما нэгъуэщI жыIэкIэкIэ жеIэ ар: «Зы сэждэ закъуэ е зы сом закъуэ Алыхьым сIихауэ къэсщIатэмэ, къэкIуэну щэхухэм щыщу нэхъыбэ дыдэу сэ си нэ къызыхуикIынутэр — лIэныгъэрат!».
Муслъымэн жэмыхьэт! Мазэ лъапIэр икIами ди къалэнхэр зэфIэкIакъым, ди псэр пытыхукIи дыбэлэрыгъ хъунукъым, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, шейтIаныр жейкъым, уи псэр хэкIыхукIи къыпкIэрыкIынукъым.
Уеблэмэ Iэпкълъэпкъым зимыгъэхъеижу цIыхур щытелъым дежи, и къалэныр цIыхум щхьэщыкIкъым, атIэ гукIэ Алыхьым пыщIауэ къэнэн хуейщ: Абы щыгугъыу, щышынэу.
Аллаху Тэгьалам дыкъихъумэ IэпкълъэпкъкIи, гукIи, псэкIи! ЕтIэнэгъэ пIалъэ узыншэу, Iиман зыбгъэдэлъу нэсыну муслъымэнхэм ящыщ Алыхьым дищI! Алыхьым къабылу тIих ди нэщIи, ди нэмэзи, ди дугьэи!