Муслъымэн жэмыхьэт! Диныр езыр дахэ защIэу зэхэлъщ, ауэ а дахэр зезыхьэ цIыхухэр псори абы хуэфэщэжу щымытынкIэ хъунущ. ЦIыху губзыгъэми цIыхухэм я ныкъусаныгъэр диным хуихьынукъым.
Нэмэзми, нэмэзым IункIыбзэ хуэхъуж андезми ехьэлIауэ къакIуэ фIыгъуэхэм, абыхэм къадэкIуэ псапэхэм шэч зыми къытрихьэкъым, ауэ дэ ахэр зэрыдгъэзащIэ щIыкIэм ныкъусаныгъэ гуэрхэр хыдогъэхьэри, жыжьэу къаплъэм дэ ди нэмэзым е андезым зыгуэр я лажьэу къыщыдогъэхъу!
Бегъымбар лъапIэр صلى الله عليه وسلم-р Мугьаз ибн Джэбэл رضي الله عنه-м ешхыдэным щхьэусыгъуэ хуэхъуари апхуэдэ зыгуэрт.
Мугьаз رضي الله عنه цIыхухэм я имаму жасы нэмэзыр яригъэщIыну теуващ. Мугьаз езыр щIалэт, КъурIэнри фIыуэ ищIэти, Бэкъэрэ сурэр тырилъхьэну хуежьащ нэмэзым.
Мугьаз и щIыбагъым зы щIалэ къыдэтт, махуэ псом лэжьыгъэм пэрытауэ, и псэри пыхуауэ къекIуэлIэжауэ. Имамым нэмэзыр кIыхь дыдэ щищIым, мо щIалэми хуэмышэчыж щыхъум, нэмэзым къыхэкIщ, езым и закъуэ ищIыжщ и нэмэзри и унэ екIуэлIэжащ.
Мо щIалэм ищIар Мугьазым къыщищIэм, абы ищIар нэгъуэщI зыгуэрым хуимыхьыфу: «Мунафикъщи аращ апхуэдэу щIищIар» жиIащ.
Ауэ щIалэм ар щылъэIэсыжым и жагъуэ хъури, нэмэзым къыщIыхэкIар езы Бегъымбар дыдэм صلى الله عليه وسلم жыриIэжащ.
Бегъымбарыр صلى الله عليه وسلم абы иужькIэ Мугьаз зыхуигъазэри, егъэлеяуэ ешхыдауэ щытащ: «УцIыху гъащтэу ара уэ, Мугьаз?!», жыриIэурэ, икIи къыхуриджащ цIыхухэм нэмэз яригъэщIын хуей хъумэ, кIыхьу ищI зэрымыхъунур; сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, и щIыбагъым е ныбжь зиIэ, е сымаджэ, е Iуэху зиIэ дэтынкIэ хъунущ.
Абы иужькIэ щIалэм зыхуигъазэри и нэмэз щIыкIэм теухуауэ еупщIащ. ЩIалэми и псалъэм къыхигъэщащ Iэт-Тэхьиятыр зэфIэкIа нэужь кIэщIу: «Я-Алыхь, ЖэнэткIэ сынолъэIу, Жэхьэнэмэми сыщыхъумэ» зэрыжиIэр, мыри къыпигъэувэжащ: «(Аращ сэ схужыIэр, армырауэ) Уэрэ Мугьазрэ жыфIэ къомыр сэ сщIэкъым». Бегъымбарми صلى الله عليه وسلم жиIащ: «Сэри Мугьази апхуэдэ зыгуэрщ жытIэр!».
ИтIанэ щIалэм жиIащ, Мугьаз дзы къыфIищам теухуауэ: «Мыдэ мо гупыр (Къурейшым и гупрат зи гугъу ищIыр, ахэр къатеуэну хъыбар щыIэт) къэсмэ, къищIэнщ Мугьаз сэ сыхэтми!».
ИкIи зэрыжиIам хуэдэу, а гъэзэуатыр къыщыхъуам лIы хуэдэу хэтащ а щIалэр абы икIи хэкIуэдауэ щытащ. Алыхьым ЖэнэткIэ игъэгуфIэ!
Муслъымэн жэмыхьэт! Мы зэхэтха хъыбарыр, мы хьэдисыр дерс защIэу зэхэлъщ, Iущыгъэ куэди хэтщ, нобэрей ди зэхэтыкIэми занщIэу епхащ.
Щэхьабэхэм щIэныгъэкIэ япэ дыдэ итахэм ящыщащ Мугьаз, Бепгъымбарми صلى الله عليه وسلم икъукIэ фIыуэ къилъагъуу щытащ, ауэ абы щхьэкIэ къэмынэу, щыуагъэ щилэжьым и щыуагъэр хуигъэдэхауэ щытакъым.
Ауэ дэ сыт хуэдизу пэжым дыхуэпэж?! Пэжыр дэ е дэ къыдбгъэдэтхэм ялэжьыхукIэ пэжым пщIэ худощI, армырауэ пэжым дэ е къыдбгъэдэтхэр зэребакъуэу, дэри пэжым добакъуэри дожьэж!
НэгъуэщIу мыбы къыхэхыпхъэр: цIыхум и Iуэхур зытетыр умыщIэу, и щхьэусыгъуэри зэхомыгъэкIыу упIащIэу унафэ тепщIэ зэрымыхъунуращ.
Аращ хьэдисми къыщIэкIуэр: «ТепыIэныр Алыхьым къыбгъэдокI, упIэщIэныр къызыбгъэдэкIыр шейтIанырщ». (Абу Егьля, Iэл-Бейхэкъий. И иснадыр хьэсэнщ).
Плъэгъуам е зэхэпхам напIэзыпIэкIэ унафэ тепщIэ хъунукъым, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, Iуэху къэхъухэр зыр зым пыщIэжауэ, зэхэлъэхъауэ, щхьэусыгъуэ IэджэкIи зэхэлъу щытщ. Мис ахэм уащымыгъуазэу унафэ пщIымэ, уи щхьэми уи къуэшми лей епхыжу аращ.
Аращ щIыжаIэри: «ЦIыхум и щIэныгъэр хэхъуэхукIэ и ныкъуэкъуэныр нэхъ мащIэ мэхъу». Ар дин щIэныгъэ ирехъу, дуней щIэныгъи ирехъу, ауэ сытми Iуэхур зытетыр къэпщIэн къудейуи ирехъу… Нэхъыбэм ущыгъуазэхукIэ уи ныкъуэкъуэнри нэхъ мащIэ мэхъу.
Аращ Алыхь Инми и гущIэгъур щIэинри, шыIэныгъэшхуэ щIыхэлъри, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, и щIэныгъэр гъунапкъэншэщ.
IущыгъэкIэ Алыхьым дигухэр тхуигъэнщIи, жытIэм тщIэр техуэу дигъэпсэу! Ди псэр пытыхукIи гъуэгу пэжым дытригъэт!