Муслъымэн жэмыхьэт! Ислъам диныр хьэлщэнкIэ зэхэлъщ. Хьэлщэн дахэ нэхъыбэу зыхэлъым динри нэхъыбэу хэлъу аращ. Хьэлщэнхэри Iэджэуи зэхедзыж, ауэ «щхьэр ехьэхын» жыхуиIэ хьэлыр псоми къахолыдыкI.
Щхьэр ехьэхын жыхуиIэми къикIыр, уи щхьэр къехуэхауэ удэтыну аракъым, атIэ зыгуэру зыкъыпщымыхъужу, цIыхухэм захомыIэтыкIыу, захуомыгъэщIагъуэу, пэжми уи щIыб хуомыгъазэу, Алыхьым и арэзыныгъэр уи гъуазэу упсэунращ.
Фудейл رحمه الله еупщIахэт абы къикIым теухуауи мыр жиIат: «Ар – пэжым уи щхьэр хуепхьэхынращ, уедэIуэнращ. Уеблэмэ ар сабийм къыбжиIами къабыл пщIыуэ, нэхъ щIэныгъэншэ дыдэми жиIэу зэхэпхами уедаIуэу».
Щхьэр зэрырахьэх щIыкIэм и зы щапхъи къытхуехь Iэл-Хьэсэн Iэл-Бэщрий رحمه الله. ЖеIэ абы: «Уи щхьэр епхьэхыу, зыгуэру зыкъыпщымыхъужу ухъуауэ щыпхужыIэнур: уэрамым удыхьа нэужь муслъымэнхэм ящыщу хэт ухуэмызами, ар уэр нэхърэ зыгуэркIэ нэхъыфIу къыпщыхъуу ущыхъуам и дежщ».
ДевгъэдаIуэт Малик ибн Динар цIыху телъыджэм жиIэм: «Мэжджытыбжэм и деж зыгуэр къэуврэ: — цIыху нэхъ Iей дыдэу къыфхэтыр къыщIрекI, — жиIатэмэ, — уэл-Лахи сэ си япэ зы цIыху измыгъэщу сыщIэмыкIтэмэ, кIуэ сэр нэхърэ нэхъ къарууфIэ е нэхъ жэр гуэр къахэкIмэ сэ сщIэрэ!».
Малик жиIар Ибн Iэл-Мубарэк щызэхихыжам: «Аращ ар Малик зыщIыжар!» жиIащ.
ИкIи аращ зэрыщытыр. Алыхьым ущиIэтынур, уи цIэри жыжьэ щигъэIунур уи щхьэр щепхьэхым и дежщ. Ар хьэдис лъапIэхэми къахощ.
Армырауэ, уи бгъэр къыдэпшкIэ, «сэ сымыращ, сыморащ» жыпIэкIэ, зы щIыпIи унэсынукъым, зыгуэрми ухабжэнукъым, атIэ «гъэпсалъи епхыж» зыхужаIэм хуэдэу, узэрыкIиям нэхъыбэ Iуэхум къыхэмыкIауэ укъыщIидзыжынущ.
Ауэ мыбыи гу лъытапхъэщ: — зызгъэпIий нэхърэ зызмыгъэпIиймэ нэхъ сыкъыхэщынущ-, жыпIэу, а хьэл дахэр мыхъумыщIагъэм къыхуэбгъэсэбэпмэ, уэри пагэныгъэм узэрихуэу, фэрыщIагъым укъырихуэкIыу аращ.
Иджыри зы щапхъэ дахэ къэтхьынщ мы хьэл дахэм ехьэлIауэ: Хьэжым щыIэу Гьэрэфэм къикIыжауэ зыдэкIуэм Юнус ибн Гьубейд رحمة الله عليه жиIам фыкъедаIуэт: «Алыхьым и гущIэгъум шэч къытесхьэкъым сэ, ауэ сэ хьэжыщIхэм сазэрыхэтам папщIэ, сэ си зэранкIэ мыхэр а гущIэгъум хэкIыжынкIэ сошынэ!». Ар жызыIэр Юнус ибн Гьубейдщ!!
Гьумэр ибн Гьэбдил-Гьэзиз رحمه الله къыжриIат зыгуэрым: — Мэдинэ къалэм уIэпхъуэрэ, абы удэсамэ, абдей ущылIэжынуи Алыхьым щыпхуиухатэмэ, Бегъымбарым صلى الله عليه وسلم-м еплIанэу убгъуралъхьэнтэкъэ?!
Ар щызэхихым Гьумэр жиIам фыкъедаIуэ: «Алыхьым и цIэкIэ соIуэри, МафIэкIэ къыщынэмыщIа нэгъуэщI зыгуэркIэ Алыхьым гьэзаб сигъэшэчыныр сэркIэ мынэхъыфIмэ, а уэ жыхуэпIэр сэ схуэфащэ хуэдэу зыкъысщыхъужауэ Алыхьым къыздищIэ нэхърэ!».
— ЩIыр хъеят, жьышхуи къепщати, Мухьэммэд ибн Мукъатил и деж сыкIуащ жи зыгуэрым. СыкIуэри жесIащ: «Уэ, Мухьэммэд, уэращ ди пашэр, ди имамыр Алыхьышхуэм тхуелъэIу мы къэхъум папщIэ!.
Мухьэммэдыр ар щыжриIэм, къыщиудри гъащ, мыри жиIащ: — «Сэ си зэранкIэ къэмыхъуауэ къыщIыукI мыгъуэ мы къэхъуар!».
ИужькIэ, — жеIэ адрей лIым, — Бегъымбарыр صلى الله عليه وسلم пщIыхьэпIэкIэ слъэгъуати къызжиIащ: «Алыхь Иным гузэвэгъуэр щIыфщхьэщихар Мухьэммэд ибн Мукъатил и дугьэм и хьэтыркIэщ».
«Фызыщымытхъуж (къабзэу зыкъыфщымыхъуж)», (Iэн-Нэджм,32) – жызыIэ аятыр хьэкъыу япхырыкIат а цIыху щхьэ махуэхэм. ЯпхырыкIри фэрыщIагъыншэу зыхалъхьат а хьэл дахэри Алыхьым иIэтащ абыхэм я пщIэр икIи щапхъэ дахэу къытхуэнащ абыхэм я хъыбархэр.
Муслъымэн жэмыхьэт! ЦIыху къэскIэ езыр нэхъ къызэрыхэщ Iуэхугъуэ гуэр щыIэщи, а Iуэхугъуэр зимыIэм я дежщ абы зи гугъу тщIа хьэл дахэри къыщигъэлъагъуэфынури.
Псалъэм и хьэтыркIэ щIэныгъэ зыбгъэдэлъыр щIэныгъэншэхэм яхэхуэмэ а хьэлыр нэрылъагъу мэхъу;
Мылъку зыбгъэдэлъыр мылъкуншэхэм ябгъэдэхуэмэ а хьэлым и Iуэхур абы и деж щызэхокI.
«Щыгъын мыхьэнэншэ пщыгъыу къулейхэм укъалъэгъуну зэрыпфIэмыфIым хуэдэу, щыгъын лъапIэ Iей пщыгъыу къулейсызхэми укъалъэгъуныр щIыпфIэфIын щыIэкъым» жеIэ зы Iущ гуэрым.
Муслъымэн жэмыхьэт! Къуршыщхьэ лъагэм къэкIыгъэ къыщыкIкъым, атIэ къыщыкIыр лъэгу лъахъшэращ. Iущыгъэри цIыху пагэм щощтэри, зи щхьэр езыхьэхым кIэропщIэ.
Зи щхьэр езыхьэхыу, зи пщIэр яIэтын Алыхьым дищI! Зи щхьэр дэзыхьейуэ зы пщIэр хауэтынухэм ящыщ Алыхьым димыщI! Зэхэтхами и сэбэп Алыхьым къыдигъэкI!