Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

Мулидыр

الحمد لله الذي هدانا لاتباع سيد المرسلين، وأيدنا بالهداية إلى دعائم الدين، ويسر لنا اقتفاء آثار السلف الصالحين، وطهَّر سرائرنا من حدث الحوادث والابتداع في الدين.

أحمده على ما مَنَّ به من أنوار اليقين، وأشكره على ما أسداه من التمسك بالحبل المتين.

وأشهد أن لا إله إلا الله وحده لا شريك له، وأن محمدا عبده ورسوله، سيّدُ الأولين والآخرين، صلى الله عليه وعلى آله وأصحابه، وأزواجه الطاهرات أمهات المؤمنين، صلاة دائمة إلى يوم الدين، وبعد:

«ЛIыкIуэу щыIам я зиусхьэным едэIуэным дыхуэзыузэщIа, диным и лъабжьэшхуэхэм датемыкIыныр къыддэзыIыгъа, фIыкIэ ди япэ ита имамышхуэхэм я лъагъуэм дырикIуэныр къыддэзыгъэпсынщIа, дигухэр бидгьэхэмрэ, диным щымыщхэмрэ къыхэзыгъэкъэбзыкIа Алыхьышхуэм фIыщIэр хуэфащэщ».

А псалъэхэмкIэ къиублащ щIэныгъэлI ин, хьиджрэмкIэ еянэ лIэщIыгъуэм псэуа Таджуд-Дин Iэл-Факиханий, и тхыгъэ «الْمَوْرِد في عمل الْمَوْلِد» — «Мулид щIыным и къежьапIэр» зыфIищар.

Ар итхынми щхьэусыгъуэ хуэхъуар, мулидым ехьэлIауэ упщIэ къызэрыратарат: хъуну ар пщIы, хьэмэрэ мыхъуну?-жаIэу.

Муслъымэн жэмыхьэт! А упщIэр, мулид щIыныр къызэраублэ лъандэрэ утыкум илъщ, гъэ къэси рэбигь Iэл-Iэууэл мазэр къызэрихьэу, аргуэру зэ къощIэрэщIэж. Муслъымэнхэри абы ипкъ иткIэ лъэныкъуэ зэрызу йоувыкIхэ.

Зы гупым ирегъэлейри, ар зыщIэм гуэныхьышхуэ илэжьу, уеблэмэ гуэныхь лэжьыныр ар пщIэным нэхърэ нэхъыфIу яукъуэдий; щIэныгъэлIхэм «бидгьэр гуэныхьым нэхърэ нэхъ Iейщ» зэрыжаIар мыбдежым емыгупсысу хапщэну яужь йохьэ.

Мыдрей гупым: мулидыр псапэ къызэрахьу щыIэм я нэхъыфI дыдэхэм ящыщу, ар зымыщIэм е зымыдэм Бегъымбарыр صلى الله عليه وسلم фIыуэ имылъагъуу, яукъуэдий; езыхэм къыхахар къадэзымыIыгъхэм цIэлей гуэрхэри фIащ.

КъыхахамкIэ загъэзэхуэжын папщIэ хьэдис къагупсысахэр къагъэсэбэп, щэхьабэхэм пцIы тралъхьэри: жамыIар жаIауэ ягъэву. Иджыблагъэ ди щIыналъэм къыщыдэкIа газет гуэрхэм къытехуари абы и щыхьэтщ. Нобэрей хъутIбэми щхьэусыгъуэ хуэхъуар аращ. Ирагъэлеипэти зыгуэр жытIэн хуей хъуащ.

ГъэщIэгъуэнракъэ, мулидыр Бегъымбарми صلى الله عليه وسلم ищIакъым, щэхьабэхэми ящIакъым, абыхэм къакIэлъыкIуэжа табигьинхэми ящIакъым икIи абы щыгъуэ щыIакъым, атIэ ебланэ лIэщIыгъуэращ къыщежьар, жаIэ, ауэ итIани абы ехьэлIауэ хьэдисхэри къагъуэт, щэхьабэхэм я псалъэ гуэрхэри къахь. Ар хьэдыгъуэдахэкъэ тIэ?!

Муслъымэн жэмыхьэт! Иджыпсту дызэрыт мазэм ирихьэлIэу ди Бегъымбарыр صلى الله عليه وسلم  дунейм къытехьар пэжмэ, мы мазэм техуэу а цIыху лъапIэр дунейм ехыжащ.

Бегъымбарым عليه الصلاة والسلام мы дунейр зэрихъуэжам нэхъ гузэвэгъуэшхуэ муслъымэным къеуэлIакъым. «Гузэвэгъуэ къызэуэлIам сэ стеухуауэ къеуэлIа гузэвэгъуэр (си лIэныгъэр) игу къырегъэкIыж, ар гузэвэгъуэу щыIэм я нэхъ инщ», — жеIэ صلى الله عليه وسلم  (Iэл-Iэлбаний, «Iэс-Силсилэ Iэщ-Щэхьихьэ»).

Арамэ, иджыпсту хуэдэм абы теухуа гузэвэгъуэр дигу къэдгъэкIыжу дынэщхъеиным нэхъ лъабжьэ иIэ мэхъу, къыщалъхуа махуэм дыригуфIэным нэхърэ.

Сыт щхьэ Бегъымбарым صلى الله عليه وسلم  къыщалъхуа махуэри къыхигъэщу щытакъэ?- жызыIэн щыIэнкIэ мэхъу.

 Пэжщ, къыхигъэщащ, уэри Бегъымбарым жиIэм утетмэ, ар фIыуэ плъагъур пэжмэ, ар къызэрыхигъэща щIыкIэм тет. Блыщхьэ махуэм техуэу къызэралъхуам ипкъ иткIэ нэщI иIыгъыу щытащ, арикIи блыщхьэ къэскIэ.

 Ар къагъэнауэ, блыщхьэ махуэри ящыгъупщэжауэ, ныбэр гъэнэщIынри къагъэнауэ, мазэ псокIэ абы теухуауэ ныбэр зэракудэным зыратауэ мэпсэухэ.

 Мыбы уигу къегъэкIыж IэшрыI махуэм и Iуэхур. А махуэм ехьэлIауэ суннэм къыщыкIуэр нэщI пIыгъынрат, ауэ нэщIыр ящыгъупщэжауэ, а махуэм IэшрыI зыфIаща шхыныр зэрашхращ цIыхум ящIэжыр.

 Аращ щIэныгъэлIхэми щIыжаIэр: «Зы бидгьэ гуэр къызэрежьу, зы суннэ гуэр мэкIуэдыж».

 ИщхьэкIэ зи цIэ къыхэща щIэныгъэлI Iэл-Факиханий, رحمة الله عليه, етх мулидым ехьэлIауэ: «Мулидыр е фарзу, е мэндубу, е мубахьу (хьэлэлу), е мэкруху, е хьэрэму щытын. А тхум фIэкIкъым абы и унафэр…».

 «Ар зэрымыфарзыр псоми къызэдащтэ. МыдэкIэ мэндубуи ар пхужыIэнукъым, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, мэндубыр: диным пщIэну укъыхуриджэу, умыщIэми гуэныхь къызыхэмыкIыу щытращ. Мы мулидым диным къыхуриджакъым, щэхьабэхэми ящIакъым, табигьинхэри аращ, диныр зи фIэщу зыхэлъ щIэныгъэлIхэми ящIакъым, сэ зэрысщIэмкIэ. Алыхьым и пащхьи аращ сэ си жэуапыр, къызэупщIыжу щытмэ…».

 «Мыр хьэлэлуи пхужыIэнукъым. Диным щымыщ хэплъхьэныр хьэлэлу жызыIэн щIэныгъэлIи щыIэкъым. Къэнэжыр: мыр е мэкруху (гуемыIуу) е хьэрэму, жыпIэнращ». ИкIи аткIэ, цIыхухэм абы халъхьэ Iуэхугъуэхэм ехьэлIауэ мэкрух щыхъури хьэрэм щыхъури зэпкърихыжащ.

 Аращ мыбы и Iуэхур зэрыщытыр икIи зэрынэрылъагъущи, мыр зымыгъэдахэхэм я тегъэщIапIэхэр нэхъ IупщIу, икIи нэхъ гурыIуэгъуэу, икIи гуитIщхьитI уимыщIу щытщ. Тхьэ лъапIэм и папщхьэ нэкIу хужькIэ уихьэжыну ухуейми укъэзымгъэпцIэжынур аращ.

أقول قولي هذا…

 ЕтIуанэ хъутIбэ

 Муслъымэн жэмыхьэт! Мулидым и гугъу щащIкIэ, ар зыгъэдахэхэми зымыгъэдахэхэми Ибн Тэймийе щIэныгъэлI иным и псалъэр къахь. ПцIы бупсынумэ лIам телъхьэ, зэрыжаIэм тету.

 Ауэ, щIэныгъэлIыр и IэпкълъэпкъкIэ нобэ къытхэмытыжми, и тхыгъэхэр, и тхылъхэр утыкум илъщ. ИкIи щхьэзыфIэфIыныгъэ Iуэхум хомылъхьэу, псалъэм и зы кIапэ къыхомычу абы къыщIэнахэм ухэплъэжмэ, Ибн Тэймийе мулидыр игъэдахэкъым.

 И тхылъ «IикътидаI Iэщ-ЩиратIул-Мустэкъим»ым бидгьэхэм ягугъу щищIым, (нап. 2\123) мыр итхащ абы: «Абыхэм ящыщщ: е Гьисэ عليه السلام-ыр къыщалъхуа махуэм чыристэнхэм щащIэм зырагъэщхьу е Бегъымбарыр صلى الله عليه وسلم фIыуэ зэралъагъур, пщIэи зэрыхуащIыр къагъэлъагъуэу ящIэр».

 Мыри етх: «Аллаху Тэгьалам абыхэм псапэу къаритыжынкIэ хъунущ Бегъымбарым и лъагъуныгъэм ар къызэрыхахам папщIэ (я нетыр зэрыдахэм папщIэ), ауэ е езы бидгьэм щхьэкIэ псапэ къахьынукъым».

 НэгъуэщIу жыпIэмэ, ар зэрыбидгьэр къагурымыIуэу зылэжь цIыху къызэрыгуэкIхэм я гукъабзагъэм теухуауэ, фIы ящIэн мурад зэраIэм папщIэ, Аллаху Тэгьалам псапэу къаритыжынкIэ, хъунущ.

 Мыри етх: «Мулидыр ящIыфын пэтрэ, ящIакъым ди япэ ита имамышхуэхэм. Ар хъейр защIэу зэхэлъу е хъер куэд къыдэкIуэу щытамэ а имамышхуэхэм ар къагъэнэнкIэ Iэмал иIакъым, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, ахэм дэр нэхърэ куэдкIэ нэхъыбэу Бегъымбарыр صلى الله عليه وسلم фIыуэ ялъагъуу икIи пщIэ хуащIу щытащ…».

 «АтIэ Бегъымбарыр صلى الله عليه وسلم зэралъагъури, пщIэ абы зэрыхуащIри къызэрагъэлъагъуэр: абы и лъагъуэм утетурэщ, абы уедаIуэурэщ, и унафэр бгъэзащIэурэщ, и суннэтыр гукIи IэпкълъэпкъкIи къэбгъэщIэрэщIэжурэщ…». «IикътидаI Iэщ-ЩиратIул-Мустэкъим».

 «Апхуэдэ бидгьэхэм апхуэдизу егугъуу зыщIэхэм я нэхъыбэр… Бегъымбарым صلى الله عليه وسلم и унафэ дыдэу ягъэзэщIэн хуейхэм теухуауэ щхьэхынэхэщ икIи ахэр къафэIуэхукъым. Ахэр ещхьщ КъурIэныр зыгъэщIэращIэу абы емыджэу щызыгъэлъым е еджэми абы итыр зыхэзымылъхьэм. Ахэр ещхьщ мэжджытыр зыгъэщIэращIэу абы нэмэз щызымыщIым е щищIми мащIэу щызыщIым…».  «IикътидаI Iэщ-ЩиратIул-Мустэкъим».