Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

Уи цIэр фIыкIэ дунейм къытебнэныр!

03.01.2022
Еджауэ 2 685

ФIыщIэ худощI Тхьэшхуэу цIыхур къэзыгъэщIам, мелыIычхэм щхьэщэ къыхуезыгъэщIам, абыкIэ пщIэшхуэ къыхуэзыщIам.

Щыхьэт дытохъуэ ди Тхьэшхуэу-Алыхьышхуэм и закъуэныгъэм, цIыхур къызэрыхуигъэщIам и хуэпщылIыныгъэм, Езыр зыкIи къахуэмыныкъуэ пэтрэ, атIэ игъэунэхун щхьэкIэ жыIэдаIуэмрэ, жыIэмыдаIуэмрэ.

Щыхьэт дытохъуэ Мухьэммэд лъапIэм صلى الله عليه وسلم и бегъымбарыгъэм, иужь дыдэу цIыхухэм гущIэгъу къахуищIу лIыкIуэу къызэригъэкIуэжам, иужьрей Тхылъри къызэрыхуригъэхыжам.

Муслъымэн жэмыхьэт! Бегъымбар лъапIэр صلى الله عليه وسلم-эр и гъусэ махуэхэм яхэту жэназы блахати, лIам и цIэр фIыкIэ къыхагъэщу щэхьабэхэр тепсэлъыхьати, «Къилэжьащ!»,-жиIащ عليه الصلاة والسلام-ым. НэгъуэщI лIа щыблахым и цIэр IейкIэ къыхагъэщати, абдежми «Къилэжьащ!»,- жиIат صلى الله عليه وسلم-эм.

ИужькIэ щэхьабэхэр щIэупщIэжат ЛIыкIуэ лъапIэм «Къилэжьащ» жыхуиIам къригъэкIамкIи, жэуапу къаритащ: «Зым и цIэр фIыкIэ къыхэвгъэщати, абыкIэ Жэннэтыр къилэжьащ, адрейм и цIэр IейкIэ къыхэвгъэщати, абыкIэ Жэхьэнэмэр къилэжьащ, фэ фэ Алыхьым и щыхьэту щIым фытетщ!»,- жиIащ.

НэгъуэщIу жыпIэмэ, цIыхум Жэннэтри, Жэхьэнэмэри къыщIилэжьыр цIыхухэм хужаIэракъым, атIэ Iуэху илэжьхэм теухуауэ къелэжь, цIыхухэми абы илэжьыр ялъагъу, фIыми Iейми. Абы ипкъ иткIэ топсэлъыжхэри, лэжьыгъэри, цIыхухэм жаIэри зэпыщIэжа мэхъу.

ДауикI «цIыхухэм» къикIыр цIыху сурэтым къинэжауэ, акъыл зэтеткIэ гупсысэхэращ, фIыр зэрыфIым хуэдэу, Iейри зэрыIейм хуэдэу ялъагъуфу, псапэмрэ, гуэныхьымрэ зэхагъэкIыфу.

Мис апхуэдэ цIыху зэтетхэм я гум фIыкIэ укъинэныр мыбдежым щылъкъым, икIи зы махуэ зы жэщкIи ар зэтеувэкъым, зы Iуэху IуэхуиткIи цIыхум къехъулIэкъым, атIэ и гъащIэ псор нэхъыбэу зытеухуам ипкъ иткIэ цIыхухэм я гум къонэж.

Диныр зэрыщыту къызэдимыщтэу зыгуэр къыхэзыхыу абы егугъу цIыху щыIэщ, а зымкIэ уеплъмэ «мыр сыту цIыхуфI!» хужыпIэну, ауэ нэгъуэщI лъэныкъуэхэмкIэ укIэлъыплъыжмэ и IуэхущIафэм укъигъащтэу, «мобдежым щыфIыр, мыбдежми щхьэ щымыфIрэ-тIэ?!» жыуигъэIэу.

Апхуэдэ щапхъэ къызыхэщ хьэдис щыIэщ. Бегъымбарым عليه الصلاة والسلام-ым цIыхубз гуэрым игугъу къыхуащIауэ щытащ, нэмэз куэду ищIу, нэщI кудрэ ису, сэдэкъэ куэдрэ иту, ауэ и гъунэгъум теухуауэ и бзэгур сэшхуэ къихам хуэдэу къигъэсэбэпу. “Жэхьэнэмэ Iыхьлы хъунущ ар!”, — жиIащ ЛIыкIуэ лъапIэм, عليه الصلاة والسلام-ым. (Имам Ахьмэд къиIуэтэжащ).

Алыхьым деж ущыфIу, цIыхухэм деж ущыIейуэ, е цIыхухэм деж ущыфIу, Алыхьым деж ущыIейуэ… апхуэдэ щыIэкъым. АтIэ Алыхьым деж ущыфIыну ухуеймэ, цIыхухэми фIыуэ уахущытын хуейщ. Апхуэдэ дыдэуи, цIыхухэм дежэ ущыфIыну ухуеймэ, Алыхьыми фIыуэ убгъэдэтын хуейщ. Ахэр псори зэпыщIэжащ. 

Муслъымэн жэмыхьэт! ЦIыхуфIым и пщIэр Алыхьым и деж зэрыщымыкIуэдым хуэдэу, цIыхухэми я деж щыкIуэдкъым, атIэ дунейм тетыхукIи пщIэ иIэу мэпсэу, дунейм ехыжми цIыхухэм я гум фIыкIэ къонэ, уеблэмэ, хэмыгъуэщэжу и цIэр тхыдэм къыхонэ.

Алыхьыр бегъымбарыгъэкIэ зыхуэпсэуа цIыху хэIэтыкIахэм я Iуэхур гурыIуэгъуэщ мыбы теухуауэ. Ахэм я цIэр зыми хэмыгъуэщэну дунейм къытенащ. Ауэ, бегъымбарыгъэкIэ къыхуэмыупсами, щIэныгъэкIэ, IущыгъэкIэ, лIыгъэкIэ, жумартагъкIэ, цIыхугъэкIэ зи цIэр тхыдэм къыхэлыдыкIыу къыхэзына дапщэ щыIэ?!

Ауэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, зи щIэныгъэншагъэкIэ, е акъылыншагъэкIэ, е лIыгъэншагъэкIэ, е нэпсеягъкIэ, и цIыхугъэншагъэкIэ зи цIэр IейкIэ тхыдэм къыхэзынахэр нэхъыбэщ.

КIуэцIрыкIыфакъым ахэр гъащIэм и гъэунэхупIэм я пщIэр яфIэмыкIуэду, атIэ я псэм зыдрагъэшэхри пщэдей хуэдэм кIуэдыжыну гуэрым кIэрыщIауэ псэуахэщ. «Ди щхьэ дыхуопсэуж!» жаIэурэ я щхьэ къагъэпцIэжащ. Я щхьэм фIэкI къафIэмыIуэхуурэ Iуэхуу щыIэм я нэхъыщхьэр къагъэнащ.

ЦIыхур нэху къекIамэ «нобэ хэт сэбэп сыхуэхъуфын?» жиIэу и махуэр иригъэжьэн хуейщ. НэгъуэщIым сэбэп хуэхъуну мурад дахэ зиIэм езым и Iуэхури Алыхьым къыдиIыгъынущ, и гуми нэхъ зигъэпсэхуу, гукъыдэжи нэхъ иIэу дунейм тригъэтынущ.

ЦIыхум нэгъуэщIым зыгуэр щыхуищIэм деж игумкIэ зэхищIэмрэ, езым зыгуэр къыщыхуащIэм деж зэхищIэмрэ зэбгъапщэмэ, хуэзыщIэм и гум фIыгъуэу зэхищIэр зыхуащIэм зэхищIэм хуэбгъадэ хъуххэнукъым.

Алыхьым и сэбэп къыдигъэкI нобэ зэхэтхам! Алыхьым долъэIу и арэзыныгъэр къэдлэжьыныр тынш тщищIыну, ди цIэри фIыкIэ мы дунейм къытенэныр насып тхуищIыну!