Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

47. Рэмэданыр икIэм нэсыпащ

11.06.2019
Еджауэ 808

ФIыщIэ Алыхьым худощI, дыкъэзыгъэщIам, мы динымкIэ къытхуэупсам, псапэ щIэным дыкъыхуезыджам, псапэ щIэкIэми дезыгъэсам, НэщI мазэ лъапIэри ди диным щыщ зыщIам, фIыгъуэ куэдри абы къыдэкIуэу зыгъэпсам.

Щыхьэт дытохъуэ ди Тхьэшхуэм и закъуэныгъэм, цIэм я нэхъ дахэри, щифэтым я нэхъ лъагэри зэрыбгъэдэлъым, хуэпщIылIыныгъэ теухуауи Iыхьэгъу зэримыIэм.

Щыхьэт дытохъуэ Мухьэммэд лъапIэм صلى الله عليه وسلم и бегъымбарыгъэм, иужьрей лIыкIуэу ар къызэрытхуагъэкIуэжам, иужьрей Тхылъри къэзэрыхурагъэхыжам.

Муслъымэн жэмыхьэт! Махуэмрэ жэщымрэ къалэн куэд ягъэзащIэ, ауэ нэхъыбэ дыдэу абыхэм ягъэзащIэ къалэнхэм ящыщу дызэгупсысын хуейр: ахэр ди гъащIэ блэкIыр къызэрытпщ пычыгъуэу, длэжь лэжьыгъэхэм я хъумакIуэу, я гъэтIылъыпIэу зэрыщытращ.

Псори гъуэгуанэ дытетщ, ауэ гъуэгуанэ тетыкIэр зэхуэдэкъыми, Алыхьым Езым фIэфI гъуэгум дытету дигъэпсэу! 

Гъуэгуанэ псоми кIэух яIэщи, зи кIэухыр дахэ хъунухэм, Тхьэ лъапIэм и пащхьэ зи гур къабзэу ихьэжынухэм ящыщ Алыхьым дищI!

НэщI мазэ лъапIэри а гъуэгуанэ пычыгъуэхэм ящыщ зыщи, хэти екIуу ар ирихьэкIащ, хэти абы теухуауэ емыкIу къихьащ, хэти екIури емыкIури абы хигъэхьащ.

Пэжращи, дэ иджыпсу дызыхэт фIыгъуэр нэгъэсауэ къыдгурыIуэжу щытамэ ди гур ди пкъым имыхуэжу хъунт , а фIыгъуэр къэзымыгъэсэбэпыр зыхэкIыжыр ищIэжу щытамэ и гур ипкъым къыхэмыщыжу хэткIухьыжынт.

НэщI зымыIыгъыхам, Алыхь унафэми елъэпэуахэм ягугъу тщIыкъым, ауэ нэщI зыIыгъыу ныкъусаныгъэ абы хэзыгъэхьахэм, апхуэмыдэ къытхэткъыми, я ныкъусаныгъэр илъэщIыжыну, я щыуагъэхэри зэригъэзэхуэжыну Алыхь Иным бытырыр ди диным щыщ ищIащ.

 

Муслъымэн жэмыхьэт! НэщI икIыж гьидым ипэ къихуэу Бегъымбар лъапIэр, гьэлейхищ-щэлату уэс-сэламыр, цIыхухэм къахыхьэти я мылъкум бытыр хагъэкIын зэрыхуейр къажриIэт. (Абу Дауд). Дэри абы дытету бытырым и Iуэхур фигу къыдогъэкIыж.

Бытыр тыныр мы дин дахэм хэт Iуэхугъуэ дахэхэм ящыщ зыщ. БытырымкIэ, зэрыжытIауэ, уи нэщIым ныкъусаныгъэ къыхыхьахэр зыбогъэзэхуэж, тхьэмыщкIэри гуфIэгъуэ махуэм – гьидым гуфIэу тыбогъэхьэ, цIыхухэм щIелъэIун е щIехъуэпсэн щхьэусыгъуэ имыIэу а махуэ лъапIэм ирыбогъэхьэлIэ.

Бытыр тыныр зыхуэзэфIэкIыу щыIэ дэтхэнэ муслъымэнми къалэну и пщэм къыдохуэ. Уэ езым уи пщэ къыдэхуэм къищынэмыщIауэ уэ къыпщыгугъыу унагъуэм ису хъуам папщIэ птын хуейщ ар.

Хьэдисым къызэрыхэщыжымкIэ бытырым и купщIэр: тхьэмыщкIэхэр цIыхухэм яхуэмыныкъуэу гьид махуэм тебгъэхьэнращ. Ар щыгурыIуэгъуэкIэ, бытырыр зыхатыкI мылъкум зимыхъуэжу сыт щыгъуи зым тетыфынукъым, атIэ цIыхум я псэукIэм, шхынхэкI зэрахьэм ехьэлIауэ зихъуэжынущ.

Уеблэмэ шхынхэкI гуэр тхьэмыщкIэм епт нэхърэ, а шхыным и уасэр ептмэ нэхъ къищтэу икIи нэхъ хуэныкъуэу щыщытыр мащIэкъым. Аращи псори зэлъытэжар тхьэмыщкIэм нэхъ сэбэп хуэхъунуращ, ар шхынхэкI ирехъу, е абы и уасэрауэ ирехъу, тIури щIэмыхъун щхьэусыгъуэ щыIэкъым.

Муслъымэн жэмыхьэт! Рэмэданым и иужьрей жэщыр къихьэмэ Гьэлий, رضي الله عنه-р къыщиудти гъыт мыхэр жиIэурэ: «Къабылу зыIахар сщIамэ сыкIуэнти сехъуэхъунт, зыIамыхам сыкIуэнти сыхуэгузэвэнт!».

Ауэ дымыщIэххэу иджыри къэнэжа жэщ зыбжанэм хэтынкIэ хъунущ жэщ мин нэхърэ нэхъыфI жэщыр, Къэдыр жэщыр, КъурIэныр къыщеха жэщыр. Илъэс пщIейрэ илъэсищкIэ Алыхьым ухуэлэжьэнымрэ, а зы жэщым утехуэрэ гьибадэт блэжьынымрэ зэбгъапщэмэ, а зы жэщыр абыхэм ятекIуэжынущ.

Iуэхури Къэдр жэщыр зытехуэр къэтщIэнракъым, атIэ а жэщым ирихьэлIэу гьибадэт куэд тхуэлэжьынращ. Къэдр жэщым хиубыдауэ ябжыр, ар зытехуэр къэзыщIаракъым, атIэ ар зытехуэр къимыщIа пэтрэ а жэщыр гьибадэткIэ зыгъэкIуаращ.

Муслъымэн жэмыхьэт! Алыхьым и лIыкIуэ лъапIэм, صلى الله عليه وسلم-м, жеIэ: “ИпэжыпIэкIэ лэжьыгъэхэр зэлъытэжар абы кIэух яхуэхъуращ“. (Бухъарий).

Арамэ, къыддрелъагъу Аллаху Тэгьалам мы махуэ къэнахэм: фIыр зэрытфIэфIыр, ди нэри къызэрихуикIыр, къытхуагъэгъунуи дызэрыхуейр, Жэнэтми дызэрыщIэхъуэпсыр, Жэхьэнэмэми дызэрыщышынэр.

Зэхэтхам и сэбэп Алыхьым къыдигъэкI! Ди нэщIи, ди нэмэзи, ди сэдэкъэи Алыхьым къабылу тIих! Дыузыншэу, иман дбгъэдэлъу мазэр икIэм Алыхьым ныдигъэхьэс! Ди гуэныхьхэр къытхуэгъуауэ, длэжьари къабыл хъуауэ, Жэхьэнэмэ мафIэм къелынухэм дыхабжауэ гьидым Алыхьым дытригъэхьэ!