Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

45. Жыгхэм я хьэдагъэ махуэр!

11.06.2019
Еджауэ 638

Аллаху Тэгьалам фIыщIэ худощI, диным я нэхъыфIымкIэ къытхуэупсэжащ, лIыкIуэм я нэхъ лъапIэри къытхуигъэфэщащ, тхылъым я нэхъ Iущри къыдитыжащ. Щыхьэт дытохъуэ Абы и закъуэныгъэм, хуэпщылIыныгъэ теухуауэ Iыхьэгъу зэримыIэм.

Щыхьэт дытохъуэ Мухьэммэд лъапIэм صلى الله عليه وسلم и бегъымбарыгъэм, гущIэгъу къытхуищIу иужь дыдэу къызэрытхуигъэкIуэжам.

Муслъымэн жэмыхьэт! Аллаху Тэгьалам дыкъызэригъэщIар, дыкъигъэщIуи дызэрыщымыгъупщэжар, атIэ жытIэу хъуамкIи, тщIэуэ хъуамкIи жэуап зэрыдигъэхьыжынур тщымыгъупщэу дывгъэпсэу!

КъэзыгъэщIамрэ, къыщIагъэщIамрэ цIыхум зэрыщыгъупщэращ мы дунейм бэлыхьу къыщыхъур къыщIэхъур. Ауэ, ахэр зэпымычу зи нэгум щIэтым, зи гуми илъым зэпIэзэрыту и гъащIэр ирехьэкI.

А зэпIэзэрытыныгъэращ жэмыхьэтми, лъэпкъми я Iуэхум зезыгъэужьыр, утыкури езыгъэгъуэтыр, пщIэи къезыгъэлэжьыр. Ар зиIэращ зи къэкIуэнури зэтеувэр.

Ауэ абы и мэ къыщIихьакъым хужыпIэ хъунущ, «псоми ящIэри сэри сощIэж», «апхуэдизым щащIэкIэ абы зыгуэр хэлъ хъунщ», — жызыIэу утыкум ит цIыхум.

ЖеIэ ди ЛIыкIуэ лъапIэм صلى الله عليه وسلم: «Фыщымыт Iиммэгьэу! ЦIыхум фIы ящIэмэ ядэфщIэу, Iей ящIэми ядэфщIэу, атIэ зэпIэзэрыту фыщыт: цIыхум фIы ящIэмэ фIы ядэфщIэу, ящIэр мыхъумыщIэмэ фыкъызытеувыIэу».

Мис апхуэдэу, псоми ящIэри дэри дощIэ, жыхуаIэм тету пщэдей дэкIмэ ди цIыхухэр зэхэлъэдэжынущ, яIэри ямыIэри халъхьэнурэ къахуэщэхур къащэхунущ, къахуэмыщэхур щIыхуэу къащтэнущ, адэкIэ, абы и жэщыр махуэм хуэдэу Iэуэлъауэу ягъэкIуэнурэ, къыкIэлъыкIуэ махуэ зыбжанэр жэщ пэлъытэу ди щIыналъэм щыкIуэнущ.

 Мы Iуэхугъуэм дэ куэдрэ игугъу тщIащ, мыбдежым щIэсхэми мыр зэрымыхъунур, мыр зэрыхьэдыгъуэдахэр, мыр ди диным къызэремызэгъыр, мыр Iуэху бгъэдыхьэкIэ захуэу зэрыщымытыр псоми къагуроIуэ.

Уэ езыр улъэпкъмэ, уи дин уиIэжмэ, уи щхьэ пфIэтыжмэ – уэ езым уиIэжын хуейщ махуэ лъапIэхэр, ущIызэхуэсын щхьэусыгъуэшхуэхэр, Iэтауэ дэпхын махуэхэр. ИкIи, Алыхьышхуэм и шыкуркIэ, дэ езым диIэжщ махуэшхуэхэр, гьид махуэхэр, махуэ дахэхэр, махуэ нэхухэр.

Мис ахэр дгъэлъэпIэну, хуэфащэ пщIэр яIэу — лъагэу, Iэтауэ дэтхыну ди къалэнщ. ИтIанэщ, Алыхьым ди Iуэхур къыщыддиIыгъынури, мыдэкIэ цIыхухэми пщIэ къыщытхуащIынури.

Армырауэ, зэхэувауэ хъурейуэ къэзыхьыжхэм я кIапэм упыувэкIэ, а хъурейм щыщ ухъунукъым, атIэ кIапэм упысу уи гъащIэр пхьыну аращ, уеблэмэ, а кIапэми укъыпыхуу узыхэхуэну фIейр Алыхьым ещIэ.

Ар дэ къыдгуроIуэ, ауэ дэ къыдгурыIуэрэ дытIысыжу щымыту, адрейхэми янэгъэсыпхъэщ: я щхьэм пщIэ хуащIыжыну, ялэжьыр щIалэжьыр ящIэжу псэуну, мыхьэнэ зимыIэм я зэманыр ирамыгъэхьыну, я мылъкури хамылъхьэну.

Псом хуэмыдэжу нобэ къыхэдгъэщыну дыхуейт, мы зыри къызэрымыкI Iуэхугъуэм ипкъ иткIэ мыпхуэдиз жыг дахэхэр, жыг щхъуантIэхэр къызэрыраудыр, илъэс бжыгъэкIэ къагъэкIа къэкIыгъэр къраупщIыкIыурэ дыкъэзыхъуреихь дунейм, экологие, жыхуэтIэм Iэ щIыIэкIэ зэрыхэIэбэр.

Муслъымэнхэм къурмэн щащIкIэ дунейр ягъэву, “уэхьэхьей Iэщыр фIагъэж, лей ирах”, жаIэурэ, ауэ сэ къызгурымыIуэр зыщ: Iэщыр фIомыгъэжу зэрыпшхынур сыт хуэдэу?!

Iэщыр муслъымэнхэм щIыфIагъэжыр, ар езыхэми яшхын, абы тхьэмыщкIэхэми, гъунэгъухэми, нэгъуэщIхэми я шхын къыхэкIын папщIэщ. ЯщIэн ямыгъуэту ар ящIэкъым абыхэм.

Ауэ, мы жыг дахэхэр къыщраудым деж «зы сэбэпынагъ абы къокI, я щхьэ теухуауэ е нэгъуэщIхэм ятеухуауэ», жыIи къэхьыт!

Iуэхур апхуэдэу щыт пэтрэ, муслъымэнхэм ящIэр Iейщ, мыр езыхэм ящIэри фIыщ! Ар сыт хуэдэ бгъэдыхьэкIэ, ар сыт хуэдэ гупсысэкIэ?!

Нобэ, Алыхьым и шыкуркIэ нэхъыбэ хъуащ зи нэ нэхъ къаплъэхэр, зи щхьэ пщIэ хуэзыщIыжхэр, ящIэр щIащIэр ящIэжу псэухэри, Аллаху Тэгьалам долъэIу адрейхэми пэжыр я гум нигъэсыну, я хъейр зыхэлъым я Iэр лъигъэIэсыну, псоми и нэфI къытщыхуэну!