ФIыщIэ Аллаху Тэгьалам худощI, дыкъэзыгъэщIам, дызыхуэныкъуэу хъуари къыдэзытыжам, и дин дахэми дыхуэзыузэщIам, нэхъыфI дыдэу илъэгъуа Бегъымбарми и Iуммэтым щыщ дызыщIам.
Щыхьэт дытохъуэ ди Тхьэшхуэм и закъуэныгъэм, хуэпщылIыныгъэ теухуауэ Iыхьэгъу Абы зэримыIэм, сыт хуэдэ ныкъусаныгъэми Ар зэрыхэIэтыкIам.
Щыхьэт дытохъуэ Мухьэммэд лъапIэм صلى الله عليه وسلم-эм и бегъымбарыгъэм, иужь дыдэу лIыкIуэ лъапIэу къызэрытхуагъэкIуэжам.
Муслъымэн жэмыхьэт! Аллаху Тэгьалам дыщышынэу, дыфIэлIыкIыу мы дунейм дытевгъэт, тхьэшынагъэр ди гъуазэу сыт хуэдэ Iуэхуми дыпэрывгъэт!
Тхьэшынагъэр Iуэхум хэмытмэ, цIыхур цIыху сурэтым йокI, сыт хуэдэ гъунапкъэми фIокI, Iейуэ щыIэри игум къокI, абы ипкъ иткIи и напэр токI.
Тхьэшынагъэ зыхэмылъ цIыхум и жыпым сыт хуэдэ мылъку къихьэми, и унэм сыт хуэдэ мылъку щIихьэми къыфIэIуэхунукъым. Абы и дежкIэ псом нэхъыщхьэр и Iуэхур дэкIынращ, и ныбэ изу кIуэуэ гъуэлъыжынращ.
Апхуэдэ псэукIэ, апхуэдэ дуней тетыкIэ цIыхум япэм яIакъым, атIэ иужькIэ яIэ хъуауэ аращ. АрикIи ди Бегъымбар лъапIэм صلى الله عليه ولسم и пэжагъыр къэзыгъэлъагъуэ зы теплъэгъуэщ.
ЖиIащ عليه الصلاة والسلام-ым: “ЦIыхухэм зы зэман къахуэкIуэнущ, мылъкур хьэлэлым къыхэкIми, хьэрэмым къыхэкIми къафIэмыIуэхуу“. (Iэн-НэсаIий).
Ауэ, хьэрэмым къыхэкIа мылъкур цIыхум зэикI мылъку хуэхъунукъым, атIэ Ахърэтым нэмысуи дунеягъэкIэ къыщыщIэныжыр мащIэкъым, Алыхьым къыпхуимыгъэфэщар уэ зыхуэпгъэфэщэжкIи ар фащэ пхуэхъункъым.
“Зым ищэну адрейм къищэхуну цIыхуитI зэбгъэдэувамэ, зэбгъэдэмыкIыж (е зытепсэлъыхьыр ямыхъуэж) ипэ зыр щIегъуэжамэ, къикIуэтыжыну хуитщ“, — жеIэ Бегъымбарым صلى الله عليه وسلم-эм. АдэкIи пещэ: “Зыщэнури, къэзыщэхунури Iуэхум пэжу бгъэдыхьамэ, зыри ямыбзыщIу наIуэ къащIамэ — я щэн—щэхуэным берычэтыр къыхалъхьэнущ, ауэ зыгуэр ябзыщIамэ, пцIы яупсамэ — берычэтыр абы хахынущ“. (Бухъарий, Муслим).
А псалъэхэм я пэжагъыр ди хъуреягъым щыдолъагъу: и мылъкур иригъэкIын, сыт хуэдэми IэщIэкIын е нэгъуэщIым зыгуэр къыIэщIигъэкIын папщIэ, сыт хуэдэ пцIыри къезыгъэзэгъ цIыху щыIэщ, ауэ абы къыщIиха мылъкур псым хуэдэу и Iэгум йожыж, зыгуэр къыхуищIа йогугъэж, ауэ ипэжыпIэкIэ къырищIауэ къыщIокIыж.
Иджыблагъэ Iуэху къыдбгъэдалъхьахэм ящыщщ: апхуэдэу и мылъкур IэщIихын папщIэ пцIы зэхилъхьэщ, зыгуэрхэр зэхиджэри, мылъкур IэщIигъэкIауэ, ауэ мазэ бжыгъэ нэхъ дэмыкIыу сымаджэ хьэлъэ хъууэ дунейм ехыжауэ. Иджы щIыхуэри хьэлъэу и псэм къытенащ, къыщIэнахэми хуапшыныжыну ягу къэкIыххэкъым.
ЦIыхум мылъку хьэрэм щишхым и деж, абы и зэранкIэ и дугьэр къабыл мыхъужу, Аллаху Тэгьалам и деж и лъэIури нэмысыжу зэрыхъум фIэкIа Iуэхум хэмылътэмэ, цIыхур абы щышынэн хуейт.
Хьэдис лъапIэхэм къызэрыхэщщи, цIыхум и теплъэкIэ уеплъмэ, мыбы Алыхьым гущIэгъу къыхуищIын хуейщ, мыбы и дугьэр Iихын хуейщ, хужыпIэу, ауэ и шхыныр, и щыгъыныр хьэрэмым къызэрыхэкIым папщIэ Алыхьым абы и дугьэр жэуапыншэу къигъанэу, къыщокIуэ. (Муслим).
Ар насыпыншагъэ дыдэкъэ: утыкум укъинэпауэ, Iэмалу щыIэри пфIэкIуэдауэ, ара пэтрэ Алыхьым уи дугьэр пIимыхыныр?!
Ар насыпыншагъэ дыдэкъэ, узым укъызэфIикъауэ, уи кIуэцIыр къырикъуэнтIыкIыу, ауэ ара пэтрэ, уи дугьэм зыри къимыкIыу, уэркIэ мы уафэшхуэм и бжэхушхуэхэр зэхуэщIауэ!
Ар сыт къызыхэкIыфынур? ХьэрэмкIэ упсэунращ, хьэрэмым къыхэкIамкIэ ушхэнращ, зыпхуэпэнращ.
ХьэрэмкIэ псэу цIыхум и гур быдэ, пхъашэ мэхъу. Зи гур апхуэдэу хъуа цIыхум фIыр, дахэр, екIур къыгурымыIуэжу, зэхимыщIэжу, уаз зэхиххэм къимыгъэгумэщIэжу мэхъу.
Имам Ахьмэд رحمه الله упщIэ иратат зэгуэрым: — ЦIыхум и гур щабэ сыт зыщIыр?-, жаIэри, — “ХьэлэлкIэ шхэным щабэ ещI!”, — жиIат.
НэгъуэщI зы имамышхуэ гуэрми жеIэ: “ЦIыхум зыгуэр и кIуэцIым йохри, абы и зэранкIэ и гум зехъуэж, и гум зызэредзэкI. Фэм зидза, зихъуэжа нэужькIэ зэрыщытам хуэдэ зэрымыхъужым хуэдэу, гури абы иужькIэ зэрыщытам хуэдэ хъужкъым“.
Абыхэм ямызакъуэу, цIыхум хьэрэм шишхым и деж и Iэпкълъэпкъри къемыдэIуэжу мэхъу, жаIэ. ФIы ищIэну хэтми, мо Iейм зэресам папщIэ, фIымкIэ и Iэпкълъэпкъыр къедэIуэжкъым.
Аращ Ибн Гьэббас щIыжиIэр: “ЦIыхум псапэ илэжьмэ, ар и нэгум нуру къощ, и гум нэхуу иредзэ, и Iэпкълъэпкъым къару хуохъу, и ерыскъыр бэгъуэнми, цIыхухэми фIыуэ къалъэгъунми щхьэусыгъуэ хуохъу. Ауэ, гуэныхь илэжьмэ, ар нэгум фIыцIагъэу къощ, гум кIыфIыгъэу хедзэ, Iэпкълъэпкъыр къарууншэ ещI, ерыскъыри мащIэ хъуным щхьэусыгъуэ хуохъу, цIыхухэми я гур абы бгъэдокI!”.
Мис апхуэдэ фIыгъуэ куэдыр, апхуэдэ дыдэуи, мыгъуэ куэдыр къыдокIуэ мылъку Iуэхуми, ди щхьэкIи, ди бынкIи, ди унагъуэкIи дызыхуэвгъэсэкъыж, мылъку кIуэдыжыным щхьэкIэ зыдвмыгъэгъэунэхъуж!