Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

29. Псоми я купщIэр

11.06.2019
Еджауэ 622

Муслъымэн жэмыхьэт! Аллаху Тэгьалар мис аргуэру зэ къытхуэупсауэ мазэм я нэхъ лъапIэм дыхэтщ. Псапэм зи нэ къыхуикIхэм, зи гуэныхьыр зылъэщIыжынуи щIэхъуэпсхэм нобэ хуэдэ Iэмал ягъуэтыжынкъым.

НэщI мазэ щыжытIэкIэ, зэманыр кIыхьу, Iэмалри куэду, нобэ сымыщIэмэ пщэдей сщIэнкъэ, жытIэу Iуэхум дыбгъэдыхьэ хъунукъым, атIэ мазэр махуэ зыбжанэ хъууэ аращи, бетэмалу тIэщIэкIынкIэ хъунущ. Апхуэдэ зыгуэрщ езы Аллаху Тэгьалами ар махуэ бжыгъэ зэрыхъур КъурIэнкIэ къыщIыхигъэщар.

НэщI мазэм и фIыгъуэхэм, и фIагъхэм дытемыпсэлъыхьу, муслъымэным «НэщI мазэ» псалъэр зэрызэхихыу фIыгъуэшхуэ абы зэрыпыщIар къыгурыIуэу, зэхищIыкIыу, абы и кIуэцIкIэ IуэхуфI нэхъыбэу лэжьын зэрыхуейр зэхищIэу щытщ.

Абы ипкъ иткIэ, а псоми къагурыIуэр къэдгъэнэнщ зэкIи, куэдым къагурымыIуэ, е ящыгъупщэ, е я акъылыр зыхунэмыс гуэрхэм дытепсэлъыхьынщ.

Алыхьым дызэрыхуэлажьэу диным хэт Iуэхугъуэхэм лъэныкъуитI яIэщ: зыр нэрылъагъуу тщIэращ, адрейр езы Алыхьым фIэкIа къыддимыщIэу длэжьращ.

Нэмэзыр къэтщтэнщи, нэрылъагъуу: дытоувэри дыщытщ, КъурIэн доджэ, рукугь, суджуд дощI… Ар псоми дощIэ, икIи псоми догъэзащIэ, кIуэ гъэзэщIэкIэм зэтемыхуэныгъэ гуэр къыхэхуэми.

Ауэ нэмэзым мынэрылъагъуу, атIэ Алыхьым илъагъуу икIи фIыуэ илъагъуу нэгъуэщI лъэныкъуэ гуэр хэлъщ. Аращ нэмэзым и купщIэ дыдэри. КупщIэм нэхъ IэфIи, нэхъ гурыхьи зыри щыIэкъым, сыт иIыс теухуауи.

Сыт-тIэ нэмэзым и купщIэр?,- жыпIэмэ, абы и купщIэр: Тхьэшхуэм и пащхьэ узэритыр зэхэпщIэу, зыхуэбгъэлъахъшэу, зыхуэбгъэцIыкIуу, узэрыпщылIыр пщIэжу, уи тхьэмыщкIагъэр пщымыгъупщэжу утетынращ нэмэзым.

Мис а купщIэр сыт хуэдэ гьибадэтми хэлъщи, ар къыхэтхыфу зедгъэсэн хуейщ. АбыкIэ дэ ди щапхъэщ Алыхьым и нэфIыр зыщыхуэн ди Бегъымбар лъапIэр صلى الله عليه وسلم-эр.

И Iуэхур щытынши щыгугъуи, щиIэм дежи щимыIэм дежи и щхьэр имыIэту, атIэ псори зыIэщIэлъыр икIи къыпхуэзыщIэр езы Алыхьышхуэр арауэ зэрыщытыр къыхэщу игъащIэр ихьащ а цIыху лъапIэм.

И Iуэхур нэхъ гугъу дыдэ щыхъуар а цIыху лъапIэм – и адэ къуэшри и щхьэгъусэри дунейм ехыжауэ, ТIаIиф дэсхэми и щхьэр зыдихьыну имыщIэу къыщагъэнарати, абы щыгъуэ абы дугьэ ищIауэ щытам уеплъыжмэ – уи щхьэфэцым зыригъэIэту апхуэдэщ, апхуэдизкIэ зигъэлъахъшэу Тхьэшхуэм и Iуэхур бгъэдилъхьэти.

И Iуэхур нэхъыфI дыдэ щыхъуахэм яхыубжэ хъунущ – Мэккэ къащтэжыну муслъымэнхэр щыдыхьам щыгъуэ. Апхуэдэ теплъэгъуэм цIыхум и щхьэр иримыгъэIэтынкIэ Iэмал зимыIэщ, жыпIэнкIэ хъунущ, ауэ ди ЛIыкIуэ лъапIэм صلى الله عليه وسلم и щхьэр ехьэхауэ, уеблэмэ апхуэдизкIэ ехьэхати зытес уанэ кIапэм жьэхэуэнущ иджы жыпIэу дыхьауэ щытащ Мэккэ къалэм.

Аращ. ЦIыхум Алыхьышхуэр нэхъыфIу къицIыхухукIэ Абы лъагъуныгъэ хуиIэри нэхъыбэ мэхъу, а лъагъуныгъэр нэхъыбэ хъухукIэ и даIуэныгъэри нэхъыбэ мэхъу, и щхьэри нэхъ лъахъшэ, игури нэхъ махэ мэхъу.

ЦIыхум и гур зэгъэнкIи, зыхуей хуэзэнкIи, IэфIагъ нэгъэса зэхищIэнкIи Iэмал зыри щыIэкъым, Алыхьышхуэм и Iуэхур пымыщIамэ, Алыхьышхуэм ахэр хуэмыгъэзамэ.

Мы дунейм IэфIагъ къызыхэкIыу хъуар цIыхум игъуэтми, и гур зэгъэнукъым, и пIи изэгъэнукъым, атIэ сыт щыгъуи гуныкъуэгъуэ иIэнущ. А гуныкъуэгъуэр щыкIуэдынур и гур Алыхьым IэщIилъхьэмэщ, Абы и лъагъуныгъэр гум из хъумэщ.

Нобэ дэ дызыхэт мы нэщIри а зи гугъу тщIы Iуэхум теухуауи икъукIэ сэбэп къытхуэхъуфынущ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, цIыхум гупсысапIэ езымытыр ныбэизыгъэращи, иджыпсту ар Iуэхум хэткъым.

УщымэжалIэм и деж мэжалIэ цIыхухэм уегупсысыну Iэмал узэриIэм хуэдэу, уэ езыри узэгупсысыжыну Iэмал уиIэ мэхъу. Девгъэгупсысыж ди тхьэмыщкIагъым, мы ныбэм итлъхьэ шхын тIэкIум дызэрелъытам, напIэзыпIэм гужьеигъуэ дызэрихуэм. Девгъэгупсысыжи ди Тхьэшхуэу псори къытхуэзыщIэжым фIыщIэ хуэдвгъэщI.

Девгъэгупсысыжи мы дуней хьэхум ди гур тIэкIу къыкIэрыдвгъэчи, мыр къэзыгъэщIа ди Тхьэшхуэм едвгъэпх. Мы дунеижьыр ди гум идвгъэху, ди гур къэдвгъэунэщIи, Алыхьышхуэу ЛъапIэ Лъагэм и лъагъуныгъэмкIэ из дывгъэщI.

Мис аращ насып дыдэри. Мис аращ дунеягъэкIэ жэнэт жыхуаIэри. А жэнэтыр иджыпсту дунеягъэкIэ зэхэзымыщIэми, адрей дунейм щыIэ Жэнэтыр илъагъунукъым.

Алыхьу Лъагэ, ЛъапIэм долъэIу ди щытыкIэр Езыр арэзы зытехъуэ щытыкIэм хуигъэкIуэну, ди гур Езым и лъагъуныгъэмкIэ из ищIыну! ДолъэIу ди нэщIым къыхэпхыфыну хэлъ фIыгъуэхэр къыхыдигъэхыну!