Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

5. Ди Iуэху зетхуэу дыпсэуныр

10.06.2019
Еджауэ 573

ФIыщIэ Аллаху Тэгьалам худощI, зи цIэкIэ ящIэр мащIэми арэзы техъуэм, цIыхум щыуагъэ яIэщIэкIри зыгъэгъум, къамылэжь пэтми къахуэзыщIэм.

Щыхьэт дытохъуэ Алыхь Иным и закъуэныгъэм, хуэпщылIыныгъэ теухуауэ Абы Iыхьэгъу зэримыIэм. Щыхьэт абы дытохъуэ, абыкIэ дунеягъэм насыпыфIэ дыщыхъуу, Къемэт Махуэми дыкъелыну дыгугъэу.

Щыхьэт дытохъуэ Мухьэммэд лъапIэми, صلى الله عليه وسلم, и бегъымбарыгъэм, гущIэгъу къытхуищIу иужьу Алыхьым къытхуигъэкIуэжам, щапхъэ сыткIи тхуэхъуну къыдитыжам.

Муслъымэн жэмыхьэт! Псалъэм и пэублэу жытIэнум я нэхъыфIыр зым зыр тхьэшынагъэм къыхуедджэжынращ, мы дунейр зэрынэпцIыр тщымыгъупщэу цIыху хуэдэу мы дунейм дытету, цIыху хуэдэу адрей дунейм дыкIуэжынращ.

ЦIыху хуэдэу мы дунейм утету, цIыху хуэдэу адрей дунейми бгъэзэжын папщIэ, япэ дыдэ уи щхьэ уегупсысыжыфу, уи щыуагъэхэм гу лъыптэжыфу ущытын хуейщ.

Ар пхэмылърэ е абыкIэ ухуэмыхурэ – уэ уи щхьэ уфIэIэбыкIыжынурэ адрейхэм я деж уIэбэнущ, уи щхьэ Iуэхур къэбгъэнэнурэ къуажэ Iуэхум ухэIэбэнущ. “Апхуэдэ хьэл зиIэ хъуа цIыхур унэхъуащ”, жыпIэми ущыуэнукъым, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, абы и щхьэм щегупсысыжын зэман къыхуэнэнукъым.

Зи мы Iуэху зезыхуэм и Iуэхур къигъэнауэ аращ, мы гъащIэ кIэщIыр купщIэншэу игъакIуэу аращ, къэгъазэ зимыIэ зэманыр уэрамым дигъэкIуадэу аращ.

ГъэщIэгъуэнращи, цIыхур апхуэдизкIэ сымаджэ мэхъури, нэгъуэщIым тепсэлъыхьмэ, нэгъуэщIым щыуагъэ гуэр къыдигъуэтыфмэ, абы щыгуфIыкIыу, абы дэрэжэгъуэ къыриту мэхъу. Фадэм дихьэхам къызэрыкIэрыху щыIэкъым цIыхухэм ятепсэлъэхьыным зыIэпишар.

 

Ибн Iэл-Къэйим етх: «Гуэныхьхэм, Iуэху фIейхэм яфIэлIыкIыу цIыху дапщэ щыIэ, ауэ и бзэгур лIами, псэуми IейкIэ ялъэIэсу, сыт къипсэлъми къыфIэмыIуэхуу…!».

 

ТIэкIу укъызэтеувыIэрэ апхуэдэ цIыхухэм я дуней тетыкIэм уеплъмэ гу ялъыптэнущ ахэр Iуэхуншэхэу зэрыдэтхэр, лэжьыгъэ IэнатIэ гуэри шэщIауэ зэрыпэрымытхэр, адэкIэ мыдэкIэ тIысыпIэ, шхапIэ щыIэмэ, абыхэм къыщIэмыкIыу зэрыщIэсхэр.

Муслъымэн жэмыхьэт! ИпэжыпIэкIэ къатщтэмэ, нобэ муслъымэнхэм зы гукъеуэ яIэмэ, мис апхуэдэ цIыху Iуэхуншэ-щхьэхуещэхэр я Iуэхущ. Ахэр муслъымэнхэм я гъуэгум хьэ бзаджэу къытетIысхьауэ тесщ.

Тесщ, фIы гуэр зылэжь ялъагъумэ — ар IэщIауду, щыуагъэ гуэр зыIэщIэкIа къаIэрыхьэмэ — ар сабэм хашыхьу. Абы ищхьэжкIэ, апхуэдэ Iуэху бгъэдыхьэкIэр диным щыщу, диным абы укъыхуриджэу ягъэIуу. Ар насыпыншагъэ дыдэщ.

Пэжращи, дэ зыри къыдащIэн хуейкъым, атIэ дэ езым зэтщIэжым дырикъунущ. Зым ищIыр адрейм екъутэж, зым дырищIейр адрейм егъэщэщэж. Адрейм жиIар езым зэрыжимыIам папщIэ хьэрэму ебж.

Мы ди Iуэхум и хущхъуэгъуэу ди Бегъымбар лъапIэм, صلى الله عليه وسلم, и псалъэу куэдрэ зэхэтхам, ауэ иджыри къэс тхузыхэмылъхьам девгъэдаIуэт: «ЦIыхум и дин зехьэкIэр зыгъэщIэращIэхэм ящыщщ: и Iуэху зыхэмылъыр къигъэнэныр». (Ахьмэд, Тирмизий, Ибн Маджэ).

Мы хьэдис лъапIэр щIэныгъэлI куэдым Ислъам диным и Iыхьэ щанэр къиIуатэу къалъытэ, уеблэмэ, Ислъам диныр псори къызэщIиубыдэу пхужыIуэнущ а хьэдисым.

Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, зи мыIуэху зезымыхуэм и Iуэху зэрихуэнущ, зыхимыщIыкIыр къигъэнэнурэ зыхищIыкIым, и щIэныгъэр зыхурикъум телэжьэнущ.

Апхуэдэ цIыхур цIыху зэпIэзэрыту, цIыху къабзэу аращ. Ар зы лэжьыгъэ IэнатIэ пэрытмэ, абыкIэ жэуап зэрихьыжынум йогупсыс. Ауэ, адрей зэблэшам езым и лэжьыгъэр къигъэнэнурэ: кIуэнурэ дин щIэныгъэлIым и Iуэхум хэIэбэнущ, адэкIэ, дохутырми, сатуущIэми, нэгъуэщIми…. псоми ящIэн хуейри, ящIэн хуэмейри зэригъэзэхуэнущ. Абы хузэмыгъэзэхуэнур зы закъуэщ: езыр зыпэрыт лэжьыгъэр е езым жэуап щIихь и унагъуэр.

Абу Дуджанэ, щэхьабий лъапIэр, сымаджэ хьэлъэу хэлъу зыгуэр щIэупщIакIуэ къыхуэкIуати, и нэгур гуфIэу мыхэр щIэупщIакIуэм къыжриIауэ щытащ: «Мы IуэхугъуитIым хуэдэу гугъэзагъэу зыри збгъэдэлъу сщIэкъым сэ: си Iуэху зыхэмылъым сызэрытемыпсэлъыхьымрэ, си гур цIыхум яхуэкъабзэу зэрыщытымрэ».

Имам Малики, Алыхьыр рэхьмэткIэ зыхуэупсэным, жеIэ: «ЦIыхум ехъулIэныгъэ зэикI иIэнукъым и Iуэху зыхэмылъыр къигъанэу, и Iуэху зыхэлъым телажьэу хъухукIэ. Мис ар зэхилъхьэмэ и гур къабзэу лажьэ хъуну гугъэшхуэ щыIэщ».

Аллаху Тэгьалам къыдигъэхъулIэ Езыр арэзы зытехъуэ дуней тетыкIэр, икIэщIыпIэкIи тхих мы уз Iейуэ лъэпкъыр зэщIэзыцIэлар. Дахэр зэрыдахэу къыдгурыIуэу ар зэхэзылъхьэн,  Iейри зэрыIейуэ къыдгурыIуэу ар зыхэзынын Алыхьым дищI!