Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

Динымрэ дунеймрэ

25.10.2015
Еджауэ 4 253

Аллаху Тэгьалар мы динымкIэ цIыхум къащIыхуэупсар – дунеягъэкIи АхърэткIи цIыхур насыпыфIэ хъун папщIэщ.

Сыт жиIэр ДыкъэзыгъэщIам:
Дэ мы КъурIэныр ныщIыпхуедгъэхар насыпыншэ урихъуну аракъым“.  (ТIа-ха:2).

Алыхь Иным цIыхур мы дунейм къыщытригъэхьэм, абы ищIэт ар зыхуэныкъуэну псори. Псори зыщIэм, псоми щыгъуазэм дин къыригъэхри дауикI а цIыхум и зэхэлъыкIэм езэгъыжу щытынущ.

Ислъам диным хуэдэу: дин Iуэхури дуней Iуэхури нэхъ дахэу зэзыгъэзэгъыф дини бгъуэтынкъым. Абы и зэхэлъыкIэм мащIэ куэдми зыгуэркIэ щыгъуазэм и дежкIэ ар гурыIуэгъуэщ.

Ара пэтрэ мыпхуэдэ гупсысэ къэзыпсэлъ урохьэлIэ: «Диныр зепхьэну ухуеймэ мы дуней Iуэхур къэгъанэ» -жаIэу. Е: «дунегъэкIэ зы щIыпIэ улъыIэсыну ухуеймэ – диныр зыщыгъэгъупщэ!» -жаIэу.

Ар куэдым я псалъафэщ, уеблэмэ езы муслъымэнхэми апхуэдэу ягугъэжынкIэ мэхъу. Ауэ ар апхуэдэу зэрыщымытыр езы КъурIэн дыдэми къыджеIэ, Суннэми наIуэу къыхощ.

 Алыхьышхуэм щыжеIэ КъурIэн лъапIэм:

 «Алыхьым къуитамкIэ Ахърэтыр къэлэжь! Дунейм щыщу къыплъысри зыщумыгъэгъупщэ!». (Iэл-Къэщэщ: 77).

НэгъуэщI сыт узыхуейр?! ЗанщIэу къопсалъэ уи Тхьэр: “Мылъку къуитамкIэ, нигьмэт къызэрыпхуэупсамкIэ уи Тхьэм едаIуэ, гъунэгъу зыхуэщI: абы и псапэр Ахърэтым щыбгъуэтыжын хуэдэу. МыткIэ дунеягъэкIэ къыплъыс хьэлэлыр, ар шхынми, щыгъынми, унэ лъапсэми, щхьэгъусэми… ахэри ууейщ. Уи Тхьэм и хьэкъ зэрыптелъым хуэдэу, уи щхьэ дыдэми и хьэкъ птелъщ, уи щхьэгъусэми и хьэкъ птелъщ, уи унэ къихьэхэми я хьэкъ птелъщ. Аращи гъэзащIэ дэтхэнэми и хьэкъыр!”. Ибн Кэсир.

Бегъымбарым صلى الله عليه وسلم-м зылI къыблэкIати, абы къару бгъэдэлъымрэ жанагъ хэлъымрэ зылъэгъуа щэхьабэхэм жаIащ:

— Уа Алыхьым и лIыкIуэ! Мыр Алыхьым и гъуэгум тету щытамэ аратэкъэ?!

(Гу лъыфта? “Алыхьым и гъуэгу” (фи сэбилил-Лах) жыхуиIэм зы мыхьэнэ хэха гуэр фIэкIа къимыкIыу арат зэращIэр а щэхьабэ гупым. Нобэ дыди дапщэрэ къэхъурэ: диным бгъуэ ищIар зэхуэшауэ, диным хуит ищIар зэщIэкъузауэ къыщыдгурыIуэр?! Абы и щапхъэщ “джиhад” псалъэри. Ар зэрызэхахыу нэхъыбэм я нэгум къыщIыхьэр Iэщэфащэ пкIэрыщIауэ узэуэнращ).

Бегъымбарым щэхьабэхэм я гупсысэкIэр зэрызэтриухуэжами къыбгурегъаIуэ ар:

И сабий быныр зыхуей хуигъэзэн мурад иIэу дэкIамэ – ар Алыхьым и гъуэгум тетщ. Жьы хъуа адэ-анэ иIэрэ, ахэр зыхуей хуигъэзэн мурад иIэу дэкIамэ – ари Алыхьым и гъуэгум тетщ. Хьэрэмым хуэмыныкъуэн, цIыхухэми ямылъэIун папщIэ лэжьэну дэкIамэ – ари Алыхьым и гъуэгум тетщ. Армырауэ, фэрыщIагъым зэрихуэу, зигъэщIэгъуэну дэкIамэ – ар шейтIанырщ зи гъуэгу тетыр“, — жиIащ Алыхьым и нэфIыр зыщыхуэн лIыкIуэ лъапIэм. (IэтI-ТIэбэраний. Хьэдисыр хьэсэнщ, Iэл-Iэлбаний зэрыжиIэмкIэ).

Дин Iуэхури дуней Iуэхури екIурэ нэгъэсауэ зэдахьу щытащ щэхьабэ лъапIэхэм:

Гьумэр, Алыхьыр арэзы зыхуэхъуным, жиIэжу щытащ: Бегъымбар лъапIэм صلى الله عليه وسلم и зэманым сэ Мэдинэ къалэм и Iэгъуэблагъуэхэм сыщыпсэути, си гъунэгъумрэ сэрэ чэзу-чэзукIэрэ лIыкIуэ лъапIэм и деж дыкIуэу щытащ. Сэ сыкIуамэ зэхэсхар мобы жесIэжт, мобыикI апхуэдэу ищIт. (Бухъарий). Чэзу-чэзукIэрэ лIыкIуэ лъапIэм и деж ахэр щIэкIуэр унагъуэ Iуэхум, дуней Iуэхум къызэрыдэхуэр апхуэдэути аращ.

Мы хьэдис дахэми дыщIэвгъэдэIут псори: «Уи Тхьэм егъэщIагъуэ: бгы щыгум иту мэл зыгъэхъу цIыхум, азэн къаджэу, нэмэз щищIым и деж. Мыпхуэдэуи жеIэ зи къарур ину зи пщIэр лъагэ Алыхьым:

«Феплъыт мы си пщылIым, Сэ къызэрысщышынэм къыхэкIыу азэн къоджэри, нэмэзи ещI. Хуэзгъэгъуащ (а) си пщылIым (и гуэныхьыр), хуэсщIащ Жэнэтри тIысыпIэ». (Iэбу Дауд, Iэн-НэсаIий, Ибн Хьиббан. Хьэдисыр щэхьихьщ, Iэл-Iэлбаний зэрыжиIэмкIэ).

НэхъыфI дыдэу сыт цIыхум кърихьэлIэр, къилэжьыр?, — жаIэу гьэлейхис-сэламым къыщеупщIым: «Сату хьэлэлым къыхихамрэ, и IэкIэ къилэжьыжамрэщ», — жиIащ абы. (Ахьмэд: 15276).

Бегъымбар лъапIэр صلى الله عليه وسلم иджыри псэууэ Абу Бэкр رضي الله عنه сату IуэхукIэ Бущра къалэм ежьауэ щытат. Абу Бэкр апхуэдизу фIыуэ лIыкIуэ лъапIэр зэрилъагъуу зэрыщытам, бегъымбар лъапIэми صلى الله عليه وسلم Абу Бэкр апхуэдизу фIыуэ къилъагъуу зэрыщытам щхьэкIэ къимыгъанэу дуней Iуэхум пэрытащ. (Мы хъыбарыр Ибн Хьэджэр и тхылъ “Iэл-Мууэффэкъият”ым щитхыжащ Iумму Сэлэмэ къыбгъэдэкIауэ).

 «Си Iуммэтым я пщэдджыжьым берычэтыр къыхэлъхьэ!», — жиIэурэ лъаIуэу щытащ лIыкIуэ лъапIэр صلى الله عليه وسلم. (Абу Дауд, Нэса1ий, Тирмизий, Ибн Маджэ). Зы щIыпIэ зыгуэр иригъэжьэнуми пщэдджыжьым дигъэкIыу щытащ. 

Тирмизий и тхылъым къызэрыхэщымкIэ, Щэхър Iэл-Гъамидий щэхьабэ махуэри сатуущIэу щытати, сату IуэхукIэ зыгуэр иригъажьэмэ пщэдджыжьым дигъэкIт. Мылъкушхуэ иIэ зэрыхъуами ар и щхьэусыгъуэу къыхощыж хъыбарым. (Тирмизий 1133).

«Мы си псэр зыIэщIэлъым и цIэкIэ соIуэри, кIапсэ къафщтэу фыдэкIыу, пхъэ къызыкIуэцIыфпхэрэ ар фи тхыцIэм телъу фыкъыдыхьэжмэ мынэхъыфIмэ, зыгуэрым фелъэIу нэхърэ. ФызэлъэIуам (фызэрелъэIуар) къывитми къывимытми“. (Бухъарий).

Бегъымбарым صلى الله عليه وسلم-м нэхъыфIу диныр къызыгурыIуэ щыIэ?! Абы къыкIэлъыкIуэу щэхьабэхэм нэхърэ нэхъыбэу диным хэзыщIыкI щыIэу пIэрэ?  НтIэ, абыхэм къапсэлъари, я дуней тетыкIари зэхэтхащ. ДинкIэ щапхъэри ахэращ.

 

ЕтIуанэ хъутIбэ

اَلْحَمْدُ لِلَِّهِ رَبِّ الْعَالَمِينَ، وَصَلَّى اللهُ وَسَلَّمَ وَبَارَكَ عَلَى الْمَبْعُوثِ رَحْمَةً لِلْعَالَمِينَ، نَبِيِّناَ مُحَمَّدٍ وَعَلَى آلِهِ وَصَحَابَتِهِ أَجْمَعِينَ. وَبَعْدُ:

Муслъымэн жэмыхьэт! Дуней Iуэхумрэ Ахърэт Iуэхумрэ я зэхуакум къуэ щIыдэдгъэувэн щыIэкъым, а тIур фIы дыдэу зэдокIу. Дуней Iуэхум пэрытурэ цIыхур и Ахърэтым телэжьэфынущ. Абы щхьэкIэ узыхуейр зыщ: нет дахэ, гухэлъ дахэ.

Ауэ пхэнжу зыгуэрхэр къыдгурымыIуэн папщIэ, мыхэри зыщыбгъэгъупщэ хъунукъым:

Япэрауэ, мы дунеижь дызытетыр зыри зэримыуасэр зыщомыгъэгъупщэ;

Алыхьым и деж дунейр аргъуей дамэ щиуасэтэмэ джаурым зы псы еIубыгъуэ Iуигъэхуэнтэкъым“. (Iэт-Тирмизий: “щэхьихь”).

ЕтIуанэрауэ,  уи гур езы мылъкум кIэромыгъапщIэ; атIэ мылъкур Алыхьым къущIитар къэбгъэсэбэпыну аращи, уэ езым мылъкум зепту зомыгъэпудыж, езы мылъкум зыкъомыгъэгъэсэбэп!

ДыкъэзыгъэщIами зыкъытхуегъазэ:

“يَا أَيُّهَا الَّذِينَ آمَنُوا لاَ تُلْهِكُمْ أَمْوَالُكُمْ وَلاَ أَوْلاَدُكُمْ عَنْ ذِكْرِ اللهِ”

«Уэ, зи фIэщ хъуахэ! Фи мылъкухэми, фи бынхэми Алыхьыр фщыремыгъэгъупщэ!». (Iэл-Мунафикъуун:9).

Бэзэрым тетхэу азэн къэджати, ящэ хьэпшыпхэр къызыханэри нэмэзым кIуэри теувауэ зы гуп илъэгъуат Ибн Мэсгьуди, мыр жиIащ: «Мис мыпхуэдэхэращ Алыхьым жыхуиIар: «Сату Iуэхуми, щэн-щэхуэн Iуэхуми Алыхьыр ящызымыгъэгъупщэ лIыхэр». (Iэн-Нур, 37).

МэтIэр ибн Iэл-Уэрракъи аращ щIыжиIэр ди япэ ита цIыхуфIхэм ятеухуауэ: «Зыгуэри ящэт икIи къащэхут, ауэ азэн макъ зэхахамэ яIэтауэ яIыгъ тэрэзэр къырахьэхыжти нэмэзым теувэхэт».

Ещанэрауэ, уиIэмкIэ арэзы ухъуфу, мащIэми и фIыщIэ пщIыфу зегъасэ;

Сыт хуэдиз мылъку зэхуэпхьэсми къыпхуэнэжынур  –  джэбын узыкIуэцIалъхьэжынуращ. 

ЕплIанэрауэ, Алыхьым и нигьмэтыр гуэныхькIэ къомыгъэсэбэп.

Етхуанэрауэ, мылъку убгъэдэлъым нэгъуэщIым и хьэкъ гуэр хэлъынкIэ хъунущи, абыкIэ умыбэлэрыгъ.

Мис ахэр пхэлъ нэужьым, Ахърэтым къыщыппэплъэ фIыгъуэ мыухыжым ипэ къихуэу мы дунейми насыпыфIэу утетынущ. ИкIи ар къызэхъулIэн муслъымэни Алыхьым дищI дэтхэнэ зыри!