Муслъымэн жэмыхьэт! Дэри, ди япэкIэ щыIахэри дыкъэзыгъэщIа Аллаху Тэгьалам дыщывгъэшыни, пщэдей и пащхьэ дызэрихьэжынум девгъэгупсыс. Зи къэкIуэнум емыгупсысым къэкIуэн иIэкъым.
Зи къэкIуэнум егупсысыр и Ахърэтым зэрегупсысым хуэдэу и дунейми йогупсыс, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, псэукIэ зымыщIэм лIэжыкIи ищIэкъым, псэукIэ дахэ зимыIам лIэкIэ дахи иIэнукъым.
ПсэукIэм къидгъэкIыр нобэ куэдым кърагъэкIракъым. Нобэ псэукIэ зыщIэу ябжыр: унэшхуэ зиIэ, машынэфI ис, хыхьэ-хэкI зиIэ, зи ныбэ изращ. Ауэ пэж дыдэм дыхуеймэ аракъым псэукIэ зиIэ жыхуаIэр.
Пэжщ, Алыхьым хьэрэм ищIакъым унэфIри, машынэфIри, нэгъуэщIри, ауэ ахэм зыри къикIкъым икIи зыри къыпхуащIэнукъым мамырыгъэ щымыIэмэ, хабзэ къемыкIуэкIмэ, цIыху щIэпхъэджащIэхэр зыгуэрым къимыгъэувыIэмэ.
Мамырыгъэри, хабзэри псом япэ иту щызыгъэIэнури, щIэпхъэджащIэхэр къызытезыгъэувыIэнури къэралыдзэракъым, абы адэкIэ, къыдагъэкI законхэракъым, атIэ псом япэ иту абы сэбэп хуэхъур – зиIэм зимыIэм хуищIэращ, зыхузэфIэкIым псапэ илэжьращ, цIыхухэм я зэхуаку дэлъ цIыхугъэращ.
Мис ахэращ ипэжыпIэкIэ, псом япэ иту, къэралыр зыхъумэри, мамырыгъэр зэтезыIыгъэри, мыхъумыщIагъэр къызытезыгъэувыIэри.
Апхуэдэ цIыхуфIхэр щытцIыху щыIэщ, ящIэр зэрытлъагъум папщIэ, ауэ дымыцIыхухэу, зыкъыдагъэцIыхунуи хуэмейуэ цIыхуфI дапщэ щыIэ – псапэ ялэжьу, зимыIэм хуащIэу, гузавэм дэуву, сымаджэм зыщIагъакъуэу…
Ахэм я хьэтыркIэ Аллаху Тэгьалам адрей цIыхухэри къехъумэ, гузэвэгъуэхэми щехъумэ, Iэджэ насыпыншагъи ящхьэщех, къалэжь Iэджи яхуегъэгъу!
«ЩIым тетхэм гущIэгъу яхуэфщIи, уафэмкIэ щыIэм гущIэгъу къыфхуищIынщ», — жеIэ عليه الصلاة والسلام-ым. (Абу Дауд, Тирмизий).
Алыхьым и гущIэгъур къэзышэр дэ тщIы гущIэгъуращ. ЦIыхур адрей цIыхум и Iуэхум хэтыхукIэ, ар дигъэкIыну яужьи итыхукIэ Аллаху Тэгьалари апхуэдэ цIыхум и Iуэхум хэтщ, мобы хуищIэм пэкIуэу езым нэхъыфIыж къыхуещIэ.
Мыхэр къызыгурымыIуэ цIыхур и щхьэ и биижщ. Игугъэщ абы езым и ныбэ измэ, нобэ и Iуэхур дэкIмэ абыкIэ псори зэфIэкIыну, насыпыфIэ абы ирихъуну.
Зи щхьэ фIэкIа емыгупсысыж цIыхур игъащIэм насыпыфIэ хъуакъым, гупсэхугъуи игъуэтакъым, гуфIэгъуэ дыдэри зэхищIакъым, а къехъулIарэ зылъыIэсауэ къыщыхъужри хуэхъумакъым.
ЖеIэ ЛIыкIуэ лъапIэм صلى الله عليه وسلم-эм: «Аллаху Тэгьалам зыгуэрхэм мылъку къабгъэделъхьэ адрейхэм бгъэдалъхьэжын папщIэ. ИкIи апхуэдэу бгъэдалъхьэжу екIуэкIыхукIи мылъкур яIэщIегъэлъ, ауэ зыщIаубыдэжмэ къаIэщIехыжри нэгъуэщIхэм ярет!». (ТIэбэраний. Iэлбаний хьэдисыр хьэсэну къилъытащ).
ГущIэгъу зыхэмылъым гуфIэгъуэ дыдэр зиIысыр ищIэкъым икIи зэхищIэкъым. ГущIэгъури, уи щхьэм, уи быным узэрытегузэвыхьракъым, атIэ апхуэдэ дыдэуи къыббгъэдэтхэм гущIэгъу яхуэпщIынращ, ахэри уи щхьэ еплъытынращ, уэ зыхуэбгъэфащэр абыхэми яхуэбгъэфэщэнращ.
ЗылI Бегъымбарым صلى الله عليه وسلم-эм къыхуэтхьэусыхауэ щытащ, и гур быдэу, пхъашэу щытти, абы Iэмал имыIэм ехьэлIауэ. – «Уи гур щабэ хъуну, уи Iуэхури дэкIыну ухуей? Зеиншэм гущIэгъу хуэщI, и щхьэм Iэ дэлъэ, уи шхыным щыщ Iугъахуи – уи гур щабэ хъунщ, уи Iуэхури дэкIынщ!», — жиIащ عليه الصلاة والسلام-ым. (ТIэбэраний).
Алыхьым сэбэп тхуищI нобэ зэхэтхар! ГущIэгъу зыщIу гущIэгъу зыхуащIыжынухэм, фIы зыщIэу фIы зыхуащIэжынухэм ящыщ дищI. Жылэ псори зи хьэтыркIэ яхъумэн цIыху куэду Алыхьым къытхигъэкI!