ФIыщIэри щытхъури ирикъупауэ зыхуэфащэр ди Тхьэшхуэ лъапIэри, ахэр Абы худогъэфащэ. ЗыкъытщIигъэкъуэнуи, ди гуэныхьхэр къытхуигъэгъунуи Алыхьышхуэм долъэIу, тобэ къэхьыжынри насып тхуищIыну дыщогугъу.
И нэфIыр къащигъэхуэну, и сэламри къарихыну дахуолъаIуэ Бегъымбар лъапIэми, абы и Iыхьлыхэми, и Iэщхьабхми, и диныр зезыхьэ псоми.
Муслъымэн жэмыхьэт! Аллаху Тэгьалар цIыхум къыхуэупсэну мурад къыхуищIмэ – и щIэныгъэмрэ, абы къыхэкI хъерымрэ, абы къыдэкIуэ иманымрэ зэпэшэчауэ, зыр адрейм щхьэпримышу икIи зы лъэныкъуэр нэхъ емыбэу ещI.
Ауэ насыпыншэм щIэныгъэу бгъэдэлъым нэхърэ илэжьыр нэхъыбэу ещIри, и Iуэхур егъэлеиныгъэм хуокIуэ, Суннэм хокIри бидгьэм хопкIэ, уеблэмэ, зимыщIэжурэ, динми икIыпэнкIэ мэхъу.
Дин зехьэкIэм теухуауэ щапхъэ нэхъыфI дыдэ зыгъэлъэгъуа щэхьабэхэм, Алыхьыр арэзы зыхуэхъунхэм, я Iуэхум ухэплъэжмэ: щIэныгъэ ябгъэдэлъым хуэфэщэжу щытащ я IуэхущIафэри, я гум илъ иманым ещхьыжу щытащ я лэжьыгъэри.
КъагурыIуэт абыхэм фIыуэ щIэныгъэм и мыхьэнэр, абы игъэзащIэ къалэныр. ЩIэныгъэ цIыхум щIызэригъэгъуэтыжыр: ауэ сытми и щхьэр ирытригъэуну, утыкум ихьэмэ иридэуэну, зыгуэр зэрищIэмкIэ зигъэпIиину аракъым, атIэ къищIар зэхилъхьэну, и Ахърэтми абыкIэ зыхуигъэхьэзырыну аращ.
Щытащ апхуэдэу щэхьабэ лъапIэхэр, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, диныр пэжу къагурыIуат, я щхьэзыфIэфIыныгъэми ихьхэтэкъым.
Аращ Ибн Гьумэр رضي الله عنهما Бэкъэрэ сурэм илъэсийкIэ яужь щIитар. Уеблэмэ, и адэ Гьумэр илъэсипщIым щIигъукIэ абы елэжьауэ къыхощыж.
Бэкъэрэ сурэр тхьэмахуэ бжыгъэм, уеблэмэ махуэ бжыгъэм, и кIуэцIкIэ зэрагъэщIэнурэ ежьэжынут абыхэм, апхуэдизкIэ гурыхуэхэти, ауэ аратэкъым Iуэхур, атIэ зэбгъащIэм къикIыр къыбгурыIуэу, ар зэхьэлIари, зытеухуари зэхэпщIыкIыу, уи гъащIэм хыупщэнрат абы и купщIэри, абы зэман ихьащ.
Зэман ихьа щхьэкIэ, а зэманыр пщIэншэу кIуэдакъым, атIэ апхуэдэу губзыгъэу диным зэрыбгъэдыхьам и хьэтыркIэ, ар я гъащIэ псом сэбэп къахуэхъужу, сыт къэхъуми абы зэрыхущытынумрэ езыхэр зэрыщытынумрэ ящIэжу я гъащIэр яхьащ.
Табигьинхэм ящыщу Гьэбдур-Рэхьман Iэс-Сулэмий رحمه الله жеIэж: «КъурIэныр къызыбгъэдэтхахэм (щэхьабэхэращ жыхуиIэр) къыджаIэт: аятипщI зэрагъэщIа нэужь, абы щIэныгъэу къыхэщыр зэхамылъхьауэ адрей пщIым Iэбэу щымытахэу. Абы ипкъ иткIэ, щIэныгъэри, абы ехьэлIа лэжьыгъэри зыхэтлъхьащ. Ауэ дэ ди иужькIэ мы КъурIэныр зы гуп гуэрым яIэрыхьынущ, псы зэрырафым хуэдэу ирафу, къраджыкIар я тэмакъыщхьэм фIэмыкIыу, уеблэмэ я жьэгъум фIэмыкIыу».
Зы аят зэрагъэщIэхукIэ, зы хьэдиси зэхахыхукIэ, зы уази едэIуэхукIэ я иманыр хэхъуэу, я хьэлри ефIакIуэу я гъащIэр яхьащ щэхьабэ лъапIэхэм. ЩIэныгъэмрэ иманымрэ, щIэныгъэмрэ хьэлымрэ, IуэхущIафэмрэ зэдэкIуэу щытащ.
Ауэ абыхэм яужькIэ къэкIуахэм я Iуэхур зэгъэндзэкIа хъуащ: хэт щIэныгъэм щыщ куэд ищIэу, ауэ и хьэлкIэ ар къыхэмыщу, хэт IуэхущIафэ куэд илэжьу, ауэ щIэныгъэр къыхуэту хъуащ цIыхум я нэхъыбэр.
Мис мы иужьрейхэм ящыщщ Гьэлий رضي الله عنه щэхьабий лъапIэр зыIэщIэзылъхьэжа Ибн Мулджим нэлатыр. Псапэ къихь игугъэжу, Жэнэтри абыкIэ къилэжьын фIэщу иукIащ абы а цIыху лъапIэр.
ИукIащ япэ дыдэу мы диныр къэзыщта щIалэр, ЖэнэткIэ ягъэгуфIа цIыхуипщIым языр, Бегъымбар лъапIэм صلى الله عليه وسلم и малъхъэр, лIыгъэрэ щIэныгъэкIэ гъэнщIарэ, цIыхуфI и цIыхуфIыжу дунейм тета Гьэлийр.
Ауэ а псом я хьэтыр плъагъун папщIэ ахэм уащыгъуэзэн, ахэр пщIэн хуейкъэ?! Хьэуэ, езым игу иримыхьын гуэр зэхихыжщ, ар къызыхэкIа щхьэусыгъуэр хузэмыгъэзахуэ икIи хуэмыгъэткIу хъури, кIуэри хьэм имыщIэнур ищIащ, арикIи псапэ къихь игугъэжу.
КъурIэныр IэщIэлът а Ибн Мулджимым, уеблэмэ цIыхухэр КъурIэным хуригъаджэт, ауэ КъурIэным итыр зэпкърихыну, ар тэмэму къигъэсэбэпыну, апхуэдэ щIэныгъэ бгъэдэлътэкъым. «И лэжьыгъэр и щIэныгъэм япэ итщ» зыхужаIэхэм ящыщт.
Махуэр джумхьэ махуэу, мазэри нэщI мазэу Гьэлий رضي الله عنه пщэдджыжь нэмэзыр цIыхухэм яригъэщIыну къахыхьауэ арат, мо нэлатыр и щIыбагъым къыдыхьэу къыщеуам. Сыт хуэдэ жэуап абы Алыхьым иритыжынур пщэдей?!
Аращ шубхьэм цIыхум къырищIэр! Гум трещIэ, нэми къытрехьэри зыри зэхимыщIыкIыжу икIи имылъагъужу мэхъу. А нэхъыфI дыдэр нэхъ Iей дыдэу зэбледз, а нэхъ захуэр нэхъ къуаншэ ищI, а нэхъ гурыIуэгъуэ дыдэр зыри къыбгурымыIуэжыну зэIещIэ.
Алыхьым пэжыр зэрыпэжу дигъэлъагъуи абы дытетыфу дищI, пцIыри зэрыпцIыр дигъэлъагъуи абы пыIукIуэтын дищI. Пэжым дытету дигъэпсэу, пэжым дытетуи и пащхьэ дыришэж!