الحمد لله على أن هدانا لدين الإسلام، ووفقنا لسنة نبيه عليه أفضل الصلاة والسلام، وحبانا بمحبة أهل بيته الكرام، وصحابته نجوم الهدى الأعلام، والتابعين لهم بإحسان،
ФIыщIэр хуэфащэщ Аллаху Тэгьалам: Ислъамым дигур хуиузэщIащ, Бегъымбарым صلى الله عليه وسلم и Суннэм дытетыныр къыдигъэхъулIащ, Абы и Iыхьлы и благъэхэр, абы адэкIэ и щэхьабэ махуэхэр фIыуэ тлъагъунри ди гум къырилъхьащ.
А лъагъуныгъэм къыхэтхыу хъутIбэ зыбжанэ хъуауэ щэхьабэ лъапIэхэм датопсэлъыхь, нобэ зи чэзу къэсар хъэлифэ захуэхэм я бжыгъэр зэхуэзыщIыжа, зи щIэныгъэрэ зи лIыгъэкIэ псоми къахэща Гьэлий ибн Iэби ТIалибщ رضي الله عنه-р.
Имам Ахьмэди, НэсаIий, нэгъуэщIхэми رحمهم الله жаIауэ къаIуэтэж: «Гьэлий رضي الله عنه теухуауэ фIы илъэныкъуэкIэ къаIуэтэжа хъыбар пэжхэм хуэдиз зиIэу щэхьабэ зыри щыIэкъым».
Гьэлий иджыри балигъыпIэм имыувауэ диныр къищтауэ щытащ, уеблэмэ нэхъ щIалэхэм щыщу япэ дыдэ Ислъам диныр къэзыщтар аращ.
Гьэлий и сабиигъуэм и гугъу щытщIакIэ, абы ехьэлIауэ езым иужькIэ жиIа гуэр дигу къэдгъэкIыжынщ: «Сабийуэ сылIэжу Жэнэт Iыхьлы сыхъуа нэхърэ, балигъыпIэм сиувэу си Тхьэр къэсцIыхуу сылIэжыныр нэхъ къызощтэ». (Хьильетул-IэулияI).
ИкIи диныр къыщищта сыхьэтым щыригъажьэри, и акъылкIи, и щIэныгъэкIи, и лIыгъэкIи, и хьэлщэнкIи ефIакIуэ зэпыту, адрейхэм нэхъ къахэщу и гъащIэр екIуэкIащ Гьэлий.
Бегъымбарым صلى الله عليه وسلم и унэм щапIа, абдежым къыщекIуэкI зэхэтыкIэ дахэм щIапIыкIа, Бегъыбарым صلى الله عليه وسلم псэухукIэ къыбгъэдэмыкIа Гьэлий дауикI иIэнт апхуэдэ ефIэкIуэныгъэхэр!
И акъылкIэ къэтщтэнщи, Гьэлий и IуэхущIафэхэм, и псалъафэхэм уахэплъэжмэ, акъыл нэгъэсакIэ Аллаху Тэгьалар къызэрыхуэупсар нэрылъагъу мэхъу.
И щIэныгъэкIэ къэтщтэнщи, езы Гьумэр дыди къечэнджэщу щытащ Гьэлий. Уеблэмэ, «Гьэлий щымыIэу Iуэху зэхэлъэхъа Я-Алыхь къомыгъэхъу!», — жиIэу щытащ Гьумэр رضي الله عنه-м. (Имам Ахьмэд).
Езы Гьэлийи жиIэу щытащ мыпхуэдэу: «Уэллахи, сыт хуэдэ аят къемыхами, ар къыщIеха щхьэусыгъуэри, къыщеха щIыпIэри сощIэмэ. Гурыхуагъэрэ, упщIэ фIыуэ зытыф бзэгукIэрэ къысхуэупсащ сэ си Тхьэр». (Хьильетул-IэулияI).
И лIыгъэкIэ къэтщтэнщи, Кэтадэ зэрыжиIэмкIэ, Бегъымбарым صلى الله عليه وسلم гъэзэуату хъуам ныпыр зыIэщIилъхьу щытар Гьэлийт. А къэзэуатхэм щыхэтхэм деж Гьэлий къигъэлъэгъуа лIыгъэм ущIэмыупщIэххэ!!
Бегъымбарым صلى الله عليه وسلم –м хьиджрэ щищIынум щыгъуэ, и унэм къыщIинауэ щытар Гьэлийт. А зы закъуэми къегъэлъагъуэ абы лIыгъэу хэлъар.
Зэ закъуэ Бегъымбарыр дэкIри Гьэлий Мэдинэ къалэм къыдинати, ар и жагъуэ хъуат Гьэлий, арщхьэкIэ а и жагъуэ хъуам къырикIуа фIыгъуэм феплъ! КъыжриIащ абы щыгъуэ абы Бегъымбарым صلى الله عليه وسلم : «Мусэ бегъымбарым Хьарун бегъымбарыр къызэринэкIыу зэрыдэкIам хуэдэу, уэ укъызэзнэкIмэ ар пфIэфI хъунукъэ?!». (Бухъарий).
ЖэнэткIэ ягъэгуфIахэм щыщу Бегъымбарым صلى الله عليه وسلم-м благъагъкIэ нэхъ гъунэгъу дыдэу къыбгъэдэтыр Гьэлийщ. Ари щыщщ Гьэлий пщIэ лей щIыхуэфащэ щхьэусыгъуэхэм.
Гьэлий رضي الله عنه-р сыт илъэныкъуэкIи къыхэщауэ зэрыщытам папщIэ, а цIыху лъапIэм гупитI теунэхъуащ:
Зы гупым Гьэлий догъэлъапIэ, абы пщIэ худощI, жаIэурэ ирагъажьэри, дин щхьэхуэ яIэ хъуным я Iуэхур нагъэсащ, Гьэлий жимыIа куэди, имыщIа куэди кIэралъхьащ. Ахэр нобэ шииткIэ дызэджэхэращ.
Мыдрей лъэныкъуэмкIэ Гьэлий и IуэхущIафэм арэзы темыхъуэу, абы бий къыхуэхъужа зы гуп щыIащ, уеблэмэ джаурым ирамыпэсыр а цIыху лъапIэм ирапэсри, ар зыIэщIалъхьэжащ. ХъэуариджкIэ дызэджэхэм я къежьапIэ хъуари ахэращ.
ЦIыху цIэрыIуэхэм я натIэ сыт щыгъуи мэхъу апхуэдэр. Нобэрей зы щIэныгъэлIи жеIэ мыпхуэдэу: «Языныкъуэхэм вагъуэхэм нэс саIэт, языныкъуэхэм щIы лъабжьэм сыщIахуэ, ауэ модрейхэм зэрагугъэм хуэдэ дыдэ сыцIыхуфIкъым, мыдрейхэм зэрагугъэм хуэдэ дыдэуи сыцIыху Iейкъым…».
Мы цIыху лъапIэхэм я гъащIэ дахэм дызэрытепсэлъыхьам икIи дызэредэIуам дунеягъэкIи ахърэткIи я сэбэп Алыхьым къыдигъэкIыж!
Щхьэныкъуэ А.
1 Джумада Iэл-Iуула, 1433гъэ
23 март, 2012гъэ.