الحمد لله الذي بنعمه تتم الصالحات، وبرحمته يدخل المؤمنين الجنات، وأشكره سبحانه على جميع النعم والكرامات.
وأشهد أن لا إله إلا الله وحده لا شريك له خالق الأرض والسماوات.
وأشهد أن نبينا محمداً عبده ورسوله الذي أظهر على يديه الآيات والمعجزات، والذي عبد ربه حتى الممات، صلوات الله وسلامه عليه وعلى آله وأصحابه الأئمة الهداة، ومن تمسك بسنته، ودعا الخلق إلى ملته، وعمل الصالحات. أما بعد:
Сыт хуэдэ фIыри къыдэхъулIэныр зи фIыщIэ, зи гущIэгъукIи муIминхэр Жэнэтым зышэну Алыхь Иным фIыщIэ худощI и закъуэныгъэми щыхьэт дытохъуэ, къигъэкIуа лIыкIуэ лъапIэми и бегъымбарыгъэр ди фIэщ мэхъу…
Муслъымэн жэмыхьэт! Шэч хэлъкъым дэ джэгуу дыкъызэрамыгъэщIам, дыджэгуу ди гъащIэр етхьэкIынуи хуит дыкъызэрамыщIам, абы Алыхь Талэри зэрыхэIэтыкIам.
Аращ лIыкIуэхэри къыщIигъэкIуар, тхылъхэри къыщIыригъэхар, гъуэгу пэжри гъуэгу Iушэри щIызэхихар, мы дуней гъащIэми кIэух щIыхуищIар, Жэнэтри Жэхьэнэмэри къыщIигъэщIар.
Джэгуу дыкъагъэщIауэ щытамэ жытIэу хъуари, длэжьу хъуари ятхынтэкъым, ахэр тхыным фIэкIа Iуэху ямыIэу мелыIычхэр гъусэ къытхуищIынтэкъым, абыхэм ямызакъуэу, длэжьхэр яIэтын папщIэ, жэщми махуэми зэблэкIыу мелыIычхэр дэр щхьэкIэ къыригъэхынтэкъым,.
Уеблэмэ, нобэ хуэдэ махуэхэм мелыIычхэр мэжджыт бжэIупэхэм Iутщ къыщIыхьэхэр ятхыу, къыщыщIыхьэ зэманри ятхыу. (Бухъарий). Абы къинэмыщIауэ, блыщхьэ махуэмрэ махуэкумрэ щхьэхуэу длэжьахэр яIэтри, псоми я гуэныхьыр къыхуагъэгъу, зэфIэна цIыхуитIым къищынэмыщIа. (Муслим).
Мис апхуэдэщи, длэжь лэжьыгъэхэр махуэ къэси, тхьэмахуэ къэси яIэт, ауэ илъэс псом и лэжьыгъэр къызэщIэкъуэжауэ щаIэтыр нобэ дэ иджыпсту дызыхэт Шэгьбан мазэращ.
Зейд икъуэ Iусамэ, Алыхьыр арэзы зыхуэхъуным, къеIуэтэж: Бегъымбарым صلى الله عليه وسلم сеупщIат: Уэ, Алыхьым и лIыкIуэ! Шэгьбан мазэм узэрыхэнэщIыхьым хуэдизкIэ узыхэнэщIыхьа мазэ слъэгъуакъым?! «А мазэр, — жиIащ عليه الصلاة والسلام-ым, — Рэмэданымрэ Рэджэбымрэ (Рэджэбыр хьэрэм мазэхэм ящыщщ) я зэхуакум зэрыдэтым папщIэ цIыхухэм яIэщIогъупщыкI (абы тогупсысыкIхэ). А мазэми ирихьэлIэу лэжьыгъэхэр дунейуэ щыIэм я Тхьэм и деж драхьейри, нэщI сису си лэжьыгъэр драхьеину нэхъ къызощтэ“. (Щэхьихь Iэт-Тэргъиб уэт-Тэрхиб).
ЖеIэ Абу Бэкр Iэл-Бэлхъий رحمه الله: «Рэджэб мазэр щыхасэ мазэщ, Шэгьбан мазэр хасам псы щыщIакIэ мазэщ, Рэмэданыр къэкIар къыщрахьэлIэж мазэщ». Мыри жиIащ абы: «Рэджэб мазэр жьапщэм ещхьщ; Шэгьбаныр пшэм, Рэмэданыр уэшхым».
Арамэ мы мазэр фIыкIэ, хъеркIэ, псапэкIэ къэгъэсэбэпын хуейщ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, илъэс псом длэжьа лэжьыгъэр зэгъусэу Аллаху Тэгьалам и пащхьэ иралъхьэжынущи, иужьрейуэ длэжьауэ Алыхьым IуэхуфI гуэр зыдегъэлъэгъун хуейщ, тIэщIэкIахэм теухуауи тобэ къабзэ къэхьыжын хуейщ.
Муслъымэн жэмыхьэт! Iуэхушхуэу щыIэм Iуэху цIыкIу ипэ иту къокIуэ; Iуэху цIыкIур зыхуэмыщIэм Iуэхушхуэри хуэщIэнукъым, дызыхуэкIуэ мазэ лъапIэм, Рэмэданым, иджыпсту щыщIэдзауэ зыхуэдмыгъэхьэзырмэ, къэса иужькIэ кIасэ хъунущ.
Фарз нэмэзхэм ящIыгъу суннэ нэмэзхэм ещхьщ, жаIэ щIэныгъэлIхэм, Шэгьбан мазэм е Шэууал мазэм щаIыгъ нэщIхэр. ЗэрытщIэщи, суннэ нэмэзхэмкIэ фарзыр къыбохъумэ сыт илъэныкъуэкIи.
НэщI мазэм нэщIкIэ пежьэу щытащ عليه الصلاة والسلام-ыр. Ибн Рэджэб رحمه الله жеIэ: (Абы теухуауэ (щIэныгъэлIхэм) жаIащ: Шэгьбан мазэм пIыгъ нэщIымкIэ Рэмэданым пIыгъыну нэщIым зыхуэбгъэхьэзыр хуэдэу мэхъу, Рэмэдан мазэм и нэщIым зэуэ ухыхьэу къызытомыгъэхьэлъэу. АтIэ, нэщI Iыгъыным уи Iэпкълъэпкъыр есауэ, нэщIми и IэфIагъыр зэхэпщIауэ, нэжэгужэу, къару пщIэлъу Рэмэданым ухуожьэ). «ЛэтIаIиф Iэл-Мэгьариф».
Ауэ Шэгьбаныр икум нэблэгъа иужькIэ нэщI пIыгърэ, адэкIэ къэкIуэну фарз нэщIыр къыптригъэхьэлъэну, нэхъ къарууншэу Рэмэданым ухыхьэну щытмэ, абдежым нэщIыр зэпыгъэун хуейщ. Псом хуэмыдэжу зыхуэсакъын хуейхэм ящыщщ: зы махуэ махуитI фIэкIа къыщымынэжам деж нэщI уис зэрымыхъунур.
Муслъымэн жэмыхьэт! НэщIым имызакъуэу, адрей IуэхуфIыу нэщI мазэм щалэжьхэм иджыпстуи щелэжьын хуейщ. Псалъэм папщIэ КъурIэн еджэным, сэдэкъэ тыным, зикр щIыным, н.
Дыпевгъажьэ мазэ лъапIэм тобэ къабзэ къэтхьыжауэ, гуэныхьу щыIэм зыкъыхэдгъэкъэбзыкIауэ, Алыхьым и хьэкъкIи цIыхухэм я хьэкъкIи зыри къыттемынауэ! Дытевмыгъэхьэ мы мазэ лъапIэм ди хьэл мыхъумыщIэхэр зэхэдмынауэ!
И чэзу хъуащ ипэжыпIэкIэ Алыхьым дыщышынэну, ди муслъымэнагъым дыхуэпэжу дыпсэуну, псэлъэным дыкъыхэкIыу ди IуэхущIафэкIэ зыкъэдгъэлъэгъуэну!
Зэхэтхам и сэбэп Алыхьым къыдигъэкI. Шэгьбан мазэм берычэт къытхудигъакIуи, Рэмэдан мазэм и хъейрым дыхыригъэубыдэ. ЛэжьыгъэфI куэди зылэжьын, илэжьами и хъер зылъагъужын, Ахърэтми абы щыгуфIыкIыжын муслъымэн Алыхьым дищI!