Алыхь Ину дыкъэзыгъэщIауэ дызыгъэлIэжынум, и пащхьэ дизышэжу къыдэупщIыжынум дыщывгъэшынэ. Дыщывгъэшыни и диныр къабзэу зедвгъэхьэ!
Муслъымэн жэмыхьэт! Мы дунейм дыщытеткIэ, зы жылэ дыщыдэскIэ, зы гъуэгу дыщытеткIэ куэдым деж дыщызэрихьэлIэнущ, дыщызэхуэзэнущ, дыщызэблэкIынущ…
Абы фIэкIыпIэ иIэкъым. Муслъымэн пэжым, цIыхугъи зыхэлъым, нэмысми щIапIыкIам — цIыхум зэрадекIуэкIыну щIыкIэр ещIэ: делэм фIокI, губзыгъэр езыр къыфIокI. Мис апхуэдэу и гъащIэр йокIуэкI.
Ауэ псоми къехъулIэкъым апхуэдэ дуней тетыкIэр, атIэ куэдым мыхьэнэ зимыIэм псалъэмакъ кърах, зы псалъэкIэ зэфIэкIынум псалъищэ къыхуагъэсэбэп, Iэмбатэ зэрымытым, Iэтэ ирагъэувэ.
ИгъащIэ лъандэрэ зэгъунэгъуахэм зы щIы кIапэ яхуэмыугуэшу, зэман кIыхькIэ зэныбжьэгъуахэм сом гъур тIэкIу яхуэмыгъэгъуу, зым адрейм зыгуэркIэ худимычыхыу, мыдэкIэ гъуэгу хуитым машынитI щызэблэмыкIыфу – сыт хуэдизрэ къэхъурэ?!
Апхуэдэхэм деж зым и делагъэр къытокIуэри зыгуэр къыжьэдоху, модрейри, и шейтIаныр къытокIуэри, пагэныгъэм зэщIещтэ, тIум яз къикIуэтыжыну и щхьэ ирапэскъым, къикIуэтыжыныр лIыгъэншагъэу къалъытэри, зы нокIуэ тIу нокIуэ, псалъэмакъыр куу мэхъу.
Уеблэмэ, псалъэ къудейм фIэIэбыкIыу Iуэхур Iэпщэм щыхуэкIуэри мащIэкъым, абы нэхъ шынагъуэжращи, Iэпщэм фIэкIыу Iэщэм щепхъуи къохъу.
Iуэхур абы нэсмэ куу хъуауэ аращи, ар цIыхуитIым я деж къыщызэтеувыIэжынукъым, атIэ Iыхьлыи благъи, ныбжьэгъуи жэрэгъуи Iуэхум къыхыхьэнущ; лъэпкъитI зэпэщIэувэнущ, мылъку куэди ирапхъынущ, лей куэди къапсэлъынущ, лей куэди ящIэнущ…
Ауэ апхуэдизыр Iуэхум кърамыхыу, ипэ дыдэм и деж я акъылыр япэ ирагъэщу, дэчых гуэр Iуэхум халъхьатэмэ – апхуэдизи Iуэхум къикIынутэкъым, къэхъуари ящыгъупщэжынурэ ежьэжынут.
Хьэуэ, «уи нэм къеIэм и псэм уеIэжын хуейщ!», «цIыхум делафэ зыребгъэплъ хъунукъым!», «нобэ бгъэгъумэ пщэдей къуищIэнур нэхъ Iеижщ!», «уи пщэм къыдэбгъэкIуейр, уи щхьэм къыдэкIуеинущ!»… КIэух яIэкъым а ди щхьэр къызэрыдгъэпцIэж псалъэ купщIэншэхэм.
Ауэ, ипэжыпIэкIэ къатщтэмэ, динкIи, акъылкIи, цIыхугъэкIи, напэкIи Iуэхум убгъэдыхьэмэ, нэхъыфIри, нэхъ пэжри, укъэзымыгъэпцIэжынури цIыхум уфIэкIыфу, дэпчыхыфу, бгъэгъуфу зебгъэсэнращ.
Зыгуэр зэрыплъэкIыр, зэфIэкI гуэри зэрыббгъэдэлъыр къыщыбгъэлъэгъуэн хуейр апхуэдэ утыку мышухэм я дежкъым, атIэ къэгъэлъагъуэ зыгуэр зэрыпхуэзэфIэкIыр псапэ блэжьхэмкIэ, цIыхухэм сэбэп уазэрыхуэхъумкIэ, лей къызытехьэ тхьэмыщкIэхэм уакъызэрыщхьэщыжымкIэ.
Армырауэ, уи бгъэр къыдэшауэ, уи пэр дэкъеяуэ, зыбгъэадакъэхъуу ухэбэкъукIыу, цIыхумэ къысщIимыхьащэрэт жыпIэу цIыхухэм захэпIэтыкIыу мы дунейм утетмэ, уэ шейтIаным и IэмыщIэм уригъэтIысхьауэ, и къалэн фIейхэр уигъэгъэзащIэу аращ.
Мы дунейр къызэригъэщIрэ уэ пхуэдэ Iэджи тетащ, ауэ темытам хуэдэу мы щIым хэкIуэдэжащ. Абыхэм я макъи зэхэтхыжкъым, я ми къытщIихьэжкъым.
Мы дунейм цIыхуу тетыр къыздэщти, мы щIым и зы къуапэм гуэхуэнущ псори, щIыр зэрыин щымыIэ пэтрэ, ауэ мы уафэ къытщхьэщытым зы лъакъуэ тегъэувапIи иIэкъым, Алыхьым хуэлажьэу мелыIыч темыту, уафэм апхуэдиз и инагъэ пэтрэ! НтIэ сыт цIыхум и щхьэр къыщIиIэтыр абы иужькIэ?!
ДымылIэжу мы дунейм дытету дыщытами, къыдбгъэдэт цIыхухэм нэхъыфIкIэ дазэрыдекIуэкIынум, дазэрыфIэкIынум дегупсысын хуейт, «мыбыхэм иджыри саIущIэжынущ, сахуэзэжынущ» жытIэурэ, ауэ дытетаи дытемытаи жытIэу дытекIыжынущ мы дунейм. Арамэ, сыт мы дунейм щхьэкIэ дыщIызэрыукIыр?!
Дин лъэпкъ зезымыхьэхэм губзыгъэ куэд яхэтщ, я цIэр фIыкIэ цIыхухэм къахэнэн папщIэ IуэхуфIхэр зылэжь. НтIэ, мы дунейм нэмыщI нэгъуэщI дуней зэрыщыIэр зи фIэщ хъу дэ, муслъымэнхэм, нэхъ тхуэфащэкъэ тIэ апхуэдэ дуней тетыкIэр? Дыхуэныкъуэкэ дэ ди цIэр дахэу цIыхухэм къахэнэным, ди яужькIэ дугьэ къытхуащIу бэрзэхъым дыщыIэным?!
«Мэпсэу, мы дунейм тетщ», зыхужаIэр — ешхэ-ефэу, гъуэлъ къэтэджыжу зи гъащIэр екIуэкIракъым, атIэ псэури, мы дунейм тетри гу зыкIуэцIылъращ, цIыхухэми я гум фIыкIэ илъращ.
ЦIыху дапщэ щыIэ, цIыхухэм и IэпкълъэпкъкIэ яхэту, ауэ и гур абыхэм япэжыжьэу, я гухэри абы къыпэжыжьэу, ауэ цIыху дапщэ мы щIым щIэлъ цIыхухэм я гум илъу, и цIэр я бзэгум телъу?! Сыт ар къызыхэкIыр? Ар къызыхэкIыр апхуэдэ цIыхур Алыхьым фIыуэ къызэрилъэгъуаращ, модрейр Алыхьым фIыуэ зэримылъагъуращ.
НэхъыфIыр Алыхьым къыдигъэхъулIэ, ди хъейр зыхэлъым ди Iэр тыригъахуэ. Ди блэкIам нэхърэ ди къэкIуэнур нэхъыфI Алыхьым тхуищI, Iуэхум я нэхъыфI дыдэм дыхэтуи и пащхьэ дыришэж!