Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

Гъусул закъуэкIэ зэфIэкIрэ?

18.02.2014
Еджауэ 8 536

УпщIэ: ЦIыхум зигъэпскIыжа иужькIэ андез щхьэхуэу къимыщтэжу занщIэу нэмэз ищI хъуну?

Жэуап:  ЦIыхум зигъэпскIа нэужь андез имыщтэжми зэрызэфIэкIыр нэхъыбэ щIэныгъэлIхэм я еплъыкIэщ. 

Ахэм тегъэщIапIэу ящIар мис мы дэлилхэращ: 

1 – Аллаху Тэгьалам и Псалъэм къыщокIуэ: “Уа иман зиIэхэ! Нэмэзым гъунэгъу зыхуэвмыщI…  джэнабэ[1] фтелъу, гъуэгум фыщытетым къищынэмыщIа[2], зывгъэпскIыжыхукIэ…“.

Аятым наIуэу занщIэу къыхэщыр, зызыгъэпскIыжам нэмэз ищI хъунуращ, андез имыгъусэми.

 

2 – Хьэдис щIэныгъэлI Iэл-Бейхэкъий (1\177), Алыхьым и рэхьмэтыр зылъигъэсыным, итхыжащ, Джабир, Алыхьыр арэзы зыхуэхъуным, къиIуэтэжауэ:

Зы гуп къакIуэщ Алыхьым и лIыкIуэм, Алыхьым и нэфIыр зыщыхуэу, хъуэхъум я нэхъыфIыр зылъысыным, дежи джэнабэм папщIэ зызэрагъэпскIыжын щIыкIэмкIэ къеупщIахэщ, икIи къыхагъэщащ, езыхэр зыщыпсэу щIыналъэр зэрыщIыIэр. Бегъымбар лъапIэми ахэм яжриIащ, псы Iэбжьыгуищ къызыракIыхмэ, абыкIэ гъусулыр зэрызэфIэкIыр.[3]  Абы ещхьуи Бухъарий и тхылъми, Муслим и тхылъми хьэдис къыщокIуэ.

Хьэдисым къыхэщкъым андез щхьэхуэу къэщтэжын хуейуэ.  

3 – АкъылкIэ уегупсысмэ къыбгуроIуэ гъусулымрэ андезымрэ зы гIибадэт лIэужьыгъуэу зэрыщытыр, аращи, нэхъ цIыкIур (андезыр) нэхъ иным (гъусулым) хыхьауэ, и кIуэцIым ихуауэ пхужыIэнущ. 

Ауэ гъусул къудейкIэ узэфIэкIын папщIэ мы IуэхугъуитIым хуэсакъыпкъэщ: 1) Нет уиIэн. 2) Жьэ кIуэцIми, пэ кIуэцIми псы игъэхьэн.

Иужьым жыIэжыпхъэращи, суннэтым тету гъусул къэпщтэжыну ухуеймэ, япэ щIыкIэ андез пщтэуэ, итIанэ зыбгъэскIынращ.

Алыхьым нэхъ ещIэ.


[1]  Джэнабэ: цIыхум зигъэпскIыжын хуей щIэхъу щхьэусыгъуэ.

[2]  ГъуэгурыкIуэм и нэхъыбэм псы зэримыгъуэтым папщIэ апхуэдэу жиIащ, зимыгъэпскIыжыфмэ тэеммум къищтэн хуэдэу.

[3]  ДауикI Iэпкълъэпкъ псом лъэIэсын хуейщ псыр.