Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

ЛIищым я хъыбар

02.02.2014
Еджауэ 5 079

Алыхьыр арэзы зыхуэхъун Iэбу Хурейрэ къиIуэтэжащ, Алыхьым и нэфIыр зыщыхуэу, хъуэхъум я нэхъыфIыр зылъысын, Мухьэммэд бегъымбарым, жиIауэ [1]

IисраIил и бынхэм [2] ящыщу лIищ псэут: зым щIыфэшх къеузу, адрейр къуийуэ, ещанэр нэфу. [ЗацIыхужын, цIыхухэми къацIыхун папщIэ], Алыхь Талэм ахэр игъэунэхуну мурад ищIри зы мэлэIыч къахуигъэкIуащ;

[МэлэIичыр лIы сурэтым иту, тхьэмыщкIэ теплъэу] щIыфэшх уз къызэузым и деж къакIуэри къеупщIащ:

— Мы дунейм сытыт нэхъыбэ дыдэу узыщIэхъуэпсыр?

— СыщIохъуэпс фэ дахэрэ, щIыфэ щабэрэ сиIэ хъууэ, мы цIыху цIыкIум сыкъыщIагъэпуду збгъэдэлъыр сщхьэщыкIыну, — жиIащ лIым.

МэлэIичым абы [и Iэпкълъэпкъым] Iэ дилъэри, уз бгъэдэлъыр щхьэщыкIащ, фэ дахи, щIыфэ щаби [Алыхьым] къритащ.

Аргуэру щIоупщIэ мэлэIичыр:

— Мылъкум щыщу сыт нэхъ къапщтэрэ?

— Махъшэ нэхъ къызощтэ, — жиIащ лIым.

Махъшэ лъхуэщIа къратщ, Алыхьым берычэтыр къыхухилъхьэну къехъуэхъужри, мэлэIычыр къуийм деж кIуащ.

ЙоупщI абы мэлэIичыр:

— Мы дунейм сытыт нэхъыбэ дыдэу узыщIэхъуэпсыр?

— СыщIохъуэпс щхьэц дахэ къыстекIэжу, мы цIыху цIыкIум сыкъыщIагъэпуду збгъэдэлъыр сщхьэщыкIыну.

МэлэIичым абы и щхьэм Iэ дилъэри, зытеукIытыхьу щытар бгъэдэкIащ, щхьэц дахи иIэ хъуащ.

Аргуэру щIоупщIэ мэлэIичыр:

— Мылъкум щыщу сыт нэхъ къапщтэрэ?

— Жэм нэхъ къызощтэ, — жеIэ лIым.

Жэм лъхуэщIа къратщ, “Алыхьым берычэтыр къыпхухилъхьэ” жиIэщ къехъуэхъужри, мэлэIычыр нэфым дежкIэ екIуэкIащ.

 ЙоупщI абы мэлэIичыр:

— Мы дунейм сытыт нэхъыбэ дыдэу узыщIэхъуэпсыр?

— СыщIохъуэпс Алыхьым си нэр къызитыжу, цIыхухэр слъагъуу сыхъужыну.

Ар щыжиIэм, мэлэIычым абы и нэм Iэ дилъэри, и нэр Алыхьым къритыжащ.

Аргуэру щIоупщIэ мэлэIичыр:

— Мылъкум щыщу сыт нэхъ къапщтэрэ?

— Мэл нэхъ къызощтэ, — жиIащ лIым.

Ар щыжиIэм, мэл лъхуагъащIэ щынэри щIыгъуу къратащ. 

Япэрей лIитIым я Iэщхэр ягъэбэгъуащ, мы иужьрейми и мэлхэм куэд къыхуалъхуащ; зым къуэм дэз хъун махъшэ иIэ хъуат, адрейм къуэм дэзу жэм гуартэ, ещанэм къуэм дэзу мэл хъушэ. 

Iуэхур апхуэдэу екIуэкIыурэ, зэгуэрым мэлэIичыр щIыфэ уз къызэузам и деж къокIуэ, япэм къызэрыкIуа теплъэ дыдэм иту.

— СытхьэмыщкIэщ, гъуэгум сыкъытенащ, нобэкIи Iэмал зыри сиIэжкъым, Алыхьымрэ, Алыхьым иужькIэ уэрэ фыкъыздэмыIэпкъумэ. СынолъэIу фэ дахэрэ, щIыфэ щабэрэ, мылъкурэ къозытам и цIэкIэ: зы махъшэ къызэт къысхуэна гъуэгуанэр ирызэпысчыну.

ЛIыр къэпсалъэри:

— Уей а мылъкум куэд щогугъым, уэ уи Iыхьэ абы къыхэкIынуи симыгугъэ.

— Уа сэ усцIыху хуэдэу щытщ?! Уэратэкъэ щIыфэ узым ихьу, цIыхухэм зэхамыгъэхьу, тхьэмыщкIэу псэурэ Алыхьыр зыхуэупсар?- йоупщI абы мэлэIычыр.

— Ущоуэ, мы мылъку плъагъур щIэину си адэшхуэхэм зэIэпахыурэ си деж къэсащ, — жеIэ лIым.

— ПцIы быупсу щытмэ, узэрыщыта дыдэм хуэдэ Алыхьым уищIыж, — жиIэщ мэлэIычми, а теплъэ дыдэм иту адэкIэ къуийуэ щытам и деж кIуащ.

Япэрейм зэрелъэIуам хуэдэ дыдэкIэ абыи зыщыхуигъазэм, жэуапу къритыжари апхуэдэ дыдэу къыщIэкIащ.

 — ПцIы быупсу щытмэ, узэрыщыта дыдэм хуэдэ Алыхьым уищIыж, — жиIэщ мэлэIычми, а теплъэ дыдэм иту адэкIэ нэфу щытам и деж кIуащ.

— СытхьэмыщкIэщ, гъуэгум сыкъытенащ, нобэкIи Iэмал зыри сиIэжкъым Алыхьымрэ, Алыхьым иужькIэ уэрэ фыкъыздэмыIэпыкъумэ. СынолъэIу уи нэр къозытыжам и цIэкIэ: зы мэл къызэт къысхуэна гъуэгуанэм зыгуэркIэ щIэгъэкъуэн схуэхъунщ.

— Пэжщ, сэ нэфу сыщытащ, си нэри Алыхьым къызитыжащ! Си мылъкум щыщу узыхуейм хуэдиз къащти, узыхуейм хуэдизи къэгъанэ. Алыхьым и цIэкIэ соIуэри, узыхуэныкъуэ гуэр къыумыщтэу къэбгъанэми зы фIыщIэ абыкIэ къомылэжьын. Къащтэ Алыхьым щхьэкIэ, — жиIащ лIым.

— Хьэуэ, уи мылъкур къызыхуэгъэнэж. Фэ Алыхьым фигъэунэхуауэ арат; [фызэрыта псэукIэ гугъур фигу къэвгъэкIыжу, иджыпсту фызэрыхъуамкIэ фIыщIэ фщIымэ еплъыну]. Уэ Алыхьым и арэзыныгъэр къэблэжьащ, уи гъуситIым Алыхьым и губжьыр къатехуащ.

——————————————————-

Хьэдисыр ибгъуэтэнущ Бухъарийрэ Муслимрэ я “Щэхьихь”ым.

ЗэзыдзэкIар: Щхьэныкъуэ А.

[1]  Гу зылъытапхъэ: адыгэбзэкIэ еджэхэм хъыбарыр нэхъ гурыIуэгъуэ ящыхъун папщIэ, хьэдисым и псалъэхэр псалъэ зэрызу зэзмыдзэкIыу, и мыхьэнэкIэ адыгэбзэм къизгъэуващ, хьэдисыр зэпкърызыхажа щIэныгъэлIхэми я псалъэ гуэрхэр хэзгъэуващ.  

[2] ИсраIил и бынхэр: ахэр журтхэращ. IисраIилыр езыр ар Егькъуб бегъымбар, гьэлейхис-сэламым и цIэщ.